щӀасэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

arzu
DoğuщӀасэфӀеигъуэфӀэфӀ
BatıкӀас(э)шӀоигъушӀошӀу
istek
DoğuщӀасэщӀэлъэӀуузщӀэлъэӀуузыхуей
BatıкӀаскӀэлъэӀуузкӀэлъэӀуузыфай
Kitapta geçtiği hali

кӀас(э)/щӀасэ; шӀоигъу/фӀеигъуэ, шӀошӀу/фӀэфӀ; ARZU, İSTEK

кӀас/щӀасэ, кӀэлъэӀу/щӀэлъэӀу, узкӀэлъэӀу/узщӀэлъэӀу, узыфай/узыхуей; İSTEK

щӀасэ/кӀас; İSTEK

щӀасэ → кӀас(э); ARZU, İSTEK

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: кӀасэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ФӀыуэ ялъагъу, пщӀэ зыхуащӀ.

рулюбимец, любимица

ЩӀасэм и лӀэкӀи жагъуэм и лӀэкӀи зэхуэдэщ.— Псалъэжьхэр

Еплъ: лъагъуныгъэ. 2

3. Хьэщыкъ зыхуэхъуа, фӀылъагъуныгъэ зыхуаӀэ, фӀылъагъупӀэ.

рулюбимый, любимая

А уи щӀасэ уи щауэщӀэм къигъэщӀэнур иухащ {зэхех Джэримэс}.— Къэбэрдей

4. Нэчыхь зыхуимыӀэу фызым зыкӀэлъигъакӀуэ цӀыхухъу, е нэчыхь зыхуимыӀэу цӀыхухъур зыкӀэлъыкӀуэ цӀыхубз.

рулюбовник, любовница

- Ныжэбэр си щӀасэм деж щызгъэкӀуэнщи, пщэдей нартхэм сахыхьэжынщ, - жеӀэри Сосрыкъуэм и щӀасэм я пщӀантӀэм дохьэ.— Нартхэр

+1 örnek

Уэзрэдж щӀасэ зэриӀэр удым ищӀэт.— ӀуэрыӀуатэ

Bu maddedeki ifadeler (2)

{и} щӀасэн

рупонравиться, прийтись по душе кому-л.

Делэ къуэлэн и щӀасэщ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Гъасэ шэжыгъуэр и жагъуэщ, мэкъу къишыжыгъуэр и щӀасэщ.— ӀуэрыӀуатэ

щӀасэ фыз

Нэчыхь хуимыӀэу цӀыхухъу зыкӀэлъыкӀуэ цӀыхубз.

рулюбовница

Пщы, бейгуэлхэм щӀасэ фыз яӀэт.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

щӀасэ 1. устар. см. лъагъуныгъэ. 2. любимец, любимица / ФӀыуэ ялъагъу, пщӀэ зыхуащӀ. * ЩӀасэм и лӀэкӀи жагъуэм и лӀэкӀи зэхуэдэщ. (погов.) 3. любимый, любимая / Хьэщыкъ зыхуэхъуа, фӀылъагъуныгъэ зыхуаӀэ, фӀылъагъупӀэ. * А уи щӀасэ уи щауэщӀэм къигъэщӀэнур иухащ {зэхех Джэримэс}. Къэб. 4. любовник, любовница / Нэчыхь зыхуимыӀэу фызым зыкӀэлъигъакӀуэ цӀыхухъу, е нэчыхь зыхуимыӀэу цӀыхухъур зыкӀэлъыкӀуэ цӀыхубз. * - Ныжэбэр си щӀасэм деж щызгъэкӀуэнщи, пщэдей нартхэм сахыхьэжынщ, - жеӀэри Сосрыкъуэм и щӀасэм я пщӀантӀэм дохьэ. Нарт. Уэзрэдж щӀасэ зэриӀэр удым ищӀэт. фольк. {И} щӀасэн понравиться, прийтись по душе кому-л. * Делэ къуэлэн и щӀасэщ. (погов.) Гъасэ шэжыгъуэр и жагъуэщ, мэкъу къишыжыгъуэр и щӀасэщ. фольк. щӀасэ фыз любовница / Нэчыхь хуимыӀэу цӀыхухъу зыкӀэлъыкӀуэ цӀыхубз. * Пщы, бейгуэлхэм щӀасэ фыз яӀэт. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Гур зыхуэкӀуэ, гум ирихь.

