лъэужь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
лъагъо/лъагъуэ, ужы/ужь, лъэуж/лъэужь, СЛЕД; İZ
лъэуж/лъэужь → лъагъо; İZ (ayak ~i)
лъэужь/лъэуж → лъагъо; İZ (ayak ~i)
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъагъо
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыгуэр зэрыкӀуам къытенэ лъэувыпӀэ, ирикӀуапӀэ, лъакъуапӀэ.
руслед
Уэс къесагъащӀэм белджылыуэ къыхэщырт тхьэкӀумэкӀыхь лъэужь зэрыхъахэр.— Ӏуащхьэмахуэ
2. ЦӀыхум гъащӀэм щищӀ лэжьыгъэхэмрэ абы мыхьэнэу иӀэмрэ.
руслед в жизни
ГъащӀэм лъэужь къыщыгъэнэн.
Bu maddedeki ifadeler (5)
лъэужь зехуэн (къехуэкӀын)
руискать кого-л.
лъэужь махуэ хъун
руоставить добрый след {на земле}.
лъэужь техьэн
рунапасть на чей-л. след.
КӀулинэ унэм щӀэмызагъэ хъури щӀыбым щӀэкӀащ, бэкхъми джэдэщми щылъыхъуащ, ауэ ар и пхъум и лъэужь гуэри техьакъым.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
лъэужьыр хун
ру1) гнаться за кем-л. по следу 2) повторить чью-л. судьбу.
Аращ тӀэ, сэри щӀалэхэм я лъэужьыр соху.— Ӏуащхьэмахуэ
лъэужьыр щӀэхъумэжын
рускрыть след.
Kitapta geçtiği hali
лъэужь 1. след / Зыгуэр зэрыкӀуам къытенэ лъэувыпӀэ, ирикӀуапӀэ, лъакъуапӀэ. * Уэс къесагъащӀэм белджылыуэ къыхэщырт тхьэкӀумэкӀыхь лъэужь зэрыхъахэр. Ӏуащхь. 2. переносное след в жизни / ЦӀыхум гъащӀэм щищӀ лэжьыгъэхэмрэ абы мыхьэнэу иӀэмрэ. ГъащӀэм лъэужь къыщыгъэнэн. Лъэужь зехуэн (къехуэкӀын) искать кого-л. Лъэужь махуэ хъун оставить добрый след {на земле}. Лъэужь техьэн напасть на чей-л. след. * КӀулинэ унэм щӀэмызагъэ хъури щӀыбым щӀэкӀащ, бэкхъми джэдэщми щылъыхъуащ, ауэ ар и пхъум и лъэужь гуэри техьакъым. Къ. Хь. Лъэужьыр хун 1) гнаться за кем-л. по следу 2) повторить чью-л. судьбу. * Аращ тӀэ, сэри щӀалэхэм я лъэужьыр соху. Ӏуащхь. Лъэужьыр щӀэхъумэжын скрыть след.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэр зэрыкӀуам къигъанэ лъэкъуапӀэ, лъэувыпӀэ.
ИлынцӀми мафӀэм лъэгъуп хужьыр, Сэ къыспэщыткъэ псыхъуэ Ӏэджэ, Бий псыхъуэ псыншэм шэрхъ лъэужьым Ит псыкӀэ птхьэщӀмэ, ар гъуэзэджэщ.— Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50
+2 örnek
Нурхьэлий къурӀэн иӀыгъыр япэ къежэлӀа гуэрым ӀэщӀидзэри, и занщӀэр и гъуэгуу къуажэмкӀэ иунэтӀащ, и лъакъуитӀым лъэужь ящӀыр, вагъэбдзумэ бгъузитӀым ещхьу, уэс зыхэтым къытенэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 157
[БырмамытӀ:] ЛӀищыр дыздэщытым къэзгъанэри, Шамум гъусэ сщӀыри къэзгъэзэжащ, ди лъэужьыр пшахъуэм щӀамыгъэнэж щӀыкӀэ псынэм дынэсыным сыхущӀэкъуу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
2. ЦӀыхум къызэринэкӀ Ӏуэхугъуэхэр, абы иӀэ мыхьэнэр.
