гъуэгу махуэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
гъуэгу
1. ЗыщӀыпӀэ икӀыу нэгъуэщӀыпӀэ кӀуэн папщӀэ къагъэсэбэп зекӀуапӀэ.
рудорога
ГъущӀ гъуэгу. Шоссей гъуэгу.
+2 örnek
Сабэр гъуэгум къыщиӀэту "Победащхъуэр" мажэ псынщӀэу.— КӀыщокъуэ Алим
Гъуэгу зымыщӀэ пашэ умыщӀ.— Псалъэжьхэр
2. Гъуэгуанэ.
рупоездка, путешествие
Пщэдей гъуэгу къытпэщылъщ.
Bu maddedeki ifadeler (15)
гъуэгу емытын
ру1) не уступить кому-л. дороги 2) переносное не давать проходу.
гъуэгу етын
рууступить кому-л. дорогу.
гъуэгу захуэ теувэн
рустать на путь истинный.
Теувэнущ ар гъуэгу захуэ, Ухъу ди щӀалэр щӀалэ махуэ.— КӀыщокъуэ Алим
Гъуэгу махуэ!
русчастливого пути!
гъуэгу махуэ ежьэн (теувэн)
рустать удачливым (букв. : встать на счастливый путь).
гъуэгу мыгъуэ ежьэн (теувэн)
рубудь ты проклят!
гъуэгу пхэнж
рунеправедный путь, кривая дорожка.
гъуэгу пхышын (пхыщӀыкӀын)
ру1) проложить путь; идти впереди 2) переносное проторить, протоптать дорожку.
гъуэгу тетын
рудержать путь, находиться в пути.
Нартыжьхэр гъуэгу тету уае бзаджэ къатохъуэ.— Нартхэр
гъуэгу теувэн
руотправиться в путь.
Нэху зэрыщу тӀури гъуэгум зэдытеуващ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
гъуэгу техьэн
гъуэгу теувэн
ЩӀалэр гъуэгу техьэн хуей хъуащ.— Къэрмокъуэ Хьэмид
гъуэгу хуэхъун
рузачастить
куда-л., к кому-л. ФӀыуэ зэрилъагъурэ хъыджэбзым и лэжьапӀэр гъуэгу хуэхъуауэ щӀалэр кӀуэрт.
гъуэгум пкӀэлъей едзын (къедзын)
русократить путь, дорогу (напр. рассказами, песнями).
Хъарзынэ хъуащ, Инал, Лу пкӀэлъей къридзащ ди гъуэгум, хъыбар дригъэдэӀуащ.— КӀыщокъуэ Алим
гъуэгу зэхэкӀыпӀэ
Гъуэгур тӀууэ е щыуэ щызэгуэкӀ щӀыпӀэ.
рураспутье, перепутье, развилка
Гъуэгу зэхэкӀыпӀэм дызэрынэсу... ипщэкӀэ дунэтӀыжащ...— Ӏуащхьэмахуэ
гъуэгу Ӏуфэ
Гъуэгум и гъунэ.
руобочина, край дороги
Гъуэгу Ӏуфэм тетын.
Kitapta geçtiği hali
гъуэгу 1. дорога / ЗыщӀыпӀэ икӀыу нэгъуэщӀыпӀэ кӀуэн папщӀэ къагъэсэбэп зекӀуапӀэ. ГъущӀ гъуэгу. Шоссей гъуэгу. * Сабэр гъуэгум къыщиӀэту "Победащхъуэр" мажэ псынщӀэу. КӀ. А. Гъуэгу зымыщӀэ пашэ умыщӀ. (погов.) 2. поездка, путешествие / Гъуэгуанэ. Пщэдей гъуэгу къытпэщылъщ. Гъуэгу емытын 1) не уступить кому-л. дороги 2) переносное не давать проходу. Гъуэгу етын уступить кому-л. дорогу. Гъуэгу захуэ теувэн стать на путь истинный. * Теувэнущ ар гъуэгу захуэ, Ухъу ди щӀалэр щӀалэ махуэ. КӀ. А. Гъуэгу махуэ! счастливого пути! Гъуэгу махуэ ежьэн (теувэн) стать удачливым (букв. : встать на счастливый путь). Гъуэгу мыгъуэ ежьэн (теувэн) будь ты проклят! Гъуэгу пхэнж неправедный путь, кривая дорожка. Гъуэгу пхышын (пхыщӀыкӀын) 1) проложить путь; идти впереди 2) переносное проторить, протоптать дорожку. Гъуэгу тетын держать путь, находиться в пути. * Нартыжьхэр гъуэгу тету уае бзаджэ къатохъуэ. Нарт. Гъуэгу теувэн отправиться в путь. * Нэху зэрыщу тӀури гъуэгум зэдытеуващ. П. Б. Гъуэгу техьэн = гъуэгу теувэн. * ЩӀалэр гъуэгу техьэн хуей хъуащ. Къэр. Хь. Гъуэгу хуэхъун зачастить куда-л., к кому-л. ФӀыуэ зэрилъагъурэ хъыджэбзым и лэжьапӀэр гъуэгу хуэхъуауэ щӀалэр кӀуэрт. Гъуэгум пкӀэлъей едзын (къедзын) сократить путь, дорогу (напр. рассказами, песнями). * Хъарзынэ хъуащ, Инал, Лу пкӀэлъей къридзащ ди гъуэгум, хъыбар дригъэдэӀуащ. КӀ. А. гъуэгу зэхэкӀыпӀэ распутье, перепутье, развилка / Гъуэгур тӀууэ е щыуэ щызэгуэкӀ щӀыпӀэ. * Гъуэгу зэхэкӀыпӀэм дызэрынэсу... ипщэкӀэ дунэтӀыжащ... Ӏуащхь. гъуэгу Ӏуфэ обочина, край дороги / Гъуэгум и гъунэ. Гъуэгу Ӏуфэм тетын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
гъуэгу
1. ЗыщӀыпӀэ икӀыу нэгъуэщӀыпӀэ кӀуэн папщӀэ къагъэсэбэп зекӀуапӀэ.
