нэпс
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
НЭПС(ы); GÖZYAŞI
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ. Нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын.
руслеза
2. Еплъ: гъы макъ
Нэпс хэмыту девгъажьэт, - жиӀащ лӀым.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (9)
нэпс текӀутэн
руплакать по кому-л., оплакивать кого-л.
Къандыгъэ и дежкӀэ зегъазэ Мухьэб: - Уэри, ди нысэ цӀыху псэум нэпс тумыкӀутэ.— ЩакӀуэ Талъостэн
нэпс щӀэгъэжын (щӀэгъэкӀын, щӀэгъэткӀун)
руплакать, проливать слёзы.
{Мэжид:} - Гъуэлъыжащи {Маринэ} нэпс щӀигъэж хъунщ и мыгъуэм щхьэкӀэ.— Къущхьэ СулътӀан
+1 örnek
{Джэримэс:} - Си анэжьым ар зэхихым щӀигъэкӀынущ гуӀэ нэпсхэр.— Акъсырэ Залымхъан
нэпси Ӏупси къыхуэмынэжауэ
русильно, страстно, отчаянно (просить кого-л.).
Нэпси Ӏупси къысхуэмынэжауэ, жэщ-махуэ жызмыӀэу а зы алыхьталэм сыфхуолъэӀу ди насып текӀуэну.— Шортэн Аскэрбий
5 ifade daha
нэпскӀэ дунейр (гъащӀэр) хьын
рупровести всю жизнь в слезах.
{и} нэпсым къызэпижыхьын
рупрослезиться.
и нэпсым къызэпижыхьат.
нэпсыр екъухын
руглотать слезы.
нэпсыр къегъэжэхын
рупустить слёзу.
{и} нэпсыр къекӀуэн
рулиться, течь - о слезах.
{и} нэпсым къызэпижыхьын. {и} нэпсыр къелъэлъэхын (къещэщэхын, къикӀутын, къыщӀэлъэлъын)
Зейнаб и нэпсыр къыщӀэлъэлът, ауэ гуфӀэщати и Ӏупэр зэтехьэжтэкъым. Б. ТӀ.
Kitapta geçtiği hali
нэпс 1. слеза / Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ. Нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын. 2. см. гъы макъ. * - Нэпс хэмыту девгъажьэт, - жиӀащ лӀым. Ӏуащхь. Лъы нэпс щӀэгъэкӀын см. лъы. Нэпс гуащӀэ горькие слёзы, горючие слёзы. Нэпс текӀутэн плакать по кому-л., оплакивать кого-л. * Къандыгъэ и дежкӀэ зегъазэ Мухьэб: - Уэри, ди нысэ цӀыху псэум нэпс тумыкӀутэ. Щ. Т. Нэпс щӀэгъэжын (щӀэгъэкӀын, щӀэгъэткӀун) плакать, проливать слёзы. * {Мэжид:} - Гъуэлъыжащи {Маринэ} нэпс щӀигъэж хъунщ и мыгъуэм щхьэкӀэ. Къу. С. {Джэримэс:} - Си анэжьым ар зэхихым щӀигъэкӀынущ гуӀэ нэпсхэр. Акъ. З. Нэпси Ӏупси къыхуэмынэжауэ сильно, страстно, отчаянно (просить кого-л.). * Нэпси Ӏупси къысхуэмынэжауэ, жэщ-махуэ жызмыӀэу а зы алыхьталэм сыфхуолъэӀу ди насып текӀуэну. Ш. А. НэпскӀэ дунейр (гъащӀэр) хьын провести всю жизнь в слезах. {И} нэпсым къызэпижыхьын прослезиться. * Фызым и нэпсым къызэпижыхьат. Нэпсыр екъухын глотать слезы. Нэпсыр къегъэжэхын пустить слёзу. {И} нэпсыр къекӀуэн = {и} нэпсым къызэпижыхьын. {И} нэпсыр къелъэлъэхын (къещэщэхын, къикӀутын, къыщӀэлъэлъын) литься, течь - о слезах. Зейнаб и нэпсыр къыщӀэлъэлът, ауэ гуфӀэщати и Ӏупэр зэтехьэжтэкъым. Б. ТӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ.
