пэкӀэ щӀыр егъэвэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
пэ
1. Ӏэпкълъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр.
рунос
Пэ кӀыхь.
2. Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр. Къазыпэ. Бзуупэ.
руклюв
Уащхуэм еджэу джэдыр кӀуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеӀу.— Балъкъэр Фоусэт
3. Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ.
рупередняя носовая часть чего-л.
Кхъуафэжьейм и пэ.
+1 örnek
Нил щхьэ фэкъур пэкӀэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей.— КӀуащ БетӀал
4. КӀапэ, папцӀапӀэ.
рукончик, острие
БжэӀупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитӀащ, зыдэкӀуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
5. Зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту.
рувпереди кого-чего-л.
И пэ илъэдэн. И пэ иту кӀуэн.
6. КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ.
руначало чего-л.
И пэр умыщӀэу и кӀэр пщӀэркъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кӀэр хъуанэу.. тхьэм имыщӀкӀэ.— Нартхэр
Bu maddedeki ifadeler (32)
и пэ лъы ивэжауэ
рубалбес.
Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщӀам гу лъыптэн? Ӏуащхь.
пэкӀэ къешэкӀын
руза нос. водить кого-л.
- Сэ пэкӀэ сыкъевмышэкӀыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеӀэ Тыкъыр.— ЩакӀуэ Талъостэн
пэкӀэ псы ефэн
рубыть глупцом (букв. пить носом воду).
Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкӀэ псы ефэркъым.— КӀыщокъуэ Алим
пэкӀэ {пэнцӀывкӀэ} щӀегъэфэн (щӀегъэсэн, щӀегъэхуэн)
пэкӀэ щӀыр егъэвэн
пэкӀэ щӀыр егъэвэн
рузаставить кого-л. пропахать землю носом.
Щыгъэт, Астемыр, пэкӀэ щӀыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыӀуэщ.— Ӏуащхьэмахуэ
и пэм изэрыхьын
руслучайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке).
пэм ипкуэным хуэдэу щабэ
рунеобычно мягкий.
и пэм кърихун
руисходить от кого-л. (напр. о слухе).
Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ.— КӀэрашэ Тембот
{и} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын
руразбить кому-л. нос до крови.
и пэм изэрыхьын. {и} пэм лъы къихун
пэм мафӀэ бзий кърихун
руметать искры.
пэр дэгъэзеин
рузадирать нос.
пэр дэкъеин
пэр дэгъэзеин
пэр дэлъэфеин
ру1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид.
пэр зэкӀуэцӀынэн
рузаложить - о носе.
и пэр иджыри хуэлъэщӀыжыркъым
рунос не дорос.
пэр икъэн
пэр дэгъэзеин
и пэр имылъагъужыху (ефэн)
рунапиться до положения риз.
пэр кудэн
руударять в нос (о резком, неприятном запахе).
пэр къижын
рутечь - о соплях.
пэр къилъэфын
русморкаться.
и пэр къыпыхун
руповесить нос.
КъыщӀыхьар кӀуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стӀол кӀапэм деж тӀысащ, фӀэхъуси сэлами щымыӀэу.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
си пэр позгъэупщӀынщ
руклянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если ..).
{Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщӀынщ.— Ӏуащхьэмахуэ
пэр хэӀун
русовать (свой) нос куда-л.
и пэр хуэлъэщӀын
руутереть нос кому-л.
Абы и пэр хуэлъэщӀын хуейщ, армыхъумэ тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыж хъуащ.— Къэбэрдей
и пэр щӀивэн
руспоткнуться; потерпеть неудачу.
Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну.— КӀыщокъуэ Алим
пэр щӀым хущыхуэн
рупоказать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю).
ПхуэзгъэпцӀащ, а уи пэр щӀым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыӀуэхуми уи бэлагъ хыумыӀу.— Ӏуащхьэмахуэ
{и} пэр щӀым щыхъуэн
пэр щӀым хущыхуэн
пэ вей
Пэшын Ӏув, пэшын гъуа.
рузасохшие сопли
пэ гъуанэ
Пэм иӀэ гъуанэ щыбауэкӀэ жьы эрыкӀуэр.
руноздри
пэ кӀуэцӀ
Пэм и кум щыӀэхэр, и кӀуэцӀым итхэр.
рувнутренность, полость носа
Пэ кӀуэцӀыр къихун.
пэ тӀей
И щхьэмкӀэ худэкъея пэ, пэтӀинэ.
рукурносый
пэ Ӏушэ
Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкӀэ ешэкӀа.
