уэрэд къишын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
къишын
(къреш)
1. Зыгуэр къигъэжын, къыдэхьеяуэ къихын (пэгункӀэ псыкъуийм псы).
рувытянуть что-л. изнутри чего-л.
Псыкъуийм псы къишын.
2. Къыдребгъэхьейуэрэ къигъэкӀын.
рувытянуть, всасыванием удалить что-л.
Тхьэмбыл узым уэтэпс кърашащ.
3. ЗыщӀыпӀэ къишауэ (машинэ, гу с. ху. е лъэсу).
рупривезти, привести кого-что-л. откуда-л.
Мэзым пхъэ къишын.
4. ЗыщӀыпӀэ къикӀыу къэшэн (ток, газ с. ху.). Газ къалэм къишын.
рупровести что-л. (напр. газ)
5. ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къигъэкӀын (дэӀэпыкъуауэ е убыдауэ).
рувывести кого-л. из чего-л.
Жэмыр Ӏуэм къишын.
(къреш)
Шыр цӀыкӀу дунейм къытегъэхьэн, джэдыкӀэм къигъэкӀын.
рувывести (птенцов)
Джэджьейхэр кърашащ.
+1 örnek
Илъэс къэсыхукӀэ сэ шыру къисшыр мы блэм сфӀишхырт.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
уэрэд
Макъамэ щӀэту жаӀэ усэ, зэгъэкӀуауэ зэхэлъхьа псалъэрэ ежьурэ.
рупесня
ГъащӀэм ебламэ, лӀыхъужьхэм я цӀэр уэрэдым хэнакӀэт.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Bu maddedeki ifadeler (11)
уэрэд едзын
уэрэд къыхэдзэн
уэрэд зэпэдзыжын (зэпэдзын)
рупеть поочередно.
уэрэд къишын
рупеть, распевать.
уэрэд къыхэдзэн
рузапеть, затянуть.
уэрэд хуэусын
рудать огласку чему-л. (напр. чьей-л. оплошности).
уэрэдрэ Ӏуданэу дэхьэн (ехьэжьэжын)
руразнести, разгласить, растрезвонить что-л.
{Къетыкъуэ:} - Абы {Ибрэхьим} и бзэгур здынэмыс щыӀэкъым. Уэрэдрэ Ӏуданэу хэкум дрихьэнщ.— Ӏуащхьэмахуэ
уэрэдым зегъэӀэтын
рузапеть громче.
уэрэдыр зэпышын
рупеть протяжно.
ЦӀыхубз макъ дахэм уэрэдыр зэпеш.— Ӏуащхьэмахуэ
уэрэд жыӀэн
Уэрэд гъэзэщӀэн, гъэӀун.
рупеть
Дахэу уэрэд жыӀэн.
уэрэд зэпэдзыж
Зым адрейм иридзу жаӀэ уэрэд.
рупесня, которую поют поочередно
уэрэд усын
Уэрэд зэхэлъхьэн, тхын.
русочинить, сложить песню
Kitapta geçtiği hali
къишын I (къреш) перех. гл. 1. вытянуть что-л. изнутри чего-л. / Зыгуэр къигъэжын, къыдэхьеяуэ къихын (пэгункӀэ псыкъуийм псы). Псыкъуийм псы къишын. 2. вытянуть, всасыванием удалить что-л. / Къыдребгъэхьейуэрэ къигъэкӀын. Тхьэмбыл узым уэтэпс кърашащ. 3. привезти, привести кого-что-л. откуда-л. / ЗыщӀыпӀэ къишауэ (машинэ, гу с. ху. е лъэсу). Мэзым пхъэ къишын. 4. провести что-л. (напр. газ) / ЗыщӀыпӀэ къикӀыу къэшэн (ток, газ с. ху.). Газ къалэм къишын. 5. вывести кого-л. из чего-л. / ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къигъэкӀын (дэӀэпыкъуауэ е убыдауэ). Жэмыр Ӏуэм къишын. Гъыбзэ къишын см. гъыбзэ. {И} пӀэм къишын см. пӀэ. Уэрэд къишын см. уэрэд. II (къреш) перех. гл. вывести (птенцов) / Шыр цӀыкӀу дунейм къытегъэхьэн, джэдыкӀэм къигъэкӀын. Джэджьейхэр кърашащ. * Илъэс къэсыхукӀэ сэ шыру къисшыр мы блэм сфӀишхырт. КӀ. Т., Акъ. З.
