нэпсыр къелъэлъэхын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

къелъэлъэхын

(къолъэлъэх)

ЗэкӀэрылъэлъурэ ехуэхын.

ПыгъукӀыжащи зэщӀэщхъыщхъэу Жыг тхьэмпэр щхъуантӀэу къолъэлъэх— Уи уэгъуи жьапщи зэхыхьащи. «Батырыбжьэ», 60

+2 örnek

Жыгым къелъэлъэх цыр щалъагъум, пщӀантӀэм дэт джэдкъазыр зэхэлъэдэжауэ зодауэ, зоныкъуэкъу: - Мыдэ мыр— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493

Бомбэр уэм хуэдэу къелъэлъэхыу, Дон къызэпрысыкӀащ— Щынэхужьыкъуэ, 28

Deyimler (2)

нэпсыр къелъэлъэхын

Еплъ: нэпс

пщӀэнтӀэпсыр къелъэлъэхын

Еплъ: пщӀэнтӀэпс

нэпс

Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ.

Гъэру куэдрэ яӀыгъами И нэпситӀыр хуэмыубыд, Хъыдан фӀыцӀэм къыщӀэжауэ И нэӀущхьэм къыщолыд.— Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336

+2 örnek

Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым – мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ— Нал къута, 282

ЦӀыхубз насыпыр нэпскӀэ зыхащӀэ жиӀэу си анэ мыгъуэм и псалъафэ дыдэу щытащ жиӀэри и гум къэкӀыжа щхьэкӀэ [Дэфэрэдж], уи ӀэфракӀэм едзэкъэж.— Лъапсэ, 31

Deyimler (16)

нэпсхэр зэпоӀэ

Нэпсхэр кърикӀутыну къеныкъуэкъун, и гъын къэкӀуэн

Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26

+1 örnek

И нэпс зэпеӀэу фызыжьым, Щхьэц тхъуахэр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, ХуищӀыну ӀэплӀэ и щӀалэм Дадий и пщӀантӀэм къыдожыр.— Адэ, 132

нэпсыр имыубыдын

Нэпсыр къыфӀыщӀэжын.

–Узыншэу укъытхуэкӀуэжащи [Астемыр], тхьэм и шыкурщ, - жиӀэрт Думэсарэ, и нэпсыр имыубыду.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193

нэпс къыщӀэжын

Нэм нэпс къыщӀэкӀын, гъын. -22.

Нурхьэлий гупышхуэм яхэплъэрт, и нитӀ къэбэгам нэпс къыщӀэжыр и жьакӀэ фӀыцӀэм къытелъалъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

+2 örnek

Саният и нэпситӀыр къыщӀэжырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

Си нэпситӀри къыщӀэжат, си гур къызэфӀэнауэ, езы цӀыхубзым къызэӀущащэ хуэдэу и жьэм къыжьэдэкӀыу: - Мамэ,- жиӀэ хуэдэу зэхэсхати.— Лъапсэ, 21

нэпсым къызэпижыхьын

И нэхэм нэпс къекӀуэн, и гъын къакӀуэу и гур къызэфӀэнэн.

Саримэ ар и жагъуэ хъуауэ и нэпсым къызэпижыхьат, арщхьэкӀэ абы и нэпсым зыми гу лъитакъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 133

+2 örnek

Апчари и нэпсым къызэпижыхьат, щӀалэ цӀыкӀу защӀэ фӀэкӀа къэмынауэ илъагъумэ.— Щынэхужьыкъуэ, 22

Мы къомым и уасэ ахъшэ сиӀэкъым, - жиӀэу Иринэ, гуфӀэщати, и нэпсым къызэпижыхьащ— Нал къута, 282

нэпсыр къекӀуэн

Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 263

Еплъ: нэпсым къызэпижыхьын

нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын

Хуабжьу зыгуэр и гум къеуэу гъын, нэпс щӀэгъэкӀын, гуӀэн.

Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу— Тисей, 492

+2 örnek

ТӀэкӀу нэхъ нэху къэхъурэ, шым сеплъмэ – тобэ Ӏистофрилэхь, си шым и нэпситӀыр къелъэлъэхыу магъ— Анка, 381

Ар и гум къэкӀмэ, и нэпситӀыр къолъэлъэх, и къугъ макъыр и нысэм зэхригъэхын шынэу— ГущӀэгъу, 421

нэпсыр къежэхын

Хьэбибэ и нэпсыр къежэхыу и нэгу щӀэкӀар дадэм жриӀэжащ.— Нал къута, 292

+2 örnek

ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъахъстэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ: - Тхьэм пхузигъэщӀэж, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар.— Лъапсэ, 61

Шым зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу.— Анка, 384

Еплъ: нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын

нэпситӀыр къехуэхыу

Дзасэр гъэплъащ, - жиӀэрт Тембот, и нэпситӀыр къехуэхыу, и ӀитӀым епщэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138

Еплъ: нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын

нэпсыр къызэпеӀэн

И гъын къэкӀуэн.

