гушыӀэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

espri
DoğuдыхьэшхэнгушыӀэ
Batıдэхьащхэныщхэнысэмэркъэу
espriliesprili söz
Ortakсэмэркъэу
DoğuгушыӀэ
BatıгущыӀэ щхэнсэмэркъэу
fıkra
Ortakнарэанекдот
DoğuгушыӀэдыхьэшхэн
BatıгущыӀэ щхэнщхэныдэхьэщхэн(ы)
mizah
Ortakнарэауанюмор
DoğuгушыӀэщӀэнэкӀабзэ
BatıсэмэркъэукӀэнэкӀабз(э)
şaka
Ortakсэмэркъэу
DoğuгушыӀэ
Kitapta geçtiği hali

дэхьащхэны/дыхьэшхэн, щхэны, сэмэркъэу/гушыӀэ; ESPRİ

СЭМЭРКЪЭУ/гушыӀэ, гущыӀэ щхэн; ESPRİLİ (~ söz)

гущыӀэ щхэн, сэмэркъэу/гушыӀэ; ESPRİLİ (~ söz)

НАРЭ, гущыӀэ щхэн, гушыӀэ, щхэны, дэхьэщхэн(ы)/дыхьэшхэн, АНЕКДОТ; FIKRA, ANEKDOT

НАРЭ, АУАН, сэмэркъэу, гушыӀэ, кӀэнэкӀабз(э)/щӀэнэкӀабзэ, ЮМОР; MİZAH

гушыӀэ/СЭМЭРКЪЭУ; ŞAKA

гушыӀэ, гущыӀэ щхэн, щхэны, сэмэркъэу → НАРЭ; MİZAH, FIKRA

гушыӀэ/сэмэркъэу, гущыӀэ щхэн → дэхьащхэны; ESPRİ, ESPRİLİ (~ söz)

СЭМЭРКЪЭУ/гушыӀэ, (Абз. СЭМЭРКЪЭУ) → НАРЭ; ŞAKA, MİZAH

СЭМЭРКЪЭУ/гушыӀэ → дэхьащхэны; ESPRİ

щхэны, гушыӀэ, гущыӀэ щхэн → НАРЭ; FIKRA

Bu sonuç kitaptaki 11 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: нарэ, дэхьащхэны

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Утригъэууэ, уигъэдыхьэшхыу псалъэкӀэ къаӀуатэм е защӀурэ уагъэлъагъум ироджэ.

рушутка; юмор

Бэрокъуэхэ я унагъуэм гушыӀэмрэ дыхьэшхымрэ сытым щыгъуи щымащӀэу дунейр ирахьэкӀырт.— Теунэ Хьэчим

Bu maddedeki ifadeler (3)

гушыӀэ хэзэгъэн

руне обижаться на шутки, насмешки.

гушыӀэ хэлъын

ру1) быть веселым 2) обладать чувством юмора.

гушыӀэ хэмылъу

Еплъ: гушыӀэншэу

Kitapta geçtiği hali

гушыӀэ шутка; юмор / Утригъэууэ, уигъэдыхьэшхыу псалъэкӀэ къаӀуатэм е защӀурэ уагъэлъагъум ироджэ. * Бэрокъуэхэ я унагъуэм гушыӀэмрэ дыхьэшхымрэ сытым щыгъуи щымащӀэу дунейр ирахьэкӀырт. Т. Хь. ГушыӀэ хэзэгъэн не обижаться на шутки, насмешки. ГушыӀэ хэлъын 1) быть веселым 2) обладать чувством юмора. ГушыӀэ хэмылъу см. гушыӀэншэу.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Утригъэууэ, уигъэдыхьэшхыу псалъэкӀэ къаӀуатэм е защӀурэ уагъэлъагъум ироджэ. -119.

ЩызэхэсхкӀэ сэ а псалъэр А гушыӀэр сигу темыхуэ.— Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 82

+2 örnek

ДэмыкӀауэ зы тхьэмахуэ Мес къопсалъэ рацэр махуэу – Ди колхозым и Ӏэтащхьэр Тет къыпфӀэщӀу лъагэу Ӏуащхьэм РадиокӀэ ар къопсалъэ И гушыӀэм къыщӀигъалъэу: «КъредаӀуэ мыдэ и адэр», – ЖиӀэу макъыр жьым хокӀуадэ.— Радиосправкэ. «Партыр ди пашэу», 76

Терек псышхуэр къэмыувыӀэу Урыхупсым мес йопсалъэ: – Зэ щыгъэтыт уи гушыӀэр, ЖыӀэт мыдэ уэ плъэгъуахэр— Терек. «Партыр ди пашэу», 118

Deyimler (4)

гушыӀэ нэпцӀ зыщӀын

ГушыӀэ хэлъу упсалъэ хуэдэу фэ зытегъэуэн.

