пщӀыхьэпӀэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

düş
DoğuпщӀыхьпщӀыхьэпӀэ
BatıпкӀыхьпкӀыхьапӀэпкӀыхьыпӀэпкӀыхьыпӀ
Kitapta geçtiği hali

пкӀыхь/пщӀыхь, пкӀыхьапӀэ/ пщӀыхьэпӀэ, пкӀыхьыпӀэ; DÜŞ, RÜYA

пщӀыхь/пкӀыхь, пкӀыхьыпӀ/ пщӀыхьэпӀэ; DÜŞ, RÜYA

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЦӀыху жейм и нэгу щӀэкӀ, къыфӀэщӀ Ӏуэхугъуэхэр.

русон, сновидение

ПщӀыхьэпӀэ шынагъуэ. ПщӀыхьэпӀэ нэрылъагъу.

Bu maddedeki ifadeler (5)

{и} пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀын (къыхэмыхуэн)

руи {во сне} не снилось.

ЗыгъэфэрыщӀыни, зыгуэрым зыхуигъэфӀэни и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэркъым КӀукӀуэ.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Лу апхуэдизкӀэ гуфӀэщати, Саримэ сэлам ирихыжыну и пщӀыхьэпӀэ къэкӀакъым.— КӀыщокъуэ Алим

пщӀыхьэпӀэр хъер хъун

рупусть к добру будет сон.

пщӀыхьэпӀэу гум къэмыкӀыжын (къэмыкӀын)

рувылететь из головы.

ЩӀыхуэр пщы Аслъэнджэрий къыдитыжыну пщӀыхьэпӀэуи игу къэкӀыжыртэкъым.— Шортэн Аскэрбий

пщӀыхьэпӀэу лъагъун

ру1) присниться.

Дамжьыкъуэ пщӀыхьэпӀэу куэдрэ илъагъурт хьэжыщӀ зэрыкӀуэр.— Т. Хь. 2) почудиться.

пщӀыхьэпӀэу мылъагъун

{и} пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀын (къыхэмыхуэн)

Kitapta geçtiği hali

пщӀыхьэпӀэ сон, сновидение / ЦӀыху жейм и нэгу щӀэкӀ, къыфӀэщӀ Ӏуэхугъуэхэр. ПщӀыхьэпӀэ шынагъуэ. ПщӀыхьэпӀэ нэрылъагъу. {И} пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀын (къыхэмыхуэн) и {во сне} не снилось. * ЗыгъэфэрыщӀыни, зыгуэрым зыхуигъэфӀэни и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэркъым КӀукӀуэ. Ӏуащхь. Лу апхуэдизкӀэ гуфӀэщати, Саримэ сэлам ирихыжыну и пщӀыхьэпӀэ къэкӀакъым. КӀ. А. ПщӀыхьэпӀэр хъер хъун пусть к добру будет сон. ПщӀыхьэпӀэу гум къэмыкӀыжын (къэмыкӀын) вылететь из головы. * ЩӀыхуэр пщы Аслъэнджэрий къыдитыжыну пщӀыхьэпӀэуи игу къэкӀыжыртэкъым. Ш. А. ПщӀыхьэпӀэу лъагъун 1) присниться. * Дамжьыкъуэ пщӀыхьэпӀэу куэдрэ илъагъурт хьэжыщӀ зэрыкӀуэр. Т. Хь. 2) почудиться. ПщӀыхьэпӀэу мылъагъун = {и} пщӀыхьэпӀэ къэмыкӀын (къыхэмыхуэн).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЦӀыху жейм и нэгу щӀэкӀ, къыфӀэщӀ Ӏуэхугъуэхэр.