Гъэру куэдрэ яӀыгъами И нэпситӀыр хуэмыубыд, Хъыдан фӀыцӀэм къыщӀэжауэ И нэӀущхьэм къыщолыд.— Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336
+2 örnek
Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым – мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ— Нал къута, 282
ЦӀыхубз насыпыр нэпскӀэ зыхащӀэ жиӀэу си анэ мыгъуэм и псалъафэ дыдэу щытащ жиӀэри и гум къэкӀыжа щхьэкӀэ [Дэфэрэдж], уи ӀэфракӀэм едзэкъэж.— Лъапсэ, 31
Deyimler (16)
нэпсхэр зэпоӀэ
Нэпсхэр кърикӀутыну къеныкъуэкъун, и гъын къэкӀуэн
Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26
+1 örnek
И нэпс зэпеӀэу фызыжьым, Щхьэц тхъуахэр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, ХуищӀыну ӀэплӀэ и щӀалэм Дадий и пщӀантӀэм къыдожыр.— Адэ, 132
нэпсыр имыубыдын
Нэпсыр къыфӀыщӀэжын.
–Узыншэу укъытхуэкӀуэжащи [Астемыр], тхьэм и шыкурщ, - жиӀэрт Думэсарэ, и нэпсыр имыубыду.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193
нэпс къыщӀэжын
Нэм нэпс къыщӀэкӀын, гъын. -22.
Нурхьэлий гупышхуэм яхэплъэрт, и нитӀ къэбэгам нэпс къыщӀэжыр и жьакӀэ фӀыцӀэм къытелъалъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
+2 örnek
Саният и нэпситӀыр къыщӀэжырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
Си нэпситӀри къыщӀэжат, си гур къызэфӀэнауэ, езы цӀыхубзым къызэӀущащэ хуэдэу и жьэм къыжьэдэкӀыу: - Мамэ,- жиӀэ хуэдэу зэхэсхати.— Лъапсэ, 21
нэпсым къызэпижыхьын
И нэхэм нэпс къекӀуэн, и гъын къакӀуэу и гур къызэфӀэнэн.
Саримэ ар и жагъуэ хъуауэ и нэпсым къызэпижыхьат, арщхьэкӀэ абы и нэпсым зыми гу лъитакъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 133
+2 örnek
Апчари и нэпсым къызэпижыхьат, щӀалэ цӀыкӀу защӀэ фӀэкӀа къэмынауэ илъагъумэ.— Щынэхужьыкъуэ, 22
Мы къомым и уасэ ахъшэ сиӀэкъым, - жиӀэу Иринэ, гуфӀэщати, и нэпсым къызэпижыхьащ— Нал къута, 282
12 deyim daha
нэпсыр къекӀуэн
Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 263
Еплъ: нэпсым къызэпижыхьын
нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын
Хуабжьу зыгуэр и гум къеуэу гъын, нэпс щӀэгъэкӀын, гуӀэн.
Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу— Тисей, 492
+2 örnek
ТӀэкӀу нэхъ нэху къэхъурэ, шым сеплъмэ – тобэ Ӏистофрилэхь, си шым и нэпситӀыр къелъэлъэхыу магъ— Анка, 381
Ар и гум къэкӀмэ, и нэпситӀыр къолъэлъэх, и къугъ макъыр и нысэм зэхригъэхын шынэу— ГущӀэгъу, 421
нэпсыр къежэхын
Хьэбибэ и нэпсыр къежэхыу и нэгу щӀэкӀар дадэм жриӀэжащ.— Нал къута, 292
+2 örnek
ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъахъстэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ: - Тхьэм пхузигъэщӀэж, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар.— Лъапсэ, 61
Шым зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу.— Анка, 384
нэпситӀыр къехуэхыу
Дзасэр гъэплъащ, - жиӀэрт Тембот, и нэпситӀыр къехуэхыу, и ӀитӀым епщэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
нэпсыр къызэпеӀэн
И гъын къэкӀуэн.