[Авторым и псалъэ:] Гъуэгум дыздэкӀуэм, Илас зы лулэ къызитащ зажигалкэ и гъусэу.— МелыӀыч, 470
+2 örnek
Гъуэгум жэм Ӏэхъушэ тетти, Ӏэхъуэхэм я башыр ягъэдалъэу, я пыӀэр щхьэрахауэ адэкӀэ-мыдэкӀэ жэурэ кӀий-гуоуэ жэмхэр гъуэгум трахурт, машинэм иукӀын я гугъэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 535
Инус къызэрыкӀуэж гъуэгумкӀэ гъэмахуэ дыдэми кӀуэкъэкӀуэжыр мащӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 81
2. Гъуэгуанэ. -121.
Къэзмай идакъым: – Си гъуэгур кӀыхьами, си тхьэусыхафэр нэхъ кӀыхьыжщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621
+2 örnek
Бахъсэнышхуэ къос и пӀалъэ, Терек дадэм жьэхолъадэ, Зигъэщабэуи мэпсалъэ: – Куэд си гъуэгум щызолъагъур.— Терек. «Партыр ди пашэу», 120
ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэ – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5
3. ЗыщӀыпӀэ уикӀыу нэгъуэщӀыпӀэ укӀуэн папщӀэ гъуэгуанэм ихь, текӀуадэ зэман.
Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуеищхьэ, ху матэ, лы гъэгъуа дзажэ е дзажитӀ, абы и щӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр.— Лъапсэ, 40
+2 örnek
[Авторым и псалъэ:] Сэри ахэр [си гъусэхэр] щыслъагъум, я машинэм зыкъиздзэри сыкъежьащ, зы махуэ гъуэгур куэдкъым, гъуэмылэншэу тшэчынщ, жысӀэри.— МелыӀыч, 437
Мыр къызжепӀауэ къысфӀощӀ: – Зы махуэ гъуэгур илъэскӀэ Къуэм сыдэтыным пызощӀ.— Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43
4. ГъащӀэ.
Ныбжьэгъу, уэ фӀыкӀэ уигу сыкъэкӀым, Си гъуэгу кӀыхь хъуну къызэхъуэхъу.— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10
+1 örnek
Си усэ итхми мыцӀэрыӀуэу ТхакӀуэу гъуэгур къэзыкӀуам, Узогъэщхьыр фӀы пхужысӀэу Бгы поэту ятекӀуам— Молибден Ӏуащхьэ. «Мывэ хуабэ», 20
Deyimler (36)
гъуэгу ежьэн
Гъуэгу дежьэхукӀэ ди гъащӀэм, УэфӀ, уэлбанэр къыщыхъунур Уафэм доплъри зыдогъащӀэ.— Пшэ адрыщӀым щыпсэу. «Партыр ди пашэу», 18
+1 örnek
Уи лъэпкъ лъэужьыр пхууэ лъэсу Пхъэ лъакъуэр пӀыгъыу гъуэгу уежьат.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114
Еплъ: гъуэгу техьэн
гъуэгу къемытын
ЗемыгъэкӀуэн, зекӀуапӀэр пэубыдын.
Гъуэгу къыуамыту урыс сэлэтхэр куэдщ, зауэм къикӀуэсыкӀахэр мэзым щӀэтщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 157
+2 örnek
Шэ зытехуа шыхэр пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу къытохуэри гъуэгу къыуамыту телъщ, сэлэтхэр зэрызохьэ, мэджалэ, кӀуапӀи жапӀи яӀэкъым, зэрызокъуэ.— Нал къута, 300
[Дэфэрэдж:] Бжэм сынэсри зыкъыӀэщӀэзудщ гъуэгу къызэзымытми, бжэщхьэӀум сызэребакъуэу зыгуэрым бжэр иригулӀыжащ, Пыжьынэ къыщӀимыгъэхьэу.— Лъапсэ, 19
гъуэгу етын
ЗекӀуапӀэр хуит хуэщӀын, зыгуэрым пхыкӀыпӀэ хузэгъэпэщын. –87.
Машинэр джэрт, гъуэгу къратыну— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584
+2 örnek
Гъуумар и Ӏэ хьэнцэжьымкӀэ и пыӀэр щхьэпхэтӀыгумкӀэ игъэкӀуэтащ, итӀанэ зы къехыпӀэкӀэ нэхъ лъахъшэу къехри, абы и ужь ит афицарым гъуэгу иритащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 86
Къазджэрий здэкӀуэм гъуэгу кърат псоми: – Сэлам хьэлейкум, Къазджэрий, жызыӀэу сэлам къезыхри мащӀэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 319
гъуэгу занщӀэ техьэн
ФӀым, пэжыгъэм, Ӏеигъэ зыхэмылъым ухуэзышэ гъуэгуанэ теувэн.
КъэткӀуакъым гъуэгуу дэ мащӀэ Гуращэ къабзэр гум хэлъу, Къытохьэ Ӏэджи гъуэгу занщӀэм Ди эстафетэу тӀэщӀэлъыр.— Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11
гъуэгу захуэм ирикӀуэн
Ди гуащӀэдэкӀым етхьэлӀэу, ДырокӀуэ лъэпкъхэр гъуэгу захуэм— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5
Еплъ: гъуэгу занщӀэ техьэн
гъуэгу захуэм текӀын
ФӀым, зэхуагъэм ухуэзышэ гъуэгум текӀуэтын
[Молэм, цӀыхухэм хуэгъэзауэ:] – Гъуэгу захуэм текӀа, гуэныхь къэзыхьа, гъаблэгу ищтэу дэхуэхахэм мы къурӀэныр яӀыгъыу тхьэ яӀуэмэ, пэж жаӀэмэ, я насыпщ, пцӀы жызыӀэр зэгуеуд.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
гъуэгу захуэм теувэн
Теувэнущ ар гъуэгу захуэ, Ухъу уэ щӀалэр щӀалэ махуэ.— Тисей, 487
Еплъ: гъуэгу занщӀэ техьэн
гъуэгу зэпычын
Гъуэгуанэ кӀун.
ДыгъапӀэ защӀэу гъуэгу хэзышыр Гъуэгу зэпычынкӀэ мыерыщ— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19
+2 örnek
Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
Уи деж, нэхъапэу къэслъытауэ, Сэ гъуэгу зэпысчри сыкъэкӀуащ, СӀых си сэламыр, гу къылъытэ, Сэ куэдрэ лъыкӀэ ар згъэнщӀащ.— Сэлэт сэлам. «Шум и гъуэгу», 8
гъуэгу къызэпычын
Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
Еплъ: гъуэгу зэпычын
гъуэгу махуэ
ЦӀыхур гъуэгу зытехьар тэмэм хъун, къехъулӀэн папщӀэ зэрехъуэхъу псалъэ.
