лъапэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр.

рупередняя часть ступни, носок

Пщыкъан лъапэкӀэ тету.. щӀэкӀыжащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

+1 örnek

Хэт илъэгъуа адыгэ джэгу.. хатӀэу, я лъапэр япхъуатэу.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

2. Вакъэм, лъэпэдым и пэ.

руносок (обуви, чулка)

Шырыкъу лъапэкӀэ бжэр къыӀуиудри лӀы гуэр къыщӀыхьащ.— Ӏуащхьэмахуэ

3. Бгы лъабжьэ.

руподножие горы, возвышенности

Ӏуащхьэмахуэ лъапэ.

+1 örnek

Бажэхэмрэ дыгъужьхэмрэ къызэхуэсри.. Ӏуащхьэ лъапэм къетӀысэкӀащ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан

4. Мэзымрэ губгъуэмрэ щызэпылъ щӀыпӀэ.

руопушка

ЩакӀуэм мэз лъапэм пщыӀэ щищӀри щӀэтӀысхьащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

5. ПӀэ лъапэ.

руизножье

{Бэчмырзэ} нэху игъэщырт.. пӀэ лъапэм тесу, и нитӀыр и къуэ закъуэм темыкӀыу.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (7)

лъапэ дэмышиен

лъапэ щымылъэщӀын

лъапэ махуэ (къ)ихьэн

рупринести счастье, радость в дом (о госте, невесте и т. п.).

Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, къыщӀыухьэ лъапэ махуэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие

+1 örnek

Фи бжэщхьэӀум къебэкъуа цӀыхубзым.. лъапэ махуэ фи унэ кърихьэну сохъуэхъу.— ӀуэрыӀуатэ

лъапэ махуэ къыухьэжьэж

рупожелание здоровья, счастья - при обращении к выздоровевшему.

Лъапэ махуэ къыухьэжьэжи, сыт ухуэдэ, си ныбжьэгъу?— Къэбэрдей

+1 örnek

Сымаджэу къэтэджыжамэ, "Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!" жаӀэ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ!

руДа будет твой приход счастливым!

Унэм игъащӀэм къыщӀэмыхьа къыщыщӀыхьэм деж, жаӀэ хабзэщ: - Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ!— КӀыщокъуэ Алим

3 ifade daha

лъапэ щымылъэщӀын (щӀэмышиен)

руне переступать чьего-л. порога.

лъапэ (лъэбакъуэ) щӀэчэн

рувойти куда-л.

лъапэ щхьэнтэ

Гущэм щыхапхэкӀэ сабийм и лъакъуэм тралъхьэ щхьэнтэ цӀыкӀу; гущэ щхьэнтэ.

