хэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хэлъщ)
Зыгуэрым хэгъуэлъхьауэ, хэзэгъауэ щылъын. ЗыщӀыпӀэ щыхъумэн (п. п. ахъшэр банкым). 3. быть вставленным во Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым хэгъэувауэ щытын (п. п. бжэ, щхьэгъубжэ).
ру1. лежать, находиться где-л., в чём-л.
Пшахъуэм хэлъын. Удзым хэлъын. ■ Шубэлыхь зы тхьэмахуэкӀэ хэлъащ, ефи ешхи имыӀэжу. Таур. хъыб. 2. находиться на хранении где-л. (о деньгах)
+2 örnek
что-л. (напр. о двери, о стёклах)
Унэм бжэ хэлъщ. Щхьэгъубжэм абдж хэлъщ. ♦
Kitapta geçtiği hali
хэлъын (хэлъщ) неперех. 1. лежать, находиться где-л., в чём-л. / Зыгуэрым хэгъуэлъхьауэ, хэзэгъауэ щылъын. Пшахъуэм хэлъын. Удзым хэлъын. ■ Шубэлыхь зы тхьэмахуэкӀэ хэлъащ, ефи ешхи имыӀэжу. Таур. хъыб. 2. находиться на хранении где-л. (о деньгах) / ЗыщӀыпӀэ щыхъумэн (п. п. ахъшэр банкым). 3. быть вставленным во что-л. (напр. о двери, о стёклах) / Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым хэгъэувауэ щытын (п. п. бжэ, щхьэгъубжэ). Унэм бжэ хэлъщ. Щхьэгъубжэм абдж хэлъщ. ♦ ГушыӀэ хэлъын см. гушыӀэ. ХьэлыфӀ хэлъын см. хьэл. [И] Ӏуэху хэлъын см. Ӏуэху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хэлъщ)
1. Зыгуэрым хэгъуэлъхьауэ, хэзэгъауэ щылъын.
Шы лъэужьыр дэнэ кӀуэуэ пӀэрэ, жиӀэу лъыхъуэу Локотош губгъуэм итти, шокъу жиӀэу нэмыцэ офицер гуэрым и хьэдэ гуэдзым хэлъу хуэзащ.— Нал къута, 242
+2 örnek
Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу.— Къалэн, 430
2. Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым хэгъэувауэ щытын (п. п. бжэ, щхьэгъубжэ).
Гуащэр зыщӀэс унэм зэзэмызэкӀэ еплъэкӀ щхьэкӀэ, зэи щӀыхьакъым унэм, абдж зэмыфэгъуу щхьэгъубжэм хэлъыр яфӀэхьэлэмэту щыт пэтми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629
+2 örnek
Зэзэмызи фочи мауэ, автоматхэри щӀагъэлъэлъыкӀыу зэхыбох, си насыпщи, си бжи си щхьэгъубжи гъэбыдащ, щхьэгъубжэм гъущӀ хэлъщ, тутнакъэщ щхьэгъубжэм ещхьу.— МелыӀыч, 462
Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: - Сэлам уалейкум.— КӀапсэ кӀапэ, 5
3. Хэпшып гуэрхэм хэлъын, хэзэгъэн.
Хьэпшып зэкӀуэцӀыпхауэ иӀыгъым и дэлъхум и гъуэншэдж гуэри зэрыхэлъыр Хьэбибэ ищӀэртэкъым.— Нал къута, 231
+2 örnek
ОрденитӀ и лӀыгъэм къыпэкӀуащи, бригадэм я бэракъым хиӀуауэ хэлъщ, лӀыгъэм и дамыгъэм дежкӀэ ар нэхъ къекяуу къилъытати.— Лыгъэ, 413
И джанэм хэлъ орден колодкэхэм къагъэлъагъуэ лӀыгъэ зэрыхэлъри, зауэм лӀы хуэдэу зэрыщызэуари.— Щынэхужьыкъуэ, 39
Kitapta geçtiği hali
ХЭЛЪЫН (хэлъщ) лъэмыӀ. (334). 1. (90). Зыгуэрым хэгъуэлъхьауэ, хэзэгъауэ щылъын. Шы лъэужьыр дэнэ кӀуэуэ пӀэрэ, жиӀэу лъыхъуэу Локотош губгъуэм итти, шокъу жиӀэу нэмыцэ офицер гуэрым и хьэдэ гуэдзым хэлъу хуэзащ. Нал къута, 242. Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу. Къалэн, 430. 2. (23). Зыгуэр нэгъуэщӀ гуэрым хэгъэувауэ щытын (п. п. бжэ, щхьэгъубжэ). Гуащэр зыщӀэс унэм зэзэмызэкӀэ еплъэкӀ щхьэкӀэ, зэи щӀыхьакъым унэм, абдж зэмыфэгъуу щхьэгъубжэм хэлъыр яфӀэхьэлэмэту щыт пэтми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Зэзэмызи фочи мауэ, автоматхэри щӀагъэлъэлъыкӀыу зэхыбох, си насыпщи, си бжи си щхьэгъубжи гъэбыдащ, щхьэгъубжэм гъущӀ хэлъщ, тутнакъэщ щхьэгъубжэм ещхьу. МелыӀыч, 462. Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: - Сэлам уалейкум. КӀапсэ кӀапэ, 5. 3. (8). Хэпшып гуэрхэм хэлъын, хэзэгъэн. Хьэпшып зэкӀуэцӀыпхауэ иӀыгъым и дэлъхум и гъуэншэдж гуэри зэрыхэлъыр Хьэбибэ ищӀэртэкъым. Нал къута, 231. ОрденитӀ и лӀыгъэм къыпэкӀуащи, бригадэм я бэракъым хиӀуауэ хэлъщ, лӀыгъэм и дамыгъэм дежкӀэ ар нэхъ къекяуу къилъытати. Лыгъэ, 413. И джанэм хэлъ орден колодкэхэм къагъэлъагъуэ лӀыгъэ зэрыхэлъри, зауэм лӀы хуэдэу зэрыщызэуари. Щынэхужьыкъуэ, 39.