зэман

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

zaman
OrtakпӀалъ(э)игъу(э)уахътэзэман
Doğuлъэхъэнэ
Batıлъэхъан
Kitapta geçtiği hali

ПӀАЛЪ(Э), ИГЪУ(э), лъэхъан/ лъэхъэнэ, УАХЪТЭ, ЗЭМАН, ZAMAN, VADE, MÜDDET

ЗЭМАН → ПӀАЛЪ(Э); ZAMAN

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: пӀалъэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Дунейм къыщыхъу, щекӀуэкӀ, тет псоми я щыӀэныгъэм и кӀыхьыгыу илъэс, мазэ, махуэ, сыхьэт, дакъикъэ сыт хуэдэхэмкӀэ къалъытэращ.

рувремя (длительность)

Къазий-Мухьэмэд абэ гуфӀакӀэм къыдихащ, дыуэм хуэдэу зэкӀуэцӀылъхьа, зэманым гъуэжь ищӀыжа тхылъымпӀэ.— Шортэн Аскэрбий

2. Дакъикъэ, сыхьэт, махуэ, илъэс сытхэу зэкӀэлъыпыту екӀуэкӀхэм ящыщу зы пычыгъуэ.

рувремя, отрезок времени

Зэман куэд дэкӀащ. Зэманыр псынщӀэу кӀуащ.

+1 örnek

Ар {Нэгумэ Шорэ} къыщалъхуар тэмэму къахутэн мурад яӀэу иужьрей зэманым яужь ихьахэщ.— Нэгумэ Шорэ

3. ЦӀыхухэм, лъэпкъым, къэралым я гъащӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ гуэрым и лъэхъэнэ.

рувремя, период, эпоха

Зауэ зэман. Пащтыхьым и зэман. Зэман бзаджэ. Пасэ зэман.

+1 örnek

Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр.— Ӏуащхьэмахуэ

4. Ӏуэхугъуэ гуэрым щичэзу; пӀалъэ пыухыкӀа.

рувремя, определенный, известный момент; пора чего-л.

Лэжьэгъуэ зэман. Зыгъэпсэхугъуэ зэман. Зэманыр икӀащ.

+1 örnek

Шумахуэ... генеральнэ репетицэм шщыкӀуэну зэманри къэсащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

5. Глаголым къиӀуатэ лэжьыгъэр, псалъэр щыжаӀэ уахътым е нэгъуэщӀ зы уахъты гуэрым зэрыхщыт щӀыкӀэр къэзыгъэлъагъуэ глагол формэщ.

рувремя

Ит зэман. БлэкӀа зэман. КъэкӀуэну зэман.

Bu maddedeki ifadeler (4)

а зэманым

рув то время, в те времена.

Ди усакӀуэр а зэманым жанащ.— ПащӀэ Бэчмырзэ

и зэманым

рувовремя.

И зэманым хэпсар хьэсэпэм къыщожьэ.— Псалъэжьхэр

и зэману

и зэманым

зы зэман {зэ}

ру1) когда-нибудь 2) наконец, в конце концов.

Зы зэман {зэ} игу къэкӀыжащ.