Лъэужь зыщӀыфыр псор арамэ, Фэ фи лъэужьыр гъуэгу тхуэхъуащ.— Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 130
+2 örnek
ЩыхьэщӀати нобэ дыдэ А жылэшхуэм, гузэсауэ МафӀэм псори зэщӀеубыдэ, И чэзууэ ар къэсауэ, Мэхъу а жылэр ещхь хэкужьым, ХэкӀуэдэжу цӀыху лъэужьыр. «— Тисей, 486
Палестинхэр зэрызехьэу ЩӀылъэм тетмэ, инщ я губжь, ПӀэтӀрон лентӀхэр къешэкӀауэ ЩамыщӀыххэ щӀым лъэужь.— Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342
Deyimler (9)
лъэужьыр хун
И ужьым иту здэкӀуа дыдэмкӀэ кӀэлъыкӀуэн.
Уи лъэпкъ лъэужьыр пхууэ лъэсу Пхъэ лъакъуэр пӀыгъыу гъуэгу уежьат.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114
+2 örnek
Якъуб и лъэужь пху щхьэкӀэ, мыхьэнэ иӀэтэкъыми, Локотош гъуэгу цӀыкӀу гуэрым теуващ, зыщӀыпӀэ дишэнщ гъуэгум жиӀэри.— Нал къута, 242
ХьэкӀэкхъуэкӀэм я пӀалъэ зыщӀэм ещӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэр и гъуэм икӀрэ псафэ е зыгуэрым ещэкӀуэну ежьэмэ, зэрыкӀуа гъуэгум тету къимыгъэзэжыну Ӏэмал иӀэкъыми, зи лъэужь пхум ухуэзэнщ.— Лъапсэ, 70
лъэужьыр къэхун
Зыгуэр лъэужькӀэ къэгъуэтын.
Ситщ сэ вапӀэм пхъэӀэщэжьу, Вындхэм къахур си лъэужь— Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375
+1 örnek
[Елбэздыкъуэ жеӀэ:] Умыгубжьыт уэ иныжьыр, Сэ къэсхуакъэ уи лъэужьыр— Елбэздыкъуэ, 16
[уи] лъэужь къытемыгъэхьэн
Зыгуэрым зыкъемыгъэгъуэтын, зыфӀэгъэпщкӀун.
[Къэрэлъашэ Кулисум жреӀэ:] Зэ Ӏэщыхъуэм я деж зыщызгъэпщкӀум, зэм къущхьэ лӀыщӀэу сыувурэ, си лъэужь къытезгъэхьакъым, сытми, ӀэмалкӀэ сатекӀуащ.— Нэгъуху, 34
лъэужь теувэн
И ужь иувэн, зыгуэрым здиунэтӀа дыдэр мыгъэгъуащэу тетын.
Япэ махуэм зыщиужьым Нэхъыжь дыдэр а лъэужьым Теувауэ щхьэм мэлъыхъуэ, МакӀуэ-малъэ и щӀэщыгъуэу. «— Елбэздыкъуэ, 7
+1 örnek
[Кхъуэхьыпщыр занщӀэу кӀэпхъым жиӀэм еувэлӀащ:] Жыжьэ мыкӀуэ щӀыкӀэ и лъэужьым теувэ, жиӀэу хъуар уи гум иубыдэ, и щэхур къапщӀэмэ, укъэкӀуэнщи, къызжепӀэжынщ, - жиӀэри.— Кхъухь пхэнж, 507
5 deyim daha
лъэужь темыгъэхьэн
ЗыщыгъэпщкӀун, зыкъемыгъэгъуэтын, зыфӀэгъэкӀуэдын.
[Къэрэлъашэ Кулисум жриӀэу:] Зэ Ӏэщыхъуэм я деж зыщызгъэпщкӀум, зэм къущхьэ лӀыщӀэу сыувурэ, си лъэужь къытезгъэхьакъым, сытми, ӀэмалкӀэ сатекӀуащ.— Нэгъуху, 34
лъэужьым итын
И ужь кӀэщӀым итурэ кӀуэн.