Азрэт цӀыхум яхэту гушыӀэ нэпцӀ зищӀырт, «Алыхьыр здеӀэмкӀэ девгъэӀэ» жиӀэу— Нал къута, 307

+1 örnek

Къэрэжьи цыджану къэлыбат, арщхьэкӀэ, и фочым тегузэвыхьати, зыкъригъэщӀакъым, гушыӀэ нэпцӀ зищӀащ— Лъапсэ, 104

гушыӀэ хэзэгъэн

ГушыӀэр къыгурыӀуэу, гушыӀэм зытримыгъэгусыхьу щытын.

Езыр къибыргъукӀыу, гушыӀэ хэлъу, гушыӀи хэзагъэу плъагъу щхьэкӀэ, Ӏуэху зехьэкӀэ ищӀэрт.— Нал къута, 261

+2 örnek

Хъыджэбзхэм гушыӀэ яхэзэгъэнутэкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 57

ГушыӀэр хэзагъэркъым, зегъэгусэ занщӀэу, – жиӀэри шыд пэхум цыжьбанэр куэд лъандэрэ ицӀыхуу зэрыщытым гу лъаригъэтащ, – пэжыр жысӀэнщи, цыжьбанэм зыхимыщӀыкӀ щыӀэкъым.— Кхъухь пхэнж, 506

гушыӀэ хэлъын

ГушыӀэ къыгурыӀуэу щытын, апхуэдэ хьэл иӀэн.

Езыр къибыргъукӀыу, гушыӀэ хэлъу, гушыӀи хэзагъэу плъагъу щхьэкӀэ, Ӏуэху зехьэкӀэ ищӀэрт.— Нал къута, 261

гушыӀэ хэмылъу

Шэчыншэу, шэч хэмылъу, джэгу хэмылъу.

– Дызэхуэзащ иджы, Бот, – жиӀащ Степан Ильич, гушыӀэ хэмылъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 281

Kitapta geçtiği hali

ГУШЫӀЭ (5). Утригъэууэ, уигъэдыхьэшхыу псалъэкӀэ къаӀуатэм е защӀурэ уагъэлъагъум ироджэ. ЩызэхэсхкӀэ сэ а псалъэр А гушыӀэр сигу темыхуэ. Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 82. ДэмыкӀауэ зы тхьэмахуэ Мес къопсалъэ рацэр махуэу – Ди колхозым и Ӏэтащхьэр Тет къыпфӀэщӀу лъагэу Ӏуащхьэм РадиокӀэ ар къопсалъэ И гушыӀэм къыщӀигъалъэу: «КъредаӀуэ мыдэ и адэр», – ЖиӀэу макъыр жьым хокӀуадэ. Радиосправкэ. «Партыр ди пашэу», 76. Терек псышхуэр къэмыувыӀэу Урыхупсым мес йопсалъэ: – Зэ щыгъэтыт уи гушыӀэр, ЖыӀэт мыдэ уэ плъэгъуахэр. Терек. «Партыр ди пашэу», 118-119. ◊ ГушыӀэ нэпцӀ зыщӀын (3). ГушыӀэ хэлъу упсалъэ хуэдэу фэ зытегъэуэн. Азрэт цӀыхум яхэту гушыӀэ нэпцӀ зищӀырт, «Алыхьыр здеӀэмкӀэ девгъэӀэ» жиӀэу. Нал къута, 307. Къэрэжьи цыджану къэлыбат, арщхьэкӀэ, и фочым тегузэвыхьати, зыкъригъэщӀакъым, гушыӀэ нэпцӀ зищӀащ. Лъапсэ, 104. ГушыӀэ хэзэгъэн (3). ГушыӀэр къыгурыӀуэу, гушыӀэм зытримыгъэгусыхьу щытын. Езыр къибыргъукӀыу, гушыӀэ хэлъу, гушыӀи хэзагъэу плъагъу щхьэкӀэ, Ӏуэху зехьэкӀэ ищӀэрт. Нал къута, 261. Хъыджэбзхэм гушыӀэ яхэзэгъэнутэкъым. Щынэхужьыкъуэ, 57. ГушыӀэр хэзагъэркъым, зегъэгусэ занщӀэу, – жиӀэри шыд пэхум цыжьбанэр куэд лъандэрэ ицӀыхуу зэрыщытым гу лъаригъэтащ, – пэжыр жысӀэнщи, цыжьбанэм зыхимыщӀыкӀ щыӀэкъым. Кхъухь пхэнж, 506. ГушыӀэ хэлъын (1). ГушыӀэ къыгурыӀуэу щытын, апхуэдэ хьэл иӀэн. Езыр къибыргъукӀыу, гушыӀэ хэлъу, гушыӀи хэзагъэу плъагъу щхьэкӀэ, Ӏуэху зехьэкӀэ ищӀэрт. Нал къута, 261. ГушыӀэ хэмылъу (1). вводнэ п. Шэчыншэу, шэч хэмылъу, джэгу хэмылъу. – Дызэхуэзащ иджы, Бот, – жиӀащ Степан Ильич, гушыӀэ хэмылъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 281.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dil espri latife mizah şaka

Düzeltme Öner

гушыӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.