рукривоносый
Kitapta geçtiği hali
пэ 1. нос / Ӏэпкълъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр. Пэ кӀыхь. 2. клюв / Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр. Къазыпэ. Бзуупэ. * Уащхуэм еджэу джэдыр кӀуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеӀу. Б. Ф. 3. передняя носовая часть чего-л. / Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ. Кхъуафэжьейм и пэ. * Нил щхьэ фэкъур пэкӀэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КӀу. Б. 4. кончик, острие / КӀапэ, папцӀапӀэ. * БжэӀупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитӀащ, зыдэкӀуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу. Къэб. фольк. 5. в знач. предлога с род. пад. впереди кого-чего-л. / Зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту. И пэ илъэдэн. И пэ иту кӀуэн. 6. начало чего-л. / КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ. * И пэр умыщӀэу и кӀэр пщӀэркъым. (погов.) Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кӀэр хъуанэу.. тхьэм имыщӀкӀэ. Нарт. И пэ лъы ивэжауэ балбес. * Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщӀам гу лъыптэн? Ӏуащхь. ПэкӀэ къешэкӀын водить кого-л. за нос. * - Сэ пэкӀэ сыкъевмышэкӀыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеӀэ Тыкъыр. Щ. Т. ПэкӀэ псы ефэн быть глупцом (букв. пить носом воду). * Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкӀэ псы ефэркъым. КӀ. А. ПэкӀэ {пэнцӀывкӀэ} щӀегъэфэн (щӀегъэсэн, щӀегъэхуэн) = пэкӀэ щӀыр егъэвэн. ПэкӀэ щӀыр егъэвэн заставить кого-л. пропахать землю носом. * Щыгъэт, Астемыр, пэкӀэ щӀыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыӀуэщ. Ӏуащхь. И пэм изэрыхьын случайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке). Пэм ипкуэным хуэдэу щабэ необычно мягкий. И пэм кърихун исходить от кого-л. (напр. о слухе). * Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ. КӀ. Т. {И} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын = и пэм изэрыхьын. {И} пэм лъы къихун разбить кому-л. нос до крови. Пэм мафӀэ бзий кърихун метать искры. Пэр дэгъэзеин задирать нос. Пэр дэкъеин = пэр дэгъэзеин. Пэр дэлъэфеин 1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид. Пэр зэкӀуэцӀынэн заложить - о носе. И пэр иджыри хуэлъэщӀыжыркъым нос не дорос. Пэр икъэн = пэр дэгъэзеин. И пэр имылъагъужыху (ефэн) напиться до положения риз. Пэр кудэн ударять в нос (о резком, неприятном запахе). Пэр къижын течь - о соплях. Пэр къилъэфын сморкаться. И пэр къыпыхун повесить нос. * КъыщӀыхьар кӀуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стӀол кӀапэм деж тӀысащ, фӀэхъуси сэлами щымыӀэу. Къ. Хь. Си пэр позгъэупщӀынщ клянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если ..). * {Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщӀынщ. Ӏуащхь. Пэр хэӀун совать (свой) нос куда-л. И пэр хуэлъэщӀын утереть нос кому-л. * Абы и пэр хуэлъэщӀын хуейщ, армыхъумэ тӀэкӀу зыкъыфӀэщӀыж хъуащ. Къэб. И пэр щӀивэн споткнуться; потерпеть неудачу. * Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну. КӀ. А. Пэр щӀым хущыхуэн показать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю). * ПхуэзгъэпцӀащ, а уи пэр щӀым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыӀуэхуми уи бэлагъ хыумыӀу. Ӏуащхь. {И} пэр щӀым щыхъуэн = пэр щӀым хущыхуэн. пэ вей засохшие сопли / Пэшын Ӏув, пэшын гъуа. пэ гъуанэ ноздри / Пэм иӀэ гъуанэ щыбауэкӀэ жьы эрыкӀуэр. пэ кӀуэцӀ внутренность, полость носа / Пэм и кум щыӀэхэр, и кӀуэцӀым итхэр. Пэ кӀуэцӀыр къихун. пэ тӀей курносый / И щхьэмкӀэ худэкъея пэ, пэтӀинэ. пэ Ӏушэ кривоносый / Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкӀэ ешэкӀа.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
пэ
1. Ӏэплъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр. - 648.
Астемыри Степан Ильичи къыпхуэмыцӀыхужын хуэдизу уэд хъуат, я жьакӀэр кӀыру, я пэр папцӀэ хъуауэ, я нэр зэтрамыхыу гум илът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 274
+2 örnek
Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: - Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дамэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-къеӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
2. Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.
Япэ хьэщӀэу къакӀуэм яшхынур уэращ, - жиӀэу Джэлил и пэр зэтрихати, сыджыр ӀэщӀэкӀа хъуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481
+2 örnek
[Джэлил] И пэр бажэм и нэщӀащэм хуэзэу щеуӀум, бажэм и щхьэр унэзауэ пэкӀэ пкъом жьэхэуэ пэтащ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
Пэ къуаншэ бгъэжьхэм я тӀысыпӀэм Шы къарэ жэрым сыдихауэ, Сэ зызогъэщӀыр уанэ къуапэм, Лъэрыгъыр лъапэм пызгъэхуауэ.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11
3. Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ.
Исхьэкъ, бжьамиипэмкӀэ и пащӀэр ирилъэщӀэкӀыу, къедаӀуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652
+2 örnek
Нахъуэ маузерыр кърилъэфщ, кӀэрахъуэпэм шакъэ щихуэри Лу зыхуея пэшотыр тригъэуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514
Уэздыгъэ пэ нэф гуэрым бгъэдэсу щыщыскӀи ауэ щыскъым, урыс букварь иӀыгъыу тхылъ зрегъащӀэ, езыри [Астемыр] мыдрисэм щеджащи, тхылъыр зэгъэщӀэгъуафӀэу зрегъащӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 183
4. КӀапэ, папцӀапӀэ.
[Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 79
+1 örnek
Ар [къыщӀигъэлъар] джатэпэкӀэ зэӀещӀэ, ЗэӀищӀами лӀыр йофэжыр, Ӏубыгъуитхум мы нэхъ мащӀэу – Зы тхьэлъапӀэр – егъэпэжыр— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91
5. ЗэманкӀэ нэхъапэ къэхъуа, е япэу зэфӀэгъэкӀын хуей Ӏуэху гуэр.
Нэмыцэу ди къалэм дэсар зауэм и пэ къихуэу дашауэ щытати, иджы си нэгум щӀэт хуэдэщ къуажэм къыщыхъур.— МелыӀыч, 462
+2 örnek
Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312
Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу.— Нал къута, 304
6. Предлог мыхьэнэ игъэзащӀэу, зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту.
Щхьэхьу щӀопхъуэри [Апчарэ] хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ.— Щынэхужьыкъуэ, 54
7. КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ.
[Шинел зышыгъ урысым къэзакъхэм жриӀэу:] СэмэгурабгъумкӀэ и пэ ит сатырищыр фыфейщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 322
+2 örnek
Елдар урыс псалъэ зыбжанэ зригъэщӀат, ауэ Бот и псэлъэкӀэм тету псалъэрт, псалъэ къэс и пэм «и» иригъэувэу: «Истепан», «икнига», «иклуч» жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 221
Къазджэрий тӀысыпӀэр щищӀым нэхъ и пэм укӀуэтэху нэхъ лъахъшэу ищӀат, Мэзкуу дэт театрхэм щӀэт тӀысыпӀэм ещхьу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
Deyimler (25)
нэри пэри ихьу
Еплъ: нэ
пэр гъэджэн
Гу зылъегъэтэн.
Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
пэр дэлъэфеин
ТхьэмыщкӀафэ зытегъэуэн, гущӀэгъу зыхуегъэщӀын мурадкӀэ.
Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа.— Лъапсэ, 9
пэр дэӀун
Уи мыӀуэху зехуэн.
Аннэрэ абырэ [ЛэтӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэкӀэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ.— Лъапсэ, 8
[и] пэ къигъэхуэн
Япэ игъэщын.
[Инал Астемыр жреӀэ:] Чисткэм и пэ къидгъэхуэну зиужь дит Ӏуэхури кӀыхьлӀыхь хъунутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674
пэр лъагэу Ӏэтын
Уардэу, дахэу щытын.
ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу.— Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332
[и] пэ лъы ивэжауэ
Жейм хуэдэу, зыми щымыщу, зыми гу лъимытэу, зы щхьэкӀи мыпӀейтейуэ.
[Залымджэрий къызэхуэсахэм жриӀэу:] – Щхьэ фызэхэт, фи пэ лъы ивэжауэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 105
+1 örnek
[Локотош Якъуб жриӀэу:] Ди пэм лъы ивэжауэ дыщысмэ, нэхъ Ӏеижкъэ!— Нал къута, 254
пэкӀэ псы ефэн
ЗэхэщӀыкӀ щӀагъуэ имыӀэн, делэн.
ХъынцӀал хузэфӀэкӀыр схузэфӀэмыкӀми, сэри пэкӀэ псы ефэхэм сащыщкъым.— Лъапсэ, 94
+1 örnek
Я унэ пэкӀэу псы зэрефэр ЯхуеӀуэ хамэу нэхъ и щӀасэм. Хамэ бжыхь джабэр и хэщӀапӀэу, КъекӀухь езыми хьэхэбасэу.— ХамэкӀутӀу. «Дамыгъэ», 295
[и] пэ кърихун
Зыгуэрым щхьэкӀэ мыарэзыуэ губжьауэ, къытехьауэ щытын.
Якъуб лъэбакъуэхъуу уващ, гимнастикэ ищӀын хуэдэу, и нэ фӀыцӀытӀри мэхъэрахъэ, и пэм кърихур умыщӀэу— Нал къута, 295
[и] пэм мафӀэ бзийр кърихун
Егъэлеяуэ губжьын.
ЛатӀифэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ, и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэу къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ…— Лъапсэ, 11
[и] пэ мафӀэ къилъэлъын
[Дэфэрэдж:] Сыхуэзамэ, и пэм мафӀэ къилъэлъу [ЛэтӀифэ]къызопсалъэ, арщхьэкӀэ щхьэ укъысхузэгуэпрэ жысӀэу си щхьэ теслъхьэркъым сеупщӀыну. Езыми и гум илъыр уигъащӀэркъым— Лъапсэ, 9
[и] пэм мафӀэ бзийр кърихын
[Къэрэгъулым Апчарэ жриӀэу:] ЗэтумыпӀэнумэ, згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, - жиӀэу и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ.— Нал къута, 287
[и] пэм къихун
Зыгуэрым ещхьу щытын.
Сталиныр къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми.— Лъапсэ, 49
[и] пэр къыпылэлын (къыпыхун)
Къэнэщхъеин, зыгуэрым къызэригъэдзыхэр, зэрыгузавэр и фэм къигъэлъэгъуэн.
