алыхьым и ӀэмыркӀэ

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

алыхь

Муслъымэн диным итхэм я тхьэ.

– Хьэуэ, дауи жыӀэ, Алыхьыр къыддоӀэпыкъу, – жиӀэри Астемыр ПсыхуабэкӀэ иунэтӀащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 236

+4 örnek

[Албинэ:] Алыхьым и Ӏизыншэу щхьэц налъэ къудей уи щхьэм къыхэхунукъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 147

Диси къыгурыӀуэжырт Алыхьым фӀэкӀа зыщыгугъын зэрыщымыӀэри, зиущэхужащ— ГущӀэгъу, 421

Алыхьым и Ӏизыншэу щхьэц налъэ къудей уи щхьэм къыхэхунукъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 147

Диси къыгурыӀуэжырт Алыхьым фӀэкӀа зыщыгугъын зэрыщымыӀэри, зиущэхужащ— ГущӀэгъу, 421

Deyimler (35)

алыхь талэ и пащхьэ ихьэжын

ЛӀэн, дунейм ехыжын.

[Къетау:] сэ гуэныхь мащӀэ къэсхьауэ къыщӀэкӀынкъым, иджы си гуэныхьыр сыпшыныжыну Алыхь талэм и пащхьэ напэ къабзэкӀэ сихьэжыну мурад сщӀащи, тхьэм къабыл ищӀ— Лъапсэ, 60

+1 örnek

Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхь талэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжыну— Нал къута, 223

алыхь хужыӀэу

ПцӀы хэмылъу, зэрыщыт дыдэм хуэдэу.

[Молэм Нурхьэлий жриӀэу:] ЖыӀэт ар, Алыхь хужыӀэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 187

алыхьым ещӀэ

Зыми ищӀэркъым (Алыхьым фӀэкӀа).

Алыхьым ещӀэ ар зылъыхъуэр, топ сыт здэщытыр ара?— Нал къута, 294

+2 örnek

Мариам… ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур— Лэчымэ, 390

Псынэм деж дыщетӀысэхам… Алыхьым ещӀэ Шамум къызэрилъэгъуар: ашыч хыфӀадзэжа гуэрым и щӀагъым скорпион щӀэсу къилъэгъуащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401

алыхьым жимыӀэкӀэ

Къэхъун-къащыщӀынкӀэ зыхуэмей, зыщышынэ гуэрым щхьэкӀэ жаӀэ.

[Дисэ] Алыхьым жимыӀэкӀэ, на, ар [Гитлер] псэууэ ди щӀыгу къифшэну.— Алъхъо, 57

+1 örnek

[Думэсарэ:] ЦӀыхухъу унафэм сэ унафэ тесщӀыхьыну Алыхьым жимыӀэкӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511

алыхьым жиӀэм

Алыхьым апхуэдэу иухамэ, Алыхьым къыддиӀыгъмэ, Алыхьыр щӀэгъэкъуэн къытхуэхъумэ.

Алыхьым жиӀэм, фэи тету, къариу иӀэу къыпхуэзгъуэтынкъэ [щӀасэлӀ], жиӀэри Чачэ ежьащ, здэкӀуэр Мэрят жимыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 206

алыхьым жыхуиӀар (жиӀар) хъунщ

Уи натӀэм къритхам уфӀэкӀынукъым.

Нэхъ динщӀэкъухэм зы защӀауэ, къапсэлъ щӀагъуэ щымыӀэу, «Алыхьым жиӀар хъунщ», жаӀэу зэхэст— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

алыхьу тэхьэла

Алыхьу лъэщ, Алыхь талэ.

Къаруушхуэ иӀэщ Алыхьу тэхьэлам— Лъапсэ, 59

+2 örnek

– Алыхьу тэхьэлам къыпхуигъэгъункъым уи залымыгъэр, - жиӀэурэ Думэсарэ къемыплъэкӀыу куэбжэм дэкӀыжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 75

Езыри мыр сыту псэущхьэ дахэу Алыхьу тэхьэлам къигъэхъуа жыпӀэу къабзэт [шыр], удимыхьэхыну Ӏэмал имыӀэу— Анка, 382

алыхьым и нэлатыр зытехуэн

Гыбзэщ, «Алыхьым тазыр къыптрилъхьэ» жыхуиӀэщ.