руколыбельная подушечка, накладываемая на ноги ребенка

Kitapta geçtiği hali

лъапэ 1. передняя часть ступни, носок / Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр. * Пщыкъан лъапэкӀэ тету.. щӀэкӀыжащ. Къ. Хь. Хэт илъэгъуа адыгэ джэгу.. хатӀэу, я лъапэр япхъуатэу. Хь. Хь. 2. носок (обуви, чулка) / Вакъэм, лъэпэдым и пэ. * Шырыкъу лъапэкӀэ бжэр къыӀуиудри лӀы гуэр къыщӀыхьащ. Ӏуащхь. 3. подножие горы, возвышенности / Бгы лъабжьэ. Ӏуащхьэмахуэ лъапэ. * Бажэхэмрэ дыгъужьхэмрэ къызэхуэсри.. Ӏуащхьэ лъапэм къетӀысэкӀащ. КӀ. Т., Акъ. З. 4. опушка / Мэзымрэ губгъуэмрэ щызэпылъ щӀыпӀэ. * ЩакӀуэм мэз лъапэм пщыӀэ щищӀри щӀэтӀысхьащ. Къэб. фольк. 5. изножье / ПӀэ лъапэ. * {Бэчмырзэ} нэху игъэщырт.. пӀэ лъапэм тесу, и нитӀыр и къуэ закъуэм темыкӀыу. Ш. А. Лъапэ дэмышиен = лъапэ щымылъэщӀын. Лъапэ махуэ (къ)ихьэн принести счастье, радость в дом (о госте, невесте и т. п.). * Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, къыщӀыухьэ лъапэ махуэ. Къэб. п. и ант. Фи бжэщхьэӀум къебэкъуа цӀыхубзым.. лъапэ махуэ фи унэ кърихьэну сохъуэхъу. фольк. Лъапэ махуэ къыухьэжьэж пожелание здоровья, счастья - при обращении к выздоровевшему. * Лъапэ махуэ къыухьэжьэжи, сыт ухуэдэ, си ныбжьэгъу? Къэб. Сымаджэу къэтэджыжамэ, "Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!" жаӀэ. Ад. фольк. Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ! Да будет твой приход счастливым! * Унэм игъащӀэм къыщӀэмыхьа къыщыщӀыхьэм деж, жаӀэ хабзэщ: - Лъапэ махуэ къыщӀыухьэ! КӀ. А. Лъапэ щымылъэщӀын (щӀэмышиен) не переступать чьего-л. порога. Лъапэ (лъэбакъуэ) щӀэчэн войти куда-л. лъапэ щхьэнтэ колыбельная подушечка, накладываемая на ноги ребенка / Гущэм щыхапхэкӀэ сабийм и лъакъуэм тралъхьэ щхьэнтэ цӀыкӀу; гущэ щхьэнтэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр. -456.

Уи гузэвапӀэр сэ сщӀатэм, Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт, Уэ ущышэскӀэ шыр ятэм, Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25

+2 örnek

[Фызым] И бостей кӀыхьым щыдэжыну зэмыфэгъуу тедамкӀэ, вакъэ зэщӀэдауэ и лъапэм фӀэлъымкӀэ къэпщӀэнут унагъуэм къулейсызыгъэу ятелъыр.— МелыӀыч, 455

Дауи мыкӀыргъынрэ: япэм зыгуэру зыкӀэлъыплъыжу щытами [ЛэтӀифэ], иджы игъуэтыр ешх, щэныбэжь хъуащи, ищӀэнур ищӀэжыркъым, и Ӏэпэ лахэм Ӏэлъын зырызыххэ ярылъщ, и туфлъитӀри Ӏэпхъуалъэм ещхьу и лъащхьэр къыдихужауэ лъапэм фӀэӀуащ.— Лъапсэ, 24

2. Вакъэм, лъэпэдым и пэ. -15.

Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут [Темыркъан и шырыкъуитӀыр].— Щынэхужьыкъуэ, 42

+1 örnek

Псори щым хъуауэ зэхэтщ, быхъи-сыхъи жамыӀэу, я щхьэр къыфӀэхуауэ я туфлъэ лъапэм йоплъыжхэр, е езыр-езыру зоӀущащэ, зохъуцацэ, сэ жысӀар зэхамыха хуэдэ, я цӀэ исӀуэурэ чэзууэ сеупщӀмэ, я жэуапыр кӀэпӀейкӀэщ – псоми щхьэусыгъуэ зырыз къагупсысыр: зым тхьэлъанэ ещӀ хущӀэмыхьэну, адрейр Ӏэтащхьэм деж ираджауэ къыщӀокӀыр, ещанэм и жыпым бюллетень кърехри зэрысымаджэр уегъэлъагъур.— Лъапсэ, 14

3. Гъуэншэджым и лъащхьэ.

Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50

+2 örnek

Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъӀэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 55

Губгъуэм къикӀыжхэм я вакъэр я блэгущӀэм щӀэлъу, я гъуэншэдж лъапэр лъэгуажьэм нэс дэгъэджэрэзеяуэ къэкӀуэжырт.— КӀапсэ кӀапэ, 5

Deyimler (11)

лъапэ егъэзыхыгъуэу

Гугъуехь телъу, мыпсэхуу, мытыншу

ЩӀымахуэр къихьакъэ – гузэвэгъуэ защӀэщ, ди дунейр лъапэ егъэзыхыгъуэу гъатхэ дытехьэмэ, догуфӀэ.— Кхъухь пхэнж, 502

лъапэ къыдэхьэн

ЗыщӀыпӀэ дыхьэн.