уэрэд песня / Макъамэ щӀэту жаӀэ усэ, зэгъэкӀуауэ зэхэлъхьа псалъэрэ ежьурэ. * ГъащӀэм ебламэ, лӀыхъужьхэм я цӀэр уэрэдым хэнакӀэт. П. Б. Уэрэд едзын = уэрэд къыхэдзэн. Уэрэд зэпэдзыжын (зэпэдзын) петь поочередно. Уэрэд къишын петь, распевать. Уэрэд къыхэдзэн запеть, затянуть. Уэрэд хуэусын дать огласку чему-л. (напр. чьей-л. оплошности). Уэрэдрэ Ӏуданэу дэхьэн (ехьэжьэжын) разнести, разгласить, растрезвонить что-л. * {Къетыкъуэ:} - Абы {Ибрэхьим} и бзэгур здынэмыс щыӀэкъым. Уэрэдрэ Ӏуданэу хэкум дрихьэнщ. Ӏуащхь. Уэрэдым зегъэӀэтын запеть громче. Уэрэдыр зэпышын петь протяжно. * ЦӀыхубз макъ дахэм уэрэдыр зэпеш. Ӏуащхь. уэрэд жыӀэн петь / Уэрэд гъэзэщӀэн, гъэӀун. Дахэу уэрэд жыӀэн. уэрэд зэпэдзыж песня, которую поют поочередно / Зым адрейм иридзу жаӀэ уэрэд. уэрэд усын сочинить, сложить песню / Уэрэд зэхэлъхьэн, тхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
къишын
(къреш)
1. ЗыгуэркӀэ псы къигъэхъуэн, къихын.
Дэ тӀур [шымрэ Фэуазымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, [шым] и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну.— Анка, 384
+1 örnek
[Алим:] Псыр къыздитш ди хабзэр Кушмэзыкъуей къуажэм дэту къежэх псыӀэрышэрат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
2. ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къэшэн.
[Аслъэныр къуажэдэсхэм яжреӀэ:] Пхъэ гъэсыныр мэзым къитшырт, Ди псы уэрыр пхъэ тхуэхъуащ, Ди жэмыжьхэр ӀэкӀэ къэтшырт, ТоккӀэ жэмыр къэтши хъуащ.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33
+2 örnek
Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши къысхуэгъэс.— Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312
Молэр Тыркум кърашахэм ящыщ зыт, адыгэбзэр тэмэм дыдэу имыщӀэу.— Лъапсэ, 60
Deyimler (1)
уэрэд къишын
Еплъ: уэрэд
Atasözleri (1)
блэр дахэкӀэ гъуэмбым къраш
Еплъ: блэ
уэрэд
Макъамэ щӀэту жаӀэ усэ, зэгъэкӀуауэ зэхэлъхьа псалъэрэ ежьурэ.
Зэм псым кърашыр я уэрэдыр, Зэм щымыӀэххэ зы псы шэд.— КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367
+2 örnek
Хузэхалъхьауэ уэрэд дахэ И щӀыхьыр инщи иропагэ.— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373
Уэрэду дэ жытӀэм ФедэӀумэ ди гуапэщ, ГуфӀэгъуэу дэ диӀэм И хъерыр нэхъапэщ— Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 105
Deyimler (12)
уэрэд гуэшын
Уэрэдыр зэпэдзыжу Ӏыхьэ- Ӏыхьэу жыӀэн.
ХьэгъуэлӀыгъуэ дахэу Уэрэдыр щагуэшкӀэ, Шэсу къэмыувым И тхьэрыӀуэ псалъэр Пэжу къамылъытэт— Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212
уэрэд гъэшын
Уэрэд жыӀэн.
Е насыпыр уэ уи пщӀыхьу Сыт уэрэдхэр уэ бгъэшын?— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150
уэрэд къигъэкӀын
Пшынэ, бжьамий с.ху. музыкальнэ хьэпшыпхэмкӀэ уэрэд макъамэ гъэӀун.