Нурхьэлий и ажэ жьакӀэр дыхьэшхэнти, Тембот абы еплъмэ, хуэмышэчу дыхьэшхырт, езы Нурхьэлий гъыным хуэдэт, и пэр къыпылэлырт, и жьафэри къыӀурылэлырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 149
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:]Трубкэр тызолъхьэжри унэм щӀэтым сакъыхэплъэмэ, я пэр къыпыхуащ, мэрым и жьафэр къыӀуролэл— ХьэщӀэ лъапӀэ, 408
И пэ кӀыхьри [Азрэт] къыпыхуауэ и жьэпкъым къэсыным тӀэкӀущ къэнэжар.— Нал къута, 306
[и] пэр къыпыудын
Зыгуэрым хуэфӀ хъун, хурикъун.
[Локотош Якъуб жриӀэу:] Орджоникидзе дэт военнэ училищэхэр абы къыдэтӀысхьэмэ, си Ӏуэхущ нэмыцэм и пэр къыпамыудым— Нал къута, 294
[и] пэми и нэми къимыхьын
Зыгуэрым зытепсэлъыхьыр къыфӀэмыӀуэхуу, и гур хэмыхьэу щытын.
Къазджэрий усэ къытхуоджэ, фӀым дыхуеузэщӀ, къыдоущие, ди адэм хуэдэу; сэри си гущӀэм уэрэд къыщыӀу хуэдэу зэхызох, Сосрыкъуэ а псори и пэми и нэми къихьыркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614
пэм къиуэн
Мэ гуэр къыпщӀихьэн.
Хъыджэбзым жиӀар си гум къэкӀыжат, Исуф къыпих лэчымэр си пэм къыщиуам, нобэ къыпих мэр япэрейхэм хуэмыдэжу нэхъ Ӏей къысфӀэщӀат.— Лэчымэ, 395
[си] пэр позгъэупщӀынщ
ШэсыпӀэ сохьэ (жаӀэм шэч къызэрытрамыхьэжым и щыхьэту къагъэсэбэп псэлъафэщ).
[Мусэ Гъуумар жриӀэу:] – ИкӀэщӀыпӀэкӀэ станцым гъакӀуэ, си пэр позгъэупщӀынщ, Нурхьэлий абы къыщамыгъуэтмэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 235
+1 örnek
[Долэт:] «Къэрал пхъуантэм» щхъухь ирамыхьамэ, си пэр позгъэупщӀынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 240
пэр хэӀун
Абы [Мысост] и пэр зыхимыӀу, алыхь, сымыщӀэ щыӀэу, - жиӀэри Хьэбиби Ӏуэ ихьэпӀэм деж щыту къэпсэлъащ.— Щынэхужьыкъуэ, 15
Еплъ: пэр дэӀун
[и] пэр щӀым щыхуэн
Фадафэ зырыз къэбубыдрэ я пэр щӀым щыпхъуэкӀэ зэфӀэкӀынукъым, цӀыхухэм я псэукӀэр хабзэ дахэм тегъэувэн хуейщ, лъэпкъыр зэрылъэпкъыу узыншэ хъун хуэдэу.— Лъапсэ, 45
Еплъ: пэкӀэ щӀыр егъэвэн
[и] пэр щӀылъэм щӀегъэвэн
Зыкъуипщытмэ борэн ябгэм – И пэр щӀылъэм щӀебгъэвэнщ— Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47
Еплъ: [и] пэр щӀым щыхуэн
пэкӀэ щӀыр евэ
ХузэфӀокӀ.
ПэкӀэ щӀыр евэ, жьыр дэнэкӀэ къикӀми имыщӀэу.— Кхъухь пхэнж, 508
пэкӀэ щӀыр егъэвэн
ХуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун.
Псори хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ: – ПэкӀэ щӀыр егъэвэн хуейщ абы [Дэлэт]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
+1 örnek
Дядэр напэм хуэгузавэрт, Къуэш нэхъыжьым, сыщыуэхукӀэ, ПэкӀэ ЩӀыпцӀэр сэ сигъавэрт— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41
пэцыр илыгъуэн (гъэлыгъуэн)
Хъийм икӀауэ губжьын, уафэм сабэ дэпхъеин.
Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 114
+1 örnek
Ӏурдан Ӏуфэм Ӏус къуажэм къады къыдэтӀысхьат ткӀиищэрэ и пэм къриху мафӀэм пэцыр игъэлыгъуэу.— Аргъуей, 385
[и] пэр щӀивэн
И Ӏуэхухэр зэӀыхьэн.
Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 115
щӀы
1. ЩӀы хъурейм и щхьэ къат, и щӀыӀу.
Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу!— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99
+2 örnek
Жьым зэредзэр парашютыр, Бгъэхэр уэгум щоуфэрэз, ЩӀым къытолъэр летчикитӀыр, ТӀури щӀыгум щоджэрэз.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45
А блэр си пащхьэм мис къихуащи, МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къэбыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56
2. ЩӀым щыщу къэкӀыгъэхэм я лъабжьэр зыхэт, «зыгъашхэ» япэ къатыр.
