текӀуэдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(токӀуадэ)
1. Зыгуэрым щхьэкӀэ кӀуэдын, уха хъун (ахъшэ, мылъку с. ху.); къарур лэжьыгъэ с. ху. зыгуэрым хэлъхьа, ехьэлӀа хъун.
руизрасходоваться, истратиться на кого-что-л.; быть потраченным на кого-что-л.
ИкъукӀэ ахъшэ куэд текӀуадэрт ефэ-ешхэшхуэхэм, унэхэр унэлъащӀэ хэплъыхьакӀэ зэщӀэузэдыным...— Ижьрей дунейм и историе
2. Зыгуэрым и зэранкӀэ лъэпощхьэпо хуэзэн, унэхъун; зыгуэрым уи щхьэр хэлъхьэн, икӀуэдыкӀын.
рупотерпеть неудачу по чьей-л. вине; стать жертвой кого-чего-л.
Ем хуалъхуа щӀалэу Ахьмэдым и адэу лӀыжьыр текӀуадэщ.— Къэбэрдей
3. Ӏуэхутхьэбзэ, щӀыхуэ с. ху. къытенэн, имыгъэзэщӀэн.
рупропасть зря; остаться безответным (напр. об услуге, оказанной кому-л.)
Абы Ӏуэхутхьэбзэ текӀуадэркъым.
Kitapta geçtiği hali
текӀуэдэн (токӀуадэ) неперех. гл. 1. израсходоваться, истратиться на кого-что-л.; быть потраченным на кого-что-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ кӀуэдын, уха хъун (ахъшэ, мылъку с. ху.); къарур лэжьыгъэ с. ху. зыгуэрым хэлъхьа, ехьэлӀа хъун. * ИкъукӀэ ахъшэ куэд текӀуадэрт ефэ-ешхэшхуэхэм, унэхэр унэлъащӀэ хэплъыхьакӀэ зэщӀэузэдыным... Ижь. д. и ист. 2. потерпеть неудачу по чьей-л. вине; стать жертвой кого-чего-л. / Зыгуэрым и зэранкӀэ лъэпощхьэпо хуэзэн, унэхъун; зыгуэрым уи щхьэр хэлъхьэн, икӀуэдыкӀын. * Ем хуалъхуа щӀалэу Ахьмэдым и адэу лӀыжьыр текӀуадэщ. Къэб. 3. пропасть зря; остаться безответным (напр. об услуге, оказанной кому-л.) / Ӏуэхутхьэбзэ, щӀыхуэ с. ху. къытенэн, имыгъэзэщӀэн. Абы Ӏуэхутхьэбзэ текӀуадэркъым.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(токӀуадэ)
1. Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым щхьэкӀэ кӀуэдын; мыпсэуж хъун; теунэхъуэн.
Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэр зытекӀуэдар я цӀыхубзыр хъума зэрыхъуным и ужь итатэкъыми аращ— Лъапсэ, 44
+2 örnek
ГурыфӀыгъуэншэт а ящӀэр, [Ар си гум илъи куэд лъандэ] Псэун хуэмейхэр лӀэн папщӀэ, ЦӀыху гъащӀэ лъапӀэр токӀуадэ.— Хэт гъащӀэр пщӀэншэу… Шум и гъуэгу, 44
Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш— Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207
2. Теухэн, ухын, п.п. мылъку.
Исуф тӀысри фызым гуригъэӀуащ псори: кӀуэрэ зригъэтхмэ, ахъшэ къызэрыратынур, гъуэгум текӀуадэ илъэпкъри езы Америкэм я Ӏуэхуу зэрыщытыр, нэса нэужьи зэлӀзэфызым ӀэнатӀэ кърату илъэсищ мынэхъ мащӀэкӀэ зэрагъэлэжьэнур— Лэчымэ, 390
+2 örnek
Инус мылъку мащӀэ тригъэкӀуэда хьэжыщӀ кӀуэну щежьам, иджы абы ещхьу Нурхьэлий зыщӀыпӀэ кӀуэну мурад ищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 146
ЛӀыр мыӀущми, нэхъ цӀэрыӀуэу И сыным ноби Куэд токӀуадэ.— Сын. «Мывэ хуабэ», 154
3. ГъащӀэр щытын зыщӀыпӀэ, зыгуэрым папщӀэ.
Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61
+1 örnek
Къэрэмырзэ и дзэм ятрекъузэ: - Е къыдамытыну дызыщагъэгугъ щӀыр къатетхыжынщ, е а щӀым дытекӀуэдэнщ, - жиӀэу.— Лыгъэ, 411
Kitapta geçtiği hali
ТЕКӀУЭДЭН (токӀуадэ) лъэмыӀ. (37). 1. (34). Зы Ӏуэхугъуэ гуэрым щхьэкӀэ кӀуэдын; мыпсэуж хъун; теунэхъуэн. Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэр зытекӀуэдар я цӀыхубзыр хъума зэрыхъуным и ужь итатэкъыми аращ. Лъапсэ, 44. ГурыфӀыгъуэншэт а ящӀэр, [Ар си гум илъи куэд лъандэ] Псэун хуэмейхэр лӀэн папщӀэ, ЦӀыху гъащӀэ лъапӀэр токӀуадэ. Хэт гъащӀэр пщӀэншэу… «Шум и гъуэгу», 44. Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш. Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207. 2. (3). Теухэн, ухын, п.п. мылъку. Исуф тӀысри фызым гуригъэӀуащ псори: кӀуэрэ зригъэтхмэ, ахъшэ къызэрыратынур, гъуэгум текӀуадэ илъэпкъри езы Америкэм я Ӏуэхуу зэрыщытыр, нэса нэужьи зэлӀзэфызым ӀэнатӀэ кърату илъэсищ мынэхъ мащӀэкӀэ зэрагъэлэжьэнур. Лэчымэ, 390. Инус мылъку мащӀэ тригъэкӀуэда хьэжыщӀ кӀуэну щежьам, иджы абы ещхьу Нурхьэлий зыщӀыпӀэ кӀуэну мурад ищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 146. ЛӀыр мыӀущми, нэхъ цӀэрыӀуэу И сыным ноби Куэд токӀуадэ. Сын. «Мывэ хуабэ», 154. 3. (2). ГъащӀэр щытын зыщӀыпӀэ, зыгуэрым папщӀэ. Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61. Къэрэмырзэ и дзэм ятрекъузэ: - Е къыдамытыну дызыщагъэгугъ щӀыр къатетхыжынщ, е а щӀым дытекӀуэдэнщ, - жиӀэу. Лыгъэ, 411. ◊ Бзэгум текӀуэдэн (1). Еплъ бзэгу. Зэман текӀуэдэн (1). Еплъ зэман. Къару текӀуэдэн (1). Еплъ къару.