ЛӀыжьыр хоплъэ, КъызэпоӀэ Рау и нэпсыр, Къытелъалъэу жьакӀэ уэсым.— Тисей, 480

нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын

Нэпсыр лъэщӀын.

Нанэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀырт, Астемыр иджыри къэс зыри жимыӀа пэтрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 194

+1 örnek

Думэсарэрэ Нанэрэ я нэпсыр щӀалъэщӀыкӀыу къагъэзэжащ, Лу сымэ иджыри жей я гугъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112

нэпс щӀэгъэкӀын

Гъын, пыхьэн.

Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр— Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39

+1 örnek

Маръуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ…— Бдзэжьеящэм ипхъу, 156

нэпскӀэ тхьэщӀын

Зыгуэрым тегъэн.

Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24

нэпсыр къыпылъэдэн

И гъын къэкӀуэн, гъыну къызэфӀэнэн.

УрекӀуэ шууи, уеблэм лъэсуи – Сэ сфӀэфӀт си усэр хэмыкӀуадэу, УщигуфӀэгъуэм, гуауэ плъысым – Нэбжьыцым нэпсу къыпылъадэм.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17

нэпсыр къыфӀыщӀэжын

ЛъэмыкӀыу нэпсыр нэм къекӀуэн.

Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125

нэпсыр къыфӀыщӀэкӀын

ЩӀыхьауэ си гум ятӀэ тӀэкӀур, СлъэмыкӀыу нэпсыр къысфӀыщӀокӀыр— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128

Еплъ: нэпсыр къыфӀыщӀэжын

нэпсыр къыщӀихун

СыгуӀэу нэпсыр къыщӀихуами, Си нэкӀу ныбжьэгъум схуалъэщӀащ.— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92

Еплъ: нэпсыр къыфӀыщӀэжын

Kitapta geçtiği hali

КЪЕЛЪЭЛЪЭХЫН (къолъэлъэх) лъэмыӀ. (20). ЗэкӀэрылъэлъурэ ехуэхын. ПыгъукӀыжащи зэщӀэщхъыщхъэу Жыг тхьэмпэр щхъуантӀэу къолъэлъэх. Уи уэгъуи жьапщи зэхыхьащи. «Батырыбжьэ», 60. Жыгым къелъэлъэх цыр щалъагъум, пщӀантӀэм дэт джэдкъазыр зэхэлъэдэжауэ зодауэ, зоныкъуэкъу: - Мыдэ мыр! Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. Бомбэр уэм хуэдэу къелъэлъэхыу, Дон къызэпрысыкӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 28. ◊ Нэпсыр къелъэлъэхын (4). Еплъ нэпс. ПщӀэнтӀэпсыр къелъэлъэхын (1). Еплъ пщӀэнтӀэпс.