Махъшэм пщӀэхэлъ нахъутэм и кӀапэр Шамум иӀыгъыу ешэ, дэ махъшэ лъэужьым дитщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 400
лъэужьым къимыкӀын
Сыт щыгъуи иужьым иту, япэ итыр и гъуазэу.
Я тхьэӀухудхэм я закъуэу КъызэранэкӀри нартыжьхэм КӀынтӀыжь лъэужьым къимыкӀыу, ЛъэкӀыныгъэшхуэр я куэдхэу, Хамэ щӀыналъэм щызауэу Къамыгъэзэжу хэкӀуатэт. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 411
лъэужьыр зехуэн
Зыгуэрым и Ӏэужь, абы къыщӀэнар зехьэн, хъумэн.
Сыфщымыгъупщэм - ар си гуапэщ, Ди Ӏуэм итауэ зы жэмыжь ДыщимыӀэжкӀэ, сыгузавэу Ноби зызохуэ и лъэужь.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383
[и] лъэужьым ирикӀуэн
Зыгуэрым кӀэлъыпхъэрын.
- Пшэ гуэрэным мазэ пхыкӀым Хуэдэу, банэм шыр хэмыкӀыу Бий лъэужьым ар ирокӀуэ, Шы тхъурымбэр гъуэгум тоткӀуэ, Шум и гъуэгум сыт и пӀалъэ, КъэмыувыӀэу макӀуэ-малъэ. «— Елбэздыкъуэ, 10
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭУЖЬ (22). 1. (17). Зыгуэр зэрыкӀуам къигъанэ лъэкъуапӀэ, лъэувыпӀэ. ИлынцӀми мафӀэм лъэгъуп хужьыр, Сэ къыспэщыткъэ псыхъуэ Ӏэджэ, Бий псыхъуэ псыншэм шэрхъ лъэужьым Ит псыкӀэ птхьэщӀмэ, ар гъуэзэджэщ. Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50. Нурхьэлий къурӀэн иӀыгъыр япэ къежэлӀа гуэрым ӀэщӀидзэри, и занщӀэр и гъуэгуу къуажэмкӀэ иунэтӀащ, и лъакъуитӀым лъэужь ящӀыр, вагъэбдзумэ бгъузитӀым ещхьу, уэс зыхэтым къытенэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 157. [БырмамытӀ:] ЛӀищыр дыздэщытым къэзгъанэри, Шамум гъусэ сщӀыри къэзгъэзэжащ, ди лъэужьыр пшахъуэм щӀамыгъэнэж щӀыкӀэ псынэм дынэсыным сыхущӀэкъуу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. 2. (5). ЦӀыхум къызэринэкӀ Ӏуэхугъуэхэр, абы иӀэ мыхьэнэр. Лъэужь зыщӀыфыр псор арамэ, Фэ фи лъэужьыр гъуэгу тхуэхъуащ. Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 130. ЩыхьэщӀати нобэ дыдэ А жылэшхуэм, гузэсауэ МафӀэм псори зэщӀеубыдэ, И чэзууэ ар къэсауэ, Мэхъу а жылэр ещхь хэкужьым, ХэкӀуэдэжу цӀыху лъэужьыр. «Тисей», 486. Палестинхэр зэрызехьэу ЩӀылъэм тетмэ, инщ я губжь, ПӀэтӀрон лентӀхэр къешэкӀауэ ЩамыщӀыххэ щӀым лъэужь. Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342. ◊ Лъэужьыр хун (16). И ужьым иту здэкӀуа дыдэмкӀэ кӀэлъыкӀуэн. Уи лъэпкъ лъэужьыр пхууэ лъэсу Пхъэ лъакъуэр пӀыгъыу гъуэгу уежьат. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114. Якъуб и лъэужь пху щхьэкӀэ, мыхьэнэ иӀэтэкъыми, Локотош гъуэгу цӀыкӀу гуэрым теуващ, зыщӀыпӀэ дишэнщ гъуэгум жиӀэри. Нал къута, 242. ХьэкӀэкхъуэкӀэм я пӀалъэ зыщӀэм ещӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэр и гъуэм икӀрэ псафэ е зыгуэрым ещэкӀуэну ежьэмэ, зэрыкӀуа гъуэгум тету къимыгъэзэжыну Ӏэмал иӀэкъыми, зи лъэужь пхум ухуэзэнщ. Лъапсэ, 70. Лъэужьыр къэхун (3). Зыгуэр лъэужькӀэ къэгъуэтын. Ситщ сэ вапӀэм пхъэӀэщэжьу, Вындхэм къахур си лъэужь. Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375. [Елбэздыкъуэ жеӀэ:] Умыгубжьыт уэ иныжьыр, Сэ къэсхуакъэ уи лъэужьыр. «Елбэздыкъуэ», 16. [Уи] лъэужь къытемыгъэхьэн (1). Зыгуэрым зыкъемыгъэгъуэтын, зыфӀэгъэпщкӀун. [Къэрэлъашэ Кулисум жреӀэ:] Зэ Ӏэщыхъуэм я деж зыщызгъэпщкӀум, зэм къущхьэ лӀыщӀэу сыувурэ, си лъэужь къытезгъэхьакъым, сытми, ӀэмалкӀэ сатекӀуащ. Нэгъуху, 34. Лъэужь теувэн (2). И ужь иувэн, зыгуэрым здиунэтӀа дыдэр мыгъэгъуащэу тетын. Япэ махуэм зыщиужьым Нэхъыжь дыдэр а лъэужьым Теувауэ щхьэм мэлъыхъуэ, МакӀуэ-малъэ и щӀэщыгъуэу. «Елбэздыкъуэ», 7. [Кхъуэхьыпщыр занщӀэу кӀэпхъым жиӀэм еувэлӀащ:] Жыжьэ мыкӀуэ щӀыкӀэ и лъэужьым теувэ, жиӀэу хъуар уи гум иубыдэ, и щэхур къапщӀэмэ, укъэкӀуэнщи, къызжепӀэжынщ, - жиӀэри. Кхъухь пхэнж, 507. Лъэужь темыгъэхьэн (1). ЗыщыгъэпщкӀун, зыкъемыгъэгъуэтын, зыфӀэгъэкӀуэдын. [Къэрэлъашэ Кулисум жриӀэу:] Зэ Ӏэщыхъуэм я деж зыщызгъэпщкӀум, зэм къущхьэ лӀыщӀэу сыувурэ, си лъэужь къытезгъэхьакъым, сытми, ӀэмалкӀэ сатекӀуащ. Нэгъуху, 34. Лъэужьым итын (1). И ужь кӀэщӀым итурэ кӀуэн. Махъшэм пщӀэхэлъ нахъутэм и кӀапэр Шамум иӀыгъыу ешэ, дэ махъшэ лъэужьым дитщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 400. Лъэужьым къимыкӀын (1). Сыт щыгъуи иужьым иту, япэ итыр и гъуазэу. Я тхьэӀухудхэм я закъуэу КъызэранэкӀри нартыжьхэм КӀынтӀыжь лъэужьым къимыкӀыу, ЛъэкӀыныгъэшхуэр я куэдхэу, Хамэ щӀыналъэм щызауэу Къамыгъэзэжу хэкӀуатэт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 411. Лъэужьыр зехуэн (1). Зыгуэрым и Ӏэужь, абы къыщӀэнар зехьэн, хъумэн. Сыфщымыгъупщэм - ар си гуапэщ, Ди Ӏуэм итауэ зы жэмыжь ДыщимыӀэжкӀэ, сыгузавэу Ноби зызохуэ и лъэужь. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383. [И] лъэужьым ирикӀуэн (1). Зыгуэрым кӀэлъыпхъэрын.- Пшэ гуэрэным мазэ пхыкӀым Хуэдэу, банэм шыр хэмыкӀыу Бий лъэужьым ар ирокӀуэ, Шы тхъурымбэр гъуэгум тоткӀуэ, Шум и гъуэгум сыт и пӀалъэ, КъэмыувыӀэу макӀуэ-малъэ. «Елбэздыкъуэ», 10.