емынэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

veba
Ortakемын(э)чума
Kitapta geçtiği hali

ЕМЫН(Э), ЧУМА; VEBA

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Уз шынагъуэ зэрыцӀалэхэм ящыщщ.

ручума

Ди щӀыпӀэ иным емынэр щыбэт.— ПащӀэ Бэчмырзэ

+1 örnek

Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж.— Псалъэжьхэр

2. Шынагъуэ, икъукӀэ ин, къаруушхуэ зиӀэ гуэр.

ручудовище

Дунейр зыкъутэу къакӀуэ емынэм Уэзырмэс щеплъыпэм, ар зы мэзылӀ шынагъуэ гуэру къыщӀэкӀащ.— Нартхэр

+1 örnek

Мыжыжьащэу зы Ӏэуэлъауэ шынагъуэ гуэр къыщыхъеящ. Пэж дыдэу, зы емынэ гуэр, мафӀэм хуэдэу лыду, абы нэшхуитӀ къеплъырт.— КӀэрашэ Тембот

1. ЦӀыху бланэ, хахуэ, хъыжьэ, жыджэр.

рубойкий, удалой, лихой (о человеке)

Ар афэ темыкӀуэщ, зыри зытемыкӀуэжщ. Джатэрыуэжьщ, Емынэжь шущ.— Нартхэр

+1 örnek

Жылэ гъунэм Ӏуту унэм Бгъэдолъадэ шу емынэ.— КӀыщокъуэ Алим

2. ФӀы, дэгъуэ.

рупросторечие хороший, качественный

Вакъэ емынэ къэсщэхуащ.

Bu maddedeki ifadeler (7)

емынэ къигъэкӀын

рураздуть из мухи слона.

емынэ къикӀын

руразгореться, разразиться (напр. о скандале).

емынэ техын

руиспытывать отвращение, отрицательные чувства к кому-л.

-А щӀалэр сигуми си псэми техуэркъым, емынэр тызох, -жиӀащ хъыджэбзым.— Черкес таурыхъхэр

емынэм ихьын

руумереть от чумы.

3 ifade daha

емынэр зи унэм ихьэн

ручерт тебя побери.

емынэр кӀуэцӀыхуэн

шэр кӀуэцӀыхуэн

емынэр къызыхуэкӀуэн

еиынэр зи унэм ихьэн

Kitapta geçtiği hali

емынэ I мед. чума / Уз шынагъуэ зэрыцӀалэхэм ящыщщ. * Ди щӀыпӀэ иным емынэр щыбэт. П. Б. Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж. (погов.) 2. переносное чудовище / Шынагъуэ, икъукӀэ ин, къаруушхуэ зиӀэ гуэр. * Дунейр зыкъутэу къакӀуэ емынэм Уэзырмэс щеплъыпэм, ар зы мэзылӀ шынагъуэ гуэру къыщӀэкӀащ. Нарт. Мыжыжьащэу зы Ӏэуэлъауэ шынагъуэ гуэр къыщыхъеящ. Пэж дыдэу, зы емынэ гуэр, мафӀэм хуэдэу лыду, абы нэшхуитӀ къеплъырт. КӀ. Т. Емынэ къигъэкӀын раздуть из мухи слона. Емынэ къикӀын разгореться, разразиться (напр. о скандале). Емынэ техын к.-з. испытывать отвращение, отрицательные чувства к кому-л. * -А щӀалэр сигуми си псэми техуэркъым, емынэр тызох, -жиӀащ хъыджэбзым. Черк. таур. Емынэм ихьын умереть от чумы. Емынэр зи унэм ихьэн черт тебя побери. Емынэр кӀуэцӀыхуэн=шэр кӀуэцӀыхуэн. Емынэр къызыхуэкӀуэн=еиынэр зи унэм ихьэн. II 1. бойкий, удалой, лихой (о человеке) / ЦӀыху бланэ, хахуэ, хъыжьэ, жыджэр. * Ар афэ темыкӀуэщ, зыри зытемыкӀуэжщ. Джатэрыуэжьщ, Емынэжь шущ. Нарт. Жылэ гъунэм Ӏуту унэм Бгъэдолъадэ шу емынэ. КӀ. А. 2. просторечие хороший, качественный / ФӀы, дэгъуэ. Вакъэ емынэ къэсщэхуащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Уз зэрыцӀалэ нэхъ шынагъуэхэм щыщщ.

Дэфэрэджи зыхуейр арати, нэхъ щэху зещӀ: Сэ зыкъытезгъэхуэнщ, емынэ уз къызэфыкӀ хуэдэу зысщӀынщи, сыгъуэгыу, зыслӀэжу ныбапхъэкӀэ сыщылъынщ, къывгурыӀуа?— Лъапсэ, 41

+1 örnek

Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж жыхуаӀэр арати, мо губгъуэ нэщӀ къомым къелар къалэ гъунэгъум щыкӀуэдыжащ, арыншэми ХьэтӀрэмтӀыгу къалэр цӀыху кӀуэдыпӀэшхуэу арат, псом хуэмыдэжу тырку пащтыхь ныкъуэу а къалэм Хьэсэн-пэщэ къызэрыдэтӀысхьэ лъандэрэ.— Лъапсэ, 30

2. Егъэлеяуэ шынагъуэ.

