тэмакъым тегъэхуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

тэмакъ

Ӏу, къурмакъей.

ругорло; гортань; зев

Тамакъыр узын.

Bu maddedeki ifadeler (17)

тэмакъым залэ щӀэмыхуэн

тэмакъым тӀуалэ щӀэхуэркъым

тэмакъым зегъэлъэщӀын

ру1) откашляться 2) переносное спеть что-л.

тэмакъым зыщӀэдзэн

рунаступать на горло кому-л.; просить упорно и настойчиво кого-л. о чём-л.

{и} тэмакъым къыщӀэгъуэлъхьэн

тэмакъым щӀэгъуэлъхьэн

тэмакъым къыщӀэлъэдэн

тэмакъыр къызэфӀэзэрыхьын

тэмакъым тегъэхуэн

рустерпеть, вынести, выдержать (замечание, обиду и т. п.).

тэмакъым тенэн

руне давать покоя кому-л. (об обиде и т. п.).

Дадий ӀэщӀохур нэпс закъуэ, Тэмакъым тонэр и гуауэр.— Къэбэрдей

тэмакъым техуэн

рустерпеть, проглотить что-л. (замечание, обиду и т. п.).

{и} тэмакъым тӀуалэ щӀэхуэркъым

ру{он} очень вспыльчивый.

тэмакъым фӀэмыкӀын

руне лезть в горло (о пище).

тэмакъым щӀэгъуэлъхьэн

тэмакъым зыщӀэдзэн

тэмакъыр екъухыжын

русдержаться, взять себя в руки.

тэмакъыр къызэфӀэзэрыхьын

рурасстроиться; быть готовым расплакаться, разрыдаться.

тэмакъыр щиубыдыкӀын

руне мочь вымолвить ни слова, онеметь.

Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ.— КӀыщокъуэ Алим

тэмакъыр щичын

ругорло дерёт.

тэмакъыр щикъузыкӀын

руперехватить - о горле.

Хъыджэбзыр гъыным нэсати, и тэмакъыр щикъузыкӀат.— ӀуэрыӀуатэ

тэмакъ щӀыӀу

Къурмакъейм къыпыхьэж пэ кӀуэцӀ.

руносоглотка

тегъэхуэн

(трегъахуэ)

1. Уеуэу, ебутӀыпщу хуэгъэзэн, блэмыгъэкӀын.

рупопасть в кого-что-л.

Шэр тегъэ-хуэн.

2. Хуэгъэзэн, ирихьэлӀэн.

руприурочить что-л. к чему-л.

ХьэгъуэлӀыгъуэр щэбэт махуэм трагъэхуащ.

3. Псэф егъэщӀын.

руслучить (животных)

Мэлым тегъэхуэн.

4. Хуэгъэзэн, тэмэм дыдэу зыгуэр жыӀэн.

рупопасть в самую точку, угадать (сделать или сказать именно то, что нужно)

Мис иджы тебгъэхуащ, алъандэрэ жыпӀар сытым щыщ?

(трегъахуэ)

Тегъэзэгъэн.

рууместить что-л. на чём-л.

Bu maddedeki ifadeler (4)