НЭПС (99). Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ. Гъэру куэдрэ яӀыгъами И нэпситӀыр хуэмыубыд, Хъыдан фӀыцӀэм къыщӀэжауэ И нэӀущхьэм къыщолыд. Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336. Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым – мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ. Нал къута, 282. ЦӀыхубз насыпыр нэпскӀэ зыхащӀэ жиӀэу си анэ мыгъуэм и псалъафэ дыдэу щытащ жиӀэри и гум къэкӀыжа щхьэкӀэ [Дэфэрэдж], уи ӀэфракӀэм едзэкъэж. Лъапсэ, 31. ◊ Нэпсхэр зэпоӀэ (3). Нэпсхэр кърикӀутыну къеныкъуэкъун, и гъын къэкӀуэн. Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26. И нэпс зэпеӀэу фызыжьым, Щхьэц тхъуахэр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, ХуищӀыну ӀэплӀэ и щӀалэм Дадий и пщӀантӀэм къыдожыр. «Адэ», 132. Нэпсыр имыубыдын (1). Нэпсыр къыфӀыщӀэжын. –Узыншэу укъытхуэкӀуэжащи [Астемыр], тхьэм и шыкурщ, - жиӀэрт Думэсарэ, и нэпсыр имыубыду. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. Нэпс къыщӀэжын (8). Нэм нэпс къыщӀэкӀын, гъын. Нурхьэлий гупышхуэм яхэплъэрт, и нитӀ къэбэгам нэпс къыщӀэжыр и жьакӀэ фӀыцӀэм къытелъалъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Саният и нэпситӀыр къыщӀэжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Си нэпситӀри къыщӀэжат, си гур къызэфӀэнауэ, езы цӀыхубзым къызэӀущащэ хуэдэу и жьэм къыжьэдэкӀыу: - Мамэ,- жиӀэ хуэдэу зэхэсхати. Лъапсэ, 21-22. Нэпсым къызэпижыхьын (10). И нэхэм нэпс къекӀуэн, и гъын къакӀуэу и гур къызэфӀэнэн. Саримэ ар и жагъуэ хъуауэ и нэпсым къызэпижыхьат, арщхьэкӀэ абы и нэпсым зыми гу лъитакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 133. Апчари и нэпсым къызэпижыхьат, щӀалэ цӀыкӀу защӀэ фӀэкӀа къэмынауэ илъагъумэ. Щынэхужьыкъуэ, 22. Мы къомым и уасэ ахъшэ сиӀэкъым, - жиӀэу Иринэ, гуфӀэщати, и нэпсым къызэпижыхьащ. Нал къута, 282. Нэпсыр къекӀуэн (1). Еплъ нэпсым къызэпижыхьын. Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. Нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын (16). Хуабжьу зыгуэр и гум къеуэу гъын, нэпс щӀэгъэкӀын, гуӀэн. Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу. «Тисей», 492. ТӀэкӀу нэхъ нэху къэхъурэ, шым сеплъмэ – тобэ Ӏистофрилэхь, си шым и нэпситӀыр къелъэлъэхыу магъ. Анка, 381. Ар и гум къэкӀмэ, и нэпситӀыр къолъэлъэх, и къугъ макъыр и нысэм зэхригъэхын шынэу. ГущӀэгъу, 421. Нэпсыр къежэхын (7). Еплъ нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын. Хьэбибэ и нэпсыр къежэхыу и нэгу щӀэкӀар дадэм жриӀэжащ. Нал къута, 292. ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъахъстэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ: - Тхьэм пхузигъэщӀэж, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар. Лъапсэ, 61. Шым зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу. Анка, 384. НэпситӀыр къехуэхыу (1). Еплъ нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын. Дзасэр гъэплъащ, - жиӀэрт Тембот, и нэпситӀыр къехуэхыу, и ӀитӀым епщэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. Нэпсыр къызэпеӀэн (1). И гъын къэкӀуэн. ЛӀыжьыр хоплъэ, КъызэпоӀэ Рау и нэпсыр, Къытелъалъэу жьакӀэ уэсым. «Тисей», 480. Нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын (6). Нэпсыр лъэщӀын. Нанэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀырт, Астемыр иджыри къэс зыри жимыӀа пэтрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 194. Думэсарэрэ Нанэрэ я нэпсыр щӀалъэщӀыкӀыу къагъэзэжащ, Лу сымэ иджыри жей я гугъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. Нэпс щӀэгъэкӀын (2). Гъын, пыхьэн. Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр. Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39. Маръуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 156. НэпскӀэ тхьэщӀын (2). Зыгуэрым тегъэн. Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24. Нэпсыр къыпылъэдэн (1). И гъын къэкӀуэн, гъыну къызэфӀэнэн. УрекӀуэ шууи, уеблэм лъэсуи – Сэ сфӀэфӀт си усэр хэмыкӀуадэу, УщигуфӀэгъуэм, гуауэ плъысым – Нэбжьыцым нэпсу къыпылъадэм. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. Нэпсыр къыфӀыщӀэжын (1). ЛъэмыкӀыу нэпсыр нэм къекӀуэн. Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. Нэпсыр къыфӀыщӀэкӀын (1). Еплъ нэпсыр къыфӀыщӀэжын. ЩӀыхьауэ си гум ятӀэ тӀэкӀур, СлъэмыкӀыу нэпсыр къысфӀыщӀокӀыр. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. Нэпсыр къыщӀихун (1). Еплъ нэпсыр къыфӀыщӀэжын. СыгуӀэу нэпсыр къыщӀихуами, Си нэкӀу ныбжьэгъум схуалъэщӀащ. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92.

Düzeltme Öner

нэпсыр къелъэлъэхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.