пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

къехуэхын

(къохуэх)

1. Зыгуэрым еджэлэхын, еукӀуриехын.

[Гесиод Васэ жреӀэ]: Сэ си гуапэ хъун уи гугъэ, машинэм сису нэпкъым сыкъехуэхым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

+2 örnek

Вагъуэ уафэм къехуэхауэ, Удз Ӏув итым хопщӀэпщӀыхь.— Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332

Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу.— Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97

2. Ехын, нэхъ лъахъшэ хъун.

Абдежым щыщӀэдзауэ Вындым цӀыхур «Мэмэт-щӀакъуэкӀэ» къеджэ хъуащ, иджы, щӀакъуэми, ныбэфышхуэу бауэ-бапщэу къекӀухь, и ныбэр, шэрхъ щӀэбгъэувэн хуэдизу, къехуэхауэ.— Лъапсэ, 46

Deyimler (2)

пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын

Еплъ: пщӀэнтӀэпс

Ӏуэхур къехуэхын

Еплъ: Ӏуэху

Atasözleri (1)

япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу

Еплъ: япэ

пщӀэнтӀэпс

1. ЩӀыфэм къыпхив псы, ткӀуаткӀуэ.

Ди щӀалэ цӀыкӀур мыхъугъам, ПщӀэнтӀэпсу мащӀэт спкъырыкӀар.— ПщӀыхьэпӀэ Мывэ хуабэ, 54

+2 örnek

Бийм зишхыхьыжырт, къэгубжьат, Зытес лъагапӀэм зи темыкӀт, ПщӀэнтӀэпсыр ди нэм къыщӀэбжьат, Бий бзаджэм тщыщи тхиукӀыкӀт.— Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21

Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым.— Лъапсэ, 10

2. Гугъуехь, гуащӀэдэкӀ.

Иджы, мес, пщӀэнтӀэпсу яугъуея мылъкур хыфӀрагъадзэри здашар тхьэм ещӀэ.— МелыӀыч, 467

+2 örnek

Ахъшэр здихьын къимыгъуэтынуи аратэкъым: фызым нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар?— Кхъэлэгъунэ, 377

– Ленин къыдит фӀыгъуэм и уасэм лъырэ пщӀэнтӀэпсрэ дэ щӀэттащи, гугъу зезмыгъэхьа тхэтмэ, ди щӀыхуэ телъщ, - жиӀэри Елдар Мусэ зыкъыхуигъазэри къепсэлъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 251

Deyimler (6)

пщӀэнтӀэпсыр къелъэлъэхын

Я нэщхъ дзэпщитӀым зэщӀаукӀэр, ПщӀэнтӀэпс я натӀэм къолъэлъэх.— Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр.Батырыбжьэ, 65

Еплъ: пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын

пщӀэнтӀэпсыр екъуэкӀын

Хуабжьу къызэщӀэплъэн, къызэщӀэнэн.

Ар анэ хъунщ жыӀэ уэ, - Яков Борисович къызэщӀэплъати пщӀэнтӀэпсыр ирикъуэкӀыу игъэзэжри щӀыунэм щӀыхьащ.— Нал къута, 282

+1 örnek

ПщӀэнтӀэпсыр ӀэкӀэ ирекъуэкӀ, ФынакӀуэ!— Командир. «Шум и гъуэгу», 43

пщӀэнтӀэпсыр къежэхын

Хуабжьу къызэщӀэплъэн, къэхуэбэӀуэн.

Езым [Нурхьэлий] пщӀэнтӀэпсыр къежэхырти и къэптал ӀэщхьэмкӀэ ирикъуэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 219

+1 örnek

Уэлэхьи, хамэ къакӀуэу имыдыгъуа[шыр], - жиӀэри пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу дыгъэм хэт лӀыжь гъур цӀыкӀу гуэр къэкӀиящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 88

пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын

Егъэлеяуэ зэрешам, гугъу зэрехьам къыхэкӀыу куэду пщӀэнтӀэн, къэхуэбэӀуэн.

Илас и жьэ ущӀам комендантым и кӀэрахъуэр жьэдиӀури, модрейм пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу зэщӀэкӀэзызащ.— МелыӀыч, 473

+2 örnek

Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: - Салам уалейкум.— КӀапсэ кӀапэ, 5

ЦӀыкӀуи ини дежэри пщӀэнтӀэпсыр къыдэхуэхыу машинэр дэтшащ, шоферыр зэрыхуей дыдэм хуэдэу хъури «хьэщӀэм» и машинэр зэщӀагъэплъэжауэ щилъагъум, итӀысхьэри макӀуэ-мэлъей.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

пщӀэнтӀэпсыр къыпыхун

Я бинти я щыгъыни сабэм иуащ, пщӀэнтӀэпсыр къапоху [уӀэгъэхэм].— Нал къута, 211

Еплъ: пщӀэнтӀэпс къехуэхын

пщӀэнтӀэпс къыхихун

Псыф къэхъун, пщӀэнтӀэпс къытрикӀутэн (п.п. натӀэм)

АрщхьэкӀэ а тӀэкӀум уи псыхуэлӀэ иригъэкӀынт, пщӀэнтӀэпсри къыхихуат.— Нал къута, 243

+2 örnek

ПщӀэнтӀэпсыр къысхиху щыхъум, сыӀуэщхъуу, сыщэӀуу къыщӀэздзащ.— МелыӀыч, 458

«Соунэхъури сосэхыж, Нахъуэ къегъэгубжьри, тхылъыншэу сыкъонэ», - жиӀэу Лу мэгузавэ, пщӀэнтӀэпсыр къыхеху.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505