[Дисэ Аралъп Залымджэрий жриӀэу:] Сыт щӀызэтеспӀэнур [си жьэр], Алыхьым и нэлатыр зытехуэн?— Хъуэпсэгъуэ нур, 104

алыхьым и нэфӀ къыщыхуэн

Алыхьым фӀыуэ къилъагъун.

А си щӀалэ цӀыкӀу, - жиӀэри Хьэбибэ нэмэзыбзэ къибж хуэдэу къригъэжьащ: Алыхьым и нэфӀыр къыпщыхуэ— Щынэхужьыкъуэ, 43

алыхьым и нейр зыщыхуа

Алыхьым игу зэбгъа, Алыхьыр зыхуэмыарэзы.

Ай, ай, ай, – жиӀэурэ Мусэ и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт, – Алыхьым и ней зыщыхуэн.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

алыхьым и пащхьэ ихьэжын

ЛӀэн, дунейм ехыжын.

[Абу- Деруиш:] Гуэныхь птемлъу Алыхьым и пащхьэм уихьэжрэ напэ къабзэкӀэ уӀущӀэжмэ, Тхьэр зэтар уэращ.— Кхъэлэгъунэ, 374

+1 örnek

– Алыхьым и пащхьэм ихьэжащ, - жиӀэри Думэсарэ гъыуэ, хьэдэм бгъэдыхьэри, шхыӀэн кӀапэр лӀам и нэкӀум трипхъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 77

алыхьым иужэгъужа

Алыхьым и ней зыщыхуа.

– Уалейкум сэлам, Алыхьым иужэгъужа! Дэнэ укъикӀрэ? – жиӀэри Инус къэгурымащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 64

алыхьым къиужэгъужын

Алыхьым и ней къыщыхуэн.

[Хьэбибэ и пхъум жреӀэ:] Сыту умышынэрэ? Алыхьым укъиужэгъужащ уэ. Уи анэр ӀэщӀыб пщӀыуэ уежьэжрэт, Алыхьым ӀэщӀыб укъимыщӀатэм.— Нал къута, 224

+1 örnek

Ялыхь, сыкъэбужэгъужа? Сыунэхъуаи, сыкъэсэхыжаи, - жиӀэрт Мусэ, хъыбарыр и гум щӀыхьауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 208

алыхьым къыхуиухын

И натӀэм къритхауэ щытын.

Автоматыр иӀыгърэ [Ӏурарэ] и къуэр къыпэувауэ къыфӀэщӀмэ, пэпсэлъэжырт: «Хьэуэ, тӀасэ: Алыхьым къысхуиуха къалэныр згъэзэщӀащ, си быным сащхьэщысащ, псыдзэм езмыгъэхьу, мафӀэм езмыгъэсу, си щхьэгъусэми хуэфащэ хуэсщӀащ.— Къалэн, 436

алыхьым къытрилъхьэн

Алыхьу талэм къыттрилъхьащ, тшэчынщ, - жиӀэри Инус и Ӏэр Ӏузизэ и плӀэм щӀидзщ, сымаджэ бэгар ерагъыу къызэфӀигъэтӀысхьэри, щхьэнтэ нэхъ иныр щӀэгъэкъуэн къыхуищӀыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 72

+1 örnek

[Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:] ЕсыкӀэ зымыщӀэр къренэ, сыт пщӀэн, Алыхьым къыфтрилъхьащ.— Лъапсэ, 41

Еплъ: алыхьым къыхуиухын

алыхьым и пащхьэ къикӀа фӀыцӀагъэ

Муслъымэнхэм я тхылъ лъапӀэ КъурӀэнырщ.

– Мы къурӀэныр Алыхьым и пащхьэм къикӀа фӀыцӀагъэщ, - жиӀащ молэм.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

алыхьым иухын

Ухуей-ухуэмейм емылъытауэ къэхъун, къыпщыщӀын, къохъулӀэн; Тхьэм Ӏэмыр ищӀын.

Алыхьым иухар иухащи, дэни кӀуэ – уфӀэкӀынукъым.— Нал къута, 224

алыхьым и хьэтыркӀэ

Хуабжьу щылъаӀуэм деж къагъэсэбэп.

[Апчарэ:] Алыхьым и хьэтыркӀэ зыгуэр къысхуэпщӀэххэну щытмэ, сыздэшэ [фронтым], Албиян— Щынэхужьыкъуэ, 34

алыхьым и шыкуркӀэ

Алыхьым и фӀыщӀэкӀэ.