И мыхьэнэри псалъэм сощӀэ, Бзэм хуэшэрыуэр сэ си щӀасэщ.— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357

+2 örnek

ПсыӀэрышэр ягъэжэну кӀэнауэ щӀыдатӀыкӀари а псым хуэмейуэ аракъым, Ӏэщи, губгъуи, хади псы зи мыщӀасэ щыӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

ӀэфӀ зышхыр дыджым пхуемыӀусэ, Дыджыр зи щӀасэр ӀэфӀ хуэмей.— ӀэфӀрэ дыджрэ. «Дамыгъэ», 111

2. ФӀыуэ ялъагъу, пщӀэ зыхуащӀ.

Уэ Ӏэщэ пӀыгъыу укъэкӀуами, Дэ уэ нэхъ щӀасэ димыӀа.— Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 86

+1 örnek

Ди цӀыхум ящӀэрт хэт ди бийми, нэмыплъ ди щӀасэм ирамыхт.— Лермонтов. «Дамыгъэ», 85

3. Хьэщыкъ зыхуэхъуа, фӀылъагъуныгъэ зыхуаӀэ.

Дунейм и пӀалъэр сэри сощӀэ – Збгынэн си щӀасэр псэм пымыкӀ.— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19

+2 örnek

Си жьакӀэм сытхъур схутемыкӀми, Сэри схуэфащэ си щӀасэнущ.— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… Батырыбжьэ, 62

Аргуэруи къакӀуэ, си щӀасэ, Зэхэуэм пшапэр уи закъуэ— Дэ къэтпсэлъахэр дыгъуасэ. «Шум и гъуэгу», 70

Kitapta geçtiği hali

ЩӀАСЭ (14). плъыф. 1. (4). Гур зыхуэкӀуэ, гум ирихь. И мыхьэнэри псалъэм сощӀэ, Бзэм хуэшэрыуэр сэ си щӀасэщ. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. ПсыӀэрышэр ягъэжэну кӀэнауэ щӀыдатӀыкӀари а псым хуэмейуэ аракъым, Ӏэщи, губгъуи, хади псы зи мыщӀасэ щыӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. ӀэфӀ зышхыр дыджым пхуемыӀусэ, Дыджыр зи щӀасэр ӀэфӀ хуэмей. ӀэфӀрэ дыджрэ. «Дамыгъэ», 111. 2. (2). ФӀыуэ ялъагъу, пщӀэ зыхуащӀ. Уэ Ӏэщэ пӀыгъыу укъэкӀуами, Дэ уэ нэхъ щӀасэ димыӀа. Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 86. Ди цӀыхум ящӀэрт хэт ди бийми, нэмыплъ ди щӀасэм ирамыхт. Лермонтов. «Дамыгъэ», 85. 3. (8). Хьэщыкъ зыхуэхъуа, фӀылъагъуныгъэ зыхуаӀэ. Дунейм и пӀалъэр сэри сощӀэ – Збгынэн си щӀасэр псэм пымыкӀ. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. Си жьакӀэм сытхъур схутемыкӀми, Сэри схуэфащэ си щӀасэнущ. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… «Батырыбжьэ», 62. Аргуэруи къакӀуэ, си щӀасэ, Зэхэуэм пшапэр уи закъуэ. Дэ къэтпсэлъахэр дыгъуасэ. «Шум и гъуэгу», 70.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dost gönül gözbebeği metres sevgili tonton yar yavuklu

Düzeltme Öner

щӀасэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.