мащэ фӀыцӀэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
мащэ
1. Куууэ къитӀыкӀа кумбышхуэ.
Апчарэ сымэ мащэ куушхуэ къатӀащ.— Нал къута, 286
+1 örnek
Апчарэрэ Иринэрэ мащэ лъэгум итт, ешри къару къахуэмынэжауэ.— Нал къута, 286
2. Хьэдэр зралъхьэ, кууэ къитӀыкӀа кумбышхуэ.
Ар бийм хуэздэнкъым, щӀы уи фӀэщ, Абы и щӀапӀэм сынэсынщ, Ди щӀыгу къарукӀэ сэ сылъэщщ, А бийм мащэр лъызгъэсынщ.— Си фочым ӀэплӀэ есшэкӀауэ. «Шум и гъуэгу», 30
+2 örnek
Ди хэку къабзэм ем и лӀыкӀуэу КъакӀуэр макӀуэ псынщӀэу мащэм, Дэ насыпым дыхуолажьэ, Дэ цӀыху хъерыр ди гуращэщ, Сэ рабочэм сыратакъэ ФӀыуэ лажьэм сыхуэфащэу, Фащэ дахэм сыриуасэу Сэ хъыджэбзхэм куэдрэ сащэ.— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134
ЦӀыхур гуитӀщхьитӀ хъуауэ, хэт жиӀэри я фӀэщ хъууэ хуежьащи, зэрызохьэ, зэхуогузавэ, хьэдагъэ зэхуокӀуэ, кхъэм макӀуэри, лӀа зимыӀэ щыӀэ, я мащэм щыщ ятӀэ тӀэкӀу хъуржын сытхэм икӀутауэ ягъэтӀылъ, щрашкӀэ здашэну.— Лъапсэ, 84
Deyimler (3)
мащэм здэхьын
Щэху гуэр зыми къомыгъащӀэу лӀэху бзыщӀын.
Сабиищри Мусэ ейуэ и гугъэми, абы и пэжыпӀэр Чачэрэ Мэрятрэ мащэм здахьынщ, зыми жрамыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 206
мащэ къэтӀын
Зыгуэр Ӏей, бзаджэ хуэзэну хэтын.
Сэ, бийми, мащэм изгъэхуэну Зы сыпсэухукӀэ сыхуэмей, Мащэ къэтӀыныр хьэлу зиӀэр Техуэнщ, щигъэтмэ, мы дунейм.— Зэгуэр си щхьэцыр фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361
мащэ фӀыцӀэ
Хьэдэ иралъхьэу щӀым къитӀыкӀа кумбыгъэ.
Губжьым хихыу мащэ фӀыцӀэр И жагъуэгъум къыхуимытӀ.— ЛӀыгъэ зиӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 399
фӀыцӀэ
1. КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым иӀэ плъыфэм хуэдэ.
Гум илъа мафӀэр ужьыхмэ, Мэхъу набдзэ фӀыцӀэр яжьафэ.— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52
+2 örnek
Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт, Иджы щхьэц тхъуами сесэжащ.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361
Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125
2. Къамылыфэ.
Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым.— Лъапсэ, 10
+2 örnek
Полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковыр инэрал лӀы фӀыцӀэ цӀыкӀум бгъурыту зы сотнэм еплъмэ, адрей сотнэмкӀэ екӀуэкӀыурэ, шухэр зауэм кӀуэным зэрыхуэщӀар зригъэлъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
Къумым димыкӀуадэу дизышу дыкъэзышэжын, жысӀэу адэкӀэ-мыдэкӀэ сыщӀэупщӀати, щӀалэ фӀыцӀэшхуэ къысхуагъэкӀуащ, къызэрыхъурэ губгъуэрысу мы щӀыналъэм исщ, жаӀэри.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
3. Я фэкӀэ фӀыцӀэ лъэпкъ, негр.
А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!».— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349
4. Ӏейуэ щыт, Ӏей зи гум илъ.
Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12
Kitapta geçtiği hali
МАЩЭ (45). 1. (5). Куууэ къитӀыкӀа кумбышхуэ. Апчарэ сымэ мащэ куушхуэ къатӀащ. Нал къута, 286. Апчарэрэ Иринэрэ мащэ лъэгум итт, ешри къару къахуэмынэжауэ. Нал къута, 286. 2. (40). Хьэдэр зралъхьэ, кууэ къитӀыкӀа кумбышхуэ. Ар бийм хуэздэнкъым, щӀы уи фӀэщ, Абы и щӀапӀэм сынэсынщ, Ди щӀыгу къарукӀэ сэ сылъэщщ, А бийм мащэр лъызгъэсынщ. Си фочым ӀэплӀэ есшэкӀауэ. «Шум и гъуэгу», 30. Ди хэку къабзэм ем и лӀыкӀуэу КъакӀуэр макӀуэ псынщӀэу мащэм, Дэ насыпым дыхуолажьэ, Дэ цӀыху хъерыр ди гуращэщ, Сэ рабочэм сыратакъэ ФӀыуэ лажьэм сыхуэфащэу, Фащэ дахэм сыриуасэу Сэ хъыджэбзхэм куэдрэ сащэ. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134. ЦӀыхур гуитӀщхьитӀ хъуауэ, хэт жиӀэри я фӀэщ хъууэ хуежьащи, зэрызохьэ, зэхуогузавэ, хьэдагъэ зэхуокӀуэ, кхъэм макӀуэри, лӀа зимыӀэ щыӀэ, я мащэм щыщ ятӀэ тӀэкӀу хъуржын сытхэм икӀутауэ ягъэтӀылъ, щрашкӀэ здашэну. Лъапсэ, 84. ◊ Мащэм здэхьын (1). Щэху гуэр зыми къомыгъащӀэу лӀэху бзыщӀын. Сабиищри Мусэ ейуэ и гугъэми, абы и пэжыпӀэр Чачэрэ Мэрятрэ мащэм здахьынщ, зыми жрамыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 206. Мащэ къэтӀын (1). Зыгуэр Ӏей, бзаджэ хуэзэну хэтын. Сэ, бийми, мащэм изгъэхуэну Зы сыпсэухукӀэ сыхуэмей, Мащэ къэтӀыныр хьэлу зиӀэр Техуэнщ, щигъэтмэ, мы дунейм. Зэгуэр си щхьэцыр фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. Мащэ фӀыцӀэ (1). Хьэдэ иралъхьэу щӀым къитӀыкӀа кумбыгъэ. Губжьым хихыу мащэ фӀыцӀэр И жагъуэгъум къыхуимытӀ. ЛӀыгъэ зиӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 399.
ФӀЫЦӀЭ I (167). плъыф. 1. (153). КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым иӀэ плъыфэм хуэдэ. Гум илъа мафӀэр ужьыхмэ, Мэхъу набдзэ фӀыцӀэр яжьафэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт, Иджы щхьэц тхъуами сесэжащ. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. 2. (12). Къамылыфэ. Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. Лъапсэ, 10. Полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковыр инэрал лӀы фӀыцӀэ цӀыкӀум бгъурыту зы сотнэм еплъмэ, адрей сотнэмкӀэ екӀуэкӀыурэ, шухэр зауэм кӀуэным зэрыхуэщӀар зригъэлъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Къумым димыкӀуадэу дизышу дыкъэзышэжын, жысӀэу адэкӀэ-мыдэкӀэ сыщӀэупщӀати, щӀалэ фӀыцӀэшхуэ къысхуагъэкӀуащ, къызэрыхъурэ губгъуэрысу мы щӀыналъэм исщ, жаӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398. 3. (1). Я фэкӀэ фӀыцӀэ лъэпкъ, негр. А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!». ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349. 4. (1). зэхь. Ӏейуэ щыт, Ӏей зи гум илъ. Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12. ◊ Бий фӀыцӀэ (1). Еплъ бий. Дзэ фӀыцӀэ (2). Еплъ дзэ II. Мащэ фӀыцӀэ (1). Еплъ мащэ.