зехуэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

sürmekaraba sürmek
Doğuзехуэнхун
Batıзефэнфын
Kitapta geçtiği hali

зефэн/зехуэн, хун/фын; SÜRMEK (araba ~)

зехуэн/зефэн, хун/фын; SÜRMEK (araba ~)

фын/хун (ефы/еху), зефэн/зехуэн (зэрефэ/зэрехуэ); SÜRMEK (araba ~)

хун/фын, зефэн/зехуэн;SÜRMEK (araba ~)

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зэрехуэ)

1. Зыгуэр къехуэкӀын, мыгъэтыншын.

руподвергать гонению, преследовать кого-л.

Зэрахъуэу щыта пэтми, тхэныр щимыгъэту усэщӀэхэр, уэрэдыщӀэхэр абы {Бэчмырзэ} зэхилъхьащ. П. Б.

2. Ӏэщ, джэдкъаз гъэхъун, Ӏыгъын.

рувыращивать, растить (скот, птицу)

МэкъумэшыщӀэхэм Ӏэщ зэрахуэ хъуртэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэщ зепхуэн щхьэкӀэ, щӀы куэд уиӀэн хуейт. Ижь. д. и ист.

3. Гу, трактор, машинэ сыт хуэдэхэр зегъэкӀуэн, абыхэм ирилэжьэн.

руводить что-л., управлять чем-л.

Ауэ лӀыжьыр ярейт къыхуалъхуами выгу зехуэным. Е. К.

4. Зыгуэр щӀэн, лэжьын, зыгуэрым иужь итын.

рузаниматься чем-л., делать что-л.

Хьэмид зэрихуэр къыпхуэщӀэнутэкъым, псоми и Ӏуэхур ящебзыщӀ. Ӏуащхь.

5. Зыгуэрым пэубыдынӀа, ерыщу яужь итын.

рудонимать кого-л. чем-л. (напр. настойчивой просьбой)

Хъуэжэ гуэным и ӀункӀыбзэр къызэт жеӀэри и фызыр хигъэзыхьауэ зэрехуэ. фольк.

Bu maddedeki ifadeler (3)

лъэужь зехуэн

Еплъ: лъэужь

{и} щхьэ хуэфӀын зехуэн

Еплъ: щхьэ

{и} щхьэ Ӏуэху зехуэн

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

зехуэн (зэрехуэ) перех. гл. 1. подвергать гонению, преследовать кого-л. / Зыгуэр къехуэкӀын, мыгъэтыншын. Зэрахъуэу щыта пэтми, тхэныр щимыгъэту усэщӀэхэр, уэрэдыщӀэхэр абы {Бэчмырзэ} зэхилъхьащ. П. Б. 2. выращивать, растить (скот, птицу) / Ӏэщ, джэдкъаз гъэхъун, Ӏыгъын. МэкъумэшыщӀэхэм Ӏэщ зэрахуэ хъуртэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэщ зепхуэн щхьэкӀэ, щӀы куэд уиӀэн хуейт. Ижь. д. и ист. 3. водить что-л., управлять чем-л. / Гу, трактор, машинэ сыт хуэдэхэр зегъэкӀуэн, абыхэм ирилэжьэн. Ауэ лӀыжьыр ярейт къыхуалъхуами выгу зехуэным. Е. К. 4. заниматься чем-л., делать что-л. / Зыгуэр щӀэн, лэжьын, зыгуэрым иужь итын. Хьэмид зэрихуэр къыпхуэщӀэнутэкъым, псоми и Ӏуэхур ящебзыщӀ. Ӏуащхь. 5. переносное донимать кого-л. чем-л. (напр. настойчивой просьбой) / Зыгуэрым пэубыдынӀа, ерыщу яужь итын. Хъуэжэ гуэным и ӀункӀыбзэр къызэт жеӀэри и фызыр хигъэзыхьауэ зэрехуэ. фольк. Лъэужь зехуэн см. лъэужь. {И} щхьэ хуэфӀын зехуэн см. щхьэ. {И} щхьэ Ӏуэху зехуэн см. щхьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зэрехуэ)

1. КъехуэкӀын, мыгъэтыншын.

Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъалъхуауи зэм къысфӀощӀ.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59

+2 örnek

ЩӀэпӀэщӀэни щыӀэкъым, шэджагъуэр нэсыпатэкъыми, армырами зезыхуэр сыт, ирепӀащӀэ зи мэкъумэш губгъуэм къинар, ирепӀащӀэ къуажэ старшынэу Гъуумар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 199

[Исхьэкъ Инал жриӀэу:]Уэлэхьи, сызезыхуэр сымыщӀэж, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671

2. Гъэхъун (Ӏэщ, джэдкъаз с.ху.).

[Астемыр Бэлацэ щхьэкӀэ жиӀэу:]– ЛэжьакӀуэфӀым шы Ӏей зэрихуэн?— Хъуэпсэгъуэ нур, 265

+2 örnek

Ӏэщуи яхуземыхуэн къагъэнакъым, ауэ мэкъумылэр къемэщӀэкӀынущи, дыгъапӀэм Ӏэщ щагъэхъуурэ щӀымахуэр ирахынщ.— Нал къута, 298

И унэгуащэ Жангулэз жыпӀэнущи, абы ищӀэн егъуэт, хадэхэкӀым и ужь итщ, джэдкъаз зэрехуэ, жэм яӀэщи гъэшыр зэгъэзэхуэн хуейщ.— КӀапсэ кӀапэ, 6

3. Зыгуэрым и ужь итын.

