хъужын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

iyileşmek
Doğuхъужын
Batıхъужьын
iyileşmekhastalıktan/dertten kurtulmak
DoğuӀуэтэжынхъужын
BatıӀотэжьынхъужьын
şifa bulmak
DoğuхъужынхъужыпэнӀуэтэжын
BatıхъужьынхъужьыпэнӀотэжьын
Kitapta geçtiği hali

хъужын/хъужьын; İYİLEŞMEK

хъужьын/хъужын; İYİLEŞMEK

Ӏотэжьын/Ӏуэтэжын; (ыӀотэжьыгъ/ иӀуэтэжащ: ~ kurtuldu; еӀотэжьы/ еӀуэтэж: ~ kurtuluyor); хъужьын/ хъужын (мэхъужьы/мэхъуж); İYİLEŞMEK (hastalıktan/dertten kurtulmak)

хъужьын/хъужын (МЭХЪУЖ(ьы); хъужьыпэн/хъужыпэн (мэхъужьыпэ/мэхъужыпэ); Ӏотэжьын/Ӏуэтэжын (еӀотэжьы/еӀуэтэж); ŞİFA BULMAK

хъужын, хъужьыпэн/хъужыпэн → хъужьын; ŞİFA BULMAK

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: хъужьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хъужащ)

1. Узыр пкърыкӀын, зиужьыжын.

рувыздороветь, поправиться

Нэгъэр хъужын. Сымаджэр хъужын.

2. Дерт иӀар имыӀэж хъун, япэ зэрыщытам хуэдэу зэпэщыжын.

руисправиться, обрести прежнее состояние

Сыхьэтыр лажьэ хъужын.

+1 örnek

Мис аращи, насып лъапӀэр бэ зэхэтым къыдогуапэ, хуит хъужащи бэм и плъапӀэр, насып вагъуэм дэ дехуапэ.— Акъсырэ Залымхъан

Kitapta geçtiği hali

хъужын (хъужащ) неперех. гл. 1. выздороветь, поправиться / Узыр пкърыкӀын, зиужьыжын. Нэгъэр хъужын. Сымаджэр хъужын. 2. исправиться, обрести прежнее состояние / Дерт иӀар имыӀэж хъун, япэ зэрыщытам хуэдэу зэпэщыжын. Сыхьэтыр лажьэ хъужын. * Мис аращи, насып лъапӀэр бэ зэхэтым къыдогуапэ, хуит хъужащи бэм и плъапӀэр, насып вагъуэм дэ дехуапэ. Акъ. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хъужащ)

1. Узыр пкърыкӀын, зиужьыжын.

Дзэр зэхашауэ, еуэу ягъасэу зэхэту, Кубанцеври хъужри и ӀэнатӀэ Ӏуувэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 40

+2 örnek

Гуэбэшы хъужу хуежьати, куэд ишхырт, хэт гъуэмылэ къыхуашэми, зыгуэр къыпэщӀэхуэрт, езыми зэрычыристаныр зыми иригъащӀэртэкъым, гъуэмылэ къызылъэӀэсым сыздигъэшхэнкъым, жиӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173

Хъужат уӀэгъэу стелъари, Зы мазэ пӀалъэ къысхуащӀри СыкъаутӀыпщащи, си анэ, СыуихьэщӀэнущ сэ куэдрэ.— Адэ, 133

2. Япэм зэрыщытам хуэдэу зэпэщыжын (п.п. нэху, щэху, хуит н. къ.).

Аргуэру дунейр Ӏэуэлъауэншэ хъужащ, кхъухьлъатэ къомым я бомбэр яухри ПсыхуабэкӀэ ягъэзэжати— Нал къута, 280

+2 örnek

Пщыхьэщхьэ пшапэр зэхэуамэ, Дунейр аргуэру хъужырт нэху.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215

Аргуэру тӀури [Алыджыкъуэрэ фызымрэ] щым дохъуж.— МелыӀыч, 457

Deyimler (2)

дунейр зэӀубз хъужын

Еплъ: дуней

зы хъужын

Еплъ: зы

Atasözleri (1)

жьы ухъуу делэ ухъужа

Еплъ: жьы

Kitapta geçtiği hali

ХЪУЖЫН (хъужащ) лъэмыӀ. (74). 1. (30). Узыр пкърыкӀын, зиужьыжын. Дзэр зэхашауэ, еуэу ягъасэу зэхэту, Кубанцеври хъужри и ӀэнатӀэ Ӏуувэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 40. Гуэбэшы хъужу хуежьати, куэд ишхырт, хэт гъуэмылэ къыхуашэми, зыгуэр къыпэщӀэхуэрт, езыми зэрычыристаныр зыми иригъащӀэртэкъым, гъуэмылэ къызылъэӀэсым сыздигъэшхэнкъым, жиӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Хъужат уӀэгъэу стелъари, Зы мазэ пӀалъэ къысхуащӀри СыкъаутӀыпщащи, си анэ, СыуихьэщӀэнущ сэ куэдрэ. «Адэ», 133. 2. (44). Япэм зэрыщытам хуэдэу зэпэщыжын (п.п. нэху, щэху, хуит н. къ.). Аргуэру дунейр Ӏэуэлъауэншэ хъужащ, кхъухьлъатэ къомым я бомбэр яухри ПсыхуабэкӀэ ягъэзэжати. Нал къута, 280. Пщыхьэщхьэ пшапэр зэхэуамэ, Дунейр аргуэру хъужырт нэху. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215. Аргуэру тӀури [Алыджыкъуэрэ фызымрэ] щым дохъуж. МелыӀыч, 457. ◊ Дунейр зэӀубз хъужын (2). Еплъ дуней. Зы хъужын (2). Еплъ зы I. ☐ Жьы ухъуу делэ ухъужа (2). Еплъ жьы I.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dirilmek düzelmek geçmek iyileşmek

Düzeltme Öner

хъужын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.