къыщӀэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыщӀокӀ)
1. Зыгуэрым и щӀагъыр, лъабжьэр е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀыр къэбгынэн.
рувыйти из чего-л., из-под чего-л.
Фызым жиӀар щызэхихым, щӀопщыр иӀыгъыу .. лӀыр унэм къыщӀэкӀащ.— Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
2. КъыщӀидзын, къэнэхуэн, зэрыщыт дыдэр наӀуэ, ӀупщӀ хъун.
рувыявиться, стать явным
Кулибиныр мы-Кулибину, атӀэ Краснодуб Николай Герасимовичу къыщӀэкӀащ.— Теунэ Хьэчим
3. Зыгуэрым и уасэм пэлъэщын, къызэращэхунур хурикъун.
руоказаться доступным по цене в пределах какой-л. суммы
И ахъшэм шырэ фащэрэ къыщӀэкӀащ.— ӀуэрыӀуатэ
4. Есэп щӀыуэрэ бжыгэ гуэр къэгуэтын.
руполучиться в результате сложения или вычитания
Бжыгъэ зэхалъхьам къыщӀэкӀын.
5. Зыгуэрым къыщӀэхузыкӀа хъун (шхуэлым).
рувыдоиться
Ар хывыфӀт, шэ куэд къыщӀэкӀырт.— КъардэнгъущӀ Зырамыку
Kitapta geçtiği hali
къыщӀэкӀын (къыщӀокӀ) неперех. гл. 1. выйти из чего-л., из-под чего-л. / Зыгуэрым и щӀагъыр, лъабжьэр е псэуалъэ с. ху. я кӀуэцӀыр къэбгынэн. * Фызым жиӀар щызэхихым, щӀопщыр иӀыгъыу .. лӀыр унэм къыщӀэкӀащ. Таур. хъыб. 2. выявиться, стать явным / КъыщӀидзын, къэнэхуэн, зэрыщыт дыдэр наӀуэ, ӀупщӀ хъун. * Кулибиныр мы-Кулибину, атӀэ Краснодуб Николай Герасимовичу къыщӀэкӀащ. Т. Хь. 3. оказаться доступным по цене в пределах какой-л. суммы / Зыгуэрым и уасэм пэлъэщын, къызэращэхунур хурикъун. * И ахъшэм шырэ фащэрэ къыщӀэкӀащ. фольк. 4. получиться в результате сложения или вычитания / Есэп щӀыуэрэ бжыгэ гуэр къэгуэтын. Бжыгъэ зэхалъхьам къыщӀэкӀын. 5. выдоиться / Зыгуэрым къыщӀэхузыкӀа хъун (шхуэлым). * Ар хывыфӀт, шэ куэд къыщӀэкӀырт. Къ. З. Мазэр къыщӀэкӀын см. мазэ. Къалэмыпэм къыщӀэкӀын см. къалэмыпэ. Ӏэдакъэм къыщӀэкӀын см. Ӏэдакъэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыщӀокӀ)
1. Зы щӀагъ гуэр къэбгынэн.
ТӀэкӀу дэкӀри писырыр къыщӀэкӀащ, джанэ хуабэ фӀэкӀ щымыгъыу.— Нэгъуху, 49
+1 örnek
Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
2. КъыщӀэжын.
ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593
+1 örnek
Сигу Ӏейуэ, слъагъумэ нэ фӀыцӀэшхуэр, Си губжьыр фӀыкӀэ зызохъуэкӀыр, Гум щӀыхьэу сыгъми сыдыхьэшхми, Зы нэпсщ тӀум щыгъуи нэм къыщӀэкӀыр.— Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71
3. КъыщӀидзын, зэрыщыт дыдэр наӀуэ къэхъун.
