гуауэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

acıyürek acısı
Doğuгуауэ
Batıгуао
dert
Ortakлажь(э)уз(ы)
Doğuгуауэ
Batıгуао
ıstırap
Ortakгукъеу(э)гуузпкъыузлыуз
Doğuгуауэ
Batıгуаогукъау
trajedi
Ortakтрагедиагуауэ
Doğuгуауэ
Batıгуао
üzüntü
Ortakгукъеу(э)гукъеуэ
DoğuгуауэгухэщӀнэщхъеигъуэгукъеуэ
BatıгукъаугуаогухэкӀнэшъхъэягъунэшхъэягъу
Kitapta geçtiği hali

гуао/гуауэ; ACI 4 (yürek ~sı)

гуауэ/гуао; ACI 4 (yürek ~sı)

ЛАЖЬ(Э) (Абз. ЛАЖЭ), гуао/гуауэ, УЗ(ы); DERT

гуао/гуауэ, ГУКЪЕУ(Э), гукъау, ГУУЗ, ПКЪЫУЗ, ЛЫУЗ; ISTIRAP

гуауэ/гуао, ТРАГЕДИА; TRAJEDİ

ТРАГЕДИА, ГУАУЭ; TRAJEDİ

гукъау/ГУКЪЕУ(Э), гуао/гуауэ, гухэкӀ/гухэщӀ, нэшъхъэягъу/нэщхъеигъуэ; ÜZÜNTÜ, ISTIRAP

ГУКЪЕУЭ/гукъау, гуао/гуауэ, гухэщӀ/гухэкӀ, нэшъхъэягъу/нэщхъеигъуэ; ÜZÜNTÜ

гухэкӀ/гухэщӀ, гукъау/гукъеуэ, гуао/ гуауэ, нэшъхъэягъу/нэщхъеигъуэ; ÜZÜNTÜ

гухэщӀ/гухэкӀ, гукъау/гукъеуэ, гуао/ гуауэ, нэшъхъэягъу/нэщхъеигъуэ; ÜZÜNTÜ

нэшхъэягъу/нэщхъеигъуэ, гукъеуэ/гукъау, гуао/гуауэ, гухэщӀ/гухэкӀ; ÜZÜNTÜ, HÜZÜN

нэщхъеигъуэ/нэшъхъэягъу, гукъеуэ/ гукъау, гуао/гуауэ, гухэщӀ/гухэкӀ; ÜZÜNTÜ

гуао/гуауэ → ЛАЖЬ(Э); DERT

гуауэ → гуао; ISTIRAP

гуауэ/гуао → ЛАЖЬ(Э); DERT

Bu sonuç kitaptaki 15 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: лажьэ, гуао

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ.

ругоре, скорбь

И гъунэгъум я унагъуэм къихъуа гуауэм Бэчмырзэ хуабжьу иринэщхъеящ.— Теунэ Хьэчим

+2 örnek

Гуауэри гуапэри зэпылъщ.— Псалъэжьхэр

Гуауэ зымылъэгъуам гуапэр зэхищӀыкӀыркъым.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (3)

гуауэ щыхъун

рупринимать близко к сердцу, очень переживать что-л.

{и} гуауэ щӀын

русильно обидеть, огорчить кого-л.

псалъэ гуауэ

Еплъ: псалъэ

Kitapta geçtiği hali

гуауэ горе, скорбь / Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ. * И гъунэгъум я унагъуэм къихъуа гуауэм Бэчмырзэ хуабжьу иринэщхъеящ. Т. Хь. Гуауэри гуапэри зэпылъщ. (погов.) Гуауэ зымылъэгъуам гуапэр зэхищӀыкӀыркъым. (погов.) Гуауэ щыхъун принимать близко к сердцу, очень переживать что-л. {И} гуауэ щӀын сильно обидеть, огорчить кого-л. Псалъэ гуауэ см. псалъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ.

ТӀэкӀурэ щосыр зигъэбыдэу, Гуауэр щӀалэм къыхуеӀуатэ, Зэм мэпсалъэ, Зэм мэщатэ.— Елбэздыкъуэ, 11

+2 örnek

ТхьэӀухудти си пхъур нахуэу Бийм си жьыщхьэм сӀэщӀихауэ, ар, си щӀалэ, сэ си гуауэщ.— Елбэздыкъуэ, 11

Сыт хуэдэ гуауэ дыхуэзами, Техуащ ар ди гум, ар тшэчащ.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5

Deyimler (3)

гуауэ гъэвын

Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын.

Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 411

гуауэ гъуэтын

Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ зыгуэрым иӀэн.

Иджы згъуэтакъэ сэ зы гуауэ, А гуауэр къуэшу къэслъытакъэ – Ди унэр бийхэм якъутауэ, ХамэщӀ гъэрыпӀэу уэ уашакъэ.— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61

[и] гуауэ щӀын

Зыгуэрым и жагъуэ щӀын, зегъэгъэгусэн.

Апчарэ нэхъри дадэм и гуауэ ищӀащ: – Сэ сшэ хъуну шыр?— Нал къута, 264

Kitapta geçtiği hali

ГУАУЭ (81). Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ. ТӀэкӀурэ щосыр зигъэбыдэу, Гуауэр щӀалэм къыхуеӀуатэ, Зэм мэпсалъэ, Зэм мэщатэ. «Елбэздыкъуэ», 11. ТхьэӀухудти си пхъур нахуэу Бийм си жьыщхьэм сӀэщӀихауэ, ар, си щӀалэ, сэ си гуауэщ. «Елбэздыкъуэ», 11. Сыт хуэдэ гуауэ дыхуэзами, Техуащ ар ди гум, ар тшэчащ. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. ◊ Гуауэ гъэвын (1). Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ и нэгу щӀэкӀын, и фэм дэкӀын. Хъыджэбзхэм гуауэр ягъэву ЗекӀуэм щыгувэм хуэусэт, ЗыгъэпсэхупӀи ямыӀэу ӀэщӀагъэу дахэр щыбагъуэт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 411. Гуауэ гъуэтын (1). Нэщхъеягъуэ, гущӀыхьэ зыгуэрым иӀэн. Иджы згъуэтакъэ сэ зы гуауэ, А гуауэр къуэшу къэслъытакъэ – Ди унэр бийхэм якъутауэ, ХамэщӀ гъэрыпӀэу уэ уашакъэ. Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61. [И] гуауэ щӀын (1). Зыгуэрым и жагъуэ щӀын, зегъэгъэгусэн. Апчарэ нэхъри дадэм и гуауэ ищӀащ: – Сэ сшэ хъуну шыр? Нал къута, 264.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Düzeltme Öner

гуауэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.