Kitapta geçtiği hali

КЪЕХУЭХЫН (къохуэх) лъэмыӀ. (54). 1. (47). Зыгуэрым еджэлэхын, еукӀуриехын. [Гесиод Васэ жреӀэ]: Сэ си гуапэ хъун уи гугъэ, машинэм сису нэпкъым сыкъехуэхым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Вагъуэ уафэм къехуэхауэ, Удз Ӏув итым хопщӀэпщӀыхь. Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332. Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу. Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97. 2. (1). зэхь. Ехын, нэхъ лъахъшэ хъун. Абдежым щыщӀэдзауэ Вындым цӀыхур «Мэмэт-щӀакъуэкӀэ» къеджэ хъуащ, иджы, щӀакъуэми, ныбэфышхуэу бауэ-бапщэу къекӀухь, и ныбэр, шэрхъ щӀэбгъэувэн хуэдизу, къехуэхауэ. Лъапсэ, 46. ◊ ПщӀэнтӀэпсыр къехуэхын (10). Еплъ пщӀэнтӀэпс. Ӏуэхур къехуэхын (2). Еплъ Ӏуэху. ☐ Япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу (1). Еплъ япэ I.

ПЩӀЭНТӀЭПС (15). 1. (9). ЩӀыфэм къыпхив псы, ткӀуаткӀуэ. Ди щӀалэ цӀыкӀур мыхъугъам, ПщӀэнтӀэпсу мащӀэт спкъырыкӀар. ПщӀыхьэпӀэ «Мывэ хуабэ», 54. Бийм зишхыхьыжырт, къэгубжьат, Зытес лъагапӀэм зи темыкӀт, ПщӀэнтӀэпсыр ди нэм къыщӀэбжьат, Бий бзаджэм тщыщи тхиукӀыкӀт. Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21. Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. Лъапсэ, 10. 2. (6). зэхь. Гугъуехь, гуащӀэдэкӀ. Иджы, мес, пщӀэнтӀэпсу яугъуея мылъкур хыфӀрагъадзэри здашар тхьэм ещӀэ. МелыӀыч, 467. Ахъшэр здихьын къимыгъуэтынуи аратэкъым: фызым нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар? Кхъэлэгъунэ, 377. – Ленин къыдит фӀыгъуэм и уасэм лъырэ пщӀэнтӀэпсрэ дэ щӀэттащи, гугъу зезмыгъэхьа тхэтмэ, ди щӀыхуэ телъщ, - жиӀэри Елдар Мусэ зыкъыхуигъазэри къепсэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 251. ◊ ПщӀэнтӀэпсыр къелъэлъэхын (1). Еплъ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын. Я нэщхъ дзэпщитӀым зэщӀаукӀэр, ПщӀэнтӀэпс я натӀэм къолъэлъэх. Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр.«Батырыбжьэ», 65. ПщӀэнтӀэпсыр екъуэкӀын (2). Хуабжьу къызэщӀэплъэн, къызэщӀэнэн. Ар анэ хъунщ жыӀэ уэ, - Яков Борисович къызэщӀэплъати пщӀэнтӀэпсыр ирикъуэкӀыу игъэзэжри щӀыунэм щӀыхьащ. Нал къута, 282. ПщӀэнтӀэпсыр ӀэкӀэ ирекъуэкӀ, ФынакӀуэ! Командир. «Шум и гъуэгу», 43. ПщӀэнтӀэпсыр къежэхын (2). Хуабжьу къызэщӀэплъэн, къэхуэбэӀуэн. Езым [Нурхьэлий] пщӀэнтӀэпсыр къежэхырти и къэптал ӀэщхьэмкӀэ ирикъуэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 219. Уэлэхьи, хамэ къакӀуэу имыдыгъуа[шыр], - жиӀэри пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу дыгъэм хэт лӀыжь гъур цӀыкӀу гуэр къэкӀиящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. ПщӀэнтӀэпсыр къехуэхын (10). Егъэлеяуэ зэрешам, гугъу зэрехьам къыхэкӀыу куэду пщӀэнтӀэн, къэхуэбэӀуэн. Илас и жьэ ущӀам комендантым и кӀэрахъуэр жьэдиӀури, модрейм пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу зэщӀэкӀэзызащ. МелыӀыч, 473. Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: - Салам уалейкум. КӀапсэ кӀапэ, 5. ЦӀыкӀуи ини дежэри пщӀэнтӀэпсыр къыдэхуэхыу машинэр дэтшащ, шоферыр зэрыхуей дыдэм хуэдэу хъури «хьэщӀэм» и машинэр зэщӀагъэплъэжауэ щилъагъум, итӀысхьэри макӀуэ-мэлъей. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. ПщӀэнтӀэпсыр къыпыхун (1). Еплъ пщӀэнтӀэпс къехуэхын. Я бинти я щыгъыни сабэм иуащ, пщӀэнтӀэпсыр къапоху [уӀэгъэхэм]. Нал къута, 211. ПщӀэнтӀэпс къыхихун (4). Псыф къэхъун, пщӀэнтӀэпс къытрикӀутэн (п.п. натӀэм) АрщхьэкӀэ а тӀэкӀум уи псыхуэлӀэ иригъэкӀынт, пщӀэнтӀэпсри къыхихуат. Нал къута, 243. ПщӀэнтӀэпсыр къысхиху щыхъум, сыӀуэщхъуу, сыщэӀуу къыщӀэздзащ. МелыӀыч, 458. «Соунэхъури сосэхыж, Нахъуэ къегъэгубжьри, тхылъыншэу сыкъонэ», - жиӀэу Лу мэгузавэ, пщӀэнтӀэпсыр къыхеху. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505.

Düzeltme Öner

пщӀэнтӀэпсыр къехуэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.