бампӀэм къызэтричын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
бампӀэ
1. Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм къыхэкӀ пӀейтеягъэ, нэщхъеягъуэ.
И лъэпкъэгъухэм и гур ящӀэгъуу зыбжанэрэ яхэтащ [Мэтхъэн Къазджэрий], и бампӀэр щхьэщызыхын хуэмызэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664
2. Губжь, зэгуэп.
Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэр шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытыххэнкӀэ хъунущ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 17
Deyimler (5)
бампӀэм зэгуиудын
Къылышбий и къуэр бампӀэм зэгуиудырти, бауэкӀэщӀ хъуат, жиӀэнур дахэ-дахэу къыхуэмыгъуэту— Хъуэпсэгъуэ нур, 115
Еплъ: бампӀэм къызэтричын
бампӀэм ихьын
Зыгуэрым хуэзэшын, тенэщхъеихьын.
Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри, абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 132
бампӀэм къызэтричын
Хуабжьу бэмпӀэн, хъийм икӀауэ губжьын.
ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: – Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар!— МелыӀыч, 445
бампӀэр гъэтӀысын
Гукъеуэр, губжьыр зыщхьэщыгъэкӀын.
Си бампӀэр згъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэу арати, тӀури къэзгъуэтауэ согъэзэж.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
+1 örnek
Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ.— Лъапсэ, 414
бампӀэр тӀысын
Гукъеуэр, губжьыр щхьэщыкӀын.
Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэм, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж… «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 151
къызэтричын
(къызэтреч)
1. ЗыкъызэӀуихын.
[Сэлэтым афицерым жреӀэ] Кхъэм дыщыкӀуам, мащэм ихуэри и [Астемыр] уӀэгъэр къызэтричащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 171
2. БампӀэм, губжьым къыхэкӀыу зыгуэр жыӀэн.
Иныкъуэми хьэрф къитхъэныр зэпагъэурти, къызэтрачт: - Догуэ, псоми къэрэндащым зеттащ, ди [цӀыхухъухэм] Ӏэщыр хэт игъэшхэну, унагъуэри дауэ псэуа хъуну!— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
+2 örnek
Апчарэ абы [Хьэбибэ жиӀэм] адэкӀэ хуэмышэчыжу къызэтричащ: - Чокэ нацдивизэм къамыдауэ ара уи гугъэр?— Щынэхужьыкъуэ, 24
Чачэ къызэтреч: - Уэращ [Нахъуэ], си тӀасэ, сыщӀэтхьэусыхэнур. Уэр дыдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505
Kitapta geçtiği hali
БАМПӀЭ (6).1. (2). Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм къыхэкӀ пӀейтеягъэ, нэщхъеягъуэ. И лъэпкъэгъухэм и гур ящӀэгъуу зыбжанэрэ яхэтащ [Мэтхъэн Къазджэрий], и бампӀэр щхьэщызыхын хуэмызэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. 2. (4). Губжь, зэгуэп. Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэр шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытыххэнкӀэ хъунущ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 17. ◊ БампӀэм зэгуиудын (2). Еплъ бампӀэм къызэтричын. Къылышбий и къуэр бампӀэм зэгуиудырти, бауэкӀэщӀ хъуат, жиӀэнур дахэ-дахэу къыхуэмыгъуэту. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. БампӀэм ихьын (1). Зыгуэрым хуэзэшын, тенэщхъеихьын. Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри, абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. БампӀэм къызэтричын (1). Хуабжьу бэмпӀэн, хъийм икӀауэ губжьын. ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: – Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар! МелыӀыч, 445. БампӀэр гъэтӀысын (2). Гукъеуэр, губжьыр зыщхьэщыгъэкӀын. Си бампӀэр згъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэу арати, тӀури къэзгъуэтауэ согъэзэж. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ. Лъапсэ, 414. БампӀэр тӀысын (1). Гукъеуэр, губжьыр щхьэщыкӀын. Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэм, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 151.
КЪЫЗЭТРИЧЫН (къызэтреч) лъэмыӀ. (12). 1. (1). ЗыкъызэӀуихын. [Сэлэтым афицерым жреӀэ] Кхъэм дыщыкӀуам, мащэм ихуэри и [Астемыр] уӀэгъэр къызэтричащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 171. 2. (9). зэхь. БампӀэм, губжьым къыхэкӀыу зыгуэр жыӀэн. Иныкъуэми хьэрф къитхъэныр зэпагъэурти, къызэтрачт: - Догуэ, псоми къэрэндащым зеттащ, ди [цӀыхухъухэм] Ӏэщыр хэт игъэшхэну, унагъуэри дауэ псэуа хъуну! Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530. Апчарэ абы [Хьэбибэ жиӀэм] адэкӀэ хуэмышэчыжу къызэтричащ: - Чокэ нацдивизэм къамыдауэ ара уи гугъэр? Щынэхужьыкъуэ, 24. Чачэ къызэтреч: - Уэращ [Нахъуэ], си тӀасэ, сыщӀэтхьэусыхэнур. Уэр дыдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505. ◊ БампӀэм къызэтричын (1). Еплъ бампӀэ. Губжьым къызэтричын (1). Еплъ губжь.