хъун

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

ağarmakak düşmek
Ortakхъун
Doğuхужь хъунхужь хидзэн
Batıфыжь хидзэнфыжь(ы) хидзэн
güve
Ortakхъун
kaşınmak
Ortakхъуншхэн
olmak
Ortakхъункъэхъун
DoğuтӀыгъуэн
BatıтӀыргъон
olurpeki
Doğuхъунщ
Batıхъун
pekiolur, iyi, uygun
Ortakхъун(щ)
Doğuдэгъуэщигъуэщ
Batıдэгъуигъу
Kitapta geçtiği hali

фыжь ХИДЗЭН/ХЪУН/хужь ~ (~ХЕДЗЭ/~ МЭХЪУ); AĞARMAK (ak düşmek)

хужь/фыжь(ы) ХИДЗЭН/ХЪУН; AĞARMAK (ak düşmek)

ХЪУН; GÜVE

ХЪУН (МЭХЪУ); ШХЭН (МАШХЭ); KAŞINMAK

ХЪУН (хъугъэ/хъуа: oldu; МЭХЪУ: oluyor); КЪЭХЪУН; (къэхъугъ/ къэхъуа: oldu; къэхъу/къохъу(р): oluyor); тӀыргъон/тӀыгъуэн; (тӀыргъуагъэ/тӀыгъуа: oldu; мэтӀыргъо/ мэтӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor; къэтӀыргъо/къотӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor); OLMAK

хъунщ/хъун; OLUR (peki)

ХЪУН(щ), дэгъу/дэгъуэщ, игъу/игъуэщ; PEKİ (olur, iyi, uygun)

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ХъупӀэм къытекӀэ удз цӀынэу Ӏэщым яхъур.

рулуговая трава

Сэ хъун бэгъуа здэщыӀэ сощӀэ, - жиӀэри Ажэжьым бжэн цӀыкӀуищыр иришэжьэжащ.— Дыщэ кӀанэ

Фэхэр, цыхэкӀ щэкӀхэр зышх хьэпӀацӀэ цӀыкӀунитӀэ.

румоль

ПыӀэр хъуным ишхащ. Хъуныр гъэкӀуэдын.

ЩэкӀ зэӀущам и кӀыхьагъымкӀэ ирикӀуэ, Ӏущэхэр зыӀуащэ Ӏуданэ кӀыхьыр.

руоснова (продольные нити в ткани)

Цей хъун. ЩэкӀ хъун.

(хъуащ)

1. Зэрытыпхъэ щытыкӀэм иувэн, и пӀалъэр къихьэн, зэманыр къэсын.

рунастать, начаться, наступить

Жэщ хъуащ.

2. Игъуэ, и зэман нэсын, щичэзу щытыкӀэм ихьэн.

рузреть, созревать

Гъавэр хъун. Хъарбызыр хъун.

Bu maddedeki ifadeler (1)

хъун еуэн

рутронуть молью.

Kitapta geçtiği hali

хъун I луговая трава / ХъупӀэм къытекӀэ удз цӀынэу Ӏэщым яхъур. * - Сэ хъун бэгъуа здэщыӀэ сощӀэ, - жиӀэри Ажэжьым бжэн цӀыкӀуищыр иришэжьэжащ. Дыщэ кӀ. II моль / Фэхэр, цыхэкӀ щэкӀхэр зышх хьэпӀацӀэ цӀыкӀунитӀэ. ПыӀэр хъуным ишхащ. Хъуныр гъэкӀуэдын. Хъун еуэн тронуть молью. III основа (продольные нити в ткани) / ЩэкӀ зэӀущам и кӀыхьагъымкӀэ ирикӀуэ, Ӏущэхэр зыӀуащэ Ӏуданэ кӀыхьыр. Цей хъун. ЩэкӀ хъун. IV (хъуащ) лъэӀмыӀ. 1. настать, начаться, наступить / Зэрытыпхъэ щытыкӀэм иувэн, и пӀалъэр къихьэн, зэманыр къэсын. Жэщ хъуащ. 2. зреть, созревать / Игъуэ, и зэман нэсын, щичэзу щытыкӀэм ихьэн. Гъавэр хъун. Хъарбызыр хъун.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ХъупӀэм къытекӀэ удз цӀынэу Ӏэщым яхъур. -71.

Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу [хьэкӀэкхъуэкӀэхэр] шхалъэм Ӏутщ, мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу.— Лъапсэ, 71

+1 örnek

Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр ягъашхэурэ есащи, шхалъэ хуащӀам пэмыжыжьэу щохъуакӀуэ, хъун ягъуэтыху— Лъапсэ, 70

Фэхэр, цыхэкӀ щэкӀхэр зышх хьэпӀацӀэ цӀыкӀунитӀэ.

ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 153

(мэхъу)

1. Зэрытыпхъэ щытыкӀэм иувэн, и пӀалъэр къихьэн, зэманыр къэсын.

Иджы бжьыхьэ хъуащи, псыкъежэхыр мащӀэ хъужащ, уеблэмэ псыӀэрышэ гъужа яхэтщ жыпӀэнщ, псыбэкъу цӀыкӀуу дихар гъущэ хъуащи.— Нал къута, 300

+2 örnek

Пщэдджыжь къулшыкъу мыхъуауэ, хьэри джэдри къежьащ, жыхуаӀэм хуэдэт, фызхэм жэм къаша къудейт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

Дэфэрэдж дэнэ мыгъуэ щищӀэн нэху щыщынур – къэпым илъу къахьащи, къэпым щракуа дакъикъэм деж щыщӀэдзауэ дунейр кӀыфӀ хъуауэ къыфӀощӀ.— Лъапсэ, 32

2. Игъуэ, и зэман нэсын, щичэзу щытыкӀэм ихьэн.

Дэр хъуа иужь, дафэм щыз мэхъу дафэ щхъуантӀэри къочэри дэр хъуауэ къыпоху.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650

+1 örnek

Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

Deyimler (1)

пщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъун

Еплъ: пщӀыхьэпӀэ

Atasözleri (1)

мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу

Еплъ: мэкъумылэ

Къезэгъ, тэмэм гуэр.

[Астемыр Елдар жриӀэу:] Хъун къэбгупсысауэ пӀэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 224

+1 örnek

[Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] Хъун щыжыпӀэм деж дынодаӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

Kitapta geçtiği hali

ХЪУН I (2). ХъупӀэм къытекӀэ удз цӀынэу Ӏэщым яхъур. Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу [хьэкӀэкхъуэкӀэхэр] шхалъэм Ӏутщ, мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу. Лъапсэ, 71. Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр ягъашхэурэ есащи, шхалъэ хуащӀам пэмыжыжьэу щохъуакӀуэ, хъун ягъуэтыху. Лъапсэ, 70-71.

ХЪУН II (1). Фэхэр, цыхэкӀ щэкӀхэр зышх хьэпӀацӀэ цӀыкӀунитӀэ. ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 153.

ХЪУН III (мэхъу) лъэмыӀ. (4152). 1. (4150). Зэрытыпхъэ щытыкӀэм иувэн, и пӀалъэр къихьэн, зэманыр къэсын. Иджы бжьыхьэ хъуащи, псыкъежэхыр мащӀэ хъужащ, уеблэмэ псыӀэрышэ гъужа яхэтщ жыпӀэнщ, псыбэкъу цӀыкӀуу дихар гъущэ хъуащи. Нал къута, 300. Пщэдджыжь къулшыкъу мыхъуауэ, хьэри джэдри къежьащ, жыхуаӀэм хуэдэт, фызхэм жэм къаша къудейт. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Дэфэрэдж дэнэ мыгъуэ щищӀэн нэху щыщынур – къэпым илъу къахьащи, къэпым щракуа дакъикъэм деж щыщӀэдзауэ дунейр кӀыфӀ хъуауэ къыфӀощӀ. Лъапсэ, 32. 2. (2). Игъуэ, и зэман нэсын, щичэзу щытыкӀэм ихьэн. Дэр хъуа иужь, дафэм щыз мэхъу дафэ щхъуантӀэри къочэри дэр хъуауэ къыпоху. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. ◊ ПщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъун (1). Еплъ пщӀыхьэпӀэ. ☐ Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу (1). Еплъ мэкъумылэ.

ХЪУН IV (3). Къезэгъ, тэмэм гуэр. [Астемыр Елдар жриӀэу:] Хъун къэбгупсысауэ пӀэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 224. [Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] Хъун щыжыпӀэм деж дынодаӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çerkeska ermek güvezooloji macar normal olmak

Düzeltme Öner

хъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.