Нурхьэлий гуфӀэрт, Алыхьым и шыкуркӀэ, иджы гъуэгу тэмэм сытеуващ, мылъку гуэр згъуэтыну къыщӀэкӀынщ, жиӀэурэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 189

+1 örnek

Ещанэ цӀыкӀури къэжэпхъащ, Алыхьым и шыкуркӀэ, дыщогуфӀыкӀ – мэл е бжэн игъэхъуфынущ— Нэгъуху, 21

алыхьым и шыкурщ

Алыхьым и фӀыщӀэщ.

– Алыхьым и шыкурщ, узэрывоеннэнур арати зэфӀэкӀащ, - жиӀэу Хьэбибэ и гъыныр пичащ, и макъми нэхъ зригъэукъуэдиящ, - нацдивизэми къагъэзэжащ— Нал къута, 224

+1 örnek

Кулисум, Хъуцэ, Барэсбий сымэ я гугъу ямыщӀу къуажэм къыдэнащи – ари Алыхьым и шыкурщ.— Нэгъуху, 33

алыхьым къузэритынщ

Хуабжьу фӀыщ, нэхъыфӀ уигъэлъыхъуэнщ.

– Умыделэ, ди шыпхъу, – жиӀэрт дадэм, Хьэбибэ и гур дахэ ищӀыну, – уи нысэм хуэдэ Алыхьым къузэритын— Нал къута, 231

+1 örnek

Фоч лъэдакъэри чэщейм къыхищӀыкӀри зэригъэпэщыжа нэужь, къабзэлъабзэуи илъэщӀыжри езым зэхилъхьа фоч гынымкӀэ иузэдащ игъэуэжри еплъати, Алыхьым къузэритынт— Лъапсэ, 111

алыхьым узэрелъэӀунщ

Къэзылъэфри пщӀэнукъым, зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэу къэралыр зэрыкъэралу зауэшхуэм хэкӀуадэ щыӀэми, дэ ди Ӏыхьэр Алыхьым узэрелъэӀунщ.— Лъапсэ, 88

Еплъ: алыхьым къузэритынщ

алыхьым и цӀэкӀэ Ӏуэн [тхьэ]

Алыхьыр хэту тхьэ Ӏуэн, жыпӀэр зэрыпэжым и щыхьэту.

Бэлаци къэсати, Дисэ текӀиящ: - Алыхьым и цӀэкӀэ сэ тхьэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр— Хъуэпсэгъуэ нур, 138

алыхьым хьэтыр иӀэм

– Думэсарэ, Алыхьым хьэтыр иӀэм Ӏуумых [бжэр], - жиӀэрт Саримэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 192

+1 örnek

Ди телефонист гуэрыр и ныбжьэгъум елъэӀуат: «Ей, Алыхьым хьэтыр иӀэм, тутын къысхуегъэхь, си гум цы къытекӀащ»— Щынэхужьыкъуэ, 70

Еплъ: алыхьым и хьэтыркӀэ

алыхьым щхьэкӀэ

– Алыхьым щхьэкӀэ, щыгъэт, – жиӀэу лъаӀуэрт зыгуэр, Дисэ нэхъей хъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 104

Еплъ: алыхьым и хьэтыркӀэ

алыхьыр арэзы къыпхухъу

ФӀыщӀэ зэращӀ псалъэщ; Тхьэм уигъэпсэу.

– Алыхьыр арэзы къыпхухъу, Чачэ, – жиӀэурэ хадэмкӀэ икӀыжащ Мэсхьуд— Хъуэпсэгъуэ нур, 208

алыхьыр къыпхуэарэзы ухъу

Албиян гъунэгъуу къекӀуалӀэмэ, «уи анэр къызэрыпхуэарэзыуэ Алыхьри къыпхуэарэзы ухъу», «уи щхьэм хуэсакъыж, тӀысэ», «узэрынэсу письмо къэптхынщ» жиӀэу арат къытрагъазэунытрагъазэу щытми жаӀэр— Щынэхужьыкъуэ, 35

Еплъ: алыхьыр арэзы къыпхухъу

алыхьыр гъэпцӀын

ПцӀы упсын.

[Аралъп Залымджэрий:] «Къэрал джатэм» Алыхьыр игъэпцӀащ, фэ къыфщысхьмэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 293

алыхьыр зэуа

Алыхьым и тазыр зытехуа.