ЖиӀэнур кӀийуэ жиӀа нэужь [Исхьэкъ], бжьамий уэрэд къригъэкӀыурэ зыкъомрэ макӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626
+1 örnek
Исхьэкъ къепсэлъэнӀауэ гу щылъимытэм, и бгырыпхым дэӀуа бжьамийр къыдихри уэрэд къригъэкӀыу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636
уэрэд къишын
Уэрэд жыӀэн, гъэзэщӀэн.
Мэдыхьэшхыр псыӀэрышэр, Уэрэд дахэри къреш— ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7
+2 örnek
И уэрэдыр зэм къришу Ити джабэм хьэр и гъусэу…— Тисей, 490
Зэм псым кърашыр я уэрэдыр, Зэм щымыӀэххэ зы псы шэд— КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367
уэрэд къыхэдзэн
Уэрэд гъэзэщӀэным щӀэдзэн.
Думэсарэ унэм щӀэсу уэрэд гууз гуэр къыхидзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277
+2 örnek
И уэрэдыр къыхидзамэ, Гум щӀыхьауэ зыхэсщӀэнщ— УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… Батырыбжьэ, 53
Къызыхихари сытри умыщӀэу зыгуэрым къыхидзащ уэрэд: Мэзкуу къалэр псоми динэ-ди псэу, Къэрал гъунэм щысми далъоӀэс.— Лъапсэ, 92
уэрэд хуэгъэшын
Зыгуэрым и щӀыхькӀэ уэрэд жыӀэн, усын.
Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш.— Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207
уэрэдкӀэ пежьэн
Уэрэд гъэзащӀэурэ зыгуэр къегъэблэгъэн, пщӀэ зэрыхуэпщӀэр къэгъэлъагъуэн.
Фэ фатекӀуауэ къэвгъазэм, УэрэдкӀэ дыныфпежьэнкъэ…— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 39
уэрэдым дэгызын
Уэрэд зэдаӀуэм зэпымыужу дэгуӀэн, щэӀун.
Уи анэжь тхьэмыщкӀэри, Уареда, Уэрэдым ныдогызри, Уареда, Тенджызышхуэм хуэдэуэ, Уареда, Насыпышхуэ угъуэти, Уареда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389
уэрэдым зиукъуэдиин
Уэрэдыр ешэжьэн.
Ныбжьэгъуу щауэр къэзышэжам я уэрэдым зеукъуэдий…— Лъапсэ, 118
уэрэдым щӀэпӀыкӀын
Уэрэд (е уэрэд хэха) гуэр жеӀэурэ къэгъэхъун.
Бзур зы уэрэдым щӀапӀыкӀащи, НэгъуэщӀ зэхилъхьэу жимыӀэн.— Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354
уэрэдыр жьэдэхун
Уэрэд жыӀэныр щыгъэтын, зэпыгъэун.
А махуэм цӀыхубзым Уэрэдыр жьэдэхущ.— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348
уэрэдыр пычын
Уэрэд жыӀэныр зэпыгъэун.
Жыг паупщӀу бзум зэхахрэ – Я
Kitapta geçtiği hali
КЪИШЫН I (къреш) лъэӀ. (20). 1. (2). ЗыгуэркӀэ псы къигъэхъуэн, къихын. Дэ тӀур [шымрэ Фэуазымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, [шым] и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну. Анка, 384. [Алим:] Псыр къыздитш ди хабзэр Кушмэзыкъуей къуажэм дэту къежэх псыӀэрышэрат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. 2. (15). ЗыщӀыпӀэ зыгуэр къэшэн. [Аслъэныр къуажэдэсхэм яжреӀэ:] Пхъэ гъэсыныр мэзым къитшырт, Ди псы уэрыр пхъэ тхуэхъуащ, Ди жэмыжьхэр ӀэкӀэ къэтшырт, ТоккӀэ жэмыр къэтши хъуащ. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33. Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши къысхуэгъэс. Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312. Молэр Тыркум кърашахэм ящыщ зыт, адыгэбзэр тэмэм дыдэу имыщӀэу. Лъапсэ, 60. ◊ Уэрэд къишын (1). Еплъ уэрэд. ☐ Блэр дахэкӀэ гъуэмбым къраш (2). Еплъ блэ.
