жьыщхьэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Bu maddedeki ifadeler (1)

жьыщхьэ махуэ хъун

руобрести счастливую старость.

Kitapta geçtiği hali

жьыщхьэ жьыщхьэ махуэ хъун обрести счастливую старость.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Жьы щыхъуа зэман.

Къэшэн фиӀами, дэкӀуэжауэ, Фи анэ дыди къыфпэмыплъэ, Е къыфпэплъэни езэшауэ Я жьыщхьэм ныси фхуэмылъыхъуэ.— Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 130

+2 örnek

Нобэ дахэщ фэ фи лъагъуэр, СывдэкӀуэныр сэ си гуапэщ, ВгъэлъэпӀащи сэ си жьыщхьэр, Сэ си дежкӀэ инщ а щӀыхьыр!— Тисей, 483

Къуажэм почтальону дэт Исхьэкъ игъащӀэм цӀыхум къазэрыхэщ щыӀэкъым, иджы и жьыщхьэм къызэрыкӀащ – тхылъкӀэ гуры-хуэу къыщӀэкӀащ, уеблэмэ, и унэцӀэ итхыж дэнэ къэна, итхам къеджэжыф хъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507

Deyimler (2)

жьыщхьэ махуэ

Жьы хъуа цӀыхур щынасыпыфӀэм, бынкӀэ, унагъуэкӀэ гукъеуэ зимыӀэм хужаӀэ.

Илъэсищэ щрикъу махуэр ЯщӀэр псоми жьыщхьэ махуэр, Езы дадэм щыгъупщами.— Тисей, 480

жьыщхьэ махуэ хъун

Жьы ущыхъум деж насыпыфӀэу, гукъеуэншэу ирихьэлӀэн.

[Дисэ:] Тхьэм насып защӀэ уищӀ, уи жьыщхьэри махуэ ухъу, Рахьим, зи гъащӀэр кӀыхь хъун, Ӏейуэ бгъэгуфӀащ хъыджэбз цӀыкӀур…— Хъуэпсэгъуэ нур, 131

+1 örnek

Жьыщхьэ махуэ ухъу!- жиӀащ КӀураци, фызыжьым и псалъэр и гум щӀыхьауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 17

Kitapta geçtiği hali

ЖЬЫЩХЬЭ (14). Жьы щыхъуа зэман. Къэшэн фиӀами, дэкӀуэжауэ, Фи анэ дыди къыфпэмыплъэ, Е къыфпэплъэни езэшауэ Я жьыщхьэм ныси фхуэмылъыхъуэ. Сэлэт лъэужь. «Мывэ хуабэ», 130. Нобэ дахэщ фэ фи лъагъуэр, СывдэкӀуэныр сэ си гуапэщ, ВгъэлъэпӀащи сэ си жьыщхьэр, Сэ си дежкӀэ инщ а щӀыхьыр! «Тисей», 483. Къуажэм почтальону дэт Исхьэкъ игъащӀэм цӀыхум къазэрыхэщ щыӀэкъым, иджы и жьыщхьэм къызэрыкӀащ – тхылъкӀэ гуры-хуэу къыщӀэкӀащ, уеблэмэ, и унэцӀэ итхыж дэнэ къэна, итхам къеджэжыф хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. ◊ Жьыщхьэ махуэ (1). Жьы хъуа цӀыхур щынасыпыфӀэм, бынкӀэ, унагъуэкӀэ гукъеуэ зимыӀэм хужаӀэ. Илъэсищэ щрикъу махуэр ЯщӀэр псоми жьыщхьэ махуэр, Езы дадэм щыгъупщами. «Тисей», 480. Жьыщхьэ махуэ хъун (4). Жьы ущыхъум деж насыпыфӀэу, гукъеуэншэу ирихьэлӀэн. [Дисэ:] Тхьэм насып защӀэ уищӀ, уи жьыщхьэри махуэ ухъу, Рахьим, зи гъащӀэр кӀыхь хъун, Ӏейуэ бгъэгуфӀащ хъыджэбз цӀыкӀур… Хъуэпсэгъуэ нур, 131. Жьыщхьэ махуэ ухъу!- жиӀащ КӀураци, фызыжьым и псалъэр и гум щӀыхьауэ. Щынэхужьыкъуэ, 17.

Düzeltme Öner

жьыщхьэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.