[Дадий и къуэм жреӀэ:] Уи лъапэ пщӀантӀэм къыдэпхьэм, Уэ бжесӀэжыну къалэн Мыр къысщищӀащи, бжызоӀэ: «Насып мыгуэшу сиӀари Си къуэ Къэрнейрэ си щӀыхьрэт. СлъэкӀыхукӀэ щӀыхьыр схъумащи Ар саугъэту си щӀалэм Къыпхузогъанэ» - жиӀащ [и адэм].— Адэ, 135

лъапэ махуэ къихьэн

Угъурлыуэ лъэпкъым, унагъуэм къыхыхьауэ къыщӀэкӀын (нысащӀэ къашам ирехъуэхъу хабзэщ).

[Къэзмай Инал жриӀэу] Фи бжэщхьэӀу къебэкъуа цӀыхубзым насып къыдэкӀуэну, лъапэ махуэ фи унэм кърихьэну сохъуэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

+1 örnek

[Беъкан Хьэбибэ жриӀэу] Ди нысэ хъурэ, тхьэм лъапэ махуэ ди унэ кърихьауэ къыщӀигъэкӀ [Апчарэ].— Нал къута, 230

лъапэ щӀэ(мы)хьэн

ЗыщӀыпӀэ щӀэмыбэкъуэн, щӀэмыхьэн, бгынэн.

[Исхьэкъ] Мес, Астемыр мащӀэ щӀа мэжджытым лъапэ зэрыщӀимыхьэрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658

7 deyim daha

лъапэ махуэ къыщӀуухьэ

ФӀыгъуэкӀэ, гуфӀэгъуэкӀэ, угъурлыгъэкӀэ укъыщӀыхьауэ Тхьэм жиӀэ (япэ дыдэ унэм къихьам жраӀэ хъуэхъущ).

АдкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ.— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33

лъапэ махуэ къэхьыжын

[Къэзмай Къазджэрий жриӀэу] – Уэри тхьэм лъапэ махуэ къэпхьыжауэ къыщӀигъэкӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620

лъапэ къыдэмыхьэн

Къалэр гъунэгъуми, Астемыр куэдрэ къакӀуэу и хабзэтэкъым, ноби кърамыджатэмэ, лъапэ къыдихьэнутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112

Еплъ: лъапэ щӀэмыхьэн

лъапэр фӀэгъэнэн

ЕрыщагъэкӀэ и пӀэм имыкӀын, зытетым темыкӀын.

Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсым яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ.— Лъапсэ, 54

лъапэм зыщӀэдзэн

[Гесиод:] Гъуэгыу си лъапэм зыкъыщӀидзащ: сщӀа щыӀэкъым, сынолъэӀу, жиӀэу.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

Еплъ: лъакъуэм зыщӀэдзэн

лъапэр щӀэчэн

ЗыщӀыпӀэ щӀэбэкъуэн.

Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: – СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэр щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ.— Лъапсэ, 96

лъапэкӀэ щӀихуэн

Джэлэн.

Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут.— Щынэхужьыкъуэ, 42

Бгы, къурш лъабжьэ.

Нэхъ укъехмэ – мэзыр щхъуабзэщ, бгы лъапэр жыг хадэ защӀэщи зэщӀэгъэгъащ.— Щынэхужьыкъуэ, 36

+2 örnek

И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур. «— Адэ, 130

Хадэм адэкӀэ уплъэмэ, къуажэбгъущ, щыс щымыӀэу, адэ нэхъ жыжьэу уплъэмэ, бгы лъапэ дыдэм деж бгъэн телъу унэжь тӀэкӀу щытщ, джэдэщышхуэ гуэри и щхьэр фыри къэрэкъурэ къытекӀэжауэ, бжэи сыти хэмылъыжу уолъагъу, унэжь цӀыкӀум пэмыжыжьэу.— МелыӀыч, 456

5. Мэзыр щиух е щыщӀидзэ щӀыпӀэ

Мэз лъапэ дахэм пэӀэщӀэу Сыщалъхуа къуажэр мэгъагъэр, Лъэныкъуэ псори щӀэращӀэу Еплъыт, гъэщӀагъуэт дахагъэр.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42

