Ӏухыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(Ӏуехыж)

1. ЗэщӀэкъуэжын, ӀугъэкӀуэтыжын, щӀэхыжын.

руунести, убрать что-л. (напр. посуду со стола)

Шхэн зэрыдухыу Ӏэнэр Ӏуахыжащ.

2. ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын (гъавэр).

руубрать (напр. урожай)

Гъавэр Ӏухыжын.

Kitapta geçtiği hali

Ӏухыжын (Ӏуехыж) перех. гл. 1. унести, убрать что-л. (напр. посуду со стола) / ЗэщӀэкъуэжын, ӀугъэкӀуэтыжын, щӀэхыжын. Шхэн зэрыдухыу Ӏэнэр Ӏуахыжащ. 2. убрать (напр. урожай) / ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын (гъавэр). Гъавэр Ӏухыжын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(Ӏуехыж)

1. ЗэщӀэкъуэжын, ӀугъэкӀуэтыжын, щӀэхыжын.

Матрёнэ хьэкъущыкъур Ӏуихыжри итхьэщӀыжат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623

+1 örnek

ЦӀыхубзри емыфэу стэканитӀым итар графин цӀыкӀум ирикӀэжри Ӏуихыжащ, къызыӀихам иритыжыну.— МелыӀыч, 441

2. ЗэщӀэкъуэжын, зэлъыӀухыжын.

Думэсарэ занщӀэу пӀэр Ӏуихыжыну хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 307

+1 örnek

Назифэ и пӀэр зэлъыӀумыхауэ къигъанэ и хабзэт, нэхъыбэу Ӏузыхыжыр сэрат, Исуф абы гу лъимытэу къэнэнт?— Лэчымэ, 393

3. ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын, къыпычыжын.

Дунейр бжьыхьэ-хуегъэзэкӀти, цӀыхухъуу къуажэм дэсыр губгъуэм щыӀэт, гъавэ Ӏуахыжу.— ГущӀэгъу, 423

+2 örnek

Уи вапӀэм сыти къытегъакӀэ, Тепсэр угуфӀэу Ӏупхыжынщ.— Мывалъэ щӀыпӀэ дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354

Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхь и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр.— Хьэсэпэхъумэ, 418

4. ХуэщӀа, гъэбыда гуэр ӀугъэкӀыжын.

[Риммэ:] Уи гаражыр Ӏуахыжауэ слъэгъуащ.— Гъуэгуанэ, 116

+1 örnek

Зэм ягъэбыдэу, зэм Ӏуахыжу блыным дэплъыпӀэ тӀэкӀу иӀэщи, Апчарэ щэху цӀыкӀуу, закъримыгъащӀэу абыкӀэ доплъ.— Щынэхужьыкъуэ, 66

Kitapta geçtiği hali

ӀУХЫЖЫН (Ӏуехыж) лъэӀ. (20). 1. (5). ЗэщӀэкъуэжын, ӀугъэкӀуэтыжын, щӀэхыжын. Матрёнэ хьэкъущыкъур Ӏуихыжри итхьэщӀыжат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623. ЦӀыхубзри емыфэу стэканитӀым итар графин цӀыкӀум ирикӀэжри Ӏуихыжащ, къызыӀихам иритыжыну. МелыӀыч, 441. 2. (3). ЗэщӀэкъуэжын, зэлъыӀухыжын. Думэсарэ занщӀэу пӀэр Ӏуихыжыну хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 307. Назифэ и пӀэр зэлъыӀумыхауэ къигъанэ и хабзэт, нэхъыбэу Ӏузыхыжыр сэрат, Исуф абы гу лъимытэу къэнэнт? Лэчымэ, 393. 3. (10). ЗэщӀэкъуэжын, къехьэлӀэжын, къыпычыжын. Дунейр бжьыхьэ-хуегъэзэкӀти, цӀыхухъуу къуажэм дэсыр губгъуэм щыӀэт, гъавэ Ӏуахыжу. ГущӀэгъу, 423. Уи вапӀэм сыти къытегъакӀэ, Тепсэр угуфӀэу Ӏупхыжынщ. Мывалъэ щӀыпӀэ дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354. Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхь и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр. Хьэсэпэхъумэ, 418. 4. (2). ХуэщӀа, гъэбыда гуэр ӀугъэкӀыжын. [Риммэ:] Уи гаражыр Ӏуахыжауэ слъэгъуащ. Гъуэгуанэ, 116. Зэм ягъэбыдэу, зэм Ӏуахыжу блыным дэплъыпӀэ тӀэкӀу иӀэщи, Апчарэ щэху цӀыкӀуу, закъримыгъащӀэу абыкӀэ доплъ. Щынэхужьыкъуэ, 66.

Düzeltme Öner

Ӏухыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.