ЗищӀ къытрахауэ щытами я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэ тесу уэрамым къыдыхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт: – Щхьэ къыдумычрэ нартыхур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 278
+2 örnek
Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ, Жылапхъэр хьэдзэу къызощып.— Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343
Си хьэсэр щӀакӀуэу схуаубгъуащи, ЩӀы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ.— Сыкъыщалъхуар мы щӀыпӀэрщ. «Щхьэлыкъуэ», 387
3. ЩӀыпӀэ хэха къэзыгъэлъагъуэ, къэрал, хэку.
1921 гъэм и гъэмахуэкӀэм хуэзэу ЕтӀуанэ областной парт конференцыр зэхуэсати, доклад зыщӀынум и тезисым хэтт: революцэм щӀыр лъэпкъ псоми я зэхуэдэу щытын хуейщ жеӀэри, къэбэрдеищӀым щыщи къэзакъхэм я щӀым щыщи осетиемрэ Дигориемрэ къыдрат жиӀэу.— Лъапсэ, 88
+1 örnek
ЦӀыху мыгъыфауэ игъащӀэм, Сыгъынущ нэпсыр мыухыу, ТолъкъункӀэ нэпкъыр итхьэщӀу, Ар псышхуэу ди щӀым ежэхыу, А псым и гъыбзэр уэрэду КъэбэрдеищӀым щиӀэту. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс!— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181
Deyimler (8)
щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн
Хъыбарыншэу кӀуэдын.
[Инал, Къазджэрийрэ Елдаррэ хуэгъэзауэ:] ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597
щӀым кӀуэцӀрыхун
КӀуэдын.
ЩӀым кӀуэцӀрыхуу кӀуэдам хуэдэщ.— Нэгъуху, 34
щӀым щӀэхуэн
Дунейм техун, удын телъхьэн.
[Залымджэрий, тутнакъэщым исхэм хуэгъэзауэ:] – ЩӀым фыщӀэсхуэнщ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
пэкӀэ щӀыр егъэвэн
Еплъ: пэ
щӀыр зэгуэуду я зэхуакум дэхуэн
Уэхпсэхыу кӀуэдын.
ЩӀыр зэгуэудри я зэхуакум Дэхуащ кӀыфӀыгъи, зеущэху.— КӀыфӀыгъэ. «Дамыгъэ», 113
щӀыр лъабжьэкӀэ ихын
Узым, уӀэгъэм къыхэкӀыу гугъу ехьын. -72.
Щыхьыр и адэм къиукӀа игугъами, къэзыукӀар аратэкъым, Мэмэт-щӀакъуэ кӀакхъу щӀича къудейуэ, къуацэ-чыцэм зылӀ къыхэжри, щыхь уӀэгъэ хъуауэ щӀыр лъабжьэкӀэ изыхым, сэ жан иӀыгъыу бгъэдэлъэдащ.— Лъапсэ, 71
щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн
Гугъу егъэхьын.
Бэлаци къэсати Дисэ текӀиящ: – Алыхьым и цӀэкӀэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
щӀым пхрыхуам хуэдэн
КӀуэдын, бзэхын, ямыгъуэтыжын.
Зауэшхуэри къэхъуащ, дунейр хьэрийкурий хъужри, Нурхьэлий и хъыбар лъэпкъ щымыӀэу бзэхащ, щӀым пхрыхуам хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Къэмыутхъуэу, къабзэ защӀэу, Зы хьэпщхупщи хэмысыфу, И фэм уеплъмэ, дахэу, псыфу ЩӀым пхырыхури хъуащ ар щхъуантӀэ, Сыт хыхьами итщ хэкӀуадэу, Ноби ди щӀым ар и дыркъуэу.— Елбэздыкъуэ, 21
Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 145
Kitapta geçtiği hali
ЕГЪЭВЭН: ◊ пэкӀэ щӀыр егъэвэн (2). Еплъ пэ.
ПЭ (55). 1. (29). Ӏэплъэпкъым щыщ Ӏыхьэу зэрыпамэу икӀи зэрыбауэу цӀыхум и напэм, нэгъуэщӀ псэущхьэхэми я нэкӀум хэтыр. Астемыри Степан Ильичи къыпхуэмыцӀыхужын хуэдизу уэд хъуат, я жьакӀэр кӀыру, я пэр папцӀэ хъуауэ, я нэр зэтрамыхыу гум илът. Хъуэпсэгъуэ нур, 274. Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: - Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647- 648. АдакъитӀыр зэпсэлъэху, бажэм и пэр бжэ дамэдазэм къыдигъэжри, къеӀэм-къеӀэурэ и щхьэр къыдиӀупащ, итӀанэ къыщӀыхьэпэри бабыщ анэ ашыкым исым сепхъуэнщ, щыжиӀэм, бабыщыр «уакъ-уакъ» жиӀэу щӀэлъэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. 2. (3). Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр. Япэ хьэщӀэу къакӀуэм яшхынур уэращ, - жиӀэу Джэлил и пэр зэтрихати, сыджыр ӀэщӀэкӀа хъуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481. [Джэлил] И пэр бажэм и нэщӀащэм хуэзэу щеуӀум, бажэм и щхьэр унэзауэ пэкӀэ пкъом жьэхэуэ пэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Пэ къуаншэ бгъэжьхэм я тӀысыпӀэм Шы къарэ жэрым сыдихауэ, Сэ зызогъэщӀыр уанэ къуапэм, Лъэрыгъыр лъапэм пызгъэхуауэ. