щӀэгъуэлъхьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
чӀэгъолъхьан/щӀэгъуэлъхьэн; ALTINA YATMAK
щӀэгъуэлъхьэн/чӀэгъолъхьан; ALTINA YATMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀогъуалъхьэ)
1. Зыгуэрым и щӀагъым (жыг, бгы с. ху.) е зыщӀыпӀэ щӀэгъуэлъхьэн (унэм). Делэжьыр. лъэныкъуабэу жьауапӀэм щӀэгъуэлъхьащ. Къэб. таур.
рулечь где-л. (в помещении), под чем-л.
2. Сымаджэщым щызэбгъэӀэзэну щыгъуэлъын.
рулечь (в больницу)
Сымаджэщым щӀэгъуэлъхьэн.
3. Щэхуу зыщӀыпӀэ щыгъуэлъхьэн (джэдкъазыр).
рувысиживать тайком яйца (о домашних птицах)
Гъэ къэскӀэ нанэ и джэд гъуабжэжьыр щӀэгъуалъхьэрт.— Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
Kitapta geçtiği hali
щӀэгъуэлъхьэн (щӀогъуалъхьэ) неперех. гл. 1. лечь где-л. (в помещении), под чем-л. / Зыгуэрым и щӀагъым (жыг, бгы с. ху.) е зыщӀыпӀэ щӀэгъуэлъхьэн (унэм). Делэжьыр. лъэныкъуабэу жьауапӀэм щӀэгъуэлъхьащ. Къэб. таур. 2. лечь (в больницу) / Сымаджэщым щызэбгъэӀэзэну щыгъуэлъын. Сымаджэщым щӀэгъуэлъхьэн. 3. переносное высиживать тайком яйца (о домашних птицах) / Щэхуу зыщӀыпӀэ щыгъуэлъхьэн (джэдкъазыр). * Гъэ къэскӀэ нанэ и джэд гъуабжэжьыр щӀэгъуалъхьэрт. Таур. хъыб. Тэмакъым (къурмакъейм) щӀэгъуэлъхьэн см. тэмакъ. Псэм щӀэгъуэлъхьэн см. псэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀогъуалъхьэ)
1. Зыгуэрым и щӀагъым (п.п. жыг, бгы с.ху.) е зыщӀыпӀэ щыгъуэлъын (п.п. унэм).
[Алъхъо:] Нартыху жьауэм сыщӀэгъуэлъхьати, губгъуэм ситу сыщыщытар сигу къэзгъэкӀыжт.— Алъхъо, 55
+1 örnek
Нэмыцэхэр «сельмагым» щӀэгъуэлъхьауэ мэжей— Нал къута, 245
2. Сымаджэщым щызэбгъэӀэзэну щыгъуэлъын.
Сымаджэщым хэт къыщӀэгъуэлъхьами, Тэмарэ ещӀэ, [Дэфэрэдж хуэгъэзауэ]: – ПлӀы къашащ.— Лъапсэ, 45
+1 örnek
Пщэдджыжь нэмэзым жэм къишыну бэкхъым щӀыхьауэ, зыгуэрым къигъэшынэри мэхати, «мыр здэфшэнур ди дежкъым, неврологхэм я деж фшэи, щӀэвгъэгъуалъхьэ» жиӀэри сымаджэм и унафэр дежурнэм ищӀри абыкӀэ зэфӀэкӀащ, арщхьэкӀэ абы и хъыбарыр икӀэщӀыпӀэкӀэ сымаджэщым къэсащ.— Лъапсэ, 45
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭГЪУЭЛЪХЬЭН (щӀогъуалъхьэ) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Зыгуэрым и щӀагъым (п.п. жыг, бгы с.ху.) е зыщӀыпӀэ щыгъуэлъын (п.п. унэм). [Алъхъо:] Нартыху жьауэм сыщӀэгъуэлъхьати, губгъуэм ситу сыщыщытар сигу къэзгъэкӀыжт. Алъхъо, 55. Нэмыцэхэр «сельмагым» щӀэгъуэлъхьауэ мэжей. Нал къута, 245. 2. (2). Сымаджэщым щызэбгъэӀэзэну щыгъуэлъын. Сымаджэщым хэт къыщӀэгъуэлъхьами, Тэмарэ ещӀэ, [Дэфэрэдж хуэгъэзауэ]: – ПлӀы къашащ. Лъапсэ, 45. Пщэдджыжь нэмэзым жэм къишыну бэкхъым щӀыхьауэ, зыгуэрым къигъэшынэри мэхати, «мыр здэфшэнур ди дежкъым, неврологхэм я деж фшэи, щӀэвгъэгъуалъхьэ» жиӀэри сымаджэм и унафэр дежурнэм ищӀри абыкӀэ зэфӀэкӀащ, арщхьэкӀэ абы и хъыбарыр икӀэщӀыпӀэкӀэ сымаджэщым къэсащ. Лъапсэ, 45.