Мы щӀыпӀэр емынэ щӀыпӀэщ, джаур тӀысыпӀэщ.— Лъапсэ, 36

+1 örnek

Дыкъелащ, Алыхьым тщхьэщихащ емынэр, жаӀэу цӀыхухэр гуфӀэ щхьэкӀэ, зыми ищӀэртэкъым Шкуро а къуажэм и фэр зэрытрихынур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 285

3. ИкъукӀэ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ, бэлыхь.

Жылэ гъунэм Ӏуту унэм Бгъэдолъадэ шу емынэ.— Тисей, 485

+1 örnek

Сэ зэхызагъэхыну езыр-езыру ину зопсалъэ: «Хэту пӀэрэ жейм емызэгъ емынэ шырыр?»— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406

Deyimler (5)

емынэм зэрихуэн

Уи мыӀуэху зехуэн.

«Емынэм зэрихуэ фызхэр щхьэ къысщыхьауэ си ужь имыкӀрэ?» – жиӀэу Инус а къакӀуэхэмкӀэ плъэрт, ищӀэнур имыщӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76

емынэр зи унэм ихьэн

Унэхъун.

Щэрданхэ я унэм емынэ щӀихьа уи гугъэр сыт?— Хъуэпсэгъуэ нур, 300

+1 örnek

Дауэ, емынэр зи унэм ихьэн, узэрыхуэмызар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

емынэм ихьын

Емынэ узым илӀыкӀын. (2). МыхъумыщӀагъэ гуэр и гупсысэ хуэмыкӀуэу зыщӀыпӀэ кӀуэуэ къыщыщӀын.

Ди къуажэ щыщу емынэм ихьар куэдыжьщ, сощӀэ зэрызыщӀын хуейр.— Лъапсэ, 41

+1 örnek

[Дэфэрэдж щӀэупщӀати:] – ХьэгъуэлӀыгъуэ сыщыӀэу, – жиӀащ зэщыджэу, – емынэм сихуат, сыщӀэкӀуар сытыт.— Лъапсэ, 33

емынэм укъихуа

УкъыщӀэкӀуар сыт?, мыбы уи Ӏуэху щыӀэ?

– ЛӀо уэри мыбы щыпщӀэр, емынэм укъихуа, хьэмэ укъыщывэну укъэкӀуа? – жиӀэри [Аралпым Елдар зыхуигъазэу].— Хъуэпсэгъуэ нур, 105

+1 örnek

ЛӀым и нэкӀур зэщӀэкӀэжат, и пэшхуэри пыущхъуэнтӀыкӀат, и нэ фӀыцӀэшхуитым сыщӀэплъэмэ, «емынэм укъихуа – мыбы нэс щхьэ укъэджэда»?— МелыӀыч, 450

емынэ шыр

Дырийпсырий; зэраншу.

[Дэфэрэдж:] А емынэ шырым [Ботэх] зыхыхьэ псыр игъэутхъуэу къежыхь, езым иригъэтхауэ щыта запискэ тӀэкӀур къигъуэтыжмэ, укъэслъэгъуакъым, сыплъэгъужакъым— Лъапсэ, 26

+1 örnek

– КъамэмкӀэ умыджэгу, емынэ шыр! – жиӀэри дыгъурыгъу нэхъ мышынэ гуэр Гуащэ къыбгъэдэхутащ, лъэщыгъэкӀэ къамэр къыӀэщӀихын и хьисэпу.— Лъапсэ, 38

Atasözleri (1)

емынэм къелар хъумбылейм ехьыж

Зы гузэвэгъуэм укъел щхьэкӀэ, нэгъуэщӀи къэкӀуэнкӀэ хъунущ жыхуиӀэщ.

Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж жыхуаӀэр арати, мо губгъуэ нэщӀ къомым къелар къалэ гъунэгъум щыкӀуэдыжащ, арыншэми ХьэтӀрэмтӀыгу къалэр цӀыху кӀуэдыпӀэшхуэу арат, псом хуэмыдэжу тырку пащтыхь ныкъуэу а къалэм Хьэсэн-пэщэ къызэрыдэтӀысхьэ лъандэрэ— Лъапсэ, 30

+1 örnek

[Алыджыкъуэ шоферым жреӀэ:] Дэ емынэм дыкъелауэ хъумбылейм дихьыж пэтащ. Си фӀэщ хъуркъым щӀыӀэ тхэмыхьауэ— МелыӀыч, 437