Вагонхэм, платформэхэм трагъэувэнур трагъэуват «гъуэгу махуэ» жыпӀэу эшелоныр ебгъэжьэжын фӀэкӀа къэмынэжауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 41
+2 örnek
Дадий и нитӀым нэпс щӀэзми, И закъуэ бгыпэм ар тету ЕӀэтри и Ӏэр щэху дыдэу, «Гъуэгу махуэ», – жеӀэ кӀэлъыплъу— Адэ, 144
Уэ губжь Ӏэджэм узэрахуэ, КӀуэ, си щӀалэ, кӀуэ, гъуэгу махуэ! «— Елбэздыкъуэ, 9
гъуэгу махуэ техьэн
Гъуэгу тэмэм, пэж, фӀы къыхуэзыхьыным теувэн.
ФӀыгъуэм лъэпкъхэр хуаузэщӀауэ Тетхэт псори я гъуэгу махуэм.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 49
+2 örnek
Коммунизмэу ди гуращэр арщ тхуэзыщӀыр нэрылъагъуи, КъакӀуэ махуэм и нур гуащӀэр Дэрщ нэхъапэ зылъагъунур, Коммунизмэм и гъуэгу махуэм Дэрщ техьари псом нэхъапэ.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20
Ди насыпыр увагъащӀэу Щыдгъуэтынум къэралыгъуэр А фӀыгъуэшхуэм дыхуэпӀащӀэт, Партым, властым дыщыгугъыу Хэкур техьэм а гъуэгу махуэм, Гъуэгуу щыӀэм я нэхъ захуэм.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 47
гъуэгу мыгъуэ ежьэн
Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм хуэ(мы)кӀуэну шхыдэ псалъэ.
Тембот ауан къэзыщӀхэм жаӀэрт: аркъэ птулъкӀэ къебдзыхыртэкъэ, гъуэгу мыгъуэ ежьэн.— Хъуэпсэгъуэ нур, 98
+2 örnek
Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: – Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, – жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632
Жинт щӀыхуфэ телъу къурӀэн гуэри и блэгущӀэм хуэсакъыпэу щӀэлъу зиплъыхьырт Сэид, «гъуэгу мыгъуэм ежьар» къигъуэтыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын
Ӏейм зыгуэр хуэзэну зэребг щӀыкӀэ.
[Къылышбий и къуэм:] Е гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын, и!— Хъуэпсэгъуэ нур, 116
+1 örnek
[Бэлацэ Дисэ жриӀэу:] Е гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын жи, сыту умыукӀытэрэ тӀэкӀунитӀэ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
гъуэгу пхэнж
Гъуэгу щэху.
НэӀиб жыхуиӀэр зы зэман гуэр тыркудзэр гъуэгу пхэнж защӀэкӀэ хэкум къизышар аращ.— Нал къута, 275
+1 örnek
Якъуб, отрядым пашэ яхуэхъуати, гъуэгу пхэнж защӀэкӀэ, яхэкӀуэдыкӀ щымыӀэу, хэкум къишэжащ.— Нал къута, 252
гъуэгу пхэнж тегъэувэн
Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм ухуэзышэ лъагъуэм тегъэхьэн.
Дэ шы, къамэ, жытӀэурэ ди быныр гъуэгу пхэнж тыдогъэувэ, – ар жиӀэри Астемыр шумэданэр зэтрипхъуэтри тхылъ зэмылӀэужьыгъуэу дэлъ къомыр къыдигъэлъэлъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198
гъуэгу пхэнж техьэн
Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм ухуэзышэ лъагъуэм теувэн.
МылӀэжыныгъэм кӀуэн и гугъэу Зыхуэмыфащэр ныщӀогъуэжыр, Станц гуэр мафӀэгур зэрынэсу, Гъуэгу пхэнж техьахэм къагъэзэжыр.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234
гъуэгу пхышын
[Астемыр, Елдар хуэгъэзауэ:] Упашэну уежьарэ тхылъи бзэи умыщӀэмэ, нэфым ухуэдэщ, дэнэ гъуэгу щыпхыпшынур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
Еплъ: гъуэгу хэшын
гъуэгу тэмэм теувэн
Нурхьэлий гуфӀэрт, Алыхьым и шыкуркӀэ, иджы гъуэгу тэмэм сытеуващ, мылъку гуэр згъуэтыну къыщӀэкӀынщ, жиӀэурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 189
Еплъ: гъуэгу занщӀэ техьэн
гъуэгу тэмэм тетын
Астемыри тынш дыдэу къыгурыӀуэртэкъым революцэм къихьыну зыщыгугъыр, ауэ Ростов щыщыӀам зэхиха псалъэмакъхэм, Степан Ильич жиӀахэм зыкъом къыгуригъэӀуауэ гъуэгу зытетыр тэмэму къилъытэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232
+1 örnek
Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 263
Еплъ: гъуэгу тэмэм теувэн
гъуэгу тэмэм тегъэтын
Мэмэт-щӀакъуэр и макъым къызэрихькӀэ кӀийуэ хъуэхъуащ: – Акъылу, ди напэу, ди нэмысу, ди чэнджэщэгъуу, гъуэгу тэмэмым дытезыгъэт Нартыху и къуэу ди Къэзбэч и цӀэкӀэ мы бжьэм без кӀэплӀэу дефэмэ, си гуапэу къызоӀэт, – жиӀэри.— Лъапсэ, 46
Еплъ: гъуэгу тэмэм тегъэувэн
гъуэгу тэмэм тегъэувэн
ФӀым, пэжыгъэм, Ӏеигъэ зыхэмылъым ухуэзышэ гъуэгум тешэн.
Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
+2 örnek
[Степан Ильич, Бот хуэгъэзауэ:] Ӏуэхушхуэ ди пщэм къыдэхуауэ, ди унафэ тщӀыжыну, къэрэхьэлъкъыр гъуэгу тэмэм тегъэува зэрыхъунум и унафэ тщӀыну аращ дыщӀызэхуэсари.— Хъуэпсэгъуэ нур, 249
[Нурхьэлий и гупсысэ:] Ялыхь, щхьэ сыкъэбужэгъуа апхуэдэу, щхьэ гъуэгу тэмэм сытумыгъэувэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 228
гъуэгу тегъэувэн
1. Лъагъуэм зыгуэр тешэн, тегъэхьэн.
