мэкъумылэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏэщхэм я шхын.
руфураж
Мэкъумылэ гъэхьэзырын. Мэкъумылэ щыщӀэн.
+1 örnek
Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
мэкъумылэ фураж / Ӏэщхэм я шхын. Мэкъумылэ гъэхьэзырын. Мэкъумылэ щыщӀэн. * Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэщхэм я шхын.
[Жэм гуэшынымкӀэ Ӏэтащхьэхэр зэакъылэгъутэкъым] Дывгъэгуэш жэм нэхъ дызыхуэмейр – мэкъумылэр псоми яхурикъунукъыми, жызыӀэ щыӀэ щхьэкӀэ, ар зымыдэри мащӀэ хъуртэкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 13
+2 örnek
Ӏэщуи яхуземыхуэн къагъэнакъым, ауэ мэкъумылэр къемэщӀэкӀынущи, дыгъапӀэм Ӏэщ щагъэхъуурэ щӀымахуэр ирахынщ.— Нал къута, 298
[Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр] Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу шхалъэм Ӏутщ, мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу.— Лъапсэ, 71
Atasözleri (1)
мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу
Зыгуэр ущимащӀэм и деж абы зэрыхэщӀым уегъэгузавэ.
Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу жыхуаӀэрати, дэри дыгузэвэщауэ ара – псы ефэрей дыхъури фэндыр къэдунэщӀыным нэсащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
Kitapta geçtiği hali
МЭКЪУМЫЛЭ (4). Ӏэщхэм я шхын. [Жэм гуэшынымкӀэ Ӏэтащхьэхэр зэакъылэгъутэкъым] Дывгъэгуэш жэм нэхъ дызыхуэмейр – мэкъумылэр псоми яхурикъунукъыми, жызыӀэ щыӀэ щхьэкӀэ, ар зымыдэри мащӀэ хъуртэкъым. Щынэхужьыкъуэ, 13. Ӏэщуи яхуземыхуэн къагъэнакъым, ауэ мэкъумылэр къемэщӀэкӀынущи, дыгъапӀэм Ӏэщ щагъэхъуурэ щӀымахуэр ирахынщ. Нал къута, 298. [Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр] Хъуныр къащемэщӀэкӀым деж епэзэзэхыу шхалъэм Ӏутщ, мэкъумылэм, Ӏусым пэплъэу. Лъапсэ, 71. ☐ Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу (1). Зыгуэр ущимащӀэм и деж абы зэрыхэщӀым уегъэгузавэ. Мэкъумылэр мащӀэмэ, шкӀащӀэр шхэрей мэхъу жыхуаӀэрати, дэри дыгузэвэщауэ ара – псы ефэрей дыхъури фэндыр къэдунэщӀыным нэсащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402.