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. 3. (6). Зыгуэрым и къыщӀэдзапӀэ Ӏыхьэ. Исхьэкъ, бжьамиипэмкӀэ и пащӀэр ирилъэщӀэкӀыу, къедаӀуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Нахъуэ маузерыр кърилъэфщ, кӀэрахъуэпэм шакъэ щихуэри Лу зыхуея пэшотыр тригъэуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Уэздыгъэ пэ нэф гуэрым бгъэдэсу щыщыскӀи ауэ щыскъым, урыс букварь иӀыгъыу тхылъ зрегъащӀэ, езыри [Астемыр] мыдрисэм щеджащи, тхылъыр зэгъэщӀэгъуафӀэу зрегъащӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 183. 4. (2). КӀапэ, папцӀапӀэ. [Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 79. Ар [къыщӀигъэлъар] джатэпэкӀэ зэӀещӀэ, ЗэӀищӀами лӀыр йофэжыр, Ӏубыгъуитхум мы нэхъ мащӀэу – Зы тхьэлъапӀэр – егъэпэжыр. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. 5. (24). ЗэманкӀэ нэхъапэ къэхъуа, е япэу зэфӀэгъэкӀын хуей Ӏуэху гуэр. Нэмыцэу ди къалэм дэсар зауэм и пэ къихуэу дашауэ щытати, иджы си нэгум щӀэт хуэдэщ къуажэм къыщыхъур. МелыӀыч, 462. Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьу. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу. Нал къута, 304. 6. (1). Предлог мыхьэнэ игъэзащӀэу, зыгуэрыр уи ужьу, уи кӀэ иту. Щхьэхьу щӀопхъуэри [Апчарэ] хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ. Щынэхужьыкъуэ, 54. 7. (3). КъегъэжьапӀэ, къыщӀэдзапӀэ. [Шинел зышыгъ урысым къэзакъхэм жриӀэу:] СэмэгурабгъумкӀэ и пэ ит сатырищыр фыфейщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Елдар урыс псалъэ зыбжанэ зригъэщӀат, ауэ Бот и псэлъэкӀэм тету псалъэрт, псалъэ къэс и пэм «и» иригъэувэу: «Истепан», «икнига», «иклуч» жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. Къазджэрий тӀысыпӀэр щищӀым нэхъ и пэм укӀуэтэху нэхъ лъахъшэу ищӀат, Мэзкуу дэт театрхэм щӀэт тӀысыпӀэм ещхьу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. ◊ Нэри пэри ихьу (7). Еплъ нэ. Пэр гъэджэн (1). Гу зылъегъэтэн. Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. Пэр дэлъэфеин (1). зэхь. ТхьэмыщкӀафэ зытегъэуэн, гущӀэгъу зыхуегъэщӀын мурадкӀэ. Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа. Лъапсэ, 9. Пэр дэӀун (1). Уи мыӀуэху зехуэн. Аннэрэ абырэ [ЛэтӀифэрэ] зэфӀ дыдэу щытати, иджы зэфӀэкӀуэдыжащи, нэмыплъ зрах, си отпуск къэзгъанэу къэзгъэзэжауэ ЛэтӀифэ ищӀэмэ, си фӀэщ хъунукъым ар абы и гуапэ хъуну, уеблэмэ адэкӀэ-мыдэкӀэ и пэр диӀуу хуежьэнщ. Лъапсэ, 8. [И] пэ къигъэхуэн (1). Япэ игъэщын. [Инал Астемыр жреӀэ:] Чисткэм и пэ къидгъэхуэну зиужь дит Ӏуэхури кӀыхьлӀыхь хъунутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674. Пэр лъагэу Ӏэтын (1). зэхь. Уардэу, дахэу щытын. ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу. Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332. [И] пэ лъы ивэжауэ (3). Жейм хуэдэу, зыми щымыщу, зыми гу лъимытэу, зы щхьэкӀи мыпӀейтейуэ. [Залымджэрий къызэхуэсахэм жриӀэу:] – Щхьэ фызэхэт, фи пэ лъы ивэжауэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 105. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Ди пэм лъы ивэжауэ дыщысмэ, нэхъ Ӏеижкъэ! Нал къута, 254. ПэкӀэ псы ефэн (2). ЗэхэщӀыкӀ щӀагъуэ имыӀэн, делэн. ХъынцӀал хузэфӀэкӀыр схузэфӀэмыкӀми, сэри пэкӀэ псы ефэхэм сащыщкъым. Лъапсэ, 94. Я унэ пэкӀэу псы зэрефэр ЯхуеӀуэ хамэу нэхъ и щӀасэм. Хамэ бжыхь джабэр и хэщӀапӀэу, КъекӀухь езыми хьэхэбасэу. ХамэкӀутӀу. «Дамыгъэ», 295. [И] пэ кърихун (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ мыарэзыуэ губжьауэ, къытехьауэ щытын. Якъуб лъэбакъуэхъуу уващ, гимнастикэ ищӀын хуэдэу, и нэ фӀыцӀытӀри мэхъэрахъэ, и пэм кърихур умыщӀэу. Нал къута, 295. [И] пэм мафӀэ бзийр кърихун (2). Егъэлеяуэ губжьын. ЛатӀифэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ, и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэу къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ… Лъапсэ, 11. [И] пэ мафӀэ къилъэлъын (1). Еплъ [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун. [Дэфэрэдж:] Сыхуэзамэ, и пэм мафӀэ къилъэлъу [ЛэтӀифэ]къызопсалъэ, арщхьэкӀэ щхьэ укъысхузэгуэпрэ жысӀэу си щхьэ теслъхьэркъым сеупщӀыну. Езыми и гум илъыр уигъащӀэркъым. Лъапсэ, 9. [И] пэм мафӀэ бзийр кърихын (1). Еплъ [и] пэм мафӀэ бзийр кърихун. [Къэрэгъулым Апчарэ жриӀэу:] ЗэтумыпӀэнумэ, згъэпцӀакъэ нахуэу, игъащӀэкӀэ умыпсэлъэжын узмыщӀым, - жиӀэу и нэщхъыр зэщӀиукӀащи, и пэм мафӀэ бзий кърех, и автоматым ӀэпэкӀэ тоуӀэ кӀакхъур щӀичын къудейуэ. Нал къута, 287. [И] пэм къихун (1). Зыгуэрым ещхьу щытын. Сталиныр къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми. Лъапсэ, 49. [И] пэр къыпылэлын (къыпыхун) (6). Къэнэщхъеин, зыгуэрым къызэригъэдзыхэр, зэрыгузавэр и фэм къигъэлъэгъуэн. Нурхьэлий и ажэ жьакӀэр дыхьэшхэнти, Тембот абы еплъмэ, хуэмышэчу дыхьэшхырт, езы Нурхьэлий гъыным хуэдэт, и пэр къыпылэлырт, и жьафэри къыӀурылэлырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 149. [Алыджыкъуэ:]Трубкэр тызолъхьэжри унэм щӀэтым сакъыхэплъэмэ, я пэр къыпыхуащ, мэрым и жьафэр къыӀуролэл. ХьэщӀэ лъапӀэ, 408. И пэ кӀыхьри [Азрэт] къыпыхуауэ и жьэпкъым къэсыным тӀэкӀущ къэнэжар. Нал къута, 306. [И] пэр къыпыудын (1). Зыгуэрым хуэфӀ хъун, хурикъун. [Локотош Якъуб жриӀэу:] Орджоникидзе дэт военнэ училищэхэр абы къыдэтӀысхьэмэ, си Ӏуэхущ нэмыцэм и пэр къыпамыудым. Нал къута, 294. [И] пэми и нэми къимыхьын (1). Зыгуэрым зытепсэлъыхьыр къыфӀэмыӀуэхуу, и гур хэмыхьэу щытын. Къазджэрий усэ къытхуоджэ, фӀым дыхуеузэщӀ, къыдоущие, ди адэм хуэдэу; сэри си гущӀэм уэрэд къыщыӀу хуэдэу зэхызох, Сосрыкъуэ а псори и пэми и нэми къихьыркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614. Пэм къиуэн (1). Мэ гуэр къыпщӀихьэн. Хъыджэбзым жиӀар си гум къэкӀыжат, Исуф къыпих лэчымэр си пэм къыщиуам, нобэ къыпих мэр япэрейхэм хуэмыдэжу нэхъ Ӏей къысфӀэщӀат. Лэчымэ, 395. [Си] пэр позгъэупщӀынщ (2). ШэсыпӀэ сохьэ (жаӀэм шэч къызэрытрамыхьэжым и щыхьэту къагъэсэбэп псэлъафэщ). [Мусэ Гъуумар жриӀэу:] – ИкӀэщӀыпӀэкӀэ станцым гъакӀуэ, си пэр позгъэупщӀынщ, Нурхьэлий абы къыщамыгъуэтмэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. [Долэт:] «Къэрал пхъуантэм» щхъухь ирамыхьамэ, си пэр позгъэупщӀынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Пэр хэӀун (1). Еплъ пэр дэӀун. Абы [Мысост] и пэр зыхимыӀу, алыхь, сымыщӀэ щыӀэу, - жиӀэри Хьэбиби Ӏуэ ихьэпӀэм деж щыту къэпсэлъащ. Щынэхужьыкъуэ, 15. [И] пэр щӀым щыхуэн (1). Еплъ пэкӀэ щӀыр егъэвэн. Фадафэ зырыз къэбубыдрэ я пэр щӀым щыпхъуэкӀэ зэфӀэкӀынукъым, цӀыхухэм я псэукӀэр хабзэ дахэм тегъэувэн хуейщ, лъэпкъыр зэрылъэпкъыу узыншэ хъун хуэдэу. Лъапсэ, 45. [И] пэр щӀылъэм щӀегъэвэн (1). Еплъ [и] пэр щӀым щыхуэн. Зыкъуипщытмэ борэн ябгэм – И пэр щӀылъэм щӀебгъэвэнщ. Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47. ПэкӀэ щӀыр евэ (1). зэхь. ХузэфӀокӀ. ПэкӀэ щӀыр евэ, жьыр дэнэкӀэ къикӀми имыщӀэу. Кхъухь пхэнж, 508. ПэкӀэ щӀыр егъэвэн (2). ХуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун. Псори хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ: – ПэкӀэ щӀыр егъэвэн хуейщ абы [Дэлэт]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Дядэр напэм хуэгузавэрт, Къуэш нэхъыжьым, сыщыуэхукӀэ, ПэкӀэ ЩӀыпцӀэр сэ сигъавэрт. ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Пэцыр илыгъуэн (гъэлыгъуэн) (2). Хъийм икӀауэ губжьын, уафэм сабэ дэпхъеин. Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Ӏурдан Ӏуфэм Ӏус къуажэм къады къыдэтӀысхьат ткӀиищэрэ и пэм къриху мафӀэм пэцыр игъэлыгъуэу. Аргъуей, 385. [И] пэр щӀивэн (1). И Ӏуэхухэр зэӀыхьэн. Хэт и фӀэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щӀивэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 115.
