бампӀэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kasvet
Ortakгукъау(э)тоскагрусть
DoğuзэшыгъуэбампӀэнэщхъеигъэчэфыншагъэ
Batıзэщыгъу(э)нэшхъэигъчэфынчъагъ
stres
Ortakстресс
DoğuбампӀэгубампӀэ
Kitapta geçtiği hali

зэщыгъу(э)/зэшыгъуэ, бампӀэ, нэшхъэигъ/нэщхъеигъэ, ГУКЪАУ(Э), ЧЭФынчъагъ/ЧЭФыншагъэ; ТОСКА, ГРУСТЬ; KASVET

бампӀэ, губампӀэ, СТРЕСС; STRES

губампӀэ, бампӀэ, СТРЕСС; STRES

СТРЕСС, бампӀэ, губампӀэ; STRES

бампӀэ → зэщыгъу(э); KASVET

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: зэщыгъуэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм е гум псэхугъэ зэримыгъуэтым къыхэкӀыу бгъуэт узыгъэнэщхъей, узыгъэпӀейтей щытыкӀэ.

рутоска

ПыгуфӀыкӀыну хэт щхьэкӀэ, хъыджэбзыр бампӀэм къыӀэщӀэкӀыфтэкъым.

2. Еплъ: губжь

ЦӀыхубэм я бампӀэр гъынэпскӀэ ягъэвырт.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

Bu maddedeki ifadeler (8)

бампӀэ гъэвын 1)

рустерпеть что-л. 2) пережить что-л.; найти в

с

руебе силы вытерпеть, вынести что-л.

бампӀэ дэхын

руутешить кого-л.

бампӀэ къытеуэн

рузагрустить, затосковать.

4 ifade daha

бампӀэм зэгуичын (зэгуиудын, зэгуитхъын)

руочень сильно страдать, волноваться из-за чего-л.

бампӀэм ихьын

руистосковаться.

бампӀэр текъутэн

русорвать, выместить на ком-л. злость, гнев.

{и} бампӀэр тӀысын

рупройти - о гневе, тоске.

Kitapta geçtiği hali

бампӀэ 1. тоска / Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм е гум псэхугъэ зэримыгъуэтым къыхэкӀыу бгъуэт узыгъэнэщхъей, узыгъэпӀейтей щытыкӀэ. ПыгуфӀыкӀыну хэт щхьэкӀэ, хъыджэбзыр бампӀэм къыӀэщӀэкӀыфтэкъым. 2. см. губжь. * ЦӀыхубэм я бампӀэр гъынэпскӀэ ягъэвырт. Хь. Хь. БампӀэ гъэвын 1) стерпеть что-л. 2) пережить что-л.; найти в себе силы вытерпеть, вынести что-л. БампӀэ дэхын утешить кого-л. БампӀэ къытеуэн загрустить, затосковать. БампӀэм зэгуичын (зэгуиудын, зэгуитхъын) очень сильно страдать, волноваться из-за чего-л. БампӀэм ихьын истосковаться. БампӀэр текъутэн сорвать, выместить на ком-л. злость, гнев. {И} бампӀэр тӀысын пройти - о гневе, тоске.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм къыхэкӀ пӀейтеягъэ, нэщхъеягъуэ.

И лъэпкъэгъухэм и гур ящӀэгъуу зыбжанэрэ яхэтащ [Мэтхъэн Къазджэрий], и бампӀэр щхьэщызыхын хуэмызэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664

2. Губжь, зэгуэп.

Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэр шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытыххэнкӀэ хъунущ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 17

Deyimler (5)

бампӀэм зэгуиудын

Къылышбий и къуэр бампӀэм зэгуиудырти, бауэкӀэщӀ хъуат, жиӀэнур дахэ-дахэу къыхуэмыгъуэту— Хъуэпсэгъуэ нур, 115

Еплъ: бампӀэм къызэтричын

бампӀэм ихьын

Зыгуэрым хуэзэшын, тенэщхъеихьын.

Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри, абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 132

бампӀэм къызэтричын

Хуабжьу бэмпӀэн, хъийм икӀауэ губжьын.

ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: – Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар!— МелыӀыч, 445

бампӀэр гъэтӀысын

Гукъеуэр, губжьыр зыщхьэщыгъэкӀын.

Си бампӀэр згъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэу арати, тӀури къэзгъуэтауэ согъэзэж.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

+1 örnek

Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ.— Лъапсэ, 414

бампӀэр тӀысын

Гукъеуэр, губжьыр щхьэщыкӀын.

Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэм, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж… «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 151

Kitapta geçtiği hali

БАМПӀЭ (6).1. (2). Зыгуэрым узэрыхуэзэшым, узэрыхуэпабгъэм къыхэкӀ пӀейтеягъэ, нэщхъеягъуэ. И лъэпкъэгъухэм и гур ящӀэгъуу зыбжанэрэ яхэтащ [Мэтхъэн Къазджэрий], и бампӀэр щхьэщызыхын хуэмызэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. 2. (4). Губжь, зэгуэп. Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэр шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытыххэнкӀэ хъунущ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 17. ◊ БампӀэм зэгуиудын (2). Еплъ бампӀэм къызэтричын. Къылышбий и къуэр бампӀэм зэгуиудырти, бауэкӀэщӀ хъуат, жиӀэнур дахэ-дахэу къыхуэмыгъуэту. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. БампӀэм ихьын (1). Зыгуэрым хуэзэшын, тенэщхъеихьын. Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри, абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. БампӀэм къызэтричын (1). Хуабжьу бэмпӀэн, хъийм икӀауэ губжьын. ЦӀыхубзыр бампӀэм къызэтричу дэкӀуеипӀэ тӀэкӀум къохри нэгъуэщӀхэм захримыгъэхыу къысщӀонакӀэ: – Алащэм сэшхуэ кӀэрыщӀауэт иджы сымылъагъужар! МелыӀыч, 445. БампӀэр гъэтӀысын (2). Гукъеуэр, губжьыр зыщхьэщыгъэкӀын. Си бампӀэр згъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэу арати, тӀури къэзгъуэтауэ согъэзэж. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ. Лъапсэ, 414. БампӀэр тӀысын (1). Гукъеуэр, губжьыр щхьэщыкӀын. Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэм, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 151.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

sıkıntı

Düzeltme Öner

бампӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.