къэгъэзэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къегъэзэж)

1. КъэкӀуэжын (унэм).

рувернуться (домой)

Назир сымэ къагъэзэжри псы цӀыкӀум деж аргуэру зыщаплъыхьат.— Ӏуащхьэмахуэ

2. ЩӀегъуэжын.

рупризнать свою ошибку

Сыщыуамэ, къызогъэзэж.

Kitapta geçtiği hali

къэгъэзэжын (къегъэзэж) перех. гл. 1. вернуться (домой) / КъэкӀуэжын (унэм). * Назир сымэ къагъэзэжри псы цӀыкӀум деж аргуэру зыщаплъыхьат. Ӏуащхь. 2. переносное признать свою ошибку / ЩӀегъуэжын. Сыщыуамэ, къызогъэзэж.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къегъэзэж)

КъэкӀуэжын.

Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу, - ЖиӀэу пщащэр [дыгъэ-мазэм зыхуигъазэу] къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр— Тисей, 461

+2 örnek

Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм Нур ӀэплӀэу фӀэлъу къагъэзэж— Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354

«Къру» жиӀэу джэурэ и макъыр къурш сытхэм жьэхоуэри джэрпэджэжу къигъэзэжыр къру пашэм япэ зэхехыж— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543

Atasözleri (1)

къэзыгъэзэж алыхьым къещтэ

ЗыгуэркӀэ ущыуами, абы ухущӀегъуэжмэ, Алыхьым къыпхуигъэгъунущ.

[КрушкӀэшхуэхэм Таша жраӀэ:] КъакӀуэ, тӀасэ, къэзыгъэзэж Алыхьым къещтэ, - жаӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556

+1 örnek

[Гъуумар Астемыр жреӀэ:] – Къэзыгъэзэж Алыхьым ещтэ, жаӀэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 194

Kitapta geçtiği hali

КЪЭГЪЭЗЭЖЫН (къегъэзэж) лъэӀ. (248). КъэкӀуэжын. Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу, - ЖиӀэу пщащэр [дыгъэ-мазэм зыхуигъазэу] къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр. «Тисей», 461. Пщыхьэщхьэ дыгъэр жэмхэм бжьакъуэм Нур ӀэплӀэу фӀэлъу къагъэзэж. Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354. «Къру» жиӀэу джэурэ и макъыр къурш сытхэм жьэхоуэри джэрпэджэжу къигъэзэжыр къру пашэм япэ зэхехыж. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. ☐ Къэзыгъэзэж Алыхьым къещтэ (2). ЗыгуэркӀэ ущыуами, абы ухущӀегъуэжмэ, Алыхьым къыпхуигъэгъунущ. [КрушкӀэшхуэхэм Таша жраӀэ:] КъакӀуэ, тӀасэ, къэзыгъэзэж Алыхьым къещтэ, - жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. [Гъуумар Астемыр жреӀэ:] – Къэзыгъэзэж Алыхьым ещтэ, жаӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 194.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çark dönmek gelmek

Düzeltme Öner

къэгъэзэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.