[Хьэбибэ, Албиян хуэгъэзауэ:] Гъуэгуу щыӀэм я нэхъ дахэм тхьэм утригъэувэ.— Щынэхужьыкъуэ, 43
2. Егъэжьэн.
Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу гъуэгу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ— Нал къута, 298
гъуэгу тетын
ЗыщӀыпӀэ кӀуэн мурадкӀэ гъуэгуанэ зэпычын.
ЛӀитӀ зэпэтӀысу щыс къыпфӀэщӀми, ДзэпщитӀыр макӀуэ тету гъуэгу.— Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65
+2 örnek
Сынывохъуэхъур гъуэгум тетым, Фи гъуэгуанэ ирепсынщӀэ.— Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40
Къущхьэ фызхэр жэщым гъуэгу зэрытетар нэрылъагъут – ешаелӀауэ кӀуэрт, я сабий цӀыкӀухэри я гъусэу.— Щынэхужьыкъуэ, 36
гъуэгу теувэжын
Гъуэгу зытетам техьэжын; гъуэгуанэм пыщэн.
[ЩӀалищымрэ дэрэ (авторымрэ Шамумрэ)] Дызэрыгъуэтыжри ди гъуэгу дытеувэжащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
+2 örnek
Дэфэрэдж къыхуэщӀэртэкъым ягъакӀуэу гъукӀэр къыщӀрагъэшари, щтэӀэщтаблэу щыст, сытэджу си гъуэгу щхьэ сытемыувэжрэ, жиӀэу— Лъапсэ, 60
[Аслъэныкъуэ:] Сэ зыщӀыпӀэ сыкӀуауэ тӀэкӀу сыкъэгувати, си гъусэхэм сыкъагъанэри я гъуэгу теувэжащ.— МелыӀыч, 451
гъуэгу теувэн
[Фэуаз:] Хьэлъэр махъшэм тетлъхьэри, ахъшэм хъуакъэ иджы щыжыпӀэм хуэзэу, щӀалитхур си гъусэу гъуэгу дытеуващ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
+2 örnek
– Хэт и фызу пӀэрэ уэлбанэ махуэм гъуэгу теувар? – жиӀэри хьэжы цей зыщыгъ молэр щӀэупщӀащ.— Лъапсэ, 57
[Дэфэрэдж:] си хьэпшып тӀэкӀур къасщтэу гъуэгу сытеувэнущи, трубкэр къэзмыщтэмэ, зэфӀэкӀакъэ жызоӀэри, тӀэкӀурэ зызоплъыхь, арщхьэкӀэ схуэшэчыркъым, си псэм зыхещӀэри къасщтэмэ, хьэм къагъэщтащ жыпӀэну цӀыхубз макъ зэхызох.— Лъапсэ, 7
Еплъ: гъуэгу техьэн
гъуэгу техьэн
ЗыщӀыпӀэ кӀуэн мурадкӀэ гъуэгу теувэн.
Бжьыхьэр щикӀкӀэ, батэкъутэ Имыгъэшу пхуимыдэн, ЩхьэзыфӀэфӀу икӀи бейщи, Гъуэгу зытехьэм фӀэфӀщ хэдэн.— Уигу къоузым ещхьыркъабзэу. «Дамыгъэ», 69
+2 örnek
Зы гъуэгу техьахэр зэмызэгъми, Зым и лъэужьыр зым ихунщ— Дунейм имыӀэ къегъэжьапӀэ. «Батырыбжьэ», 33
Сэ форелым ещхьыркъабзэу, Гъуэгу кӀуэдыпӀэ сытехьами, СокӀуэ, щхьэхьу, къэзмыгъазэу, Си лъы ткӀуэпсыр щӀым хэткӀухьу.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372
гъуэгу хэшын
ЦӀыху зекӀуапӀэ лъагъуэ пхыщӀыкӀын.
ЩӀы пэт гъуэгу хэпшыр нэшэкъашэ: Уи натӀэм илъым ухуэзэнщ.— Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 130
+2 örnek
Зы къуакӀи Ӏуащхьи щымыӀэу, Гъуэгуу хашахэр занщӀабзэщ— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Батырыбжьэ», 214
Лъэдакъэр лъыпсу теудами, Дзэр зэтескъузэу гъуэгу пхызошыр, Къарууэ сиӀэр текӀуэдами— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17
[и] гъуэгум ирикӀуэн
ПщӀэнумкӀэ, узэрыпсэунымкӀэ зыгуэр щапхъэ пхуэхъун.
ГуащӀэрыпсэууэ цӀыхубэр Дэ дызэкъуэшу дыздокӀуэ, Дэ текӀуэныгъэр къыдохьыр, ГъащӀэщӀэ гъуэгум дрокӀуэ.— ТекӀуахэм сэлам. «Бгы лъапэхэм деж», 35
+2 örnek
А фӀыгъуэ псори ди щӀыгум Народ къарукӀэ мэбагъуэ, Народ насыпым и гъуэгум ДырокӀуэ тӀури зэщӀыгъуу.— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 100
Ди гуащӀэдэкӀыр етхьэлӀэу, ДырокӀуэ лъэпкъхэр гъуэгу захуэм.— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5
гъуэгум къытенэн
УздэкӀуэм унэмысу къызэтеувыӀэн.
Сабий къомыр зэрыс гухэр гъуэгум къытенащ, тхьэм ещӀэ, фызхэм я гугъа сабийхэм я гугъу къащӀынкъым жаӀэу.— Нал къута, 214
+2 örnek
Локотош елъагъу сэлэтхэр гужьеяуэ зэрызехьэу гъуэгум къызэрытенар.— Нал къута, 300
Я гъуэмылэр зытелъ шыр щыщ къэмынэу щиукӀам хъыджэбзымрэ дадэмрэ яшхын ямыӀэу гъуэгум къытенат.— Нал къута, 268
гъуэгум тешэн
Гъуэгу тегъэхьэн.
Сабийр гу цӀыкӀум къигуфӀыкӀыу И щыпэ гъуэгум мес трашэ.— ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119
гъуэгум пкӀэлъей едзын (къедзын)
Зыгуэрым гъуэгуанэ кӀыхьыр тынш щыщӀын (хъыбаркӀэ, уэрэдкӀэ).
