акъылым къызэрихькӀэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
акъыл
ЦӀыхум гупсысэну Ӏэмал къезыт зэфӀэкӀ.
– Ди акъылкӀэ пхузэхэгъэкӀынукъым ар, – жиӀэри Ерули Бэлацэ еувэлӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 264
+2 örnek
Гуэгушыхъу Мэзани и акъылкӀэ егупсысати, арэзы техъуащ адакъэм жиӀам— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
Акъыли хуейкъым цӀыху ерыщыр, ем хутрелъхьэ гъущӀ лъэмыж; Псыкъуийр и закъуэ исеинщи, ЦӀыху губзыгъищэм къатӀэщӀыж— Делэ. «Дамыгъэ», 114
Deyimler (22)
акъыл зэхэлъхьэн
Зэчэнджэщын, зэгъусэу зыгуэрым егупсысын.
[Астемыр:] Фыпсалъэ, ди акъыл зэхэдвгъалъхьэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 249
акъыл имыӀэн
Мыгубзыгъэн, зэхэщӀыкӀ имыӀэн.
Акъыл зимыӀэр акъылыфӀэм яхэткӀэ, хъуркъым нэхъ губзыгъэ.— Псыр гъужыпами. «Батырыбжьэ», 171
акъыл иӀэн
Губзыгъэн, зэхэщӀыкӀ иӀэн.
Унагъуэм нэхъыжьу исым ищӀэрт хьэщӀэр бейуэ зэрыщымытыр, ауэ Къазджэрий щӀэныгъэ зэриӀэм, акъыл иӀэу, щэныфӀэу зэрыщытми гу лъитащ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
акъыл къэгъуэтын
ЩӀэныгъэм, губзыгъагъэм хэгъэхъуэн.
Тыркум акъыл къыщигъуэтыну и гугъами, ар зыхуеяр игъуэтакъым, ауэ щыт пэтми Къазджэрий щӀегъуэжакъым, абы щхьэ сыкӀуа, жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
акъыл къыхэлъхьэн
Ӏуэхум узэреплъыр къыжыӀэн, чэнджэщэгъу хъун.
– Хэт и акъыл къыхилъхьэн иджыри? – жиӀэри молэр щӀэупщӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 80
акъыл натӀэ
Губзыгъэ, Ӏущ.
Ибрэхьим си гуапэ ищӀыгъат, «Акъыл натӀэщ, Пщымахуэ, Тхьэм гъащӀэ кърит, гурыхуэ цӀыкӀущ», – жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
акъыл ныкъуэ
Губзыгъэ дыдэу щымыт
Игури и акъылри ныкъуэщ, жаӀэу тхьэмыщкӀэм гущӀэгъу хуэзыщӀа Ӏэджи щыӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
акъыл хэлъын
Губзыгъагъэу, фӀыуэ зэгупсыса (Ӏуэхуу) щытын.
Долэт, акъылышхуэ зыхэлъ гуэр къипсэлъа хуэдэу, кӀуэри здэщытам увыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651
акъылым икӀын
И акъылыр зэӀыхьэн, делэ, хэпсэлъыхь хъун
Зы псэууэ къелащи, ари и акъылым икӀащ— Нал къута, 214
акъылым къимыщтэн
КъыгурымыӀуэн, хузэхэмыщӀыкӀын.
Ауэ псори уи акъылым къимыщтэнкӀэ мэхъу, – жиӀэри Ерул езым зиумысыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 267
акъылым къимытӀэсэн
Дунейр хьэрийкурийщи, я нэхъ губзыгъэми и акъылым зыри къитӀасэркъым— Щынэхужьыкъуэ, 7
Еплъ: акъылым къимыщтэн
акъылым къитӀэсэн
Зи акъылым ар къитӀасэр Теувэнущ нэхъ гъуэгушхуэ.— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41
Еплъ: акъылым къихьын
акъылым къихьын
ЗэхищӀыкӀын, къыгурыӀуэн.
Нэм илъэгъуамэ, уигу иубыдэ – Акъылым къихьмэ, укъуэдий.— ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17
+1 örnek
Мыр зи акъылым къихьар сэращ, жиӀэу къэувынут [адакъэ] арщхьэкӀэ ар дауэ ягурыбгъэӀуэну?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489
акъылым къихь къэмыгъэнэн
АкъылкӀэ, гупсысэкӀэ пхузэфӀэкӀыну псори лэжьын.
Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым [егъэджакӀуэхэм] ящыгъущпщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640
+1 örnek
Пятилеткэр аргуэру «ехъулӀэныгъэшхуэ хэлъу дгъэзэщӀащ» жаӀэу трибунэм къытеувэрэ батэкъутэр ягъэшу, я пыӀэр щхьэрыхауэ я акъылым къихь къамыгъанэу псалъэ щхьэкӀэ [унафэщӀхэр], абыкӀэ зэфӀэкӀрэт?— Лъапсэ, 78
акъылым къиубыдын
Инал и акъылым къимыубыд Ӏуэху щыӀэнкӀи мэхъу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
Еплъ: акъылым къихьын
акъылым къищтэн
Плъагъурэ псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
Еплъ: акъылым къихьын
акъылым къызэрихькӀэ
КъызэрыгурыӀуэкӀэ, и губзыгъагъэр здынэсым хуэдизкӀэ.
