къэгъэувын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къегъэув)
1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэувын.
Иласи псынщӀэу тэрэзэ къихьри гупхэм деж къигъэуващ— МелыӀыч, 471
2. Зыгуэрым къулыкъу гуэр етын.
Аслъэным и щхьэр къытричу жимыӀэ щхэкӀэ кхъуэпӀащэм жригъэӀэнур нэгъуэщӀт: кхъухьыпщу аслъэныр дгъэувмэ, ди Ӏуэхур нэхъ тэмэм хъуну къызолъытэ, жиӀэу къигъэувыну арат, арщхьэкӀэ модрейм абы гу лъитакъым.— Кхъухь пхэнж, 500
3. Зыгуэр щыхьэт щӀын.
[Жыраслъэн:] Пэжкъым жиӀэу езы Къундет къэвгъэувыт, фи фӀэщ мыхъумэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 90
Kitapta geçtiği hali
КЪЭГЪЭУВЫН (къегъэув) лъэӀ. (7). 1. (1). Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэувын. Иласи псынщӀэу тэрэзэ къихьри гупхэм деж къигъэуващ. МелыӀыч, 471. 2. (1). Зыгуэрым къулыкъу гуэр етын. Аслъэным и щхьэр къытричу жимыӀэ щхэкӀэ кхъуэпӀащэм жригъэӀэнур нэгъуэщӀт: кхъухьыпщу аслъэныр дгъэувмэ, ди Ӏуэхур нэхъ тэмэм хъуну къызолъытэ, жиӀэу къигъэувыну арат, арщхьэкӀэ модрейм абы гу лъитакъым. Кхъухь пхэнж, 500. 3. (1). Зыгуэр щыхьэт щӀын. [Жыраслъэн:] Пэжкъым жиӀэу езы Къундет къэвгъэувыт, фи фӀэщ мыхъумэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 90. ◊ Ӏэнэ къэгъэувын (7). Еплъ Ӏэнэ. СтӀол къэгъэувын (1). Еплъ стӀол.