Ӏухын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ӀУХЫН (ӀУЕХ(ы); ЗЭӀУХЫН (ЗЭӀУЕХ(ы); КЪЫЗЭӀУХЫН (КЪЫЗЭӀУЕХ(ы); ЗЭӀУГЪЭКӀЫН (ЗЭӀУЕГЪЭКӀ(ы); КЪЫЗЭӀУГЪЭКӀЫН (КЪЫЗЭӀУЕГЪЭКӀ(ы); зэӀэгъэкӀын/зэӀыгъэкӀын (ЗЭӀЕГЪЭКӀ); къызэӀэгъэкӀын/къызэӀыгъэкӀын (КЪЫЗЭӀЕГЪЭКӀ); зэӀэфын/зэӀыхун (зэӀефы/зэӀеху); зэӀэфын/зэӀыхун (зэӀефы/зэӀеху); КЪЫЗЭӀэфын/ КЪЫЗЭӀыхун (КЪЫЗЭӀефы/ КЪЫЗЭӀеху); AÇMAK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
руа) (Ӏуех) перех. гл.
1. ХуэщӀа гуэр (п. п. бжэр) ӀугъэкӀын.
руоткрыть, отворить что-л.
Сосрыкъуэ бжэр Ӏуех.. унэм щӀэмыхьэу ентӀырышхуэ ныщӀедзэ.— Нартхэр
2. Зыгуэр ӀугъэкӀуэтын, зыгуэрым бгъэдэхын.
ру3. унести, увезти кого-что-л. откуда-л.
Шэнтыр Ӏухын.
Еплъ: Ӏухыжын 2. 3
4. ЗэщӀэкъуэн, зэлъыӀухын (п. п. пӀэр).
руубрать (напр. постель)
Лажьэ, - жаӀэм зыкъогъэмэх, Махуэ псом уи пӀэр Ӏуомых.— фольк. б) (Ӏухащ)
+1 örnek
неперех. гл.
1. ӀугъэзэщӀыкӀауэ щытын.
рубыть открытым, отворенным
Щхьэгъубжэхэр Ӏухат.
2. ЗэщӀэкъуауэ, зэлъыӀухауэ щытын.
рубыть убранным (напр. о постели)
ПӀэр дахэу Ӏухащ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
Kitapta geçtiği hali
Ӏухын а) (Ӏуех) перех. гл. 1. открыть, отворить что-л. / ХуэщӀа гуэр (п. п. бжэр) ӀугъэкӀын. * Сосрыкъуэ бжэр Ӏуех.. унэм щӀэмыхьэу ентӀырышхуэ ныщӀедзэ. Нарт. 2. см. Ӏухыжын 2. 3. унести, увезти кого-что-л. откуда-л. / Зыгуэр ӀугъэкӀуэтын, зыгуэрым бгъэдэхын. Шэнтыр Ӏухын. 4. убрать (напр. постель) / ЗэщӀэкъуэн, зэлъыӀухын (п. п. пӀэр). * - Лажьэ, - жаӀэм зыкъогъэмэх, Махуэ псом уи пӀэр Ӏуомых. фольк. б) (Ӏухащ) неперех. гл. 1. быть открытым, отворенным / ӀугъэзэщӀыкӀауэ щытын. Щхьэгъубжэхэр Ӏухат. 2. быть убранным (напр. о постели) / ЗэщӀэкъуауэ, зэлъыӀухауэ щытын. ПӀэр дахэу Ӏухащ. {И} псэр Ӏухын см. псэ. Ӏухи банэ тепӀэ. убери подальше, да ну его.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(Ӏуех)
1. ХуэщӀа гуэр ӀугъэкӀын.
Хьэбибэ нэмэзыбзэ тӀэкӀу ищӀэр къибжурэ, пэгуныр къищтэри хуэм дыдэу бжэр Ӏуихри жэмыр къишыну унэм щӀэкӀащ.— Нал къута, 285
+2 örnek
Куэбжэр Ӏуахри, лӀы бжьыфӀэ гуэр пщӀантӀэм къыдыхьащ, военнэ френч щыгъыу, пыӀэщхъуэ лъахъши щхьэрыгъыу, сытуи зекӀуэкӀафӀэу зекӀуэрэ, жыуигъэӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565
Хэт Бот и деж вгъакӀуи къевгъашэ, абы фӀэкӀа кӀасэр Ӏузыхын щыӀэкъым, жиӀэрт, Елдари Ӏуехыф, жызыӀи яхэтт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 235
2. ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын (гъавэр).