Kitapta geçtiği hali

ЕМЫНЭ (22). 1. (2). мед. Уз зэрыцӀалэ нэхъ шынагъуэхэм щыщщ. Дэфэрэджи зыхуейр арати, нэхъ щэху зещӀ: Сэ зыкъытезгъэхуэнщ, емынэ уз къызэфыкӀ хуэдэу зысщӀынщи, сыгъуэгыу, зыслӀэжу ныбапхъэкӀэ сыщылъынщ, къывгурыӀуа? Лъапсэ, 41. Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж жыхуаӀэр арати, мо губгъуэ нэщӀ къомым къелар къалэ гъунэгъум щыкӀуэдыжащ, арыншэми ХьэтӀрэмтӀыгу къалэр цӀыху кӀуэдыпӀэшхуэу арат, псом хуэмыдэжу тырку пащтыхь ныкъуэу а къалэм Хьэсэн-пэщэ къызэрыдэтӀысхьэ лъандэрэ. Лъапсэ, 30. 2. (11). Егъэлеяуэ шынагъуэ. Мы щӀыпӀэр емынэ щӀыпӀэщ, джаур тӀысыпӀэщ. Лъапсэ, 36. Дыкъелащ, Алыхьым тщхьэщихащ емынэр, жаӀэу цӀыхухэр гуфӀэ щхьэкӀэ, зыми ищӀэртэкъым Шкуро а къуажэм и фэр зэрытрихынур. Хъуэпсэгъуэ нур, 285. 3. (9). зэхь. ИкъукӀэ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ, бэлыхь. Жылэ гъунэм Ӏуту унэм Бгъэдолъадэ шу емынэ. «Тисей», 485. Сэ зэхызагъэхыну езыр-езыру ину зопсалъэ: «Хэту пӀэрэ жейм емызэгъ емынэ шырыр?» ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. ◊ Емынэм зэрихуэн (3). Уи мыӀуэху зехуэн. «Емынэм зэрихуэ фызхэр щхьэ къысщыхьауэ си ужь имыкӀрэ?» – жиӀэу Инус а къакӀуэхэмкӀэ плъэрт, ищӀэнур имыщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 76. Емынэр зи унэм ихьэн (3). Унэхъун. Щэрданхэ я унэм емынэ щӀихьа уи гугъэр сыт? Хъуэпсэгъуэ нур, 300. Дауэ, емынэр зи унэм ихьэн, узэрыхуэмызар? Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Емынэм ихьын (1). Емынэ узым илӀыкӀын. Ди къуажэ щыщу емынэм ихьар куэдыжьщ, сощӀэ зэрызыщӀын хуейр. Лъапсэ, 41. (2). МыхъумыщӀагъэ гуэр и гупсысэ хуэмыкӀуэу зыщӀыпӀэ кӀуэуэ къыщыщӀын. [Дэфэрэдж щӀэупщӀати:] – ХьэгъуэлӀыгъуэ сыщыӀэу, – жиӀащ зэщыджэу, – емынэм сихуат, сыщӀэкӀуар сытыт. Лъапсэ, 33. Емынэм укъихуа (2). УкъыщӀэкӀуар сыт?, мыбы уи Ӏуэху щыӀэ? – ЛӀо уэри мыбы щыпщӀэр, емынэм укъихуа, хьэмэ укъыщывэну укъэкӀуа? – жиӀэри [Аралпым Елдар зыхуигъазэу]. Хъуэпсэгъуэ нур, 105. ЛӀым и нэкӀур зэщӀэкӀэжат, и пэшхуэри пыущхъуэнтӀыкӀат, и нэ фӀыцӀэшхуитым сыщӀэплъэмэ, «емынэм укъихуа – мыбы нэс щхьэ укъэджэда»? МелыӀыч, 450. ☐ Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж (2). Зы гузэвэгъуэм укъел щхьэкӀэ, нэгъуэщӀи къэкӀуэнкӀэ хъунущ жыхуиӀэщ. Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж жыхуаӀэр арати, мо губгъуэ нэщӀ къомым къелар къалэ гъунэгъум щыкӀуэдыжащ, арыншэми ХьэтӀрэмтӀыгу къалэр цӀыху кӀуэдыпӀэшхуэу арат, псом хуэмыдэжу тырку пащтыхь ныкъуэу а къалэм Хьэсэн-пэщэ къызэрыдэтӀысхьэ лъандэрэ. Лъапсэ, 30. [Алыджыкъуэ шоферым жреӀэ:] Дэ емынэм дыкъелауэ хъумбылейм дихьыж пэтащ. Си фӀэщ хъуркъым щӀыӀэ тхэмыхьауэ… МелыӀыч, 437. ◊ Емынэ шыр (2). Дырийпсырий; зэраншу. [Дэфэрэдж:] А емынэ шырым [Ботэх] зыхыхьэ псыр игъэутхъуэу къежыхь, езым иригъэтхауэ щыта запискэ тӀэкӀур къигъуэтыжмэ, укъэслъэгъуакъым, сыплъэгъужакъым. Лъапсэ, 26. – КъамэмкӀэ умыджэгу, емынэ шыр! – жиӀэри дыгъурыгъу нэхъ мышынэ гуэр Гуащэ къыбгъэдэхутащ, лъэщыгъэкӀэ къамэр къыӀэщӀихын и хьисэпу. Лъапсэ, 38.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

korkusuz kuvvetli

Düzeltme Öner

емынэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.