ЩӀЫ II (302). 1. (252). ЩӀы хъурейм и щхьэ къат, и щӀыӀу. Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу! ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99. Жьым зэредзэр парашютыр, Бгъэхэр уэгум щоуфэрэз, ЩӀым къытолъэр летчикитӀыр, ТӀури щӀыгум щоджэрэз. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45. А блэр си пащхьэм мис къихуащи, МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къэбыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. 2. (34). ЩӀым щыщу къэкӀыгъэхэм я лъабжьэр зыхэт, «зыгъашхэ» япэ къатыр. ЗищӀ къытрахауэ щытами я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэ тесу уэрамым къыдыхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт: – Щхьэ къыдумычрэ нартыхур? Хъуэпсэгъуэ нур, 278. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ, Жылапхъэр хьэдзэу къызощып. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343. Си хьэсэр щӀакӀуэу схуаубгъуащи, ЩӀы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ. Сыкъыщалъхуар мы щӀыпӀэрщ. «Щхьэлыкъуэ», 387. 3. (16). ЩӀыпӀэ хэха къэзыгъэлъагъуэ, къэрал, хэку. 1921 гъэм и гъэмахуэкӀэм хуэзэу ЕтӀуанэ областной парт конференцыр зэхуэсати, доклад зыщӀынум и тезисым хэтт: революцэм щӀыр лъэпкъ псоми я зэхуэдэу щытын хуейщ жеӀэри, къэбэрдеищӀым щыщи къэзакъхэм я щӀым щыщи осетиемрэ Дигориемрэ къыдрат жиӀэу. Лъапсэ, 88. ЦӀыху мыгъыфауэ игъащӀэм, Сыгъынущ нэпсыр мыухыу, ТолъкъункӀэ нэпкъыр итхьэщӀу, Ар псышхуэу ди щӀым ежэхыу, А псым и гъыбзэр уэрэду КъэбэрдеищӀым щиӀэту. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс! ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181. ◊ ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн (1). Хъыбарыншэу кӀуэдын. [Инал, Къазджэрийрэ Елдаррэ хуэгъэзауэ:] ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597. ЩӀым кӀуэцӀрыхун (1). КӀуэдын. ЩӀым кӀуэцӀрыхуу кӀуэдам хуэдэщ. Нэгъуху, 34. ЩӀым щӀэхуэн (1). Дунейм техун, удын телъхьэн. [Залымджэрий, тутнакъэщым исхэм хуэгъэзауэ:] – ЩӀым фыщӀэсхуэнщ! Хъуэпсэгъуэ нур, 293. ПэкӀэ щӀыр егъэвэн (2). Еплъ пэ. ЩӀыр зэгуэуду я зэхуакум дэхуэн (1). Уэхпсэхыу кӀуэдын.ЩӀыр зэгуэудри я зэхуакум Дэхуащ кӀыфӀыгъи, зеущэху. КӀыфӀыгъэ. «Дамыгъэ», 113. ЩӀыр лъабжьэкӀэ ихын (1). Узым, уӀэгъэм къыхэкӀыу гугъу ехьын. Щыхьыр и адэм къиукӀа игугъами, къэзыукӀар аратэкъым, Мэмэт-щӀакъуэ кӀакхъу щӀича къудейуэ, къуацэ-чыцэм зылӀ къыхэжри, щыхь уӀэгъэ хъуауэ щӀыр лъабжьэкӀэ изыхым, сэ жан иӀыгъыу бгъэдэлъэдащ. Лъапсэ, 71-72. ЩӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн (1). Гугъу егъэхьын. Бэлаци къэсати Дисэ текӀиящ: – Алыхьым и цӀэкӀэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. ЩӀым пхрыхуам хуэдэн (4). КӀуэдын, бзэхын, ямыгъуэтыжын. Зауэшхуэри къэхъуащ, дунейр хьэрийкурий хъужри, Нурхьэлий и хъыбар лъэпкъ щымыӀэу бзэхащ, щӀым пхрыхуам хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Къэмыутхъуэу, къабзэ защӀэу, Зы хьэпщхупщи хэмысыфу, И фэм уеплъмэ, дахэу, псыфу ЩӀым пхырыхури хъуащ ар щхъуантӀэ, Сыт хыхьами итщ хэкӀуадэу, Ноби ди щӀым ар и дыркъуэу. «Елбэздыкъуэ», 21. Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат. Хъуэпсэгъуэ нур, 145.