къытекӀуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къытокӀуэ)
{Псэлъыхъужьым:} - Ар {Дахэнагъуэ} къыптекӀуэу ухигъащӀэм Ди гъусэу упсэунщ.— Акъсырэ Залымхъан
+1 örnek
Пэжым къытекӀуэн щыӀэкъым.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Еплъ: текӀуэн
Kitapta geçtiği hali
къытекӀуэн (къытокӀуэ) неперех. гл. см. текӀуэн. * {Псэлъыхъужьым:} - Ар {Дахэнагъуэ} къыптекӀуэу ухигъащӀэм Ди гъусэу упсэунщ. Акъ. З. Пэжым къытекӀуэн щыӀэкъым. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытокӀуэ)
Къыпэлъэщын, зыгуэркӀэ къефӀэкӀын.
ЗауэлӀхэр щохьэ бий зигу икӀам: «Урыс сэлэтым щхьэщэ хуэфщӀ, Арщ къыфтекӀуэныр зылъэкӀар!» Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. СоӀэтыр усэр сэ Ӏэщэу, Абы къытекӀуэ щыӀэнкъым, Ахэр зэуапӀэм щапӀащи, ПыӀэпӀэ махуэ лъыхъуэнкъым.— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116
+1 örnek
Ауэ щӀэныгъэкӀэ сэ къыстекӀуэни щыӀэкӀэ щыӀэщ, - жиӀэрт Къазджэрий [Лу зыхуигъазэу].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602
Deyimler (3)
жейр къытекӀуэн
Еплъ: жеин
[и] насып къытекӀуэн
Еплъ: насып. ☐
къыптекӀуэр гугъущ
КъофӀэкӀым зыпэщӀэпсэкӀэ къикӀ щыӀэкъым, жыхуиӀэщ.
Нартыхур мыпсалъэу хъужынутэкъыми, зэрыщысым хуэдэурэ, псалъэ къапидзащ: – КъыптекӀуэр гугъущ.— Лъапсэ, 82
+1 örnek
«АтӀэ къыптекӀуэр гугъущ» жызыӀэу Ӏэщ тӀэкӀу ихъумэфар жэщкӀэ иукӀыжурэ зызыгъэхьэзыри щыӀэт, колхозыр зымыдэу щыта къомыр кӀуэдыкӀейуэ зэрагъэкӀуэдар я гум къагъэкӀыжауэ— Лъапсэ, 84
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕКӀУЭН (къытокӀуэ) лъэмыӀ. (16). Къыпэлъэщын, зыгуэркӀэ къефӀэкӀын. ЗауэлӀхэр щохьэ бий зигу икӀам: «Урыс сэлэтым щхьэщэ хуэфщӀ, Арщ къыфтекӀуэныр зылъэкӀар!» Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. СоӀэтыр усэр сэ Ӏэщэу, Абы къытекӀуэ щыӀэнкъым, Ахэр зэуапӀэм щапӀащи, ПыӀэпӀэ махуэ лъыхъуэнкъым. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116. Ауэ щӀэныгъэкӀэ сэ къыстекӀуэни щыӀэкӀэ щыӀэщ, - жиӀэрт Къазджэрий [Лу зыхуигъазэу]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. ◊ Жейр къытекӀуэн (1). Еплъ жеин. [И] насып къытекӀуэн (1). Еплъ насып. ☐ КъыптекӀуэр гугъущ (4). КъофӀэкӀым зыпэщӀэпсэкӀэ къикӀ щыӀэкъым, жыхуиӀэщ. Нартыхур мыпсалъэу хъужынутэкъыми, зэрыщысым хуэдэурэ, псалъэ къапидзащ: – КъыптекӀуэр гугъущ. Лъапсэ, 82. «АтӀэ къыптекӀуэр гугъущ» жызыӀэу Ӏэщ тӀэкӀу ихъумэфар жэщкӀэ иукӀыжурэ зызыгъэхьэзыри щыӀэт, колхозыр зымыдэу щыта къомыр кӀуэдыкӀейуэ зэрагъэкӀуэдар я гум къагъэкӀыжауэ. Лъапсэ, 84.