лъакъуэм зыщӀэдзэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
лъакъуэ
1. ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏэпкълъпкъым щыщу къызэракӀухь Ӏыхьэр.
Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
+2 örnek
Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиудри, унэм щӀэлъэдащ.— ГущӀэгъу, 424
Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ [Къэрэлъашэ].— Нэгъуху, 35
2. УнэлъащӀэ гуэрхэр (шэнт, Ӏэнэ, гъуэлъыпӀэ н.къ.) зэрыщыт, щӀым зэрытрагъэувэ Ӏыхьэ.
Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкӀур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289
+2 örnek
[Гуащэ:] Къахьмэ къыхьынур пхъэ лъакъуищ зыщӀэт хьэдэ пхъэбгъужь Ӏейр аращ, жиӀэу, Ӏэдэми япэм, хьэжыгъэ тӀэкӀу, жиӀэрти зыгуэркӀэ гулъытэ къысхуищӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629
Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ.— Лъапсэ, 118
3. ЩӀакъуэ баш, лъакъуэ баш.
Сэлэтхэр хэт лъакъуэ закъуэкӀэ пкӀэуэ, хэти пхъэ лъакъуэр зыщӀигъакъуэу, иныкъуэми уӀэгъэм ӀэкӀэ теӀэбыхьу зэбгырыкӀыжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 175
+2 örnek
А махуэм Ахъсари пхъэ лъакъуэ иӀыгъыу къэсащ, къэхъуа-къэщӀар зэхигъэкӀыну.— МелыӀыч, 460
[Ӏурарэ] Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бэкъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ.— Къалэн, 433
4. Дыгъэ бзий.
ЯӀыгъщ ди къуршхэм дыгъэ лъакъуэр, Ар напщӀэтелъуи къащымыхъу.— Къуршхэр. «Мывэ хуабэ», 259
Deyimler (14)
лъакъуэ къыщӀэувэн
И лъэм кърихьэкӀын, къэкӀухьыфын.
УӀэгъэу зи лъакъуэ къыщӀэувэм и насыпу къалъытэ – нэмыцэм япэщӀэмыхуэу къаӀэщӀэкӀащи.— Нал къута, 211
+2 örnek
Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу— Лъапсэ, 47
[Бэкъан] И лъакъуэр къыщӀэувэу щытамэ, фызабэ жимыӀэу, хъыджэбз къимышэми, пхъужь гуэр къигъуэтынт, арщхьэкӀэ неӀэмал – пхъэ лъакъуэ шущ.— Къалэн, 427
лъакъуэр къыщӀэувэжын
Лъэм кърихьэкӀыу, къикӀухыу хъужын, зекӀуэжын.
Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ— Нэгъуху, 50
лъакъуэр къыщӀэмыувэн
Лъэр темыувэн, земыкӀуэфын.
ЕрагъпсэрагъкӀэ шкӀэр къызэфӀэувэри аргуэру мэджэлэж, и лъакъуэр къыщӀэмыувэу, и щхьэ къудейр къыщӀэувэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 9
+2 örnek
[Алыджыкъуэ] Ди блыпкъыр яубыдрэ машинэм дыкърахмэ – ди лъакъуэр къыщӀэувэжыртэкъым.— МелыӀыч, 436
[Бэкъан] Иужьым уз бзаджэр пкъырыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуитӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым.— Къалэн, 430
лъакъуэр лъэфын
Лъэр щӀым темыӀэтыкӀыщауэ бэкъуэн.
Молэуэ джэгур Жансэхъут, и лъакъуэр илъэфу, амдэчым еплъурэ нэмэзыбзэ къибжу сценэм йокӀыж, цӀыхур игъэдыхьэшхыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670
лъакъуэр щӀэхун
ГуфӀэгъуэм е гузавэгъуэ гуэрым къыхэкӀӀэ лъэхэр щӀэщӀэу хъун, къыщӀэмыувэн.