– Сыту сынасыпыншэ, Думэсарэ, – жиӀэу тхьэусыхэрт Нурхьэлий, – Алыхьыр зэуар сэращ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 149

+1 örnek

– А Дисэ, а Алыхьыр зэуа мыгъуэ, куэд лъандэрэ уи закъуэ?— ГущӀэгъу, 426

алыхьыр къеуэн

Алыхьым и тазыр къытехуэн.

Гунэуэс зиплъыхьщ-зыкъиплъыхьри хьэпшыпыр зэтелъу щилъагъум, щӀэупщӀащ: - Алыхьыр къызэуи, Дисэ дэнэ щыӀэ?— ГущӀэгъу, 423

+1 örnek

Думэсарэ алъандэрэ къыхуэщӀатэкъым ебзымэр къыздикӀыр, иджы Ӏузизэ выфэм кӀуэцӀыдауэ щилъагъум, занщӀэу къэуӀэбжьащ. – А Алыхьыр къызэмыуи. Мыр сыт, на?- жиӀэри шхыӀэныр мащӀэу къиӀэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 74

алыхьыр си бийщ

ЖаӀэр зэрафӀэщыр, Ӏэмал имыӀэу ягъэзэщӀэну тегушхуэныгъэ зэраӀэр къызыхэщ псалъафэщ

[Мариам и пхъум жреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм и деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым!— Лэчымэ, 394

+1 örnek

[Думэсарэ:] Алыхьыр си бийщ, фочыкум измыгъаплъэмэ а зи нэ къэмыплъэжыну хьитӀым я кум къыдэкӀауэ къамэ къизыхыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502

алыхьыр си бийкъым

[Дисэ и пхъум жреӀэ:] Алыхьыр си бийкъым, уэ сэ сыпхуримыкъум.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137

Еплъ: алыхьыр си бийщ

алыхьыр узогъэлъэӀу

[Бэкъан Ӏурарэ жреӀэ:] КхъыӀэ, сумышэж, Алыхьыр узогъэлъэӀу.— Къалэн, 432

Еплъ: алыхьым и хьэтыркӀэ

алыхьым и ӀэмыркӀэ

1. Алыхьым апхуэдэу иухати.

ЩӀалэ цӀыкӀу мыгъуэр дыгъэ нурым хуэдэт, арщхьэкӀэ Алыхь талэм и Ӏэмырти, Умар цӀыкӀу дунейм ехыжащ, и къуэш цӀкӀуитӀ япэм къалъхуар игъуэ нэмысу зэрехыжам ещхьу— Хъуэпсэгъуэ нур, 206

2. Зыгуэрым хуабжьу зэрыщӀэхъуэпсыр кърагъэлъагъуэ.

Алыхьым и ӀэмаркӀэ Степан Ильич къигъэзэжащэрэт, жиӀэрт игукӀэ [Астемыр].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543

алыхь ӀэмыркӀэ

– Псым лъэмыж темылъами, зы цӀыху цӀыкӀум и лъакъуэ псыф къудей мыхъуу Алыхь ӀэмыркӀэ зэпришащ, – жиӀэрти Чачэ и щхьэ дзасэр игъэсысу псалъэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

+1 örnek

Аргъуейри Алыхь ӀэмыркӀэ дунейм тетщ— Аргъуей, 388

Еплъ: алыхьым и ӀэмыркӀэ 1

Atasözleri (5)

алыхьыр здеӀэмкӀэ еӀэн хуейщ

Алыхьым упэув хъунукъым, Алыхьым зэрыфӀэкъабылыным хуэдэу щӀын (щӀэн) хуейщ.

Хъуэжэ и унэр къыщыуэм, унэр здэуэмкӀэ еӀэрт, Алыхьыр здеӀэмкӀэ еӀэн хуейщ, жиӀэурэ.— Нал къута, 307

алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ

Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу хъунущ, абы уфӀэкӀыфынукъым.

Ахъшэ уиӀэмэ, гъакӀуэ нэгъуэщӀ уи пӀэкӀэ, уимыӀэмэ, сыт, Алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 84

Алыхьым къыуимытар бегъымбарым къыуитын?

Алыхьым къыпхуимыщӀэр зыми къыпхуищӀэфынукъым.