Бэзэр гъуэгукӀэ зэджэр гъуэгу гузэвэгъуэу къыщӀэкӀащ.— Нал къута, 222
+2 örnek
Бгыжьхэм благъэу телъхэщ уэсыр, Фызыжь цӀыкӀуу унэм щӀэсыр И щхьэ закъуэу къыщӀэкӀащ. «— Елбэздыкъуэ, 10
Зэанэзэкъуэр зэщхьыркъабзэу къыщӀэкӀащ: щӀалэм хъыджэбзыр къигъапцӀэри зэришащ, иджы пцӀы гъущэ защӀэкӀэ хейуэ хэкӀыну и мурадщ, и анэм псори ещӀэ, арщхьэкӀэ и къуэм щхьэкӀэ къэхэшэн?— Лъапсэ, 26
4. Зыгуэру щыту къыщыхъун.
ХьэщӀэр жьакӀуэу къыщӀэкӀынти, гурыӀуэгъуэу псалъэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664
+2 örnek
Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам [Бекъан] и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу.— Къалэн, 430
– Иджыуэ къыщӀэкӀынщ си лӀэгъуэр къыщысар, - жиӀэу Шаукэт зигъэгукъыдэмыжу бжэӀупэм Ӏусу, къадым лӀы къыхуегъакӀуэ: - Къыпхуейщи, накӀуэ.— Аргъуей, 386
5. Зыгуэрым уасэу къыпэкӀуэн. -21.
Дорофеич джанэр ищэри къыщӀэкӀар ирифауэ къэсыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625
+2 örnek
Ӏэщ къищэхумэ [Бекъан], лыр ищэурэ хъарзынэу псэут, фейдэ гъуэзэджэ къригъэщӀт, фэ къомри ишыужт, вакъапхъэ къыхигъэжурэ ищэжырт, абыи ахъшэфӀ къыщӀэкӀырт.— Къалэн, 427
Щымыхъужым, зыгуэрым иращэри, ахъшэ къыщӀэкӀам щыщ сомитхур [Апчарэ] и дэлъхум хуигъэхьащ, адрейм и анэм щитӀэгъэн вакъитӀ къыщӀэкӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 20
6. Зыгуэрым къыщӀэхузыкӀа хъун (п.п. шхуэлым).
ЧыцӀ зыщӀэфым шэуэ щӀэтыр къует, чыцӀ зыщӀэмыфым шэ къащӀэмыкӀ хуэдэу защӀ.— Лъапсэ, 55
+1 örnek
ПӀытӀу жэмым и пщэм теуӀуати сабэр къыдрихуеящ, упщӀэжь яутхыпщӀ хуэдэ, шэуэ къыщӀэкӀым жьибл игъэнщӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 16
7. Къэунэхун.
Сэнтхым дэкӀыу гъуэгур егъэзыхыгъуэ щыхъум, мазэр къыщӀэкӀри дунейр нэху къищӀащ, тенджыз дыдэр бдзапцӀэ гъэткӀуам ещхьу плъагъуу.— Лъапсэ, 35
+2 örnek
ГушыӀэныр щӀамыгъачэу Нэхущвагъуэри къыщӀокӀ, Астрономхэм я Ӏэтащхьэм Мы зы псалъэр и гум къокӀ: - ФыгушыӀэу фэ жыфӀахэм Фигу къивгъанэ хэтщи пэж: Мо Шыхулъагъуэр шкӀэ хужыпӀэ Дэ щытщӀынур мыжыжьэж.— Астроном станц. «Мывэ хуабэ», 102
Мис а уэшх иныр блэкӀащи, Дыгъэр укӀытэу къыщӀокӀ, Псыхьэлыгъуэ цӀыкӀухэр уэр хъуащи, Уэрэд жаӀэныр ялъокӀ.— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭКӀЫН (къыщӀокӀ) лъэмыӀ. (537). 1. (71). Зы щӀагъ гуэр къэбгынэн. ТӀэкӀу дэкӀри писырыр къыщӀэкӀащ, джанэ хуабэ фӀэкӀ щымыгъыу. Нэгъуху, 49. Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. 2. (10). КъыщӀэжын. ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593. Сигу Ӏейуэ, слъагъумэ нэ фӀыцӀэшхуэр, Си губжьыр фӀыкӀэ зызохъуэкӀыр, Гум щӀыхьэу сыгъми сыдыхьэшхми, Зы нэпсщ тӀум щыгъуи нэм къыщӀэкӀыр. Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71. 3. (171). КъыщӀидзын, зэрыщыт дыдэр наӀуэ къэхъун. Бэзэр гъуэгукӀэ зэджэр гъуэгу гузэвэгъуэу къыщӀэкӀащ. Нал къута, 222. Бгыжьхэм благъэу телъхэщ уэсыр, Фызыжь цӀыкӀуу унэм щӀэсыр И щхьэ закъуэу къыщӀэкӀащ. «Елбэздыкъуэ», 10. Зэанэзэкъуэр зэщхьыркъабзэу къыщӀэкӀащ: щӀалэм хъыджэбзыр къигъапцӀэри зэришащ, иджы пцӀы гъущэ защӀэкӀэ хейуэ хэкӀыну и мурадщ, и анэм псори ещӀэ, арщхьэкӀэ и къуэм щхьэкӀэ къэхэшэн? Лъапсэ, 26. 4. (256). Зыгуэру щыту къыщыхъун. ХьэщӀэр жьакӀуэу къыщӀэкӀынти, гурыӀуэгъуэу псалъэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам [Бекъан] и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу. Къалэн, 430. – Иджыуэ къыщӀэкӀынщ си лӀэгъуэр къыщысар, - жиӀэу Шаукэт зигъэгукъыдэмыжу бжэӀупэм Ӏусу, къадым лӀы къыхуегъакӀуэ: - Къыпхуейщи, накӀуэ. Аргъуей, 386. 5. (7). Зыгуэрым уасэу къыпэкӀуэн. Дорофеич джанэр ищэри къыщӀэкӀар ирифауэ къэсыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Ӏэщ къищэхумэ [Бекъан], лыр ищэурэ хъарзынэу псэут, фейдэ гъуэзэджэ къригъэщӀт, фэ къомри ишыужт, вакъапхъэ къыхигъэжурэ ищэжырт, абыи ахъшэфӀ къыщӀэкӀырт. Къалэн, 427. Щымыхъужым, зыгуэрым иращэри, ахъшэ къыщӀэкӀам щыщ сомитхур [Апчарэ] и дэлъхум хуигъэхьащ, адрейм и анэм щитӀэгъэн вакъитӀ къыщӀэкӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 20-21. 6. (3). Зыгуэрым къыщӀэхузыкӀа хъун (п.п. шхуэлым). ЧыцӀ зыщӀэфым шэуэ щӀэтыр къует, чыцӀ зыщӀэмыфым шэ къащӀэмыкӀ хуэдэу защӀ. Лъапсэ, 55. ПӀытӀу жэмым и пщэм теуӀуати сабэр къыдрихуеящ, упщӀэжь яутхыпщӀ хуэдэ, шэуэ къыщӀэкӀым жьибл игъэнщӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 16. 7. (15). Къэунэхун. Сэнтхым дэкӀыу гъуэгур егъэзыхыгъуэ щыхъум, мазэр къыщӀэкӀри дунейр нэху къищӀащ, тенджыз дыдэр бдзапцӀэ гъэткӀуам ещхьу плъагъуу. Лъапсэ, 35. ГушыӀэныр щӀамыгъачэу Нэхущвагъуэри къыщӀокӀ, Астрономхэм я Ӏэтащхьэм Мы зы псалъэр и гум къокӀ: - ФыгушыӀэу фэ жыфӀахэм Фигу къивгъанэ хэтщи пэж: Мо Шыхулъагъуэр шкӀэ хужыпӀэ Дэ щытщӀынур мыжыжьэж. Астроном станц. «Мывэ хуабэ», 102. Мис а уэшх иныр блэкӀащи, Дыгъэр укӀытэу къыщӀокӀ, Псыхьэлыгъуэ цӀыкӀухэр уэр хъуащи, Уэрэд жаӀэныр ялъокӀ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110. ◊ [И] Ӏэдакъэ къыщӀэкӀын (3). Еплъ Ӏэдакъэ. Ӏэпэм къыщӀэкӀын (1). Еплъ Ӏэпэ.