Kitapta geçtiği hali

зэман 1. время (длительность) / Дунейм къыщыхъу, щекӀуэкӀ, тет псоми я щыӀэныгъэм и кӀыхьыгыу илъэс, мазэ, махуэ, сыхьэт, дакъикъэ сыт хуэдэхэмкӀэ къалъытэращ. * Къазий-Мухьэмэд абэ гуфӀакӀэм къыдихащ, дыуэм хуэдэу зэкӀуэцӀылъхьа, зэманым гъуэжь ищӀыжа тхылъымпӀэ. Ш. А. 2. время, отрезок времени / Дакъикъэ, сыхьэт, махуэ, илъэс сытхэу зэкӀэлъыпыту екӀуэкӀхэм ящыщу зы пычыгъуэ. Зэман куэд дэкӀащ. Зэманыр псынщӀэу кӀуащ. * Ар {Нэгумэ Шорэ} къыщалъхуар тэмэму къахутэн мурад яӀэу иужьрей зэманым яужь ихьахэщ. Н. Ш. 3. время, период, эпоха / ЦӀыхухэм, лъэпкъым, къэралым я гъащӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ гуэрым и лъэхъэнэ. Зауэ зэман. Пащтыхьым и зэман. Зэман бзаджэ. Пасэ зэман. * Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр. Ӏуащхь. 4. время, определенный, известный момент; пора чего-л. / Ӏуэхугъуэ гуэрым щичэзу; пӀалъэ пыухыкӀа. Лэжьэгъуэ зэман. Зыгъэпсэхугъуэ зэман. Зэманыр икӀащ. * Шумахуэ... генеральнэ репетицэм шщыкӀуэну зэманри къэсащ. Хь. Хь. 5. грамм. время / Глаголым къиӀуатэ лэжьыгъэр, псалъэр щыжаӀэ уахътым е нэгъуэщӀ зы уахъты гуэрым зэрыхщыт щӀыкӀэр къэзыгъэлъагъуэ глагол формэщ. Ит зэман. БлэкӀа зэман. КъэкӀуэну зэман. А зэманым в то время, в те времена. * Ди усакӀуэр а зэманым жанащ. П. Б. И зэманым вовремя. * И зэманым хэпсар хьэсэпэм къыщожьэ. (погов.) И зэману = и зэманым. Зы зэман {зэ} 1) когда-нибудь 2) наконец, в конце концов. Зы зэман {зэ} игу къэкӀыжащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Дунейм къыщыхъу, щекӀуэкӀ, тет псоми я щыӀэныгъэм и кӀыхьагъыу илъэс, мазэ, махуэ, сыхьэт, дакъикъэ сыт хуэдэхэмкӀэ къалъытэр.

[Алим:] Зэман куэдыщэ блэкӀащ Алий япэ дыдэ сыщыхуэза лъандэрэ, ауэ а лъэхъэнэм хэкум и кӀуэцӀкӀэ куэдыщэ къыщыхъуащи, зыщыбгъэгъупщэну ухуежьами, пхузэфӀэкӀынукъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518

+2 örnek

[Степан Ильич къетх:] Аращи, Астемыр, дыщызэкъуэтын хуей зэманщ ноби, дэ куэдкӀэ дыпщогугъ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

Унэгуащэм зэгуэр блыным фӀэлъ сыхьэтыр къэувыӀати, Джэлил и ахъшэм Ӏуэгъуэм триухуэри иригъэжьати, тэмэму зэманым техуэу къыщӀэкӀащ, пщэдджыжь радиом щедэӀуам.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

2. ЦӀыхухэм, лъэпкъым, къэралым я гъащӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ гуэрым и лъэхъэнэ. –272.

[Алим:] Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыли щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

+2 örnek

Куэд щӀакъым Данизэт бэлшэвычым я зэманым «сыкъэрэхьэлъкъ цӀыхубзщ, Бот сыхуэдэ къабзэщ, лӀо си гъукӀэ щхьэгъуэплъым власть щӀыхуэмыфащэр, яфӀэубыд, Бот, бжьыпэр, Ӏыхьэншэ зумыщӀ», - жиӀэу зэрыщытрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271

Къылышбийм и зэманми арат: Щэрдан Берд, Аралъп Залымджэрий – абы хуэдэр арат кхъуейр, адрей къому Бот тхьэмыщкӀэм хуэдэр е Исхьэкъ сымэ хуэдэр шэжыпст, ипкӀутми, хьэм ептми хъунут.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651

Deyimler (3)

а зэманым

Абы щыгъуэ.

Октябрь уардэм и мафӀэр Щылыда махуэр блэкӀащ, Иджы насыпу дэ дгъафӀэр Мис а зэманым къалъхуащ.— Си адэм. «Бгы лъапэхэм деж», 45

зы зэман

Зэгуэрым.