гум тегъэхуэн

Еплъ: гу

напэм тегъэхуэн

Еплъ: напэ

тэмакъым тегъэхуэн

Еплъ: тэмакъ

тхьэкӀумэр тегъэхуауэ

Еплъ: тхьэкӀумэ

Kitapta geçtiği hali

тэмакъ горло; гортань; зев / Ӏу, къурмакъей. Тамакъыр узын. Тэмакъым залэ щӀэмыхуэн = тэмакъым тӀуалэ щӀэхуэркъым. Тэмакъым зегъэлъэщӀын 1) откашляться 2) переносное спеть что-л. Тэмакъым зыщӀэдзэн наступать на горло кому-л.; просить упорно и настойчиво кого-л. о чём-л. {И} тэмакъым къыщӀэгъуэлъхьэн = тэмакъым щӀэгъуэлъхьэн. Тэмакъым къыщӀэлъэдэн = тэмакъыр къызэфӀэзэрыхьын. Тэмакъым тегъэхуэн стерпеть, вынести, выдержать (замечание, обиду и т. п.). Тэмакъым тенэн не давать покоя кому-л. (об обиде и т. п.). * Дадий ӀэщӀохур нэпс закъуэ, Тэмакъым тонэр и гуауэр. Къэб. Тэмакъым техуэн стерпеть, проглотить что-л. (замечание, обиду и т. п.). {И} тэмакъым тӀуалэ щӀэхуэркъым {он} очень вспыльчивый. Тэмакъым фӀэмыкӀын не лезть в горло (о пище). Тэмакъым щӀэгъуэлъхьэн = тэмакъым зыщӀэдзэн. Тэмакъыр екъухыжын сдержаться, взять себя в руки. Тэмакъыр къызэфӀэзэрыхьын расстроиться; быть готовым расплакаться, разрыдаться. Тэмакъыр щиубыдыкӀын не мочь вымолвить ни слова, онеметь. * Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ. КӀ. А. Тэмакъыр щичын горло дерёт. Тэмакъыр щикъузыкӀын перехватить - о горле. * Хъыджэбзыр гъыным нэсати, и тэмакъыр щикъузыкӀат. фольк. тэмакъ щӀыӀу носоглотка / Къурмакъейм къыпыхьэж пэ кӀуэцӀ.

тегъэхуэн I (трегъахуэ) перех. гл. 1. попасть в кого-что-л. / Уеуэу, ебутӀыпщу хуэгъэзэн, блэмыгъэкӀын. Шэр тегъэ-хуэн. 2. приурочить что-л. к чему-л. / Хуэгъэзэн, ирихьэлӀэн. ХьэгъуэлӀыгъуэр щэбэт махуэм трагъэхуащ. 3. случить (животных) / Псэф егъэщӀын. Мэлым тегъэхуэн. 4. переносное попасть в самую точку, угадать (сделать или сказать именно то, что нужно) / Хуэгъэзэн, тэмэм дыдэу зыгуэр жыӀэн. Мис иджы тебгъэхуащ, алъандэрэ жыпӀар сытым щыщ? II (трегъахуэ) перех. гл. уместить что-л. на чём-л. / Тегъэзэгъэн. Гум тегъэхуэн см. гу II. Напэм тегъэхуэн см. напэ. Тэмакъым тегъэхуэн см. тэмакъ. ТхьэкӀумэр тегъэхуауэ см. тхьэкӀумэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

тэмакъ

ЦӀыхур, псэущхьэр щыбауэкӀэ жьыр и тхьэмбылым зэрыкӀуэ орган.

УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэлъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд.— Лыгъэ, 412

+2 örnek

[Астемыр:] Къэрэхьэлъкъ тэмакъым зэран ухуэмыхъуу а къупщхьэр къихын хуейщ, цӀыхур тыншу бэуэн щхьэкӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

[Нахъуэ зэӀущӀэм захуигъазэу:] Зи тэмакъ зэгуэдгъэжыни зэгуэдмыгъэжыни къахэкӀынкӀэ мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

Deyimler (5)

тэмакъым тенэн

1. И жагъуэ хъун.

Дадий ӀэщӀохур нэпс закъуэ, Тэмакъым тонэр и гуауэр.— Адэ, 137

2. Хьэрэм хуэхъун, фӀы къыхукъуэмыкӀын.

[Долэт цӀыхухэм яжриӀэрт:] Щэрданхэ я мылъку зышхым къупщхьэр и тэмакъым тенэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271

+1 örnek

[Астемыр:] Мэжджытым и Ӏуэхур зыӀутыр мыращ: мэжджыткӀэ зэджэр къэрэхьэлъкъым я тэмакъым тена къупщхьэм хуэдэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

тэмакъым тегъэхуэн

КъыбжаӀэр е къыуащӀэр шэчын; тэмакъкӀыхьу щытын.

Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ.— Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408

тэмакъым техуэн

Сшэчынщ сэ псори, сесэжащи, Техуэнщ жаӀари си тэмакъ.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361

Еплъ: тэмакъым тегъэхуэн

тэмакъыр лъэщӀын

ЗыгъэпсчэуӀун.

НэгъуэщӀи щыӀэщ, - жиӀэри Якъуб и тэмакъым зригъэлъэщӀащ.— Нал къута, 305

тэмакъыр щыубыдыкӀын

Мыбэуэфу щӀын.