Алыхьым къыуимытар бегъымбарым къыуитын— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

къэзыгъэзэж алыхьым къещтэ

Еплъ: къэгъэзэжын

шейтӀаным игъэщтам [игъэшынам] алыхьыр и фӀэщ хъужыркъым

Еплъ: шейтӀан

Kitapta geçtiği hali

АЛЫХЬ I (299). Муслъымэн диным итхэм я тхьэ. – Хьэуэ, дауи жыӀэ, Алыхьыр къыддоӀэпыкъу, – жиӀэри Астемыр ПсыхуабэкӀэ иунэтӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 236. [Албинэ:] Алыхьым и Ӏизыншэу щхьэц налъэ къудей уи щхьэм къыхэхунукъым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 147. Диси къыгурыӀуэжырт Алыхьым фӀэкӀа зыщыгугъын зэрыщымыӀэри, зиущэхужащ. ГущӀэгъу, 421. Алыхьым и Ӏизыншэу щхьэц налъэ къудей уи щхьэм къыхэхунукъым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 147. Диси къыгурыӀуэжырт Алыхьым фӀэкӀа зыщыгугъын зэрыщымыӀэри, зиущэхужащ. ГущӀэгъу, 421. ◊ Алыхь талэ и пащхьэ ихьэжын (2). ЛӀэн, дунейм ехыжын. [Къетау:] сэ гуэныхь мащӀэ къэсхьауэ къыщӀэкӀынкъым, иджы си гуэныхьыр сыпшыныжыну Алыхь талэм и пащхьэ напэ къабзэкӀэ сихьэжыну мурад сщӀащи, тхьэм къабыл ищӀ. Лъапсэ, 60. Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхь талэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжыну. Нал къута, 223. Алыхь хужыӀэу (3). ПцӀы хэмылъу, зэрыщыт дыдэм хуэдэу. [Молэм Нурхьэлий жриӀэу:] ЖыӀэт ар, Алыхь хужыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 187. Алыхьым ещӀэ (13). Зыми ищӀэркъым (Алыхьым фӀэкӀа). Алыхьым ещӀэ ар зылъыхъуэр, топ сыт здэщытыр ара? Нал къута, 294. Мариам… ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур. Лэчымэ, 390. Псынэм деж дыщетӀысэхам… Алыхьым ещӀэ Шамум къызэрилъэгъуар: ашыч хыфӀадзэжа гуэрым и щӀагъым скорпион щӀэсу къилъэгъуащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. Алыхьым жимыӀэкӀэ (6). Къэхъун-къащыщӀынкӀэ зыхуэмей, зыщышынэ гуэрым щхьэкӀэ жаӀэ. [Дисэ] Алыхьым жимыӀэкӀэ, на, ар [Гитлер] псэууэ ди щӀыгу къифшэну. Алъхъо, 57. [Думэсарэ:] ЦӀыхухъу унафэм сэ унафэ тесщӀыхьыну Алыхьым жимыӀэкӀэ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511. Алыхьым жиӀэм (1). Алыхьым апхуэдэу иухамэ, Алыхьым къыддиӀыгъмэ, Алыхьыр щӀэгъэкъуэн къытхуэхъумэ. Алыхьым жиӀэм, фэи тету, къариу иӀэу къыпхуэзгъуэтынкъэ [щӀасэлӀ], жиӀэри Чачэ ежьащ, здэкӀуэр Мэрят жимыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 206. Алыхьым жыхуиӀар (жиӀар) хъунщ (3). Уи натӀэм къритхам уфӀэкӀынукъым. Нэхъ динщӀэкъухэм зы защӀауэ, къапсэлъ щӀагъуэ щымыӀэу, «Алыхьым жиӀар хъунщ», жаӀэу зэхэст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Алыхьу тэхьэла (8). Алыхьу лъэщ, Алыхь талэ. Къаруушхуэ иӀэщ Алыхьу тэхьэлам. Лъапсэ, 59. - Алыхьу тэхьэлам къыпхуигъэгъункъым уи залымыгъэр, - жиӀэурэ Думэсарэ къемыплъэкӀыу куэбжэм дэкӀыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 