дэкӀын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

çıkmak
OrtakдэкӀын
DoğuдэкӀуеин
BatıдэкӀоен
Kitapta geçtiği hali

дэкӀоен/дэкӀуеин: (дэкӀуае/докӀуей); ДЭКӀЫН (дэкӀы/докӀ); ÇIKMAK, TIRMANMAK, YÜKSELMEK

ДЭКӀЫН → дэкӀоен; ÇIKMAK, (tırmanmak, yükselmek)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: дэкӀоен

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(докӀ)

1. Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэнэкӀыу кӀуэн.

рувыйти, выехать откуда-л.; пройти, проехать между чем-л.

ПщӀантӀэм дэкӀын. Къалэм дэкӀын. Къурш захуакум дэкӀын.

+1 örnek

Аббас-Мирза тыгъэ къыхуищӀа хьэрып хакӀуэшхуэм тесу Ермоловыр къалэм докӀ.— Шортэн Аскэрбий

2. Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.

рувыйти, отправиться (для выполнения какой-л. работы, на службу)

ВакӀуэ дэкӀын. Армэм дэкӀын.

3. Бгым, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин.

руподняться, взойти (напр. на гору, на холм и т. п.)

1967 гъэм Ӏуащхьэмахуэ цӀыху минитӀым нэс дэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

ЦӀыху здэщымыӀэм кхъуэр Ӏуащхьэм докӀ.— Псалъэжьхэр

4. КӀуэн (зэман).

рупройти (о времени)

Мазэ дэкӀащ. Тэлай дэкӀащ. ПӀалъэ дэкӀын хуейщ.

Bu maddedeki ifadeler (5)

армэм дэкӀын

Еплъ: армэ

зыкъом дэкӀын

Еплъ: зыкъом

куэд дэкӀын

Еплъ: куэд

и фэм дэкӀын

Еплъ: фэ

Ӏуэху дэкӀын

Kitapta geçtiği hali

дэкӀын (докӀ) неперех. гл. 1. выйти, выехать откуда-л.; пройти, проехать между чем-л. / Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэнэкӀыу кӀуэн. ПщӀантӀэм дэкӀын. Къалэм дэкӀын. Къурш захуакум дэкӀын. * Аббас-Мирза тыгъэ къыхуищӀа хьэрып хакӀуэшхуэм тесу Ермоловыр къалэм докӀ. Ш. А. 2. выйти, отправиться (для выполнения какой-л. работы, на службу) / Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн. ВакӀуэ дэкӀын. Армэм дэкӀын. 3. подняться, взойти (напр. на гору, на холм и т. п.) / Бгым, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин. * 1967 гъэм Ӏуащхьэмахуэ цӀыху минитӀым нэс дэкӀащ. Ӏуащхь. ЦӀыху здэщымыӀэм кхъуэр Ӏуащхьэм докӀ. (погов.) 4. пройти (о времени) / КӀуэн (зэман). Мазэ дэкӀащ. Тэлай дэкӀащ. ПӀалъэ дэкӀын хуейщ. Армэм дэкӀын см. армэ. Зыкъом дэкӀын см. зыкъом. Куэд дэкӀын см. куэд. И фэм дэкӀын см. фэ. Ӏуэху дэкӀын см. Ӏуэху.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(докӀ)

1. Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэбнэкӀыу.

Шум и ужьым иту пщӀантӀэм дэта къомри дэкӀащ, уэршэру, зэныкъуэкъуу, Долэт елъэбышэу, Данизэти и Щхьэгъуэплъым и гугъу ищӀу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

+2 örnek

Къалэм дэсари дэкӀри ежьэжат дзэм фӀэкӀа къыдэмынэу, я хьэпи-шыпи дашри нэгъуэщӀ щӀыналъэ итӀысхьат, къэралитӀ зэзауэм я кум дыдэмыкӀуадэ щӀыкӀэ, жаӀэри.— Лыгъэ, 410

Уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ дэкӀыу здэкӀуэм, Исхьэкъ гъуоуэ джэныр иухри къигъэзэжауэ яӀущӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635

2. Лъагъуэ, гъуэгу с.ху. зыщӀыпӀэ дэкӀыу, плъагъуу щытын.

Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ.— Нал къута, 299

+2 örnek

Бгым дэкӀ гъуэгур нэшэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ.— Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38

Джабэм дэкӀ лъагъуэр удз Ӏувым хэплъагъукӀ къудей щхьэкӀэ, утекӀыну Ӏэмал иӀэкъым.— Лъапсэ, 69

3. Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.

[Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу.— Лъапсэ, 28

+2 örnek

Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63

Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42

4. Бгы, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин.

[Якъуб] Нэмыцэр Ӏуащхьэмахуэ дэкӀри Гитлер и сурэт иту нып трагъэуващ, жаӀэу щызэхихым, къэгувжьеящ: нтӀэ, Советскэ властыр абдеж щиухыжауэ къыщӀэкӀынщ, жиӀэри.— Нал къута, 304

+2 örnek

Къуршыщхьэ лъагэр къызэджати, Бгы джабэ задэм сэ сыдокӀ.— Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227

Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа – Щыгум сыдокӀри зызоплъыхь.— Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа… Батырыбжьэ, 25

5. Зэман гуэр кӀуэн, блэкӀын.

Махуэ дэкӀа, махуитӀ дэкӀа – Ӏурарэ пщэдджыжьым жьыуэ цӀыхухъу макъ зэхех къаджэу— Къалэн, 433

+2 örnek

Мазэ дэкӀами арат, Дисэ аргуэру гуцӀыкӀукӀэ я пщӀантӀэм щыдашэжам, нысэри и къуэрылъху хъыджэбз цӀыкӀуитӀри и гъусэу.— ГущӀэгъу, 425

Илъэсищи фӀэкӀ дэмыкӀыу, Жэщым мазэр къыщӀэмыкӀыу Шууэ щӀалэр зекӀуэ йожьэ – Иныжьыщхьэм хахуэр йощэ. «— Елбэздыкъуэ, 8

Deyimler (1)

фэм дэкӀын

Еплъ: фэ

Kitapta geçtiği hali

ДЭКӀЫН (докӀ) лъэмыӀ. (270). 1. (86). Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэбнэкӀыу. Шум и ужьым иту пщӀантӀэм дэта къомри дэкӀащ, уэршэру, зэныкъуэкъуу, Долэт елъэбышэу, Данизэти и Щхьэгъуэплъым и гугъу ищӀу. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Къалэм дэсари дэкӀри ежьэжат дзэм фӀэкӀа къыдэмынэу, я хьэпи-шыпи дашри нэгъуэщӀ щӀыналъэ итӀысхьат, къэралитӀ зэзауэм я кум дыдэмыкӀуадэ щӀыкӀэ, жаӀэри. Лыгъэ, 410. Уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ дэкӀыу здэкӀуэм, Исхьэкъ гъуоуэ джэныр иухри къигъэзэжауэ яӀущӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635. 2. (8). Лъагъуэ, гъуэгу с.ху. зыщӀыпӀэ дэкӀыу, плъагъуу щытын. Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ. Нал къута, 299. Бгым дэкӀ гъуэгур нэшэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ. Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38. Джабэм дэкӀ лъагъуэр удз Ӏувым хэплъагъукӀ къудей щхьэкӀэ, утекӀыну Ӏэмал иӀэкъым. Лъапсэ, 69. 3. (24). Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн. [Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу. Лъапсэ, 28. Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 63. Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. 4. (28). Бгы, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин. [Якъуб] Нэмыцэр Ӏуащхьэмахуэ дэкӀри Гитлер и сурэт иту нып трагъэуващ, жаӀэу щызэхихым, къэгувжьеящ: нтӀэ, Советскэ властыр абдеж щиухыжауэ къыщӀэкӀынщ, жиӀэри. Нал къута, 304. Къуршыщхьэ лъагэр къызэджати, Бгы джабэ задэм сэ сыдокӀ. Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227. Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа – Щыгум сыдокӀри зызоплъыхь. Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа… «Батырыбжьэ», 25. 5. (124). Зэман гуэр кӀуэн, блэкӀын. Махуэ дэкӀа, махуитӀ дэкӀа – Ӏурарэ пщэдджыжьым жьыуэ цӀыхухъу макъ зэхех къаджэу. Къалэн, 433. Мазэ дэкӀами арат, Дисэ аргуэру гуцӀыкӀукӀэ я пщӀантӀэм щыдашэжам, нысэри и къуэрылъху хъыджэбз цӀыкӀуитӀри и гъусэу. ГущӀэгъу, 425. Илъэсищи фӀэкӀ дэмыкӀыу, Жэщым мазэр къыщӀэмыкӀыу Шууэ щӀалэр зекӀуэ йожьэ – Иныжьыщхьэм хахуэр йощэ. «Елбэздыкъуэ», 8. ◊ Фэм дэкӀын (13). Еплъ фэ II.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çıkmak huruç

Düzeltme Öner

дэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.