Шу гъуситӀ иӀэу къыдыхьа лӀым фӀэхъус-сэламкӀэ и Ӏэр къыщишийм, Дэфэрэдж занщӀэу къэуӀэбжьащ, хьэщӀэм и зы Ӏэпхъуамбэ пымытыжу гу лъитати, и нэгум щӀэплъэри, арат: зы зэман гуэр зыхуэзауэ щыта бжэныхъуэ цӀыкӀурт.— Лъапсэ, 113

+1 örnek

Дэ тӀур [Фэуазрэ шымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэспщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну.— Анка, 384

зэман текӀуэдэн

ПӀалъэ гуэр ихьын Ӏуэхугъуэм.

Апхуэдэщ цӀыхур – ар къэпщӀэнум, Зэман текӀуадэм ущымысхь.— Ӏэдакъэм щӀэкӀ. «Дамыгъэ», 219

Kitapta geçtiği hali

ЗЭМАН (67). 1. (32). Дунейм къыщыхъу, щекӀуэкӀ, тет псоми я щыӀэныгъэм и кӀыхьагъыу илъэс, мазэ, махуэ, сыхьэт, дакъикъэ сыт хуэдэхэмкӀэ къалъытэр. [Алим:] Зэман куэдыщэ блэкӀащ Алий япэ дыдэ сыщыхуэза лъандэрэ, ауэ а лъэхъэнэм хэкум и кӀуэцӀкӀэ куэдыщэ къыщыхъуащи, зыщыбгъэгъупщэну ухуежьами, пхузэфӀэкӀынукъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. [Степан Ильич къетх:] Аращи, Астемыр, дыщызэкъуэтын хуей зэманщ ноби, дэ куэдкӀэ дыпщогугъ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. Унэгуащэм зэгуэр блыным фӀэлъ сыхьэтыр къэувыӀати, Джэлил и ахъшэм Ӏуэгъуэм триухуэри иригъэжьати, тэмэму зэманым техуэу къыщӀэкӀащ, пщэдджыжь радиом щедэӀуам. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. 2. (35). ЦӀыхухэм, лъэпкъым, къэралым я гъащӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ гуэрым и лъэхъэнэ. [Алим:] Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыли щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. Куэд щӀакъым Данизэт бэлшэвычым я зэманым «сыкъэрэхьэлъкъ цӀыхубзщ, Бот сыхуэдэ къабзэщ, лӀо си гъукӀэ щхьэгъуэплъым власть щӀыхуэмыфащэр, яфӀэубыд, Бот, бжьыпэр, Ӏыхьэншэ зумыщӀ», - жиӀэу зэрыщытрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 271–272. Къылышбийм и зэманми арат: Щэрдан Берд, Аралъп Залымджэрий – абы хуэдэр арат кхъуейр, адрей къому Бот тхьэмыщкӀэм хуэдэр е Исхьэкъ сымэ хуэдэр шэжыпст, ипкӀутми, хьэм ептми хъунут. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. ◊ А зэманым (2). Абы щыгъуэ. Октябрь уардэм и мафӀэр Щылыда махуэр блэкӀащ, Иджы насыпу дэ дгъафӀэр Мис а зэманым къалъхуащ. Си адэм. «Бгы лъапэхэм деж», 45. Зы зэман (10). Зэгуэрым. Шу гъуситӀ иӀэу къыдыхьа лӀым фӀэхъус-сэламкӀэ и Ӏэр къыщишийм, Дэфэрэдж занщӀэу къэуӀэбжьащ, хьэщӀэм и зы Ӏэпхъуамбэ пымытыжу гу лъитати, и нэгум щӀэплъэри, арат: зы зэман гуэр зыхуэзауэ щыта бжэныхъуэ цӀыкӀурт. Лъапсэ, 113. Дэ тӀур [Фэуазрэ шымрэ] дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэспщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну. Анка, 384. Зэман текӀуэдэн (1). ПӀалъэ гуэр ихьын Ӏуэхугъуэм. Апхуэдэщ цӀыхур – ар къэпщӀэнум, Зэман текӀуадэм ущымысхь. Ӏэдакъэм щӀэкӀ. «Дамыгъэ», 219.

Düzeltme Öner

зэман
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.