75. Езыри мыр сыту псэущхьэ дахэу Алыхьу тэхьэлам къигъэхъуа жыпӀэу къабзэт [шыр], удимыхьэхыну Ӏэмал имыӀэу. Анка, 382. Алыхьым и нэлатыр зытехуэн (3). Гыбзэщ, «Алыхьым тазыр къыптрилъхьэ» жыхуиӀэщ. [Дисэ Аралъп Залымджэрий жриӀэу:] Сыт щӀызэтеспӀэнур [си жьэр], Алыхьым и нэлатыр зытехуэн? Хъуэпсэгъуэ нур, 104. Алыхьым и нэфӀ къыщыхуэн (3). Алыхьым фӀыуэ къилъагъун. А си щӀалэ цӀыкӀу, - жиӀэри Хьэбибэ нэмэзыбзэ къибж хуэдэу къригъэжьащ: Алыхьым и нэфӀыр къыпщыхуэ. Щынэхужьыкъуэ, 43. Алыхьым и нейр зыщыхуа (2). Алыхьым игу зэбгъа, Алыхьыр зыхуэмыарэзы. Ай, ай, ай, – жиӀэурэ Мусэ и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт, – Алыхьым и ней зыщыхуэн. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Алыхьым и пащхьэ ихьэжын (4). ЛӀэн, дунейм ехыжын. [Абу- Деруиш:] Гуэныхь птемлъу Алыхьым и пащхьэм уихьэжрэ напэ къабзэкӀэ уӀущӀэжмэ, Тхьэр зэтар уэращ. Кхъэлэгъунэ, 374. – Алыхьым и пащхьэм ихьэжащ, - жиӀэри Думэсарэ гъыуэ, хьэдэм бгъэдыхьэри, шхыӀэн кӀапэр лӀам и нэкӀум трипхъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 77. Алыхьым иужэгъужа (1). Алыхьым и ней зыщыхуа. – Уалейкум сэлам, Алыхьым иужэгъужа! Дэнэ укъикӀрэ? – жиӀэри Инус къэгурымащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 64. Алыхьым къиужэгъужын (2). Алыхьым и ней къыщыхуэн. [Хьэбибэ и пхъум жреӀэ:] Сыту умышынэрэ? Алыхьым укъиужэгъужащ уэ. Уи анэр ӀэщӀыб пщӀыуэ уежьэжрэт, Алыхьым ӀэщӀыб укъимыщӀатэм. Нал къута, 224. Ялыхь, сыкъэбужэгъужа? Сыунэхъуаи, сыкъэсэхыжаи, - жиӀэрт Мусэ, хъыбарыр и гум щӀыхьауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Алыхьым къыхуиухын (1). И натӀэм къритхауэ щытын. Автоматыр иӀыгърэ [Ӏурарэ] и къуэр къыпэувауэ къыфӀэщӀмэ, пэпсэлъэжырт: «Хьэуэ, тӀасэ: Алыхьым къысхуиуха къалэныр згъэзэщӀащ, си быным сащхьэщысащ, псыдзэм езмыгъэхьу, мафӀэм езмыгъэсу, си щхьэгъусэми хуэфащэ хуэсщӀащ. Къалэн, 436. Алыхьым къытрилъхьэн (2). Еплъ Алыхьым къыхуиухын. Алыхьу талэм къыттрилъхьащ, тшэчынщ, - жиӀэри Инус и Ӏэр Ӏузизэ и плӀэм щӀидзщ, сымаджэ бэгар ерагъыу къызэфӀигъэтӀысхьэри, щхьэнтэ нэхъ иныр щӀэгъэкъуэн къыхуищӀыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 72. [Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:] ЕсыкӀэ зымыщӀэр къренэ, сыт пщӀэн, Алыхьым къыфтрилъхьащ. Лъапсэ, 41. Алыхьым и пащхьэ къикӀа фӀыцӀагъэ (4). Муслъымэнхэм я тхылъ лъапӀэ КъурӀэнырщ. – Мы къурӀэныр Алыхьым и пащхьэм къикӀа фӀыцӀагъэщ, - жиӀащ молэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Алыхьым иухын (6). Ухуей-ухуэмейм емылъытауэ къэхъун, къыпщыщӀын, къохъулӀэн; Тхьэм Ӏэмыр ищӀын. Алыхьым иухар иухащи, дэни кӀуэ – уфӀэкӀынукъым. Нал къута, 224. Алыхьым и хьэтыркӀэ (2). Хуабжьу щылъаӀуэм деж къагъэсэбэп. [Апчарэ:] Алыхьым и хьэтыркӀэ зыгуэр