+2 örnek

Ди мэз лъапэр нэм щӀоувэ, Щыхь къызэджэу зэм къысфӀощӀыр, Бжэн слъэгъуамэ ещхь ди бжэным – Дэ ди Ӏэщым япызощӀыр.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372

Тафэ щхъуантӀэм мэзым хэту Лагерь пщыӀэр хыболъагъуэ, Строй ящӀауэ, мес зэхэту, Я пӀэм цӀыкӀухэр имызагъэу Пионерхэр хьэщӀэ

Kitapta geçtiği hali

ЛЪАПЭ I (79). 1. (11). Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр. Уи гузэвапӀэр сэ сщӀатэм, Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт, Уэ ущышэскӀэ шыр ятэм, Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25. [Фызым] И бостей кӀыхьым щыдэжыну зэмыфэгъуу тедамкӀэ, вакъэ зэщӀэдауэ и лъапэм фӀэлъымкӀэ къэпщӀэнут унагъуэм къулейсызыгъэу ятелъыр. МелыӀыч, 455-456. Дауи мыкӀыргъынрэ: япэм зыгуэру зыкӀэлъыплъыжу щытами [ЛэтӀифэ], иджы игъуэтыр ешх, щэныбэжь хъуащи, ищӀэнур ищӀэжыркъым, и Ӏэпэ лахэм Ӏэлъын зырызыххэ ярылъщ, и туфлъитӀри Ӏэпхъуалъэм ещхьу и лъащхьэр къыдихужауэ лъапэм фӀэӀуащ. Лъапсэ, 24. 2. (2). Вакъэм, лъэпэдым и пэ. Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут [Темыркъан и шырыкъуитӀыр]. Щынэхужьыкъуэ, 42. Псори щым хъуауэ зэхэтщ, быхъи-сыхъи жамыӀэу, я щхьэр къыфӀэхуауэ я туфлъэ лъапэм йоплъыжхэр, е езыр-езыру зоӀущащэ, зохъуцацэ, сэ жысӀар зэхамыха хуэдэ, я цӀэ исӀуэурэ чэзууэ сеупщӀмэ, я жэуапыр кӀэпӀейкӀэщ – псоми щхьэусыгъуэ зырыз къагупсысыр: зым тхьэлъанэ ещӀ хущӀэмыхьэну, адрейр Ӏэтащхьэм деж ираджауэ къыщӀокӀыр, ещанэм и жыпым бюллетень кърехри зэрысымаджэр уегъэлъагъур. Лъапсэ, 14-15. 3. (5). Гъуэншэджым и лъащхьэ. Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъӀэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 55. Губгъуэм къикӀыжхэм я вакъэр я блэгущӀэм щӀэлъу, я гъуэншэдж лъапэр лъэгуажьэм нэс дэгъэджэрэзеяуэ къэкӀуэжырт. КӀапсэ кӀапэ, 5. ◊ Лъапэ егъэзыхыгъуэу (1). Гугъуехь телъу, мыпсэхуу, мытыншу ЩӀымахуэр къихьакъэ – гузэвэгъуэ защӀэщ, ди дунейр лъапэ егъэзыхыгъуэу гъатхэ дытехьэмэ, догуфӀэ. Кхъухь пхэнж, 502. Лъапэ къыдэхьэн (1). ЗыщӀыпӀэ дыхьэн. [Дадий и къуэм жреӀэ:] Уи лъапэ пщӀантӀэм къыдэпхьэм, Уэ бжесӀэжыну къалэн Мыр къысщищӀащи, бжызоӀэ: «Насып мыгуэшу сиӀари Си къуэ Къэрнейрэ си щӀыхьрэт. СлъэкӀыхукӀэ щӀыхьыр схъумащи Ар саугъэту си щӀалэм Къыпхузогъанэ» - жиӀащ [и адэм]. «Адэ», 135. Лъапэ махуэ къихьэн (2). Угъурлыуэ лъэпкъым, унагъуэм къыхыхьауэ къыщӀэкӀын (нысащӀэ къашам ирехъуэхъу хабзэщ). [Къэзмай Инал жриӀэу] Фи бжэщхьэӀу къебэкъуа цӀыхубзым насып къыдэкӀуэну, лъапэ махуэ фи унэм кърихьэну сохъуэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. [Беъкан Хьэбибэ жриӀэу] Ди нысэ хъурэ, тхьэм лъапэ махуэ ди унэ кърихьауэ къыщӀигъэкӀ [Апчарэ]. Нал къута, 230. Лъапэ щӀэ(мы)хьэн (1). ЗыщӀыпӀэ щӀэмыбэкъуэн, щӀэмыхьэн, бгынэн. [Исхьэкъ] Мес, Астемыр мащӀэ щӀа мэжджытым лъапэ зэрыщӀимыхьэрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658. Лъапэ махуэ къыщӀуухьэ (1). ФӀыгъуэкӀэ, гуфӀэгъуэкӀэ, угъурлыгъэкӀэ укъыщӀыхьауэ Тхьэм жиӀэ (япэ дыдэ унэм къихьам жраӀэ хъуэхъущ). АдкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ. УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33. Лъапэ махуэ къэхьыжын (1). [Къэзмай Къазджэрий жриӀэу] – Уэри тхьэм лъапэ махуэ къэпхьыжауэ къыщӀигъэкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620. Лъапэ къыдэмыхьэн (1). Еплъ лъапэ щӀэмыхьэн. Къалэр гъунэгъуми, Астемыр куэдрэ къакӀуэу и хабзэтэкъым, ноби кърамыджатэмэ, лъапэ къыдихьэнутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. Лъапэр фӀэгъэнэн (1). ЕрыщагъэкӀэ и пӀэм имыкӀын, зытетым темыкӀын. Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсым яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ. Лъапсэ, 54. Лъапэм зыщӀэдзэн (1). Еплъ лъакъуэм зыщӀэдзэн. [Гесиод:] Гъуэгыу си лъапэм зыкъыщӀидзащ: сщӀа щыӀэкъым, сынолъэӀу, жиӀэу. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Лъапэр щӀэчэн (1). ЗыщӀыпӀэ щӀэбэкъуэн. Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: – СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэр щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ. Лъапсэ, 96. ЛъапэкӀэ щӀихуэн (1). Джэлэн. Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут. Щынэхужьыкъуэ, 42.

