пэр дэӀун

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

пэ

1. Ӏэплъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр. - 648.

Астемыри Степан Ильичи къыпхуэмыцӀыхужын хуэдизу уэд хъуат, я жьакӀэр кӀыру, я пэр папцӀэ хъуауэ, я нэр зэтрамыхыу гум илът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 274

+2 örnek

Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: - Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647

АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дамэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-къеӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

2. Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.

Япэ хьэщӀэу къакӀуэм яшхынур уэращ, - жиӀэу Джэлил и пэр зэтрихати, сыджыр ӀэщӀэкӀа хъуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481

+2 örnek

[Джэлил] И пэр бажэм и нэщӀащэм хуэзэу щеуӀум, бажэм и щхьэр унэзауэ пэкӀэ пкъом жьэхэуэ пэтащ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

Пэ къуаншэ бгъэжьхэм я тӀысыпӀэм Шы къарэ жэрым сыдихауэ, Сэ зызогъэщӀыр уанэ къуапэм, Лъэрыгъыр лъапэм пызгъэхуауэ.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11

3. Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ.

Исхьэкъ, бжьамиипэмкӀэ и пащӀэр ирилъэщӀэкӀыу, къедаӀуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

+2 örnek

Нахъуэ маузерыр кърилъэфщ, кӀэрахъуэпэм шакъэ щихуэри Лу зыхуея пэшотыр тригъэуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514

Уэздыгъэ пэ нэф гуэрым бгъэдэсу щыщыскӀи ауэ щыскъым, урыс букварь иӀыгъыу тхылъ зрегъащӀэ, езыри [Астемыр] мыдрисэм щеджащи, тхылъыр зэгъэщӀэгъуафӀэу зрегъащӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 183

4. КӀапэ, папцӀапӀэ.

[Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 79

+1 örnek

Ар [къыщӀигъэлъар] джатэпэкӀэ зэӀещӀэ, ЗэӀищӀами лӀыр йофэжыр, Ӏубыгъуитхум мы нэхъ мащӀэу – Зы тхьэлъапӀэр – егъэпэжыр— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91

5. ЗэманкӀэ нэхъапэ къэхъуа, е япэу зэфӀэгъэкӀын хуей Ӏуэху гуэр.

Нэмыцэу ди къалэм дэсар зауэм и пэ къихуэу дашауэ щытати, иджы си нэгум щӀэт хуэдэщ къуажэм къыщыхъур.— МелыӀыч, 462

+2 örnek

Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312

Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу.— Нал къута, 304

6. Предлог мыхьэнэ игъэзащӀэу, зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту.

Щхьэхьу щӀопхъуэри [Апчарэ] хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ.— Щынэхужьыкъуэ, 54

7. КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ.

[Шинел зышыгъ урысым къэзакъхэм жриӀэу:] СэмэгурабгъумкӀэ и пэ ит сатырищыр фыфейщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 322

+2 örnek

Елдар урыс псалъэ зыбжанэ зригъэщӀат, ауэ Бот и псэлъэкӀэм тету псалъэрт, псалъэ къэс и пэм «и» иригъэувэу: «Истепан», «икнига», «иклуч» жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 221

Къазджэрий тӀысыпӀэр щищӀым нэхъ и пэм укӀуэтэху нэхъ лъахъшэу ищӀат, Мэзкуу дэт театрхэм щӀэт тӀысыпӀэм ещхьу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661

Deyimler (25)

нэри пэри ихьу

Еплъ: нэ

пэр гъэджэн

Гу зылъегъэтэн.

Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91

пэр дэлъэфеин

ТхьэмыщкӀафэ зытегъэуэн, гущӀэгъу зыхуегъэщӀын мурадкӀэ.

Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа.— Лъапсэ, 9

пэр дэӀун

Уи мыӀуэху зехуэн.

Аннэрэ абырэ [ЛэтӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэкӀэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ.— Лъапсэ, 8

[и] пэ къигъэхуэн

Япэ игъэщын.

[Инал Астемыр жреӀэ:] Чисткэм и пэ къидгъэхуэну зиужь дит Ӏуэхури кӀыхьлӀыхь хъунутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674

пэр лъагэу Ӏэтын

Уардэу, дахэу щытын.

ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу.— Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332

[и] пэ лъы ивэжауэ

Жейм хуэдэу, зыми щымыщу, зыми гу лъимытэу, зы щхьэкӀи мыпӀейтейуэ.