къысхуэпщӀэххэну щытмэ, сыздэшэ [фронтым], Албиян. Щынэхужьыкъуэ, 34. Алыхьым и шыкуркӀэ (7). Алыхьым и фӀыщӀэкӀэ. Нурхьэлий гуфӀэрт, Алыхьым и шыкуркӀэ, иджы гъуэгу тэмэм сытеуващ, мылъку гуэр згъуэтыну къыщӀэкӀынщ, жиӀэурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. Ещанэ цӀыкӀури къэжэпхъащ, Алыхьым и шыкуркӀэ, дыщогуфӀыкӀ – мэл е бжэн игъэхъуфынущ. Нэгъуху, 21. Алыхьым и шыкурщ (6). Алыхьым и фӀыщӀэщ. – Алыхьым и шыкурщ, узэрывоеннэнур арати зэфӀэкӀащ, - жиӀэу Хьэбибэ и гъыныр пичащ, и макъми нэхъ зригъэукъуэдиящ, - нацдивизэми къагъэзэжащ. Нал къута, 224. Кулисум, Хъуцэ, Барэсбий сымэ я гугъу ямыщӀу къуажэм къыдэнащи – ари Алыхьым и шыкурщ. Нэгъуху, 33. Алыхьым къузэритынщ (5). Хуабжьу фӀыщ, нэхъыфӀ уигъэлъыхъуэнщ. – Умыделэ, ди шыпхъу, – жиӀэрт дадэм, Хьэбибэ и гур дахэ ищӀыну, – уи нысэм хуэдэ Алыхьым къузэритын. Нал къута, 231. Фоч лъэдакъэри чэщейм къыхищӀыкӀри зэригъэпэщыжа нэужь, къабзэлъабзэуи илъэщӀыжри езым зэхилъхьа фоч гынымкӀэ иузэдащ игъэуэжри еплъати, Алыхьым къузэритынт. Лъапсэ, 111. Алыхьым узэрелъэӀунщ (2). Еплъ Алыхьым къузэритынщ. Къэзылъэфри пщӀэнукъым, зылъэфыжри пщӀэнукъым жыхуаӀэу къэралыр зэрыкъэралу зауэшхуэм хэкӀуадэ щыӀэми, дэ ди Ӏыхьэр Алыхьым узэрелъэӀунщ. Лъапсэ, 88. Алыхьым и цӀэкӀэ Ӏуэн [тхьэ] (2). Алыхьыр хэту тхьэ Ӏуэн, жыпӀэр зэрыпэжым и щыхьэту. Бэлаци къэсати, Дисэ текӀиящ: - Алыхьым и цӀэкӀэ сэ тхьэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. Алыхьым хьэтыр иӀэм (2). Еплъ Алыхьым и хьэтыркӀэ. – Думэсарэ, Алыхьым хьэтыр иӀэм Ӏуумых [бжэр], - жиӀэрт Саримэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 192. Ди телефонист гуэрыр и ныбжьэгъум елъэӀуат: «Ей, Алыхьым хьэтыр иӀэм, тутын къысхуегъэхь, си гум цы къытекӀащ». Щынэхужьыкъуэ, 70. Алыхьым щхьэкӀэ (1). Еплъ Алыхьым и хьэтыркӀэ. – Алыхьым щхьэкӀэ, щыгъэт, – жиӀэу лъаӀуэрт зыгуэр, Дисэ нэхъей хъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 104. Алыхьыр арэзы къыпхухъу (4). ФӀыщӀэ зэращӀ псалъэщ; Тхьэм уигъэпсэу. – Алыхьыр арэзы къыпхухъу, Чачэ, – жиӀэурэ хадэмкӀэ икӀыжащ Мэсхьуд. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Алыхьыр къыпхуэарэзы ухъу (2). Еплъ Алыхьыр арэзы къыпхухъу. Албиян гъунэгъуу къекӀуалӀэмэ, «уи анэр къызэрыпхуэарэзыуэ Алыхьри къыпхуэарэзы ухъу», «уи щхьэм хуэсакъыж, тӀысэ», «узэрынэсу письмо къэптхынщ» жиӀэу арат къытрагъазэунытрагъазэу щытми жаӀэр. Щынэхужьыкъуэ, 35. Алыхьыр гъэпцӀын (2). ПцӀы упсын. [Аралъп Залымджэрий:] «Къэрал джатэм» Алыхьыр игъэпцӀащ, фэ къыфщысхьмэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 293. Алыхьыр зэуа (4). Алыхьым и тазыр зытехуа. – Сыту сынасыпыншэ, Думэсарэ, – жиӀэу тхьэусыхэрт Нурхьэлий, – Алыхьыр зэуар сэращ. Хъуэпсэгъуэ нур, 149. – А Дисэ, а Алыхьыр зэуа мыгъуэ, куэд лъандэрэ уи закъуэ? ГущӀэгъу, 426. Алыхьыр къеуэн (2). Алыхьым и тазыр къытехуэн. Гунэуэс зиплъыхьщ-зыкъиплъыхьри хьэпшыпыр зэтелъу щилъагъум, щӀэупщӀащ: - Алыхьыр къызэуи, Дисэ дэнэ щыӀэ? ГущӀэгъу, 423. Думэсарэ алъандэрэ къыхуэщӀатэкъым ебзымэр къыздикӀыр, иджы Ӏузизэ выфэм кӀуэцӀыдауэ щилъагъум, занщӀэу къэуӀэбжьащ. – А Алыхьыр къызэмыуи. Мыр сыт, на?