Дисэ гуфӀэщати, и лъакъуэр щӀэхурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131
+2 örnek
[Мариам:] ЗанщӀэу си лъакъуитӀыр щӀэхуащ, си Ӏэпкълъэпкъи зэпкърыхуащ.— Лэчымэ, 395
Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀри щӀэхури.— Къалэн, 434
лъакъуэм зыщӀэдзэн
ГурыщӀэ гуэрым къыхэкӀкӀэ лъэм зедзын.
ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъастэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар.— Лъапсэ, 61
лъакъуэр щӀэмыкӀыжын
Езэшыныгъэм къыхэкӀкӀэ лъакъуэхэр хузэблэмыхын, мыкӀуэфын.
Апчарэ сыми ешащи, я лъакъуэр щӀыкӀыжыркъым.— Нал къута, 223
лъакъуэр щӀэгъэжауэ щысын
Зыри умыщӀэу, Ӏуэхуншэу щысын.
Думэсарэ, Саримэ, Верэ Павловнэ зэбгъурысу щыст я лъакъуэ щӀэгъэжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
лъакъуэр фӀызэблэжын
Лъэрымыхьагъым къыхэкӀкӀэ лъэ быдэкӀэ щымытыфын лъакъуэхэр лъэныкъуэ зэрызкӀэ ещӀэн.
[Алыджыкъуэ] ЛӀыжьыр хусакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу.— МелыӀыч, 446
лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн
ЗэрагъэпщитӀым языр щынэхъыкӀэм, нэхъ Ӏейм, нэхъ мыхьэнэншэм деж къагъэсэбэп.
Рахьим и лъакъуэм къыщӀэху ятӀэм и уасэкъым Елдар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 272
лъакъуэр щӀэщӀэн
Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155
Еплъ: лъэр щӀэщӀэн
щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ
Еплъ: щхьэж
[и] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу
Еплъ: щхьэ закъуэ. ☐
щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ
Еплъ: щхьэ
Atasözleri (1)
лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ
Жьы хъуа цӀыхум е лъэрымыхьым хужаӀэ.
Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ [Сэид]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАКЪУЭ (194). 1. (119). ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏэпкълъпкъым щыщу къызэракӀухь Ӏыхьэр. Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиудри, унэм щӀэлъэдащ. ГущӀэгъу, 424. Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ [Къэрэлъашэ]. Нэгъуху, 35. 2. (10). УнэлъащӀэ гуэрхэр (шэнт, Ӏэнэ, гъуэлъыпӀэ н.къ.) зэрыщыт, щӀым зэрытрагъэувэ Ӏыхьэ. Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкӀур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. [Гуащэ:] Къахьмэ къыхьынур пхъэ лъакъуищ зыщӀэт хьэдэ пхъэбгъужь Ӏейр аращ, жиӀэу, Ӏэдэми япэм, хьэжыгъэ тӀэкӀу, жиӀэрти зыгуэркӀэ гулъытэ къысхуищӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ. Лъапсэ, 118. 3. (21). ЩӀакъуэ баш, лъакъуэ баш. Сэлэтхэр хэт лъакъуэ закъуэкӀэ пкӀэуэ, хэти пхъэ лъакъуэр зыщӀигъакъуэу, иныкъуэми уӀэгъэм ӀэкӀэ теӀэбыхьу зэбгырыкӀыжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 175. А махуэм Ахъсари пхъэ лъакъуэ иӀыгъыу къэсащ, къэхъуа-къэщӀар зэхигъэкӀыну. МелыӀыч, 460. [Ӏурарэ] Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бэкъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ. Къалэн, 433. 4. (1). зэхь. Дыгъэ бзий. ЯӀыгъщ ди къуршхэм дыгъэ лъакъуэр, Ар напщӀэтелъуи къащымыхъу. Къуршхэр. «Мывэ хуабэ», 259. ◊ Лъакъуэ къыщӀэувэн (7). И лъэм кърихьэкӀын, къэкӀухьыфын. УӀэгъэу зи лъакъуэ къыщӀэувэм и насыпу къалъытэ – нэмыцэм япэщӀэмыхуэу къаӀэщӀэкӀащи. Нал къута, 211. Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу. Лъапсэ, 47. [Бэкъан] И лъакъуэр къыщӀэувэу щытамэ, фызабэ жимыӀэу, хъыджэбз къимышэми, пхъужь гуэр къигъуэтынт, арщхьэкӀэ неӀэмал – пхъэ лъакъуэ шущ. Къалэн, 427. Лъакъуэр къыщӀэувэжын (1). Лъэм кърихьэкӀыу, къикӀухыу хъужын, зекӀуэжын. Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ. Нэгъуху, 50. Лъакъуэр къыщӀэмыувэн (4). Лъэр темыувэн, земыкӀуэфын. ЕрагъпсэрагъкӀэ шкӀэр къызэфӀэувэри аргуэру мэджэлэж, и лъакъуэр къыщӀэмыувэу, и щхьэ къудейр къыщӀэувэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 9. [Алыджыкъуэ] Ди блыпкъыр яубыдрэ машинэм дыкърахмэ – ди лъакъуэр къыщӀэувэжыртэкъым. МелыӀыч, 436. [Бэкъан] Иужьым уз бзаджэр пкъырыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуитӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым. Къалэн, 430. Лъакъуэр лъэфын (1). Лъэр щӀым темыӀэтыкӀыщауэ бэкъуэн. Молэуэ джэгур Жансэхъут, и лъакъуэр илъэфу, амдэчым еплъурэ нэмэзыбзэ къибжу сценэм йокӀыж, цӀыхур игъэдыхьэшхыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Лъакъуэр щӀэхун (3). ГуфӀэгъуэм е гузавэгъуэ гуэрым къыхэкӀӀэ лъэхэр щӀэщӀэу хъун, къыщӀэмыувэн. Дисэ гуфӀэщати, и лъакъуэр щӀэхурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. [Мариам:] ЗанщӀэу си лъакъуитӀыр щӀэхуащ, си Ӏэпкълъэпкъи зэпкърыхуащ. Лэчымэ, 395. Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀри щӀэхури. Къалэн, 434. Лъакъуэм зыщӀэдзэн (1). ГурыщӀэ гуэрым къыхэкӀкӀэ лъэм зедзын. ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъастэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар. Лъапсэ, 61. Лъакъуэр щӀэмыкӀыжын (1). Езэшыныгъэм къыхэкӀкӀэ лъакъуэхэр хузэблэмыхын, мыкӀуэфын. Апчарэ сыми ешащи, я лъакъуэр щӀыкӀыжыркъым. Нал къута, 223. Лъакъуэр щӀэгъэжауэ щысын (1). Зыри умыщӀэу, Ӏуэхуншэу щысын. Думэсарэ, Саримэ, Верэ Павловнэ зэбгъурысу щыст я лъакъуэ щӀэгъэжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Лъакъуэр фӀызэблэжын (1). Лъэрымыхьагъым къыхэкӀкӀэ лъэ быдэкӀэ щымытыфын, лъакъуэхэр лъэныкъуэ зэрызкӀэ ещӀэн. [Алыджыкъуэ] ЛӀыжьыр хусакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу. МелыӀыч, 446. Лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн (2). ЗэрагъэпщитӀым языр щынэхъыкӀэм, нэхъ Ӏейм, нэхъ мыхьэнэншэм деж къагъэсэбэп. Рахьим и лъакъуэм къыщӀэху ятӀэм и уасэкъым Елдар. Хъуэпсэгъуэ нур, 272. Лъакъуэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъэр щӀэщӀэн. Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. ☐ Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ (1). Жьы хъуа цӀыхум е лъэрымыхьым хужаӀэ. Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ [Сэид]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. ◊ Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ (6). Еплъ щхьэж. [И] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу (8). Еплъ щхьэ закъуэ. ☐ Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ (2). Еплъ щхьэ I.