[Залымджэрий къызэхуэсахэм жриӀэу:] – Щхьэ фызэхэт, фи пэ лъы ивэжауэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 105

+1 örnek

[Локотош Якъуб жриӀэу:] Ди пэм лъы ивэжауэ дыщысмэ, нэхъ Ӏеижкъэ!— Нал къута, 254

пэкӀэ псы ефэн

ЗэхэщӀыкӀ щӀагъуэ имыӀэн, делэн.

ХъынцӀал хузэфӀэкӀыр схузэфӀэмыкӀми, сэри пэкӀэ псы ефэхэм сащыщкъым.— Лъапсэ, 94

+1 örnek

Я унэ пэкӀэу псы зэрефэр ЯхуеӀуэ хамэу нэхъ и щӀасэм. Хамэ бжыхь джабэр и хэщӀапӀэу, КъекӀухь езыми хьэхэбасэу.— ХамэкӀутӀу. «Дамыгъэ», 295

[и] пэ кърихун

Зыгуэрым щхьэкӀэ мыарэзыуэ губжьауэ, къытехьауэ щытын.

Якъуб лъэбакъуэхъуу уващ, гимнастикэ ищӀын хуэдэу, и нэ фӀыцӀытӀри мэхъэрахъэ, и пэм кърихур умыщӀэу— Нал къута, 295

[и] пэм мафӀэ бзийр кърихун

Егъэлеяуэ губжьын.

ЛатӀифэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ, и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэу къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ…— Лъапсэ, 11

[и] пэ мафӀэ къилъэлъын

[Дэфэрэдж:] Сыхуэзамэ, и пэм мафӀэ къилъэлъу [ЛэтӀифэ]къызопсалъэ, арщхьэкӀэ щхьэ укъысхузэгуэпрэ жысӀэу си щхьэ теслъхьэркъым сеупщӀыну. Езыми и гум илъыр уигъащӀэркъым— Лъапсэ, 9

Еплъ: [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун

[и] пэм мафӀэ бзийр кърихын

[Къэрэгъулым Апчарэ жриӀэу:] ЗэтумыпӀэнумэ, згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, - жиӀэу и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ.— Нал къута, 287

Еплъ: [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун

[и] пэм къихун

Зыгуэрым ещхьу щытын.

Сталиныр къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми.— Лъапсэ, 49

[и] пэр къыпылэлын (къыпыхун)

Къэнэщхъеин, зыгуэрым къызэригъэдзыхэр, зэрыгузавэр и фэм къигъэлъэгъуэн.

Нурхьэлий и ажэ жьакӀэр дыхьэшхэнти, Тембот абы еплъмэ, хуэмышэчу дыхьэшхырт, езы Нурхьэлий гъыным хуэдэт, и пэр къыпылэлырт, и жьафэри къыӀурылэлырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 149

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:]Трубкэр тызолъхьэжри унэм щӀэтым сакъыхэплъэмэ, я пэр къыпыхуащ, мэрым и жьафэр къыӀуролэл— ХьэщӀэ лъапӀэ, 408

И пэ кӀыхьри [Азрэт] къыпыхуауэ и жьэпкъым къэсыным тӀэкӀущ къэнэжар.— Нал къута, 306

[и] пэр къыпыудын

Зыгуэрым хуэфӀ хъун, хурикъун.

[Локотош Якъуб жриӀэу:] Орджоникидзе дэт военнэ училищэхэр абы къыдэтӀысхьэмэ, си Ӏуэхущ нэмыцэм и пэр къыпамыудым— Нал къута, 294

[и] пэми и нэми къимыхьын

Зыгуэрым зытепсэлъыхьыр къыфӀэмыӀуэхуу, и гур хэмыхьэу щытын.

Къазджэрий усэ къытхуоджэ, фӀым дыхуеузэщӀ, къыдоущие, ди адэм хуэдэу; сэри си гущӀэм уэрэд къыщыӀу хуэдэу зэхызох, Сосрыкъуэ а псори и пэми и нэми къихьыркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614

пэм къиуэн

Мэ гуэр къыпщӀихьэн.

Хъыджэбзым жиӀар си гум къэкӀыжат, Исуф къыпих лэчымэр си пэм къыщиуам, нобэ къыпих мэр япэрейхэм хуэмыдэжу нэхъ Ӏей къысфӀэщӀат.— Лэчымэ, 395

[си] пэр позгъэупщӀынщ

ШэсыпӀэ сохьэ (жаӀэм шэч къызэрытрамыхьэжым и щыхьэту къагъэсэбэп псэлъафэщ).