Нэгъуджэ зыӀулъыр къэпсэлъащ: - Хъарзынэ хъуащ, Инал, Лу пкӀэлъей къридзынщ ди гъуэгум, хъыбар дригъэдаӀуэурэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527
+1 örnek
Уи зекӀуэ гъуэгум пкӀэлъейуэ Си лъагъуныгъэр пхуездзынкъэ, Уей Бадынокъуэ, къеблагъэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 423
гъуэгур кӀэщӀ хъун
ГъащӀэр кӀэщӀ хъун, дунейм ехыжын.
Си анэжьым ухуэзэм, И закъуэу жеӀэж: «Уи щӀалэу уи пажэм И гъуэгур кӀэщӀ хъуащ…».— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33
гъуэгур кӀун
ЗдэкӀуэну щӀыпӀэм нэсын.
Сэ шыхулъагъуэр си бгъэрыщӀэу Гъуэгур скӀуну си гугъащ.— Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9
гъуэгур тӀу ищӀыкӀын
Гъуэгум и ныкъуэр кӀун, хэгъэщӀын.
Гъуэгур тӀу ирищӀыкӀауэ къыщӀэкӀынтэкъым, Ӏурихыу щӀалэр щыжеям.— Къалэн, 428
гъуэгур хэгъэщӀын
Гъуэгу кӀуным и зы Ӏыхьэр къызэнэкӀын.
ЩӀэгъэкъуэн фыкъытхуэхъурэ – ди лъэр къыщӀэувэжынщи, ди гъуэгу хэдгъэщӀынщ.— Нал къута, 269
[и] занщӀэр и гъуэгуу
Еплъ: занщӀэ
махуэ
Угъурлы, насыпыфӀэ. -643.
ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, КӀэмсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», - жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642
+2 örnek
Тхьэм уигъэпсэу жи, Уэри ей-ей, ЩӀалэ лъагъугъуафӀэу, Уэри ей-ей, Лъагъуэ махуэм тетыр, Уэри ей-ей, Хэтым уащыщ? «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 416
ЩӀым и гъунэм дыгъэр зэ нэсарэ Къигъэзэжу къыздикӀамкӀэ кӀуэжтэм, Махуэ защӀэу гъащӀэр екӀуэкӀынут, Борэн ябги, зы дурэш къыдэжу Хадэм ихьэу, диным имыкӀынут.— Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… Вагъуэ махуэ, 338
Kitapta geçtiği hali
ГЪУЭГУ (333). 1. (305). ЗыщӀыпӀэ икӀыу нэгъуэщӀыпӀэ кӀуэн папщӀэ къагъэсэбэп зекӀуапӀэ. [Авторым и псалъэ:] Гъуэгум дыздэкӀуэм, Илас зы лулэ къызитащ зажигалкэ и гъусэу. МелыӀыч, 470. Гъуэгум жэм Ӏэхъушэ тетти, Ӏэхъуэхэм я башыр ягъэдалъэу, я пыӀэр щхьэрахауэ адэкӀэ-мыдэкӀэ жэурэ кӀий-гуоуэ жэмхэр гъуэгум трахурт, машинэм иукӀын я гугъэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 535. Инус къызэрыкӀуэж гъуэгумкӀэ гъэмахуэ дыдэми кӀуэкъэкӀуэжыр мащӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. 2. (22). Гъуэгуанэ. Къэзмай идакъым: – Си гъуэгур кӀыхьами, си тхьэусыхафэр нэхъ кӀыхьыжщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621. Бахъсэнышхуэ къос и пӀалъэ, Терек дадэм жьэхолъадэ, Зигъэщабэуи мэпсалъэ: – Куэд си гъуэгум щызолъагъур. Терек. «Партыр ди пашэу», 120-121. ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэ – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. 3. (4). ЗыщӀыпӀэ уикӀыу нэгъуэщӀыпӀэ укӀуэн папщӀэ гъуэгуанэм ихь, текӀуадэ зэман. Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуеищхьэ, ху матэ, лы гъэгъуа дзажэ е дзажитӀ, абы и щӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр. Лъапсэ, 40. [Авторым и псалъэ:] Сэри ахэр [си гъусэхэр] щыслъагъум, я машинэм зыкъиздзэри сыкъежьащ, зы махуэ гъуэгур куэдкъым, гъуэмылэншэу тшэчынщ, жысӀэри. МелыӀыч, 437. Мыр къызжепӀауэ къысфӀощӀ: – Зы махуэ гъуэгур илъэскӀэ Къуэм сыдэтыным пызощӀ. Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43. 4. (2). зэхь. ГъащӀэ. Ныбжьэгъу, уэ фӀыкӀэ уигу сыкъэкӀым, Си гъуэгу кӀыхь хъуну къызэхъуэхъу. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. Си усэ итхми мыцӀэрыӀуэу ТхакӀуэу гъуэгур къэзыкӀуам, Узогъэщхьыр фӀы пхужысӀэу Бгы поэту ятекӀуам. Молибден Ӏуащхьэ. «Мывэ хуабэ», 20. ◊ Гъуэгу ежьэн (2). Еплъ гъуэгу техьэн. Гъуэгу дежьэхукӀэ ди гъащӀэм, УэфӀ, уэлбанэр къыщыхъунур Уафэм доплъри зыдогъащӀэ. Пшэ адрыщӀым щыпсэу. «Партыр ди пашэу», 18. Уи лъэпкъ лъэужьыр пхууэ лъэсу Пхъэ лъакъуэр пӀыгъыу гъуэгу уежьат. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114. Гъуэгу къемытын (10). ЗемыгъэкӀуэн, зекӀуапӀэр пэубыдын. Гъуэгу къыуамыту урыс сэлэтхэр куэдщ, зауэм къикӀуэсыкӀахэр мэзым щӀэтщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 157. Шэ зытехуа шыхэр пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу къытохуэри гъуэгу къыуамыту телъщ, сэлэтхэр зэрызохьэ, мэджалэ, кӀуапӀи жапӀи яӀэкъым, зэрызокъуэ. Нал къута, 300. [Дэфэрэдж:] Бжэм сынэсри зыкъыӀэщӀэзудщ гъуэгу къызэзымытми, бжэщхьэӀум сызэребакъуэу зыгуэрым бжэр иригулӀыжащ, Пыжьынэ къыщӀимыгъэхьэу. Лъапсэ, 19. Гъуэгу етын (8). ЗекӀуапӀэр хуит хуэщӀын, зыгуэрым пхыкӀыпӀэ хузэгъэпэщын. Машинэр джэрт, гъуэгу къратыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Гъуумар и Ӏэ хьэнцэжьымкӀэ и пыӀэр щхьэпхэтӀыгумкӀэ игъэкӀуэтащ, итӀанэ зы къехыпӀэкӀэ нэхъ лъахъшэу къехри, абы и ужь ит афицарым гъуэгу иритащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 86–87. Къазджэрий здэкӀуэм гъуэгу кърат псоми: – Сэлам хьэлейкум, Къазджэрий, жызыӀэу сэлам къезыхри мащӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 319. Гъуэгу занщӀэ техьэн (1). ФӀым, пэжыгъэм, Ӏеигъэ зыхэмылъым ухуэзышэ гъуэгуанэ теувэн. КъэткӀуакъым гъуэгуу дэ мащӀэ Гуращэ къабзэр гум хэлъу, Къытохьэ Ӏэджи гъуэгу занщӀэм Ди эстафетэу тӀэщӀэлъыр. Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11. Гъуэгу захуэм ирикӀуэн (1). Еплъ гъуэгу занщӀэ техьэн. Ди гуащӀэдэкӀым етхьэлӀэу, ДырокӀуэ лъэпкъхэр гъуэгу захуэм. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5. Гъуэгу захуэм текӀын (1). ФӀым, зэхуагъэм ухуэзышэ гъуэгум текӀуэтын. [Молэм, цӀыхухэм хуэгъэзауэ:] – Гъуэгу захуэм текӀа, гуэныхь къэзыхьа, гъаблэгу ищтэу дэхуэхахэм мы къурӀэныр яӀыгъыу тхьэ яӀуэмэ, пэж жаӀэмэ, я насыпщ, пцӀы жызыӀэр зэгуеуд. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Гъуэгу захуэм теувэн (1). Еплъ гъуэгу занщӀэ техьэн. Теувэнущ ар гъуэгу захуэ, Ухъу уэ щӀалэр щӀалэ махуэ. «Тисей», 487. Гъуэгу зэпычын (5). Гъуэгуанэ кӀун. ДыгъапӀэ защӀэу гъуэгу хэзышыр Гъуэгу зэпычынкӀэ мыерыщ. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Уи деж, нэхъапэу къэслъытауэ, Сэ гъуэгу зэпысчри сыкъэкӀуащ, СӀых си сэламыр, гу къылъытэ, Сэ куэдрэ лъыкӀэ ар згъэнщӀащ. Сэлэт сэлам. «Шум и гъуэгу», 8. Гъуэгу къызэпычын (1). Еплъ гъуэгу зэпычын. Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Гъуэгу махуэ (17). ЦӀыхур гъуэгу зытехьар тэмэм хъун, къехъулӀэн папщӀэ зэрехъуэхъу псалъэ. Вагонхэм, платформэхэм трагъэувэнур трагъэуват «гъуэгу махуэ» жыпӀэу эшелоныр ебгъэжьэжын фӀэкӀа къэмынэжауэ. Щынэхужьыкъуэ, 41. Дадий и нитӀым нэпс щӀэзми, И закъуэ бгыпэм ар тету ЕӀэтри и Ӏэр щэху дыдэу, «Гъуэгу махуэ», – жеӀэ кӀэлъыплъу. «Адэ», 144. Уэ губжь Ӏэджэм узэрахуэ, КӀуэ, си щӀалэ, кӀуэ, гъуэгу махуэ! «Елбэздыкъуэ», 9. Гъуэгу махуэ техьэн (6). Гъуэгу тэмэм, пэж, фӀы къыхуэзыхьыным теувэн. ФӀыгъуэм лъэпкъхэр хуаузэщӀауэ Тетхэт псори я гъуэгу махуэм. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 49. Коммунизмэу ди гуращэр арщ тхуэзыщӀыр нэрылъагъуи, КъакӀуэ махуэм и нур гуащӀэр Дэрщ нэхъапэ зылъагъунур, Коммунизмэм и гъуэгу махуэм Дэрщ техьари псом нэхъапэ. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20. Ди насыпыр увагъащӀэу Щыдгъуэтынум къэралыгъуэр А фӀыгъуэшхуэм дыхуэпӀащӀэт, Партым, властым дыщыгугъыу Хэкур техьэм а гъуэгу махуэм, Гъуэгуу щыӀэм я нэхъ захуэм. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 47. Гъуэгу мыгъуэ ежьэн (11). Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм хуэ(мы)кӀуэну шхыдэ псалъэ. Тембот ауан къэзыщӀхэм жаӀэрт: аркъэ птулъкӀэ къебдзыхыртэкъэ, гъуэгу мыгъуэ ежьэн. Хъуэпсэгъуэ нур, 98. Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: – Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Жинт щӀыхуфэ телъу къурӀэн гуэри и блэгущӀэм хуэсакъыпэу щӀэлъу зиплъыхьырт Сэид, «гъуэгу мыгъуэм ежьар» къигъуэтыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын (2). Ӏейм зыгуэр хуэзэну зэребг щӀыкӀэ. [Къылышбий и къуэм:] Е гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын, и! Хъуэпсэгъуэ нур, 116. [Бэлацэ Дисэ жриӀэу:] Е гъуэгу мыгъуэм ежьэу тӀысыжын жи, сыту умыукӀытэрэ тӀэкӀунитӀэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 138. Гъуэгу пхэнж (4). Гъуэгу щэху. НэӀиб жыхуиӀэр зы зэман гуэр тыркудзэр гъуэгу пхэнж защӀэкӀэ хэкум къизышар аращ. Нал къута, 275. Якъуб, отрядым пашэ яхуэхъуати, гъуэгу пхэнж защӀэкӀэ, яхэкӀуэдыкӀ щымыӀэу, хэкум къишэжащ. Нал къута, 252. Гъуэгу пхэнж тегъэувэн (2). Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм ухуэзышэ лъагъуэм тегъэхьэн. Дэ шы, къамэ, жытӀэурэ ди быныр гъуэгу пхэнж тыдогъэувэ, – ар жиӀэри Астемыр шумэданэр зэтрипхъуэтри тхылъ зэмылӀэужьыгъуэу дэлъ къомыр къыдигъэлъэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. Гъуэгу пхэнж техьэн (1). Ӏейм, мыхъумыщӀагъэм ухуэзышэ лъагъуэм теувэн. МылӀэжыныгъэм кӀуэн и гугъэу Зыхуэмыфащэр ныщӀогъуэжыр, Станц гуэр мафӀэгур зэрынэсу, Гъуэгу пхэнж техьахэм къагъэзэжыр. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Гъуэгу пхышын (1). Еплъ гъуэгу хэшын. [Астемыр, Елдар хуэгъэзауэ:] Упашэну уежьарэ тхылъи бзэи умыщӀэмэ, нэфым ухуэдэщ, дэнэ гъуэгу щыпхыпшынур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. Гъуэгу тэмэм теувэн (1). Еплъ гъуэгу занщӀэ техьэн. Нурхьэлий гуфӀэрт, Алыхьым и шыкуркӀэ, иджы гъуэгу тэмэм сытеуващ, мылъку гуэр згъуэтыну къыщӀэкӀынщ, жиӀэурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. Гъуэгу тэмэм тетын (2). Еплъ гъуэгу тэмэм теувэн. Астемыри тынш дыдэу къыгурыӀуэртэкъым революцэм къихьыну зыщыгугъыр, ауэ Ростов щыщыӀам зэхиха псалъэмакъхэм, Степан Ильич жиӀахэм зыкъом къыгуригъэӀуауэ гъуэгу зытетыр тэмэму къилъытэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. Гъуэгу тэмэм тегъэтын (1). Еплъ гъуэгу тэмэм тегъэувэн. Мэмэт-щӀакъуэр и макъым къызэрихькӀэ кӀийуэ хъуэхъуащ: – Акъылу, ди напэу, ди нэмысу, ди чэнджэщэгъуу, гъуэгу тэмэмым дытезыгъэт Нартыху и къуэу ди Къэзбэч и цӀэкӀэ мы бжьэм без кӀэплӀэу дефэмэ, си гуапэу къызоӀэт, – жиӀэри. Лъапсэ, 46. Гъуэгу тэмэм тегъэувэн (3). ФӀым, пэжыгъэм, Ӏеигъэ зыхэмылъым ухуэзышэ гъуэгум тешэн. Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. [Степан Ильич, Бот хуэгъэзауэ:] Ӏуэхушхуэ ди пщэм къыдэхуауэ, ди унафэ тщӀыжыну, къэрэхьэлъкъыр гъуэгу тэмэм тегъэува зэрыхъунум и унафэ тщӀыну аращ дыщӀызэхуэсари. Хъуэпсэгъуэ нур, 249. [Нурхьэлий и гупсысэ:] Ялыхь, щхьэ сыкъэбужэгъуа апхуэдэу, щхьэ гъуэгу тэмэм сытумыгъэувэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 228. Гъуэгу тегъэувэн (2). 1. (1). Лъагъуэм зыгуэр тешэн, тегъэхьэн. [Хьэбибэ, Албиян хуэгъэзауэ:] Гъуэгуу щыӀэм я нэхъ дахэм тхьэм утригъэувэ. Щынэхужьыкъуэ, 43. 2. (1). Егъэжьэн. Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу гъуэгу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ. Нал къута, 298. Гъуэгу тетын (68). ЗыщӀыпӀэ кӀуэн мурадкӀэ гъуэгуанэ зэпычын. ЛӀитӀ зэпэтӀысу щыс къыпфӀэщӀми, ДзэпщитӀыр макӀуэ тету гъуэгу. Шахмэт джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65. Сынывохъуэхъур гъуэгум тетым, Фи гъуэгуанэ ирепсынщӀэ. Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40. Къущхьэ фызхэр жэщым гъуэгу зэрытетар нэрылъагъут – ешаелӀауэ кӀуэрт, я сабий цӀыкӀухэри я гъусэу. Щынэхужьыкъуэ, 36. Гъуэгу теувэжын (5). Гъуэгу зытетам техьэжын; гъуэгуанэм пыщэн. [ЩӀалищымрэ дэрэ (авторымрэ Шамумрэ)] Дызэрыгъуэтыжри ди гъуэгу дытеувэжащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Дэфэрэдж къыхуэщӀэртэкъым ягъакӀуэу гъукӀэр къыщӀрагъэшари, щтэӀэщтаблэу щыст, сытэджу си гъуэгу щхьэ сытемыувэжрэ, жиӀэу. Лъапсэ, 60. [Аслъэныкъуэ:] Сэ зыщӀыпӀэ сыкӀуауэ тӀэкӀу сыкъэгувати, си гъусэхэм сыкъагъанэри я гъуэгу теувэжащ. МелыӀыч, 451. Гъуэгу теувэн (4). Еплъ гъуэгу техьэн. [Фэуаз:] Хьэлъэр махъшэм тетлъхьэри, ахъшэм хъуакъэ иджы щыжыпӀэм хуэзэу, щӀалитхур си гъусэу гъуэгу дытеуващ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398. – Хэт и фызу пӀэрэ уэлбанэ махуэм гъуэгу теувар? – жиӀэри хьэжы цей зыщыгъ молэр щӀэупщӀащ. Лъапсэ, 57. [Дэфэрэдж:] си хьэпшып тӀэкӀур къасщтэу гъуэгу сытеувэнущи, трубкэр къэзмыщтэмэ, зэфӀэкӀакъэ жызоӀэри, тӀэкӀурэ зызоплъыхь, арщхьэкӀэ схуэшэчыркъым, си псэм зыхещӀэри къасщтэмэ, хьэм къагъэщтащ жыпӀэну цӀыхубз макъ зэхызох. Лъапсэ, 7. Гъуэгу техьэн (12). ЗыщӀыпӀэ кӀуэн мурадкӀэ гъуэгу теувэн. Бжьыхьэр щикӀкӀэ, батэкъутэ Имыгъэшу пхуимыдэн, ЩхьэзыфӀэфӀу икӀи бейщи, Гъуэгу зытехьэм фӀэфӀщ хэдэн. Уигу къоузым ещхьыркъабзэу. «Дамыгъэ», 69. Зы гъуэгу техьахэр зэмызэгъми, Зым и лъэужьыр зым ихунщ. Дунейм имыӀэ къегъэжьапӀэ. «Батырыбжьэ», 33. Сэ форелым ещхьыркъабзэу, Гъуэгу кӀуэдыпӀэ сытехьами, СокӀуэ, щхьэхьу, къэзмыгъазэу, Си лъы ткӀуэпсыр щӀым хэткӀухьу. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372. Гъуэгу хэшын (11). ЦӀыху зекӀуапӀэ лъагъуэ пхыщӀыкӀын. ЩӀы пэт гъуэгу хэпшыр нэшэкъашэ: Уи натӀэм илъым ухуэзэнщ. Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 130. Зы къуакӀи Ӏуащхьи щымыӀэу, Гъуэгуу хашахэр занщӀабзэщ. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Батырыбжьэ», 214. Лъэдакъэр лъыпсу теудами, Дзэр зэтескъузэу гъуэгу пхызошыр, Къарууэ сиӀэр текӀуэдами. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. [И] гъуэгум ирикӀуэн (3). ПщӀэнумкӀэ, узэрыпсэунымкӀэ зыгуэр щапхъэ пхуэхъун. ГуащӀэрыпсэууэ цӀыхубэр Дэ дызэкъуэшу дыздокӀуэ, Дэ текӀуэныгъэр къыдохьыр, ГъащӀэщӀэ гъуэгум дрокӀуэ. ТекӀуахэм сэлам. «Бгы лъапэхэм деж», 35. А фӀыгъуэ псори ди щӀыгум Народ къарукӀэ мэбагъуэ, Народ насыпым и гъуэгум ДырокӀуэ тӀури зэщӀыгъуу. ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 100. Ди гуащӀэдэкӀыр етхьэлӀэу, ДырокӀуэ лъэпкъхэр гъуэгу захуэм. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5. Гъуэгум къытенэн (9). УздэкӀуэм унэмысу къызэтеувыӀэн. Сабий къомыр зэрыс гухэр гъуэгум къытенащ, тхьэм ещӀэ, фызхэм я гугъа сабийхэм я гугъу къащӀынкъым жаӀэу. Нал къута, 214. Локотош елъагъу сэлэтхэр гужьеяуэ зэрызехьэу гъуэгум къызэрытенар. Нал къута, 300. Я гъуэмылэр зытелъ шыр щыщ къэмынэу щиукӀам хъыджэбзымрэ дадэмрэ яшхын ямыӀэу гъуэгум къытенат. Нал къута, 268. Гъуэгум тешэн (1). Гъуэгу тегъэхьэн. Сабийр гу цӀыкӀум къигуфӀыкӀыу И щыпэ гъуэгум мес трашэ. ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119. Гъуэгум пкӀэлъей едзын (къедзын) (2). Зыгуэрым гъуэгуанэ кӀыхьыр тынш щыщӀын (хъыбаркӀэ, уэрэдкӀэ).Нэгъуджэ зыӀулъыр къэпсэлъащ: - Хъарзынэ хъуащ, Инал, Лу пкӀэлъей къридзынщ ди гъуэгум, хъыбар дригъэдаӀуэурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527. Уи зекӀуэ гъуэгум пкӀэлъейуэ Си лъагъуныгъэр пхуездзынкъэ, Уей Бадынокъуэ, къеблагъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 423. Гъуэгур кӀэщӀ хъун (1). ГъащӀэр кӀэщӀ хъун, дунейм ехыжын. Си анэжьым ухуэзэм, И закъуэу жеӀэж: «Уи щӀалэу уи пажэм И гъуэгур кӀэщӀ хъуащ…». ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33. Гъуэгур кӀун (1). ЗдэкӀуэну щӀыпӀэм нэсын. Сэ шыхулъагъуэр си бгъэрыщӀэу Гъуэгур скӀуну си гугъащ. Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9. Гъуэгур тӀу ищӀыкӀын (1). Гъуэгум и ныкъуэр кӀун, хэгъэщӀын. Гъуэгур тӀу ирищӀыкӀауэ къыщӀэкӀынтэкъым, Ӏурихыу щӀалэр щыжеям. Къалэн, 428. Гъуэгур хэгъэщӀын (1). Гъуэгу кӀуным и зы Ӏыхьэр къызэнэкӀын. ЩӀэгъэкъуэн фыкъытхуэхъурэ – ди лъэр къыщӀэувэжынщи, ди гъуэгу хэдгъэщӀынщ. Нал къута, 269. [И] занщӀэр и гъуэгуу (10). Еплъ занщӀэ.
МАХУЭ II (21). Угъурлы, насыпыфӀэ. ЩӀалэ цӀыкӀухэм Тини яхэту зэдэгушыӀэрт: «Ей, къуажэ махуэ хъун, фыкъэдаӀуэ, пщэдей спектакль къагъэлъагъуэ, КӀэмсэмол щӀалэр молэм зэрытекӀуар зэвгъэлъагъунумэ, фыкъекӀуалӀэ», - жиӀэу Лу гъуом зригъэщхьу кӀийрт, адрейхэри абы дежьу хуэдэу зэрыгъэдыхьэшхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642-643. Тхьэм уигъэпсэу жи, Уэри ей-ей, ЩӀалэ лъагъугъуафӀэу, Уэри ей-ей, Лъагъуэ махуэм тетыр, Уэри ей-ей, Хэтым уащыщ? «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 416. ЩӀым и гъунэм дыгъэр зэ нэсарэ Къигъэзэжу къыздикӀамкӀэ кӀуэжтэм, Махуэ защӀэу гъащӀэр екӀуэкӀынут, Борэн ябги, зы дурэш къыдэжу Хадэм ихьэу, диным имыкӀынут. Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… «Вагъуэ махуэ», 338. ◊ Гъуэгу махуэ (17). Еплъ гъуэгу. Жьыщхьэ махуэ (1). Еплъ жьыщхьэ. Лъапэ махуэ къихьэн (2). Еплъ лъапэ I. Махуэ ухъу (1). НасыпыфӀэ, угъурлы, бэӀутӀэӀуншэ хъун. [Дисэ:] Тхьэм насып защӀэ уищӀ, уи жьыщхьэри махуэ ухъу, Рахьим, зи гъащӀэр кӀыхь хъун, Ӏейуэ бгъэгуфӀащ хъыджэбз цӀыкӀур. Хъуэпсэгъуэ нур, 131.