КъыфӀощӀ фызыжьым ар пщӀыхьэпӀэу, ЩӀохъуэпс аргуэру жеижын, И гугъу умыщӀыт, щӀалэ щхьэпэ, Къэнар куэдыжкъым – къэушынщ.— Анэм и пщӀыхьэпӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 25

+2 örnek

Лу и жагъуэ хъуат, Нахъуэрэ Чачэрэ я псалъэмакъ зэхихар пщӀыхьэпӀэу къызэрыщӀэкӀар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505

Бабыщ илъагъуху, Джэлил и пщӀыхьэпӀэр и гум къэкӀыжырти, игъэгупсысэрт, уеблэм, бабыщми еупщӀащ: - Догуэ, сэри уэгум сыдэлъэтейрэ пшэм абгъуэ щысщӀ щхьэ мыхъурэ?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 486

Deyimler (8)

пщӀыхьэпӀэ телъагъукӀын

Ӏуэхугъуэ къэхъуну гуэр пщӀыхьу лъагъун.

Нэху щырэ джэдкъазыр пщӀантӀэм къыщыдаутӀыпщхьэм, Джэлил гупсысэрт: «Ярэби, ныжэбэ си пщӀыхьар зытеслъагъукӀар сыту пӀэрэ?»— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485

+1 örnek

[Джэлил жиӀэу:] – НтӀэ, ныжэбэ слъэгъуа пщӀыхьэпӀэр зытеслъагъукӀар къыбгурыӀуа?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 468

[и] пщӀыхьэпӀэм къыхэмыхуэн

Игу къэмыкӀын, емыгупсысыххэн.

Езы Жыраслъэн ар. [ягъэтӀысыныр] и пщӀыхьэпӀэми къыхэхуэртэкъым, дауи къыхэхуэнт – аслъэныр иупхкӀэ пхуэӀыгъын – абы хуэдэт псы къиуари.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515

+2 örnek

[Дэфэрэдж] Си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым абы Ботэх къыхуэзауэ, езыри нэхъ нэщхъыфӀэ цӀыкӀу хъуауэ хэлъти, си гум къэкӀащ, зэгурымыӀуауэ пӀэрэ яшэну жысӀэри, арщхьэкӀэ ар ущӀэмыупщӀэмэ нэхъыфӀым ящыщти, сетӀысэхащ: - Сытым дежыт Дэфэрэдж и хъыбарыр щызэпытчар?— Лъапсэ, 99

Еплъ иджы абы – хьеуанщ, итӀани телъыджащэу гурыхуэщ, сыкъызэрилъагъуу щӀетхэуар гу зылъызигъэтэну арат, арщхьэкӀэ кӀыфӀ хъуауэ къашати, си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым мы сэ къыслъыса шыр щэ лъхуэуэ, шы жэр ахъырзэман хъуа хакӀуитӀымрэ къунажыну къигъэна шыбзымрэ къилъхуа нэужь, тщэжауэ щытар арауэ.— Анка, 381

пщӀыхьэпӀэм хэтын

ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

Еплъ: пщӀыхьэпӀэу лъагъун

пщӀыхьэпӀэу гум къэмыкӀыжын

Щыгъупщэжын, ӀэщӀэхун.

Нурхьэлий иджыпсту фӀэкӀа пщӀыхьэпӀэу и гум къэкӀыжакъым дыщэ ахъшэ тӀэкӀу илъу и пщэм хъуржын цӀыкӀу пщӀэхэлъыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

4 deyim daha

пщӀыхьэпӀэу игу къэмыкӀын

Зыхуэзэнур ищӀэжмэ, Долэт, дауи зыгуэр къигупсысынт, арщхьэкӀэ сэбэп къыхуэхъун хуэзэну а лӀым пщӀыхьэпӀэу игуи и щхьи къэкӀакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 199

+2 örnek

Абы пщӀыхьэпӀэуи и гум къэкӀыртэкъым Астемыр бынри унэри гунэс щымыхъужу ибгынауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

ГъэунэхупӀэ ихуауэ ПщӀыхьэпӀэу я гум къэмыкӀ, Щхьэж игу ирихьу шхыныгъуэр ЩӀэщыгъуэ псоми къащохъур.— Индийскэ поэмэ, 360

Еплъ: [и] пщӀыхьэпӀэм къыхэмыхуэн

[и] пщӀыхьэпӀэм къэмыкӀын

Имыгугъэххэн, емыгупсысыххэн.

Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 132

+2 örnek

А зым фӀэкӀа а махуэм къэмыхъуами урикъунт, Сосрыкъуэ и пщӀыхьэпӀи къэкӀакъым а бомбэ къигъэуам бэлыхьу къикӀар къикӀыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660

пщӀыхьэпӀэу лъагъун

Жейуэрэ цӀыхум и нэгум зыгуэрхэр щӀэкӀын.

Кавказ къурш хужьу уэс зытелъыр, псы уэру губгъуэшхуэр зэпызыупщӀхэр, мэзышхуэу бгым яӀэтар – ахэр Саният жэщкӀэ пщӀыхьэпӀэу илъагъурт, езыр абы щыпсэу хуэдэу, мэзым щӀэту уэрэд зэхихыу, губгъуэм иту псы уэр инхэм ящхьэщыту къыфӀэщӀу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

+2 örnek

Уеблэмэ Джэлил пщӀыхьэпӀэ телъыджэлажьэ илъагъут: бабыщ анэр уэгум ихьарэ пшэ хужь къэукъубиям и курыкупсэм абгъуэ щищӀу гъуэлъхьэжауэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485

Сальскэ губгъуэм щитым, пщӀыхьэпӀэ илъагъумэ, илъагъур я унэр арат, иджы мес, еплъ – лажьи хъати имыӀэу жыг Ӏувым къыхощ.— Нал къута, 223

пщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъун

ПщӀыхьу илъэгъуар и гъащӀэм къыщыхъужын.

«Тобэ Ӏистофрилэхь, си пщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъуащ», - жиӀэу аращ Думэсарэ и гум къэкӀар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566