[Мусэ Гъуумар жриӀэу:] – ИкӀэщӀыпӀэкӀэ станцым гъакӀуэ, си пэр позгъэупщӀынщ, Нурхьэлий абы къыщамыгъуэтмэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

+1 örnek

[Долэт:] «Къэрал пхъуантэм» щхъухь ирамыхьамэ, си пэр позгъэупщӀынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

пэр хэӀун

Абы [Мысост] и пэр зыхимыӀу, алыхь, сымыщӀэ щыӀэу, - жиӀэри Хьэбиби Ӏуэ ихьэпӀэм деж щыту къэпсэлъащ.— Щынэхужьыкъуэ, 15

Еплъ: пэр дэӀун

[и] пэр щӀым щыхуэн

Фадафэ зырыз къэбубыдрэ я пэр щӀым щыпхъуэкӀэ зэфӀэкӀынукъым, цӀыхухэм я псэукӀэр хабзэ дахэм тегъэувэн хуейщ, лъэпкъыр зэрылъэпкъыу узыншэ хъун хуэдэу.— Лъапсэ, 45

Еплъ: пэкӀэ щӀыр егъэвэн

[и] пэр щӀылъэм щӀегъэвэн

Зыкъуипщытмэ борэн ябгэм – И пэр щӀылъэм щӀебгъэвэнщ— Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47

Еплъ: [и] пэр щӀым щыхуэн

пэкӀэ щӀыр евэ

ХузэфӀокӀ.

ПэкӀэ щӀыр евэ, жьыр дэнэкӀэ къикӀми имыщӀэу.— Кхъухь пхэнж, 508

пэкӀэ щӀыр егъэвэн

ХуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун.

Псори хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ: – ПэкӀэ щӀыр егъэвэн хуейщ абы [Дэлэт]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

+1 örnek

Дядэр напэм хуэгузавэрт, Къуэш нэхъыжьым, сыщыуэхукӀэ, ПэкӀэ ЩӀыпцӀэр сэ сигъавэрт— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41

пэцыр илыгъуэн (гъэлыгъуэн)

Хъийм икӀауэ губжьын, уафэм сабэ дэпхъеин.

Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 114

+1 örnek

Ӏурдан Ӏуфэм Ӏус къуажэм къады къыдэтӀысхьат ткӀиищэрэ и пэм къриху мафӀэм пэцыр игъэлыгъуэу.— Аргъуей, 385

[и] пэр щӀивэн

И Ӏуэхухэр зэӀыхьэн.

Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 115

Kitapta geçtiği hali

ПЭ (55). 1. (29). Ӏэплъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр. Астемыри Степан Ильичи къыпхуэмыцӀыхужын хуэдизу уэд хъуат, я жьакӀэр кӀыру, я пэр папцӀэ хъуауэ, я нэр зэтрамыхыу гум илът. Хъуэпсэгъуэ нур, 274. Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: - Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647- 648. АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дамэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-къеӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. 2. (3). Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр. Япэ хьэщӀэу къакӀуэм яшхынур уэращ, - жиӀэу Джэлил и пэр зэтрихати, сыджыр ӀэщӀэкӀа хъуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481. [Джэлил] И пэр бажэм и нэщӀащэм хуэзэу щеуӀум, бажэм и щхьэр унэзауэ пэкӀэ пкъом жьэхэуэ пэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Пэ къуаншэ бгъэжьхэм я тӀысыпӀэм Шы къарэ жэрым сыдихауэ, Сэ зызогъэщӀыр уанэ къуапэм, Лъэрыгъыр лъапэм пызгъэхуауэ. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. 3. (6). Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ. Исхьэкъ, бжьамиипэмкӀэ и пащӀэр ирилъэщӀэкӀыу, къедаӀуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Нахъуэ маузерыр кърилъэфщ, кӀэрахъуэпэм шакъэ щихуэри Лу зыхуея пэшотыр тригъэуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Уэздыгъэ пэ нэф гуэрым бгъэдэсу щыщыскӀи ауэ щыскъым, урыс букварь иӀыгъыу тхылъ зрегъащӀэ, езыри [Астемыр] мыдрисэм щеджащи, тхылъыр зэгъэщӀэгъуафӀэу зрегъащӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 183. 4. (2). КӀапэ, папцӀапӀэ. [Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 79. Ар [къыщӀигъэлъар] джатэпэкӀэ зэӀещӀэ, ЗэӀищӀами лӀыр йофэжыр, Ӏубыгъуитхум мы нэхъ мащӀэу – Зы тхьэлъапӀэр – егъэпэжыр. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. 5. (24). ЗэманкӀэ нэхъапэ къэхъуа, е япэу зэфӀэгъэкӀын хуей Ӏуэху гуэр. Нэмыцэу ди къалэм дэсар зауэм и пэ къихуэу дашауэ щытати, иджы си нэгум щӀэт хуэдэщ къуажэм къыщыхъур. МелыӀыч, 462. Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьу. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу. Нал къута, 304. 6. (1). Предлог мыхьэнэ игъэзащӀэу, зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту. Щхьэхьу щӀопхъуэри [Апчарэ] хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ. Щынэхужьыкъуэ, 54. 7. (3). КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ. [Шинел зышыгъ урысым къэзакъхэм жриӀэу:] СэмэгурабгъумкӀэ и пэ ит сатырищыр фыфейщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Елдар урыс псалъэ зыбжанэ зригъэщӀат, ауэ Бот и псэлъэкӀэм тету псалъэрт, псалъэ къэс и пэм «и» иригъэувэу: «Истепан», «икнига», «иклуч» жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. Къазджэрий тӀысыпӀэр щищӀым нэхъ и пэм укӀуэтэху нэхъ лъахъшэу ищӀат, Мэзкуу дэт театрхэм щӀэт тӀысыпӀэм ещхьу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. ◊ Нэри пэри ихьу (7). Еплъ нэ. Пэр гъэджэн (1). Гу зылъегъэтэн. Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. Пэр дэлъэфеин (1). зэхь. ТхьэмыщкӀафэ зытегъэуэн, гущӀэгъу зыхуегъэщӀын мурадкӀэ. Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа. Лъапсэ, 9. Пэр дэӀун (1). Уи мыӀуэху зехуэн. Аннэрэ абырэ [ЛэтӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэкӀэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ. Лъапсэ, 8. [И] пэ къигъэхуэн (1). Япэ игъэщын. [Инал Астемыр жреӀэ:] Чисткэм и пэ къидгъэхуэну зиужь дит Ӏуэхури кӀыхьлӀыхь хъунутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674. Пэр лъагэу Ӏэтын (1). зэхь. Уардэу, дахэу щытын. ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу. Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332. [И] пэ лъы ивэжауэ (3). Жейм хуэдэу, зыми щымыщу, зыми гу лъимытэу, зы щхьэкӀи мыпӀейтейуэ. [Залымджэрий къызэхуэсахэм жриӀэу:] – Щхьэ фызэхэт, фи пэ лъы ивэжауэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 105. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Ди пэм лъы ивэжауэ дыщысмэ, нэхъ Ӏеижкъэ! Нал къута, 254. ПэкӀэ псы ефэн (2). ЗэхэщӀыкӀ щӀагъуэ имыӀэн, делэн. ХъынцӀал хузэфӀэкӀыр схузэфӀэмыкӀми, сэри пэкӀэ псы ефэхэм сащыщкъым. Лъапсэ, 94. Я унэ пэкӀэу псы зэрефэр ЯхуеӀуэ хамэу нэхъ и щӀасэм. Хамэ бжыхь джабэр и хэщӀапӀэу, КъекӀухь езыми хьэхэбасэу. ХамэкӀутӀу. «Дамыгъэ», 295. [И] пэ кърихун (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ мыарэзыуэ губжьауэ, къытехьауэ щытын. Якъуб лъэбакъуэхъуу уващ, гимнастикэ ищӀын хуэдэу, и нэ фӀыцӀытӀри мэхъэрахъэ, и пэм кърихур умыщӀэу. Нал къута, 295. [И] пэм мафӀэ бзийр кърихун (2). Егъэлеяуэ губжьын. ЛатӀифэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ, и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэу къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ… Лъапсэ, 11. [И] пэ мафӀэ къилъэлъын (1). Еплъ [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун. [Дэфэрэдж:] Сыхуэзамэ, и пэм мафӀэ къилъэлъу [ЛэтӀифэ]къызопсалъэ, арщхьэкӀэ щхьэ укъысхузэгуэпрэ жысӀэу си щхьэ теслъхьэркъым сеупщӀыну. Езыми и гум илъыр уигъащӀэркъым. Лъапсэ, 9. [И] пэм мафӀэ бзийр кърихын (1). Еплъ [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун. [Къэрэгъулым Апчарэ жриӀэу:] ЗэтумыпӀэнумэ, згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, - жиӀэу и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ. Нал къута, 287. [И] пэм къихун (1). Зыгуэрым ещхьу щытын. Сталиныр къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми. Лъапсэ, 49. [И] пэр къыпылэлын (къыпыхун) (6). Къэнэщхъеин, зыгуэрым къызэригъэдзыхэр, зэрыгузавэр и фэм къигъэлъэгъуэн. Нурхьэлий и ажэ жьакӀэр дыхьэшхэнти, Тембот абы еплъмэ, хуэмышэчу дыхьэшхырт, езы Нурхьэлий гъыным хуэдэт, и пэр къыпылэлырт, и жьафэри къыӀурылэлырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 149. [Алыджыкъуэ:]Трубкэр тызолъхьэжри унэм щӀэтым сакъыхэплъэмэ, я пэр къыпыхуащ, мэрым и жьафэр къыӀуролэл. ХьэщӀэ лъапӀэ, 408. И пэ кӀыхьри [Азрэт] къыпыхуауэ и жьэпкъым къэсыным тӀэкӀущ къэнэжар. Нал къута, 306. [И] пэр къыпыудын (1). Зыгуэрым хуэфӀ хъун, хурикъун. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Орджоникидзе дэт военнэ училищэхэр абы къыдэтӀысхьэмэ, си Ӏуэхущ нэмыцэм и пэр къыпамыудым. Нал къута, 294. [И] пэми и нэми къимыхьын (1). Зыгуэрым зытепсэлъыхьыр къыфӀэмыӀуэхуу, и гур хэмыхьэу щытын. Къазджэрий усэ къытхуоджэ, фӀым дыхуеузэщӀ, къыдоущие, ди адэм хуэдэу; сэри си гущӀэм уэрэд къыщыӀу хуэдэу зэхызох, Сосрыкъуэ а псори и пэми и нэми къихьыркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614. Пэм къиуэн (1). Мэ гуэр къыпщӀихьэн. Хъыджэбзым жиӀар си гум къэкӀыжат, Исуф къыпих лэчымэр си пэм къыщиуам, нобэ къыпих мэр япэрейхэм хуэмыдэжу нэхъ Ӏей къысфӀэщӀат. Лэчымэ, 395. [Си] пэр позгъэупщӀынщ (2). ШэсыпӀэ сохьэ (жаӀэм шэч къызэрытрамыхьэжым и щыхьэту къагъэсэбэп псэлъафэщ). [Мусэ Гъуумар жриӀэу:] – ИкӀэщӀыпӀэкӀэ станцым гъакӀуэ, си пэр позгъэупщӀынщ, Нурхьэлий абы къыщамыгъуэтмэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. [Долэт:] «Къэрал пхъуантэм» щхъухь ирамыхьамэ, си пэр позгъэупщӀынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Пэр хэӀун (1). Еплъ пэр дэӀун. Абы [Мысост] и пэр зыхимыӀу, алыхь, сымыщӀэ щыӀэу, - жиӀэри Хьэбиби Ӏуэ ихьэпӀэм деж щыту къэпсэлъащ. Щынэхужьыкъуэ, 15. [И] пэр щӀым щыхуэн (1). Еплъ пэкӀэ щӀыр егъэвэн. Фадафэ зырыз къэбубыдрэ я пэр щӀым щыпхъуэкӀэ зэфӀэкӀынукъым, цӀыхухэм я псэукӀэр хабзэ дахэм тегъэувэн хуейщ, лъэпкъыр зэрылъэпкъыу узыншэ хъун хуэдэу. Лъапсэ, 45. [И] пэр щӀылъэм щӀегъэвэн (1). Еплъ [и] пэр щӀым щыхуэн. Зыкъуипщытмэ борэн ябгэм – И пэр щӀылъэм щӀебгъэвэнщ. Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47. ПэкӀэ щӀыр евэ (1). зэхь. ХузэфӀокӀ. ПэкӀэ щӀыр евэ, жьыр дэнэкӀэ къикӀми имыщӀэу. Кхъухь пхэнж, 508. ПэкӀэ щӀыр егъэвэн (2). ХуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун. Псори хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ: – ПэкӀэ щӀыр егъэвэн хуейщ абы [Дэлэт]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Дядэр напэм хуэгузавэрт, Къуэш нэхъыжьым, сыщыуэхукӀэ, ПэкӀэ ЩӀыпцӀэр сэ сигъавэрт. ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Пэцыр илыгъуэн (гъэлыгъуэн) (2). Хъийм икӀауэ губжьын, уафэм сабэ дэпхъеин. Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Ӏурдан Ӏуфэм Ӏус къуажэм къады къыдэтӀысхьат ткӀиищэрэ и пэм къриху мафӀэм пэцыр игъэлыгъуэу. Аргъуей, 385. [И] пэр щӀивэн (1). И Ӏуэхухэр зэӀыхьэн. Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 115.

Düzeltme Öner

пэр дэӀун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.