Ди акъылым къызэрихькӀэ нэхъ тэмэм зэрыхъуным и ужь дитынщ, – жиӀэрт Астемыр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
+1 örnek
НэгъуэщӀым ущыгугъ нэхърэ уи акъылым къызэрихьым хуэдэу щӀы.— Щынэхужьыкъуэ, 14
акъылым къызэрихьу
Щхьэж и акъыл къызэрихьу псалъэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 84
Еплъ: акъылым къызэрихькӀэ
акъыл къыхэхын
Зыгуэрыр дяпэкӀэ къыпхуэщхьэпэн, дерс пхуэхъун.
Долэт мурад ищӀащ а илъэгъуам акъыл къыхихыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639
акъылыр нэсын
Ныбэ нэщӀым загъэнщӀыжа зэрыхъунум и Ӏэмалми си акъыл нэсащ, Ӏуэхушхуэщ си акъылым нобэ къиубыдар…— Кхъухь пхэнж, 501
+1 örnek
Комисару щыщыткӀэ [Дотий], и къалэным щыщщ цӀыхум я акъыл здынэмыс нигъэсыну— Нал къута, 258
Еплъ: акъылым къихьын
акъылыр (ху)нэмысын
И зэхэщӀыкӀыр зыгуэрым хуримыкъун.
Писарым и акъылыр нэсынкъым Лу и акъылыр здынэсым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633
акъыл(ыр) хунэсын
ИгъащӀэм фыз хьэлэлу, лъагъугъуафӀэу, псэлъэрейуэ гу лъумытэу щытар жьакӀуэ бэлыхь хъуат, куэдми гу лъитауэ, Ӏэджэми и акъылыр хунэсу Ӏущ хъуат— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
Еплъ: акъылыр нэсын
Atasözleri (1)
акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ
Акъылыншэм, зэхэщӀыкӀыншэм, губзыгъагъэ и лъэныкъуэкӀэ зи къэухьыр мыин цӀыхум хужаӀэ.
– Акъылыр щагуэшым дурэшым удэсащ уэ, – жиӀэри Тембот пичащ, жиӀэнур тэмэму къыщыхуэмыгъуэтым: - Бэлшэвычыщхьэ пхупылъэрэ иджы?— Хъуэпсэгъуэ нур, 247
Kitapta geçtiği hali
АКЪЫЛ (98). ЦӀыхум гупсысэну Ӏэмал къезыт зэфӀэкӀ. – Ди акъылкӀэ пхузэхэгъэкӀынукъым ар, – жиӀэри Ерули Бэлацэ еувэлӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 264. Гуэгушыхъу Мэзани и акъылкӀэ егупсысати, арэзы техъуащ адакъэм жиӀам. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. Акъыли хуейкъым цӀыху ерыщыр, ем хутрелъхьэ гъущӀ лъэмыж; Псыкъуийр и закъуэ исеинщи, ЦӀыху губзыгъищэм къатӀэщӀыж. Делэ. «Дамыгъэ», 114. ◊ Акъыл зэхэлъхьэн (1). Зэчэнджэщын, зэгъусэу зыгуэрым егупсысын. [Астемыр:] Фыпсалъэ, ди акъыл зэхэдвгъалъхьэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 249. Акъыл имыӀэн (2). Мыгубзыгъэн, зэхэщӀыкӀ имыӀэн. Акъыл зимыӀэр акъылыфӀэм яхэткӀэ, хъуркъым нэхъ губзыгъэ. Псыр гъужыпами. «Батырыбжьэ», 171. Акъыл иӀэн (3). Губзыгъэн, зэхэщӀыкӀ иӀэн. Унагъуэм нэхъыжьу исым ищӀэрт хьэщӀэр бейуэ зэрыщымытыр, ауэ Къазджэрий щӀэныгъэ зэриӀэм, акъыл иӀэу, щэныфӀэу зэрыщытми гу лъитащ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Акъыл къэгъуэтын (1). ЩӀэныгъэм, губзыгъагъэм хэгъэхъуэн.Тыркум акъыл къыщигъуэтыну и гугъами, ар зыхуеяр игъуэтакъым, ауэ щыт пэтми Къазджэрий щӀегъуэжакъым, абы щхьэ сыкӀуа, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Акъыл къыхэлъхьэн (1). Ӏуэхум узэреплъыр къыжыӀэн, чэнджэщэгъу хъун. – Хэт и акъыл къыхилъхьэн иджыри? – жиӀэри молэр щӀэупщӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 80. Акъыл натӀэ (1). Губзыгъэ, Ӏущ. Ибрэхьим си гуапэ ищӀыгъат, «Акъыл натӀэщ, Пщымахуэ, Тхьэм гъащӀэ кърит, гурыхуэ цӀыкӀущ», – жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. Акъыл ныкъуэ (1). Губзыгъэ дыдэу щымыт. Игури и акъылри ныкъуэщ, жаӀэу тхьэмыщкӀэм гущӀэгъу хуэзыщӀа Ӏэджи щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Акъыл хэлъын (2). Губзыгъагъэу, фӀыуэ зэгупсыса (Ӏуэхуу) щытын. Долэт, акъылышхуэ зыхэлъ гуэр