Къуажэм хъыбар щыӀуащ Нурхьэлий и Ӏуэху зэрихуэн щигъэтри ротмистрыр дэкӀуэсыкӀыжащ, жаӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 241

+2 örnek

[Думэсарэ Астемыр жриӀэу:] – Ӏуэху бэлыхь гуэр зыбохуэ, ауэ уэ зепхуэм тхьэм фӀы къытхухигъэкӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232

[Думэсарэ Астемыр жриӀэу:] Алыхь, абрэджи зепхуэу, цӀыхури ебгъаджэу а тӀур зэдэмыхъуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518

4. Гъэхъеин, гъэсысын, щӀэупскӀэн.

Нартыхур, мэзым хуэдэу, хадэм итт, жьыбгъэ тӀэкӀу къыкъуэумэ, нартыху бзий инхэр зэрихуэу.— Нал къута, 209

+2 örnek

Ток бутӀыпщым шайр къегъавэ, ТоккӀэ мэлри фермэм ящыр, ТоккӀэ куэдым я щӀыр явэ, ИӀэт фщэхут хьэпшыпыфӀыр, Мыр щащэр къалэт япэ, Ауэ нобэ дэри къалэ Дохъур, дауи, ар ди гуапэщ – Хэт хуэмыхуи ток егъэшхи Щхьэлым хуэдэу зэрихуэнущ, Нэхъ жыджэрыр лъэщӀэмыхьэу…— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33

Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу.— Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97

5. ЗегъэкӀуэн, ирилэжьэн. –547.

[«Москвичым» щӀэщӀа витӀыр ерагъыу къакӀуэрт] ВытӀощыщӀэр щӀалэ цӀыкӀуу витӀыр зезыхуэм иӀыгърэ выр чачэу къэзылъэфыр езыра хуэдэу къеӀэу.— КӀапсэ кӀапэ, 5

+2 örnek

Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну, е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546

Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си

Deyimler (2)

[уи] мыӀуэху зехуэн

Еплъ: Ӏуэху

хьэ зэрахуэм къилъхуа

Еплъ: хьэ

Kitapta geçtiği hali

ЗЕХУЭН (зэрехуэ) лъэӀ. (27). 1. (8). КъехуэкӀын, мыгъэтыншын. Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъалъхуауи зэм къысфӀощӀ. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. ЩӀэпӀэщӀэни щыӀэкъым, шэджагъуэр нэсыпатэкъыми, армырами зезыхуэр сыт, ирепӀащӀэ зи мэкъумэш губгъуэм къинар, ирепӀащӀэ къуажэ старшынэу Гъуумар. Хъуэпсэгъуэ нур, 199. [Исхьэкъ Инал жриӀэу:]Уэлэхьи, сызезыхуэр сымыщӀэж, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671. 2. (5). Гъэхъун (Ӏэщ, джэдкъаз с.ху.). [Астемыр Бэлацэ щхьэкӀэ жиӀэу:]– ЛэжьакӀуэфӀым шы Ӏей зэрихуэн? Хъуэпсэгъуэ нур, 265. Ӏэщуи яхуземыхуэн къагъэнакъым, ауэ мэкъумылэр къемэщӀэкӀынущи, дыгъапӀэм Ӏэщ щагъэхъуурэ щӀымахуэр ирахынщ. Нал къута, 298. И унэгуащэ Жангулэз жыпӀэнущи, абы ищӀэн егъуэт, хадэхэкӀым и ужь итщ, джэдкъаз зэрехуэ, жэм яӀэщи гъэшыр зэгъэзэхуэн хуейщ. КӀапсэ кӀапэ, 6. 3. (4). Зыгуэрым и ужь итын. Къуажэм хъыбар щыӀуащ Нурхьэлий и Ӏуэху зэрихуэн щигъэтри ротмистрыр дэкӀуэсыкӀыжащ, жаӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 241. [Думэсарэ Астемыр жриӀэу:] – Ӏуэху бэлыхь гуэр зыбохуэ, ауэ уэ зепхуэм тхьэм фӀы къытхухигъэкӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. [Думэсарэ Астемыр жриӀэу:] Алыхь, абрэджи зепхуэу, цӀыхури ебгъаджэу а тӀур зэдэмыхъуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. 4. (5). Гъэхъеин, гъэсысын, щӀэупскӀэн. Нартыхур, мэзым хуэдэу, хадэм итт, жьыбгъэ тӀэкӀу къыкъуэумэ, нартыху бзий инхэр зэрихуэу. Нал къута, 209. Ток бутӀыпщым шайр къегъавэ, ТоккӀэ мэлри фермэм ящыр, ТоккӀэ куэдым я щӀыр явэ, ИӀэт фщэхут хьэпшыпыфӀыр, Мыр щащэр къалэт япэ, Ауэ нобэ дэри къалэ Дохъур, дауи, ар ди гуапэщ – Хэт хуэмыхуи ток егъэшхи Щхьэлым хуэдэу зэрихуэнущ, Нэхъ жыджэрыр лъэщӀэмыхьэу… Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33. Лъапсэр къыщежьэр щӀэгъуейуэ, Псыхэр къохуэхыр губжьауэ, Жьыбгъэм зэрихуэм ещхьыфэу, ТкӀуэпсхэр долъей къызэдэфэу. Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 97. 5. (5). ЗегъэкӀуэн, ирилэжьэн. [«Москвичым» щӀэщӀа витӀыр ерагъыу къакӀуэрт] ВытӀощыщӀэр щӀалэ цӀыкӀуу витӀыр зезыхуэм иӀыгърэ выр чачэу къэзылъэфыр езыра хуэдэу къеӀэу. КӀапсэ кӀапэ, 5. Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну, е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546–547. Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си ◊ [Уи] мыӀуэху зехуэн (1). Еплъ Ӏуэху. Хьэ зэрахуэм къилъхуа (2). Еплъ хьэ I.

Düzeltme Öner

зехуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.