шхын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

gıda
Ortakшхыншхыныгъу(э)пишаедапитаниепитател
Doğuгъуэмылапхъэ
Batıгъомылапхъ(э)
yemekbir şeyi yemek
Ortakшхын
yemekkatık, yiyecek
Ortakдэшхыншхыншхыныгъу(э)
yemekyiyecek
Ortakшхыншхыныгъу(э)дэшхын
Kitapta geçtiği hali

ШХЫН, ШХЫНЫГЪУ(Э), гъомылапхъ(э)/ гъуэмылапхъэ; ПИША, ЕДА, ПИТАНИЕ, ПИТАТЕЛ; GIDA, YİYECEK, ERZAK

ШХЫН; YEMEK (bir şeyi~) (хьалыгъу ~ /щӀакхъуэ ~)(ышхыгъ/ишхащ: ~yedi; ЕШХ(ы): ~ yiyor); (зысшхыкӀэ/ щысшхкӀэ: ben yediğimde, yediğim takdirde; зыпшхыкӀэ/щыпшхкӀэ: sen ~; зишхыкӀэ/щишхкӀэ: o ~);

ДЭШХЫН, ШХЫН, ШХЫНЫГЪУ(Э); YEMEK (katık, yiyecek)

ШХЫН, ШХЫНЫГЪУ(Э), ДЭШХЫН; YEMEK (yiyecek)

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ешх)

Ерыскъы, мэкъумылэ сыт хуэдэ гуэр къурмакъейм егъэхын.

русъесть, скушать что-л.

ЩӀакхъуэ шхын.

+1 örnek

Улажьэмэ лыжь пшхынщ.— Псалъэжьхэр

Ерыскъы.

рупища, еда, кушанье

Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкӀэ малӀэ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (6)

жьэкӀэ шхын

Еплъ: жьэ

нэкӀэ шхын

Еплъ: нэ

шхын псынщӀэ

рулегкая пища (для желудка).

шхын хуэлӀэн

рупроголодаться.

2 ifade daha

шхын хьэлъэ

рутяжелая пища (для желудка).

шхын щхьэкӀэ лӀэн

руумирать с голоду.

Kitapta geçtiği hali

шхын I (ешх) перех. гл. съесть, скушать что-л. / Ерыскъы, мэкъумылэ сыт хуэдэ гуэр къурмакъейм егъэхын. ЩӀакхъуэ шхын. * Улажьэмэ лыжь пшхынщ. (погов.) ЖьэкӀэ шхын см. жьэ. НэкӀэ шхын см. нэ. II пища, еда, кушанье / Ерыскъы. * Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкӀэ малӀэ. (погов.) Шхын псынщӀэ легкая пища (для желудка). Шхын хуэлӀэн проголодаться. Шхын хьэлъэ тяжелая пища (для желудка). Шхын щхьэкӀэ лӀэн умирать с голоду.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ешх)

Ерыскъы, мэкъумылэ с.ху. гуэр къурмакъейм ехын.

Сэ лы фахэм сащӀохъуэпс, Зэрызмышхрэ мэхъу илъэс, - ЖиӀэу мыщэр Тесщ щӀы гъущэм. «— Бажэ пшынэ, 4

+2 örnek

Таша фыз пщафӀэр иукӀыну и гугъэххакъым, ар зыхуейр нэгъуэщӀт: - Кхъуэл сшхащи, уӀэгъэ къыстещӀи лъы сщӀэгъэкӀ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603

Къэрэлъашэ бэкхъым кӀуэмэ – и вакъэ лъэныкъуэр хьэм къыщӀихауэ ишхыу илъэгъуащ— Нэгъуху, 48

ЦӀыхури дэтхэнэ зы псэущхьэри псэуфын папщӀэ и кӀуэцӀым ехын хуей гуэр.

Къуалэбзуми тӀурытӀыххэу Шхыныр губгъуэм къыщащып— Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334

+2 örnek

Раисэ Муратовнэ уигъэхьэщӀэу шхыныр Ӏумпэм пщӀымэ, къазэрыхуэмыгъунур псоми ящӀэжырти, хьэщӀэм я зэпсалъэ макъыр нэхъ зэхэпхи хъуащ, уеблэмэ зилӀ зымыгъэпсалъи яхэтт— Лъапсэ, 80

Шхын тӀэкӀу згъэхьэзырыху, унэри къегъэплъ, жэщ хъурэ сыщыгъуэлъыжым деж собэр щӀызохыжри си пӀэм чырбыш плъыжь гъэхуэба хызолъхьэ.— МелыӀыч, 461

Deyimler (3)

шхын къэӀэтын

Шхыныгъуэ куэд зыгуэрым щхьэкӀэ Ӏэнэм тегъэувэн.