Kitapta geçtiği hali

ПЩӀЫХЬЭПӀЭ (34). ЦӀыху жейм и нэгу щӀэкӀ, къыфӀэщӀ Ӏуэхугъуэхэр. КъыфӀощӀ фызыжьым ар пщӀыхьэпӀэу, ЩӀохъуэпс аргуэру жеижын, И гугъу умыщӀыт, щӀалэ щхьэпэ, Къэнар куэдыжкъым – къэушынщ. Анэм и пщӀыхьэпӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 25. Лу и жагъуэ хъуат, Нахъуэрэ Чачэрэ я псалъэмакъ зэхихар пщӀыхьэпӀэу къызэрыщӀэкӀар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505. Бабыщ илъагъуху, Джэлил и пщӀыхьэпӀэр и гум къэкӀыжырти, игъэгупсысэрт, уеблэм, бабыщми еупщӀащ: - Догуэ, сэри уэгум сыдэлъэтейрэ пшэм абгъуэ щысщӀ щхьэ мыхъурэ? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 486. ◊ ПщӀыхьэпӀэ телъагъукӀын (2). Ӏуэхугъуэ къэхъуну гуэр пщӀыхьу лъагъун. Нэху щырэ джэдкъазыр пщӀантӀэм къыщыдаутӀыпщхьэм, Джэлил гупсысэрт: «Ярэби, ныжэбэ си пщӀыхьар зытеслъагъукӀар сыту пӀэрэ?» Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485. [Джэлил жиӀэу:] – НтӀэ, ныжэбэ слъэгъуа пщӀыхьэпӀэр зытеслъагъукӀар къыбгурыӀуа? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 468. [И] пщӀыхьэпӀэм къыхэмыхуэн (21). Игу къэмыкӀын, емыгупсысыххэн. Езы Жыраслъэн ар. [ягъэтӀысыныр] и пщӀыхьэпӀэми къыхэхуэртэкъым, дауи къыхэхуэнт – аслъэныр иупхкӀэ пхуэӀыгъын – абы хуэдэт псы къиуари. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. [Дэфэрэдж] Си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым абы Ботэх къыхуэзауэ, езыри нэхъ нэщхъыфӀэ цӀыкӀу хъуауэ хэлъти, си гум къэкӀащ, зэгурымыӀуауэ пӀэрэ яшэну жысӀэри, арщхьэкӀэ ар ущӀэмыупщӀэмэ нэхъыфӀым ящыщти, сетӀысэхащ: - Сытым дежыт Дэфэрэдж и хъыбарыр щызэпытчар? Лъапсэ, 99. Еплъ иджы абы – хьеуанщ, итӀани телъыджащэу гурыхуэщ, сыкъызэрилъагъуу щӀетхэуар гу зылъызигъэтэну арат, арщхьэкӀэ кӀыфӀ хъуауэ къашати, си пщӀыхьэпӀэм къыхэхуатэкъым мы сэ къыслъыса шыр щэ лъхуэуэ, шы жэр ахъырзэман хъуа хакӀуитӀымрэ къунажыну къигъэна шыбзымрэ къилъхуа нэужь, тщэжауэ щытар арауэ. Анка, 381. ПщӀыхьэпӀэм хэтын (1). Еплъ пщӀыхьэпӀэу лъагъун. ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. ПщӀыхьэпӀэу гум къэмыкӀыжын (1). Щыгъупщэжын, ӀэщӀэхун. Нурхьэлий иджыпсту фӀэкӀа пщӀыхьэпӀэу и гум къэкӀыжакъым дыщэ ахъшэ тӀэкӀу илъу и пщэм хъуржын цӀыкӀу пщӀэхэлъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. ПщӀыхьэпӀэу игу къэмыкӀын (5). Еплъ [и] пщӀыхьэпӀэм къыхэмыхуэн. Зыхуэзэнур ищӀэжмэ, Долэт, дауи зыгуэр къигупсысынт, арщхьэкӀэ сэбэп къыхуэхъун хуэзэну а лӀым пщӀыхьэпӀэу игуи и щхьи къэкӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 199. Абы пщӀыхьэпӀэуи и гум къэкӀыртэкъым Астемыр бынри унэри гунэс щымыхъужу ибгынауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. ГъэунэхупӀэ ихуауэ ПщӀыхьэпӀэу я гум къэмыкӀ, Щхьэж игу ирихьу шхыныгъуэр ЩӀэщыгъуэ псоми къащохъур. «Индийскэ поэмэ», 360. [И] пщӀыхьэпӀэм къэмыкӀын (4). Имыгугъэххэн, емыгупсысыххэн. Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ къыщыщӀэдзауэ нобэ къэс Елдар бампӀэм ехьри абы Саримэ гу лъитэркъым, Елдар зыщӀигъэгусэн лъэпкъ щыӀэу и пщӀыхьэпӀэм къэкӀыркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. А зым фӀэкӀа а махуэм къэмыхъуами урикъунт, Сосрыкъуэ и пщӀыхьэпӀи къэкӀакъым а бомбэ къигъэуам бэлыхьу къикӀар къикӀыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. ПщӀыхьэпӀэу лъагъун (32). Жейуэрэ цӀыхум и нэгум зыгуэрхэр щӀэкӀын. Кавказ къурш хужьу уэс зытелъыр, псы уэру губгъуэшхуэр зэпызыупщӀхэр, мэзышхуэу бгым яӀэтар – ахэр Саният жэщкӀэ пщӀыхьэпӀэу илъагъурт, езыр абы щыпсэу хуэдэу, мэзым щӀэту уэрэд зэхихыу, губгъуэм иту псы уэр инхэм ящхьэщыту къыфӀэщӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Уеблэмэ Джэлил пщӀыхьэпӀэ телъыджэлажьэ илъагъут: бабыщ анэр уэгум ихьарэ пшэ хужь къэукъубиям и курыкупсэм абгъуэ щищӀу гъуэлъхьэжауэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485. Сальскэ губгъуэм щитым, пщӀыхьэпӀэ илъагъумэ, илъагъур я унэр арат, иджы мес, еплъ – лажьи хъати имыӀэу жыг Ӏувым къыхощ. Нал къута, 223. ПщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъун (1). ПщӀыхьу илъэгъуар и гъащӀэм къыщыхъужын. «Тобэ Ӏистофрилэхь, си пщӀыхьэпӀэр нахуапӀэ хъуащ», - жиӀэу аращ Думэсарэ и гум къэкӀар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

düş rüya

Düzeltme Öner

пщӀыхьэпӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.