къипсэлъа хуэдэу, кӀуэри здэщытам увыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. Акъылым икӀын (1). И акъылыр зэӀыхьэн, делэ, хэпсэлъыхь хъун. Зы псэууэ къелащи, ари и акъылым икӀащ. Нал къута, 214. Акъылым къимыщтэн (3). КъыгурымыӀуэн, хузэхэмыщӀыкӀын. Ауэ псори уи акъылым къимыщтэнкӀэ мэхъу, – жиӀэри Ерул езым зиумысыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 267. Акъылым къимытӀэсэн (1). Еплъ акъылым къимыщтэн. Дунейр хьэрийкурийщи, я нэхъ губзыгъэми и акъылым зыри къитӀасэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 7. Акъылым къитӀэсэн (1). Еплъ акъылым къихьын. Зи акъылым ар къитӀасэр Теувэнущ нэхъ гъуэгушхуэ. ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Акъылым къихьын (13). ЗэхищӀыкӀын, къыгурыӀуэн. Нэм илъэгъуамэ, уигу иубыдэ – Акъылым къихьмэ, укъуэдий. ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17. Мыр зи акъылым къихьар сэращ, жиӀэу къэувынут [адакъэ] арщхьэкӀэ ар дауэ ягурыбгъэӀуэну? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489. Акъылым къихь къэмыгъэнэн (2). АкъылкӀэ, гупсысэкӀэ пхузэфӀэкӀыну псори лэжьын. Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым [егъэджакӀуэхэм] ящыгъущпщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. Пятилеткэр аргуэру «ехъулӀэныгъэшхуэ хэлъу дгъэзэщӀащ» жаӀэу трибунэм къытеувэрэ батэкъутэр ягъэшу, я пыӀэр щхьэрыхауэ я акъылым къихь къамыгъанэу псалъэ щхьэкӀэ [унафэщӀхэр], абыкӀэ зэфӀэкӀрэт? Лъапсэ, 78. Акъылым къиубыдын (2). Еплъ акъылым къихьын. Инал и акъылым къимыубыд Ӏуэху щыӀэнкӀи мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Акъылым къищтэн (1). Еплъ акъылым къихьын. Плъагъурэ псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Акъылым къызэрихькӀэ (5). КъызэрыгурыӀуэкӀэ, и губзыгъагъэр здынэсым хуэдизкӀэ. Ди акъылым къызэрихькӀэ нэхъ тэмэм зэрыхъуным и ужь дитынщ, – жиӀэрт Астемыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. НэгъуэщӀым ущыгугъ нэхърэ уи акъылым къызэрихьым хуэдэу щӀы. Щынэхужьыкъуэ, 14. Акъылым къызэрихьу (1). Еплъ акъылым къызэрихькӀэ. Щхьэж и акъыл къызэрихьу псалъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 84. Акъыл къыхэхын (1). Зыгуэрыр дяпэкӀэ къыпхуэщхьэпэн, дерс пхуэхъун. Долэт мурад ищӀащ а илъэгъуам акъыл къыхихыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639. Акъылыр нэсын (17). Еплъ акъылым къихьын. Ныбэ нэщӀым загъэнщӀыжа зэрыхъунум и Ӏэмалми си акъыл нэсащ, Ӏуэхушхуэщ си акъылым нобэ къиубыдар… Кхъухь пхэнж, 501. Комисару щыщыткӀэ [Дотий], и къалэным щыщщ цӀыхум я акъыл здынэмыс нигъэсыну. Нал къута, 258. Акъылыр (ху)нэмысын (3). И зэхэщӀыкӀыр зыгуэрым хуримыкъун. Писарым и акъылыр нэсынкъым Лу и акъылыр здынэсым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633. Акъыл(ыр) хунэсын (5). Еплъ акъылыр нэсын. ИгъащӀэм фыз хьэлэлу, лъагъугъуафӀэу, псэлъэрейуэ гу лъумытэу щытар жьакӀуэ бэлыхь хъуат, куэдми гу лъитауэ, Ӏэджэми и акъылыр хунэсу Ӏущ хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. ☐ Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ (1). Акъылыншэм, зэхэщӀыкӀыншэм, губзыгъагъэ и лъэныкъуэкӀэ зи къэухьыр мыин цӀыхум хужаӀэ. – Акъылыр щагуэшым дурэшым удэсащ уэ, – жиӀэри Тембот пичащ, жиӀэнур тэмэму къыщыхуэмыгъуэтым: - Бэлшэвычыщхьэ пхупылъэрэ иджы? Хъуэпсэгъуэ нур, 247.
КЪЫЗЭРИХЬКӀЭ: ◊ акъылым къызэрихькӀэ (5). Еплъ акъыл. Макъым къызэрихькӀэ (26). Еплъ макъ.