Шхыну абы къыщаӀэтар зылъагъур къемыблагъэу блэкӀыртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 105

шхын хуэныкъуэн

И ныбэ изу ишхын имыгъуэтын.

Си хъыджэбзыр – насып закъуэр, Къуэм макъ дахэр дэз зыщӀар, Зеиншэу, пцӀанэу, шхын хуэныкъуэу…»— Бдзэжьеящэм ипхъу, 147

шхын щхьэкӀэ лӀэн

Шхын имыгъуэтыныгъэм къыхэкӀыу лӀэн.

Дадэр къытехуэу шхын щхьэкӀэ лӀами, хакӀуэр яритрэ!— Нал къута, 271

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:] Сэ сыбукӀами, сабий шхын щхьэкӀэ лӀэуэ сеплъыфынукъым, е зи лӀыр зауэм хэкӀуэда фызабэм нартыхущхьэ имыхьу пӀэрэ, жысӀэу къэсщыфынукъым.— МелыӀыч, 465

[Мыщэм дыгъужьым жриӀэу:] Абы Ӏэмал иӀамэ, и адэр шхын щхьэкӀэ лӀэрэт?— Кхъухь пхэнж, 501

Kitapta geçtiği hali

ШХЫН I (ешх) лъэӀ. (135). Ерыскъы, мэкъумылэ с.ху. гуэр къурмакъейм ехын. Сэ лы фахэм сащӀохъуэпс, Зэрызмышхрэ мэхъу илъэс, - ЖиӀэу мыщэр Тесщ щӀы гъущэм. «Бажэ пшынэ», 4. Таша фыз пщафӀэр иукӀыну и гугъэххакъым, ар зыхуейр нэгъуэщӀт: - Кхъуэл сшхащи, уӀэгъэ къыстещӀи лъы сщӀэгъэкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603. Къэрэлъашэ бэкхъым кӀуэмэ – и вакъэ лъэныкъуэр хьэм къыщӀихауэ ишхыу илъэгъуащ. Нэгъуху, 48.

ШХЫН II (143). ЦӀыхури дэтхэнэ зы псэущхьэри псэуфын папщӀэ и кӀуэцӀым ехын хуей гуэр. Къуалэбзуми тӀурытӀыххэу Шхыныр губгъуэм къыщащып. Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334. Раисэ Муратовнэ уигъэхьэщӀэу шхыныр Ӏумпэм пщӀымэ, къазэрыхуэмыгъунур псоми ящӀэжырти, хьэщӀэм я зэпсалъэ макъыр нэхъ зэхэпхи хъуащ, уеблэмэ зилӀ зымыгъэпсалъи яхэтт. Лъапсэ, 80. Шхын тӀэкӀу згъэхьэзырыху, унэри къегъэплъ, жэщ хъурэ сыщыгъуэлъыжым деж собэр щӀызохыжри си пӀэм чырбыш плъыжь гъэхуэба хызолъхьэ. МелыӀыч, 461. ◊ Шхын къэӀэтын (1). Шхыныгъуэ куэд зыгуэрым щхьэкӀэ Ӏэнэм тегъэувэн. Шхыну абы къыщаӀэтар зылъагъур къемыблагъэу блэкӀыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 105. Шхын хуэныкъуэн (1). И ныбэ изу ишхын имыгъуэтын. Си хъыджэбзыр – насып закъуэр, Къуэм макъ дахэр дэз зыщӀар, Зеиншэу, пцӀанэу, шхын хуэныкъуэу…» «Бдзэжьеящэм ипхъу», 147. Шхын щхьэкӀэ лӀэн (11). Шхын имыгъуэтыныгъэм къыхэкӀыу лӀэн. Дадэр къытехуэу шхын щхьэкӀэ лӀами, хакӀуэр яритрэ! Нал къута, 271. [Алыджыкъуэ:] Сэ сыбукӀами, сабий шхын щхьэкӀэ лӀэуэ сеплъыфынукъым, е зи лӀыр зауэм хэкӀуэда фызабэм нартыхущхьэ имыхьу пӀэрэ, жысӀэу къэсщыфынукъым. МелыӀыч, 465. [Мыщэм дыгъужьым жриӀэу:] Абы Ӏэмал иӀамэ, и адэр шхын щхьэкӀэ лӀэрэт? Кхъухь пхэнж, 501.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

aş besin ekmek taam yemek yiyecek

Düzeltme Öner

шхын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.