Ӏугъуэм занщӀэу и тэмакъыр щиубыдыкӀа щхьэкӀэ къэмынэу [Гунэуэс], Дисэ зыдэлъу щыта дурэшыр ищӀэрти, зидзащ, унэ лъэгум илъ мафӀэм ебакъуэри.— ГущӀэгъу, 424

тегъэхуэн

(трегъахуэ)

Уеуэу, ебутӀыпщу хуэгъэзэн, блэмыгъэкӀын.

Догуэ, мэжджытым техуа бомбэр Алыхьыр ара тезыгъэхуар? – жиӀэри Апчарэ щӀэупщӀащ.— Нал къута, 224

+2 örnek

Тегъахуэ уи шэр ер зыгуэшым.— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56

Фызхэр гузавэу фочкӀэ уафэм дэуейм йолъэӀу: – Тхьэм и хьэтыркӀэ щыгъэт, благъуэм соуэ жыпӀэурэ дыгъэм тебгъэхуэнщи, къебгъэщэщэхынщ.— Лъапсэ, 120

Deyimler (1)

тэмакъым тегъэхуэн

Еплъ: тэмакъ

Kitapta geçtiği hali

ТЭМАКЪ (7). ЦӀыхур, псэущхьэр щыбауэкӀэ жьыр и тхьэмбылым зэрыкӀуэ орган. УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэлъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд. Лыгъэ, 412. [Астемыр:] Къэрэхьэлъкъ тэмакъым зэран ухуэмыхъуу а къупщхьэр къихын хуейщ, цӀыхур тыншу бэуэн щхьэкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. [Нахъуэ зэӀущӀэм захуигъазэу:] Зи тэмакъ зэгуэдгъэжыни зэгуэдмыгъэжыни къахэкӀынкӀэ мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. ◊ Тэмакъым тенэн (3). 1. (1). И жагъуэ хъун. Дадий ӀэщӀохур нэпс закъуэ, Тэмакъым тонэр и гуауэр. «Адэ», 137. 2. (2). Хьэрэм хуэхъун, фӀы къыхукъуэмыкӀын. [Долэт цӀыхухэм яжриӀэрт:] Щэрданхэ я мылъку зышхым къупщхьэр и тэмакъым тенэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. [Астемыр:] Мэжджытым и Ӏуэхур зыӀутыр мыращ: мэжджыткӀэ зэджэр къэрэхьэлъкъым я тэмакъым тена къупщхьэм хуэдэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. Тэмакъым тегъэхуэн (1). КъыбжаӀэр е къыуащӀэр шэчын; тэмакъкӀыхьу щытын. Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ. Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408. Тэмакъым техуэн (1). Еплъ тэмакъым тегъэхуэн. Сшэчынщ сэ псори, сесэжащи, Техуэнщ жаӀари си тэмакъ. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. Тэмакъыр лъэщӀын (1). ЗыгъэпсчэуӀун. НэгъуэщӀи щыӀэщ, - жиӀэри Якъуб и тэмакъым зригъэлъэщӀащ. Нал къута, 305. Тэмакъыр щыубыдыкӀын (1). Мыбэуэфу щӀын. Ӏугъуэм занщӀэу и тэмакъыр щиубыдыкӀа щхьэкӀэ къэмынэу [Гунэуэс], Дисэ зыдэлъу щыта дурэшыр ищӀэрти, зидзащ, унэ лъэгум илъ мафӀэм ебакъуэри. ГущӀэгъу, 424.

ТЕГЪЭХУЭН (трегъахуэ) лъэӀ. (11). Уеуэу, ебутӀыпщу хуэгъэзэн, блэмыгъэкӀын. Догуэ, мэжджытым техуа бомбэр Алыхьыр ара тезыгъэхуар? – жиӀэри Апчарэ щӀэупщӀащ. Нал къута, 224. Тегъахуэ уи шэр ер зыгуэшым. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. Фызхэр гузавэу фочкӀэ уафэм дэуейм йолъэӀу: – Тхьэм и хьэтыркӀэ щыгъэт, благъуэм соуэ жыпӀэурэ дыгъэм тебгъэхуэнщи, къебгъэщэщэхынщ. Лъапсэ, 120. ◊ Тэмакъым тегъэхуэн (2). Еплъ тэмакъ.

Düzeltme Öner

тэмакъым тегъэхуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.