тӀысыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэтӀысыж)
1. Уздэщысам деж аргуэру тӀысын, щыс щытыкӀэм аргуэру иувэжын.
русесть на прежнее место
БгъукӀэ тӀысыжын.
+1 örnek
Ӏэминат зэхихар и жагъуэу хуэмурэ тӀысыжри директорым еплъащ.— Къущхьэ СулътӀан
2. Бэяужын, зэгъэжын, жейм хилъэфэн (къуалэбзухэр, джэдкъазхэр, псэущхьэхэр).
рууспокоиться, уснуть, угомониться (о птицах, животных)
Джэдкъазхэри, псэущхьэхэри куэд щӀауэ тӀысыжат, цӀыхухэри жей куум хилъэфат дыгъужьыр къуажэм къыщыдыхьам.— ӀуэрыӀуатэ
3. Лэжьыгъэр къэгъэнэн (жьыгъэм къыхэкӀыу).
руоставить работу по какой-л. уважительной причине (напр. по старости)
Къанщауэ фермэм къытекӀыжри тӀысыжат.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
4. ЩӀыфэм къытекӀа гуэрэф с. ху. хъужу хуежьэн, бэгар, зыкъэзыӀэтар лъахъшэ хъужын, хэгъуэщэжын.
руспасть (об опухоли)
Дзэлыр тӀысыжащ.
5. ЗыкъэзыӀэтар лъахъшэ хъужын (сабэ). Сабэр тӀысыжащ.
русесть, опуститься (о пыли)
Kitapta geçtiği hali
тӀысыжын (мэтӀысыж) неперех. гл. 1. сесть на прежнее место / Уздэщысам деж аргуэру тӀысын, щыс щытыкӀэм аргуэру иувэжын. БгъукӀэ тӀысыжын. * Ӏэминат зэхихар и жагъуэу хуэмурэ тӀысыжри директорым еплъащ. Къу. С. 2. успокоиться, уснуть, угомониться (о птицах, животных) / Бэяужын, зэгъэжын, жейм хилъэфэн (къуалэбзухэр, джэдкъазхэр, псэущхьэхэр). * Джэдкъазхэри, псэущхьэхэри куэд щӀауэ тӀысыжат, цӀыхухэри жей куум хилъэфат дыгъужьыр къуажэм къыщыдыхьам. фольк. 3. оставить работу по какой-л. уважительной причине (напр. по старости) / Лэжьыгъэр къэгъэнэн (жьыгъэм къыхэкӀыу). * Къанщауэ фермэм къытекӀыжри тӀысыжат. Щ. Ӏ. 4. спасть (об опухоли) / ЩӀыфэм къытекӀа гуэрэф с. ху. хъужу хуежьэн, бэгар, зыкъэзыӀэтар лъахъшэ хъужын, хэгъуэщэжын. Дзэлыр тӀысыжащ. 5. сесть, опуститься (о пыли) / ЗыкъэзыӀэтар лъахъшэ хъужын (сабэ). Сабэр тӀысыжащ. Гур тӀысыжын см. гу II. Еуи тӀысыж см. еуэн. Унагъуэу тӀысыжын см. унагъуэ. Унэхъуу тӀысыжын см. унэхъун.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэтӀысыж)
1. Уздэщысам деж аргуэру тӀысын, щыс щытыкӀэм аргуэру иувэжын.
Лу къыфӀэщӀат Таша нэщӀ зэримыӀыгъыр жриӀэмэ, Къазджэрий и гуапэ хъууэ къыщытхъуну, арщхьэкӀэ Къазджэрий зыри жимыӀэжу тхылъхэм яхэплъэу тӀысыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602
+1 örnek
Уэ пхуэдэлӀщ дэри дызыхуейр, – жиӀэри комендатыр, стӀолыжьым тет телефоныр къеуати, кӀуэри и тӀысыпӀэм тӀысыжащ.— МелыӀыч, 464
2. Лэжьыгъэ ӀэнатӀэ Ӏумытыжын, унэм етӀысылӀэжын, пщӀантӀэм дэсын.
Бекъан абыи и ужь ихьэн идакъым: сэ сыуанащӀэщ, си ӀэщӀагъэр къыдэсхыжынурэ, уанэ, шы Ӏэпслъэпс сщӀыуэ сытӀысыжынущ, жиӀэри.— Нал къута, 292
+1 örnek
Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщӀ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ.— КӀапсэ кӀапэ, 7
Deyimler (1)
гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын
Еплъ: гъуэгу
Kitapta geçtiği hali
ТӀЫСЫЖЫН (мэтӀысыж) лъэмыӀ. (29). 1. (27). Уздэщысам деж аргуэру тӀысын, щыс щытыкӀэм аргуэру иувэжын. Лу къыфӀэщӀат Таша нэщӀ зэримыӀыгъыр жриӀэмэ, Къазджэрий и гуапэ хъууэ къыщытхъуну, арщхьэкӀэ Къазджэрий зыри жимыӀэжу тхылъхэм яхэплъэу тӀысыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. Уэ пхуэдэлӀщ дэри дызыхуейр, – жиӀэри комендатыр, стӀолыжьым тет телефоныр къеуати, кӀуэри и тӀысыпӀэм тӀысыжащ. МелыӀыч, 464. 2. (2). Лэжьыгъэ ӀэнатӀэ Ӏумытыжын, унэм етӀысылӀэжын, пщӀантӀэм дэсын. Бекъан абыи и ужь ихьэн идакъым: сэ сыуанащӀэщ, си ӀэщӀагъэр къыдэсхыжынурэ, уанэ, шы Ӏэпслъэпс сщӀыуэ сытӀысыжынущ, жиӀэри. Нал къута, 292. Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщӀ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ. КӀапсэ кӀапэ, 7. ◊ Гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын (2). Еплъ гъуэгу.