ЛЪАПЭ II (10). Бгы, къурш лъабжьэ. Нэхъ укъехмэ – мэзыр щхъуабзэщ, бгы лъапэр жыг хадэ защӀэщи зэщӀэгъэгъащ. Щынэхужьыкъуэ, 36. И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур. «Адэ», 130. Хадэм адэкӀэ уплъэмэ, къуажэбгъущ, щыс щымыӀэу, адэ нэхъ жыжьэу уплъэмэ, бгы лъапэ дыдэм деж бгъэн телъу унэжь тӀэкӀу щытщ, джэдэщышхуэ гуэри и щхьэр фыри къэрэкъурэ къытекӀэжауэ, бжэи сыти хэмылъыжу уолъагъу, унэжь цӀыкӀум пэмыжыжьэу. МелыӀыч, 456. 5. (6). Мэзыр щиух е щыщӀидзэ щӀыпӀэ Мэз лъапэ дахэм пэӀэщӀэу Сыщалъхуа къуажэр мэгъагъэр, Лъэныкъуэ псори щӀэращӀэу Еплъыт, гъэщӀагъуэт дахагъэр. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. Ди мэз лъапэр нэм щӀоувэ, Щыхь къызэджэу зэм къысфӀощӀыр, Бжэн слъэгъуамэ ещхь ди бжэным – Дэ ди Ӏэщым япызощӀыр. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372. Тафэ щхъуантӀэм мэзым хэту Лагерь пщыӀэр хыболъагъуэ, Строй ящӀауэ, мес зэхэту, Я пӀэм цӀыкӀухэр имызагъэу Пионерхэр хьэщӀэ

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ayak ayakucu paça

Düzeltme Öner

лъапэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.