Къру щӀыкӀэу, зэлъэужьу, Мэкъу пыдупщӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм, гмм зиужьу Аргъынэшхуэр ныӀудох.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46
+1 örnek
И Ӏухыныр къыслъымысми, Ар Ӏузыхым сэ гукъэкӀ КъысхуищӀыни лъырырекӀ.— Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375
3. Зыгуэр ӀугъэкӀуэтын, зыгуэрым бгъэдэхын.
Ӏух, тӀасэ, мыр [сурэтыр] си унэ къыщӀумыхьэ, а зи сурэт ящӀар ахърэтым къэдэуэжынущ, «псэ къысхалъхьакъым» жиӀэурэ, жиӀэри арат Чачэ нэхъ зытегузэвыхьыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502
+1 örnek
Ӏуащхьэмахуэ жьым Ӏуихынкъым, Дэри ди гум ар ихункъым.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50
(Ӏухащ)
ӀугъэзэщӀыкӀауэ, мыгъэбыдауэ щытын.
Шэщыр хуабэ хъуат, шэщыбжэр Ӏуха пэтми, цӀыхухэр къызэщӀэплъат, бэуапӀэ ямыгъуэту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
+2 örnek
Щхьэгъубжэр Ӏухащи, щхьэгъубжэӀупхъуэр жьым зэрехуэ.— Нал къута, 236
Бжэ ӀухамкӀэ [Къэрэжь] плъэмэ, щӀалэ цӀыкӀум шыр псы иригъэфауэ, ӀункӀыбзэ зиӀэ лъахъэр зэпеплъыхь, тхьэм ещӀэ, фӀэгъэщӀэгъуэну ара?— Лъапсэ, 103
Kitapta geçtiği hali
ӀУХЫН I (Ӏуех) лъэӀ. (39). 1. (26). ХуэщӀа гуэр ӀугъэкӀын. Хьэбибэ нэмэзыбзэ тӀэкӀу ищӀэр къибжурэ, пэгуныр къищтэри хуэм дыдэу бжэр Ӏуихри жэмыр къишыну унэм щӀэкӀащ. Нал къута, 285. Куэбжэр Ӏуахри, лӀы бжьыфӀэ гуэр пщӀантӀэм къыдыхьащ, военнэ френч щыгъыу, пыӀэщхъуэ лъахъши щхьэрыгъыу, сытуи зекӀуэкӀафӀэу зекӀуэрэ, жыуигъэӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Хэт Бот и деж вгъакӀуи къевгъашэ, абы фӀэкӀа кӀасэр Ӏузыхын щыӀэкъым, жиӀэрт, Елдари Ӏуехыф, жызыӀи яхэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. 2. (6). ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын (гъавэр). Къру щӀыкӀэу, зэлъэужьу, Мэкъу пыдупщӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм, гмм зиужьу Аргъынэшхуэр ныӀудох. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. И Ӏухыныр къыслъымысми, Ар Ӏузыхым сэ гукъэкӀ КъысхуищӀыни лъырырекӀ. Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375. 3. (4). Зыгуэр ӀугъэкӀуэтын, зыгуэрым бгъэдэхын. Ӏух, тӀасэ, мыр [сурэтыр] си унэ къыщӀумыхьэ, а зи сурэт ящӀар ахърэтым къэдэуэжынущ, «псэ къысхалъхьакъым» жиӀэурэ, жиӀэри арат Чачэ нэхъ зытегузэвыхьыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. Ӏуащхьэмахуэ жьым Ӏуихынкъым, Дэри ди гум ар ихункъым. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50.
ӀУХЫН II (Ӏухащ) лъэмыӀ. (7). ӀугъэзэщӀыкӀауэ, мыгъэбыдауэ щытын. Шэщыр хуабэ хъуат, шэщыбжэр Ӏуха пэтми, цӀыхухэр къызэщӀэплъат, бэуапӀэ ямыгъуэту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Щхьэгъубжэр Ӏухащи, щхьэгъубжэӀупхъуэр жьым зэрехуэ. Нал къута, 236. Бжэ ӀухамкӀэ [Къэрэжь] плъэмэ, щӀалэ цӀыкӀум шыр псы иригъэфауэ, ӀункӀыбзэ зиӀэ лъахъэр зэпеплъыхь, тхьэм ещӀэ, фӀэгъэщӀэгъуэну ара? Лъапсэ, 103.