УЭРЭД (168). Макъамэ щӀэту жаӀэ усэ, зэгъэкӀуауэ зэхэлъхьа псалъэрэ ежьурэ. Зэм псым кърашыр я уэрэдыр, Зэм щымыӀэххэ зы псы шэд. КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367. Хузэхалъхьауэ уэрэд дахэ И щӀыхьыр инщи иропагэ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373. Уэрэду дэ жытӀэм ФедэӀумэ ди гуапэщ, ГуфӀэгъуэу дэ диӀэм И хъерыр нэхъапэщ. Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 105. ◊ Уэрэд гуэшын (1). Уэрэдыр зэпэдзыжу Ӏыхьэ- Ӏыхьэу жыӀэн. ХьэгъуэлӀыгъуэ дахэу Уэрэдыр щагуэшкӀэ, Шэсу къэмыувым И тхьэрыӀуэ псалъэр Пэжу къамылъытэт. Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212. Уэрэд гъэшын (1). Уэрэд жыӀэн. Е насыпыр уэ уи пщӀыхьу Сыт уэрэдхэр уэ бгъэшын? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Уэрэд къигъэкӀын (2). Пшынэ, бжьамий с.ху. музыкальнэ хьэпшыпхэмкӀэ уэрэд макъамэ гъэӀун. ЖиӀэнур кӀийуэ жиӀа нэужь [Исхьэкъ], бжьамий уэрэд къригъэкӀыурэ зыкъомрэ макӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. Исхьэкъ къепсэлъэнӀауэ гу щылъимытэм, и бгырыпхым дэӀуа бжьамийр къыдихри уэрэд къригъэкӀыу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636. Уэрэд къишын (3). Уэрэд жыӀэн, гъэзэщӀэн. Мэдыхьэшхыр псыӀэрышэр, Уэрэд дахэри къреш. ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7. И уэрэдыр зэм къришу Ити джабэм хьэр и гъусэу… «Тисей», 490. Зэм псым кърашыр я уэрэдыр, Зэм щымыӀэххэ зы псы шэд. КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367. Уэрэд къыхэдзэн (4). Уэрэд гъэзэщӀэным щӀэдзэн. Думэсарэ унэм щӀэсу уэрэд гууз гуэр къыхидзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. И уэрэдыр къыхидзамэ, Гум щӀыхьауэ зыхэсщӀэнщ. УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… «Батырыбжьэ», 53. Къызыхихари сытри умыщӀэу зыгуэрым къыхидзащ уэрэд: Мэзкуу къалэр псоми динэ-ди псэу, Къэрал гъунэм щысми далъоӀэс. Лъапсэ, 92. Уэрэд хуэгъэшын (1). Зыгуэрым и щӀыхькӀэ уэрэд жыӀэн, усын. Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш. Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207. УэрэдкӀэ пежьэн (1). Уэрэд гъэзащӀэурэ зыгуэр къегъэблэгъэн, пщӀэ зэрыхуэпщӀэр къэгъэлъагъуэн. Фэ фатекӀуауэ къэвгъазэм, УэрэдкӀэ дыныфпежьэнкъэ… ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 39. Уэрэдым дэгызын (1). Уэрэд зэдаӀуэм зэпымыужу дэгуӀэн, щэӀун. Уи анэжь тхьэмыщкӀэри, Уареда, Уэрэдым ныдогызри, Уареда, Тенджызышхуэм хуэдэуэ, Уареда, Насыпышхуэ угъуэти, Уареда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389. Уэрэдым зиукъуэдиин (1). Уэрэдыр ешэжьэн. Ныбжьэгъуу щауэр къэзышэжам я уэрэдым зеукъуэдий… Лъапсэ, 118. Уэрэдым щӀэпӀыкӀын (1). Уэрэд (е уэрэд хэха) гуэр жеӀэурэ къэгъэхъун. Бзур зы уэрэдым щӀапӀыкӀащи, НэгъуэщӀ зэхилъхьэу жимыӀэн. Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354. Уэрэдыр жьэдэхун (1). Уэрэд жыӀэныр щыгъэтын, зэпыгъэун. А махуэм цӀыхубзым Уэрэдыр жьэдэхущ. ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348. Уэрэдыр пычын (1). Уэрэд жыӀэныр зэпыгъэун. Жыг паупщӀу бзум зэхахрэ – Я