ЛӀыжьыр хоплъэ, КъызэпоӀэ Рау и нэпсыр, Къытелъалъэу жьакӀэ уэсым.— Тисей, 480
нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын
Нэпсыр лъэщӀын.
Нанэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀырт, Астемыр иджыри къэс зыри жимыӀа пэтрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 194
+1 örnek
Думэсарэрэ Нанэрэ я нэпсыр щӀалъэщӀыкӀыу къагъэзэжащ, Лу сымэ иджыри жей я гугъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
нэпс щӀэгъэкӀын
Гъын, пыхьэн.
Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр— Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39
+1 örnek
Маръуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ…— Бдзэжьеящэм ипхъу, 156
нэпскӀэ тхьэщӀын
Зыгуэрым тегъэн.
Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24
нэпсыр къыпылъэдэн
И гъын къэкӀуэн, гъыну къызэфӀэнэн.
УрекӀуэ шууи, уеблэм лъэсуи – Сэ сфӀэфӀт си усэр хэмыкӀуадэу, УщигуфӀэгъуэм, гуауэ плъысым – Нэбжьыцым нэпсу къыпылъадэм.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17
нэпсыр къыфӀыщӀэжын
ЛъэмыкӀыу нэпсыр нэм къекӀуэн.
Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125
нэпсыр къыфӀыщӀэкӀын
ЩӀыхьауэ си гум ятӀэ тӀэкӀур, СлъэмыкӀыу нэпсыр къысфӀыщӀокӀыр— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128
Еплъ: нэпсыр къыфӀыщӀэжын
нэпсыр къыщӀихун
СыгуӀэу нэпсыр къыщӀихуами, Си нэкӀу ныбжьэгъум схуалъэщӀащ.— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92
Еплъ: нэпсыр къыфӀыщӀэжын
Kitapta geçtiği hali
НЭПС (99). Псым ещхьу нэм къыщӀэкӀ ткӀуаткӀуэ. Гъэру куэдрэ яӀыгъами И нэпситӀыр хуэмыубыд, Хъыдан фӀыцӀэм къыщӀэжауэ И нэӀущхьэм къыщолыд. Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336. Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым – мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ. Нал къута, 282. ЦӀыхубз насыпыр нэпскӀэ зыхащӀэ жиӀэу си анэ мыгъуэм и псалъафэ дыдэу щытащ жиӀэри и гум къэкӀыжа щхьэкӀэ [Дэфэрэдж], уи ӀэфракӀэм едзэкъэж. Лъапсэ, 31. ◊ Нэпсхэр зэпоӀэ (3). Нэпсхэр кърикӀутыну къеныкъуэкъун, и гъын къэкӀуэн. Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26. И нэпс зэпеӀэу фызыжьым, Щхьэц тхъуахэр жьыбгъэм щӀиӀэтэу, ХуищӀыну ӀэплӀэ и щӀалэм Дадий и пщӀантӀэм къыдожыр. «Адэ», 132. Нэпсыр имыубыдын (1). Нэпсыр къыфӀыщӀэжын. –Узыншэу укъытхуэкӀуэжащи [Астемыр], тхьэм и шыкурщ, - жиӀэрт Думэсарэ, и нэпсыр имыубыду. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. Нэпс къыщӀэжын (8). Нэм нэпс къыщӀэкӀын, гъын. Нурхьэлий гупышхуэм яхэплъэрт, и нитӀ къэбэгам нэпс къыщӀэжыр и жьакӀэ фӀыцӀэм къытелъалъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Саният и нэпситӀыр къыщӀэжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Си нэпситӀри къыщӀэжат, си гур къызэфӀэнауэ, езы цӀыхубзым къызэӀущащэ хуэдэу и жьэм къыжьэдэкӀыу: - Мамэ,- жиӀэ хуэдэу зэхэсхати. Лъапсэ, 21-22. Нэпсым къызэпижыхьын (10). И нэхэм нэпс къекӀуэн, и гъын къакӀуэу и гур къызэфӀэнэн. Саримэ ар и жагъуэ хъуауэ и нэпсым къызэпижыхьат, арщхьэкӀэ абы и нэпсым зыми гу лъитакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 133. Апчари и нэпсым къызэпижыхьат, щӀалэ цӀыкӀу защӀэ фӀэкӀа къэмынауэ илъагъумэ. Щынэхужьыкъуэ, 22. Мы къомым и уасэ ахъшэ сиӀэкъым, - жиӀэу Иринэ, гуфӀэщати, и нэпсым къызэпижыхьащ. Нал къута, 282. Нэпсыр къекӀуэн (1). Еплъ нэпсым къызэпижыхьын. Думэсарэ аргуэру жиӀэнут зыгуэр, ауэ и тэмакъыр щиубыдыкӀыу и нэпсыр къыщекӀуэм, хьэщӀэхэм ящыукӀытэри щигъэтыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. Нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын (16). Хуабжьу зыгуэр и гум къеуэу гъын, нэпс щӀэгъэкӀын, гуӀэн. Къолъэлъэхыр джэшу нэпсыр, Ар нэӀу гъурым къытелъадэу. «Тисей», 492. ТӀэкӀу нэхъ нэху къэхъурэ, шым сеплъмэ – тобэ Ӏистофрилэхь, си шым и нэпситӀыр къелъэлъэхыу магъ. Анка, 381. Ар и гум къэкӀмэ, и нэпситӀыр къолъэлъэх, и къугъ макъыр и нысэм зэхригъэхын шынэу. ГущӀэгъу, 421. Нэпсыр къежэхын (7). Еплъ нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын. Хьэбибэ и нэпсыр къежэхыу и нэгу щӀэкӀар дадэм жриӀэжащ. Нал къута, 292. ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъахъстэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ: - Тхьэм пхузигъэщӀэж, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар. Лъапсэ, 61. Шым зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу. Анка, 384. НэпситӀыр къехуэхыу (1). Еплъ нэпсыр (нэпситӀыр) къелъэлъэхын. Дзасэр гъэплъащ, - жиӀэрт Тембот, и нэпситӀыр къехуэхыу, и ӀитӀым епщэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. Нэпсыр къызэпеӀэн (1). И гъын къэкӀуэн. ЛӀыжьыр хоплъэ, КъызэпоӀэ Рау и нэпсыр, Къытелъалъэу жьакӀэ уэсым. «Тисей», 480. Нэпсыр щӀэлъэщӀыкӀын (6). Нэпсыр лъэщӀын. Нанэ и нэпсыр щӀилъэщӀыкӀырт, Астемыр иджыри къэс зыри жимыӀа пэтрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 194. Думэсарэрэ Нанэрэ я нэпсыр щӀалъэщӀыкӀыу къагъэзэжащ, Лу сымэ иджыри жей я гугъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. Нэпс щӀэгъэкӀын (2). Гъын, пыхьэн. Зы жыгым жыгыр кӀэщӀэуӀуэу Нэпс щӀэзыгъэкӀым йодэхащӀэр. Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39. Маръуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 156. НэпскӀэ тхьэщӀын (2). Зыгуэрым тегъэн. Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24. Нэпсыр къыпылъэдэн (1). И гъын къэкӀуэн, гъыну къызэфӀэнэн. УрекӀуэ шууи, уеблэм лъэсуи – Сэ сфӀэфӀт си усэр хэмыкӀуадэу, УщигуфӀэгъуэм, гуауэ плъысым – Нэбжьыцым нэпсу къыпылъадэм. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. Нэпсыр къыфӀыщӀэжын (1). ЛъэмыкӀыу нэпсыр нэм къекӀуэн. Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. Нэпсыр къыфӀыщӀэкӀын (1). Еплъ нэпсыр къыфӀыщӀэжын. ЩӀыхьауэ си гум ятӀэ тӀэкӀур, СлъэмыкӀыу нэпсыр къысфӀыщӀокӀыр. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. Нэпсыр къыщӀихун (1). Еплъ нэпсыр къыфӀыщӀэжын. СыгуӀэу нэпсыр къыщӀихуами, Си нэкӀу ныбжьэгъум схуалъэщӀащ. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92.