- жиӀэри шхыӀэныр мащӀэу къиӀэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 74. Алыхьыр си бийщ (7). ЖаӀэр зэрафӀэщыр, Ӏэмал имыӀэу ягъэзэщӀэну тегушхуэныгъэ зэраӀэр къызыхэщ псалъафэщ. [Мариам и пхъум жреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм и деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым! Лэчымэ, 394. [Думэсарэ:] Алыхьыр си бийщ, фочыкум измыгъаплъэмэ а зи нэ къэмыплъэжыну хьитӀым я кум къыдэкӀауэ къамэ къизыхыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. Алыхьыр си бийкъым (1). Еплъ Алыхьыр си бийщ. [Дисэ и пхъум жреӀэ:] Алыхьыр си бийкъым, уэ сэ сыпхуримыкъум. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. Алыхьыр узогъэлъэӀу (1). Еплъ Алыхьым и хьэтыркӀэ. [Бэкъан Ӏурарэ жреӀэ:] КхъыӀэ, сумышэж, Алыхьыр узогъэлъэӀу. Къалэн, 432. Алыхьым и ӀэмыркӀэ (2). 1. (1). Алыхьым апхуэдэу иухати. ЩӀалэ цӀыкӀу мыгъуэр дыгъэ нурым хуэдэт, арщхьэкӀэ Алыхь талэм и Ӏэмырти, Умар цӀыкӀу дунейм ехыжащ, и къуэш цӀкӀуитӀ япэм къалъхуар игъуэ нэмысу зэрехыжам ещхьу. Хъуэпсэгъуэ нур, 206. 2. (1). Зыгуэрым хуабжьу зэрыщӀэхъуэпсыр кърагъэлъагъуэ. Алыхьым и ӀэмаркӀэ Степан Ильич къигъэзэжащэрэт, жиӀэрт игукӀэ [Астемыр]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. Алыхь ӀэмыркӀэ (6). Еплъ Алыхьым и ӀэмыркӀэ 1. – Псым лъэмыж темылъами, зы цӀыху цӀыкӀум и лъакъуэ псыф къудей мыхъуу Алыхь ӀэмыркӀэ зэпришащ, – жиӀэрти Чачэ и щхьэ дзасэр игъэсысу псалъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Аргъуейри Алыхь ӀэмыркӀэ дунейм тетщ. Аргъуей, 388. ☐ Алыхьыр здеӀэмкӀэ еӀэн хуейщ (2). Алыхьым упэув хъунукъым, Алыхьым зэрыфӀэкъабылыным хуэдэу щӀын (щӀэн) хуейщ. Хъуэжэ и унэр къыщыуэм, унэр здэуэмкӀэ еӀэрт, Алыхьыр здеӀэмкӀэ еӀэн хуейщ, жиӀэурэ. Нал къута, 307. Алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ (2). Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу хъунущ, абы уфӀэкӀыфынукъым. Ахъшэ уиӀэмэ, гъакӀуэ нэгъуэщӀ уи пӀэкӀэ, уимыӀэмэ, сыт, Алыхьым къыптрилъхьэм, фошыгъу шей уефэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 84. Алыхьым къыуимытар бегъымбарым къыуитын? (1). Алыхьым къыпхуимыщӀэр зыми къыпхуищӀэфынукъым. Алыхьым къыуимытар бегъымбарым къыуитын? Хъуэпсэгъуэ нур, 69. Къэзыгъэзэж Алыхьым къещтэ (2). Еплъ къэгъэзэжын. ШейтӀаным игъэщтам [игъэшынам] Алыхьыр и фӀэщ хъужыркъым (2). Еплъ шейтӀан.

Düzeltme Öner

алыхьым и ӀэмыркӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.