ихьэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

girmek
DoğuихьэндыхьэнщӀыхьэн
BatıихьандэхьанчӀэхьан
Kitapta geçtiği hali

ихьан/ихьэн; GİRMEK

дэхьан/дыхьэн (дэхьэ/дохьэ); ихьан/ ихьэн, (ехьэ/йохьэ); чӀэхьан/щӀыхьэн (чӀэхьэ/щӀохьэ); GİRMEK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йохьэ)

Зыгуэрым и кӀуэцӀым ибэкъуэн.

рувойти, проникнуть куда-л., внутрь чего-л.

Утыкум ихьэн. НысащӀэр Ӏуэм ихьащ, хывхэр къишыну.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

(ирехьэ)

Зыгуэр Ӏыгъыу зыщӀыпӀэ ибэкъуэн.

рувнести кого-чего-л. куда-л., внутрь, в середину чего-л.

Ныпыр утыкум ирахьэ.

Bu maddedeki ifadeler (2)

емынэр зи унэ ихьэн

ру{И} мэсхьэб ихьэн см. мэсхьэб. {И} тхьэкӀумэм имыгъэхьэн (имыхьэн) см. тхьэкӀумэ. Утыку ихьэн см. утыку. ШэсыпӀэ ихьэн к.-з.

Еплъ: емынэ. {и} мэсхьэб ихьэн, мэсхьэб. {и} тхьэкӀумэм имыгъэхьэн (имыхьэн), тхьэкӀумэ. утыку ихьэн, утыку. шэсыпӀэ ихьэн

шэсыпӀэ. {и} щхьэм ихьэн

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

ихьэн I (йохьэ) неперех. гл. войти, проникнуть куда-л., внутрь чего-л. / Зыгуэрым и кӀуэцӀым ибэкъуэн. * Утыкум ихьэн. НысащӀэр Ӏуэм ихьащ, хывхэр къишыну. Ад. фольк. Емынэр зи унэ ихьэн см. емынэ. {И} мэсхьэб ихьэн см. мэсхьэб. {И} тхьэкӀумэм имыгъэхьэн (имыхьэн) см. тхьэкӀумэ. Утыку ихьэн см. утыку. ШэсыпӀэ ихьэн к.-з. шэсыпӀэ. {И} щхьэм ихьэн см. щхьэ. II (ирехьэ) перех. гл. внести кого-чего-л. куда-л., внутрь, в середину чего-л. / Зыгуэр Ӏыгъыу зыщӀыпӀэ ибэкъуэн. Ныпыр утыкум ирахьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йохьэ)

1. ЗыщӀыпӀэ ибэкъуэн.

Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уащӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсхьащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уи гур хегъахъуэ».— Кхъэлэгъунэ, 375

+2 örnek

Ауэрэ нэхущым нэсауэ жэмыр къишыну фыз гуэр Ӏуэм ихьащ.— Лъапсэ, 51

[Фэуаз:] Пшапэр зэхэуэмэ къуршым дихьэнщи, увыӀэпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

2. Зыгуэрым и кӀуэцӀым къыщыхутэн.

Ди анэжь и унэм бийр йохьэ, И нэм къыфӀэнэр зэщӀекъуэ, ГъэунэхъуакӀуэр дищӀ къохьэ, Нэмысыншагъэу къыдищӀэр, Ди щӀышхуэм гуауэу щигуэшыр, Кумб нэпкъым лъыуэ щыжэщӀыр, Къуэм щызыукӀыр ди къуэшыр, А гуауэм и цӀэр фашизмэщ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38

Kitapta geçtiği hali

ИХЬЭН (йохьэ) лъэмыӀ. (45). 1. (42). ЗыщӀыпӀэ ибэкъуэн. Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уащӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсхьащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уи гур хегъахъуэ». Кхъэлэгъунэ, 375. Ауэрэ нэхущым нэсауэ жэмыр къишыну фыз гуэр Ӏуэм ихьащ. Лъапсэ, 51. [Фэуаз:] Пшапэр зэхэуэмэ къуршым дихьэнщи, увыӀэпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. 2. (3). Зыгуэрым и кӀуэцӀым къыщыхутэн. Ди анэжь и унэм бийр йохьэ, И нэм къыфӀэнэр зэщӀекъуэ, ГъэунэхъуакӀуэр дищӀ къохьэ, Нэмысыншагъэу къыдищӀэр, Ди щӀышхуэм гуауэу щигуэшыр, Кумб нэпкъым лъыуэ щыжэщӀыр, Къуэм щызыукӀыр ди къуэшыр, А гуауэм и цӀэр фашизмэщ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38.

Düzeltme Öner

ихьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.