хабзэ щымыӀэр къэгупсысын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
хабзэ
УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ.
Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуэншэну палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
Deyimler (10)
хабзэ гъэувын
1 Жыпхъэ пыухыкӀа тегъэувэн.
[ЩакӀуэхэм жаӀэ:] Хабзэр зыгъэувым щӀигъэувыр и щхьэр аракъым, нэгъуэщӀхэращ.— Лъапсэ, 69
хабзэ тетын
ТекӀ имыӀэу гъэзэщӀэн.
[Ботэх] И адэ-анэр къегиину хуежьэмэ, яжьэдигуэжт «фэ щхьэ фытемытрэ хабзэм?»— Лъапсэ, 93
+2 örnek
[Мэтхъэным уэркъ-пщыжьхэм яхуеӀуэху:] «Зыкъыдэфти, хабзэм тету унафэ фхуэтщӀынщ», жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
[Петр Иванович жеӀэ] – Ар ди хабзэм тету тщӀащ.— Алъхъо, 97
хабзэ щымыӀэр къэгупсысын
Хабзэу щымыӀэ гуэр къегъэжьэн.
[Апчарэ] Зэгуэр зыхуигъазэщ Ирини хабзэ щымыӀэр къигупсысри иригъэдэӀуащ, и нэгу щӀэкӀа хуэдэу тхьэлъанэ ищӀу— Щынэхужьыкъуэ, 61
хабзэм къемызэгъын
Инал хабзэм къемызэгъ пхуищӀэнукъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573
+1 örnek
Зыкъом лъандэрэ Нартыхум къыгурыӀуащ, хабзэм къемызэгъ пщӀэнумэ, уи закъуэ пщӀэмэ, къызэрыпщӀэмыкӀуэнур, уи гъусэр нэхъыбэху нэхъыфӀщ, узыӀэтэжынур нэхъ мащӀэ мэхъури— Лъапсэ, 76
хабзэм етын
Жэуапым ешэлӀэн.
[Фэуаз жиӀэу:] – ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
хабзэм ешэлӀэн
ЗаконкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн, судым етын.
Хамэ мылъку зэрыфпхъуэмэ - фылӀыхъужьщ, хабзэм фрашалӀэмэ – фи лъакъуэр щӀоуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292
хабзэм идэн
Абыи къыщыбукӀӀауэ хабзэм идэнукъым, нтӀэ езы Нартыхур къытхэту дыщэкӀуэнукъэ?— Лъапсэ, 69
+1 örnek
Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
Еплъ: хабзэм тетын
хабзэм уигъэкъуэншэн
Хабзэр зыкъутэ щӀэн е мыщӀэн.
[Алыджыкъуэ жиӀэу:] СынызэпрыкӀрэ – укъызэуэу сыбукӀми, хабзэм уигъэкъуэншэнукъым.— МелыӀыч, 444
хабзэр къутэн
Хабзэм текӀын.
Ауэ щыхъукӀэ тыншу узымыгъэпсэу хабзэри къутэн хуейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587
+1 örnek
ЗылъэкӀым хабзэри сытри екъутэ— Лъапсэ, 82
хабзэр хабзэу щытын (хабзэр хабзэщ)
Утемыпсэлъыхь, - жиӀэри зыгуэр къахэгуоуащ, – хабзэр хабзэу щытатэмэ, Берие къакӀуэрэ зыми емыупщӀу-емыусэу ди щӀым пичу ди гъунэгъум яритынт?— Лъапсэ, 82
+1 örnek
Хабзэр хэт и дежкӀи хабзэщ— Лъапсэ, 82
Kitapta geçtiği hali
ХАБЗЭ III (54). УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ. Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуэншэну палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. ◊ Хабзэ гъэувын (1). Жыпхъэ пыухыкӀа тегъэувэн. [ЩакӀуэхэм жаӀэ:] Хабзэр зыгъэувым щӀигъэувыр и щхьэр аракъым, нэгъуэщӀхэращ. Лъапсэ, 69. Хабзэ тетын (5). ТекӀ имыӀэу гъэзэщӀэн. [Ботэх] И адэ-анэр къегиину хуежьэмэ, яжьэдигуэжт «фэ щхьэ фытемытрэ хабзэм?» Лъапсэ, 93. [Мэтхъэным уэркъ-пщыжьхэм яхуеӀуэху:] «Зыкъыдэфти, хабзэм тету унафэ фхуэтщӀынщ», жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. [Петр Иванович жеӀэ] – Ар ди хабзэм тету тщӀащ. Алъхъо, 97. Хабзэ щымыӀэр къэгупсысын (1). Хабзэу щымыӀэ гуэр къегъэжьэн. [Апчарэ] Зэгуэр зыхуигъазэщ Ирини хабзэ щымыӀэр къигупсысри иригъэдэӀуащ, и нэгу щӀэкӀа хуэдэу тхьэлъанэ ищӀу. Щынэхужьыкъуэ, 61. Хабзэм къемызэгъын (3). Еплъ хабзэ щымыӀэр къэгупсысын. Инал хабзэм къемызэгъ пхуищӀэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. Зыкъом лъандэрэ Нартыхум къыгурыӀуащ, хабзэм къемызэгъ пщӀэнумэ, уи закъуэ пщӀэмэ, къызэрыпщӀэмыкӀуэнур, уи гъусэр нэхъыбэху нэхъыфӀщ, узыӀэтэжынур нэхъ мащӀэ мэхъури. Лъапсэ, 76. Хабзэм етын (4). Жэуапым ешэлӀэн. [Фэуаз жиӀэу:] – ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. Хабзэм ешэлӀэн (1). ЗаконкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн, судым етын. Хамэ мылъку зэрыфпхъуэмэ - фылӀыхъужьщ, хабзэм фрашалӀэмэ – фи лъакъуэр щӀоуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Хабзэм идэн (2). Еплъ хабзэм тетын. Абыи къыщыбукӀӀауэ хабзэм идэнукъым, нтӀэ езы Нартыхур къытхэту дыщэкӀуэнукъэ? Лъапсэ, 69. Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Хабзэм уигъэкъуэншэн (1). Хабзэр зыкъутэ щӀэн е мыщӀэн. [Алыджыкъуэ жиӀэу:] СынызэпрыкӀрэ – укъызэуэу сыбукӀми, хабзэм уигъэкъуэншэнукъым. МелыӀыч, 444. Хабзэр къутэн (2). Хабзэм текӀын. Ауэ щыхъукӀэ тыншу узымыгъэпсэу хабзэри къутэн хуейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. ЗылъэкӀым хабзэри сытри екъутэ. Лъапсэ, 82. Хабзэр хабзэу щытын (хабзэр хабзэщ) (2). Утемыпсэлъыхь, - жиӀэри зыгуэр къахэгуоуащ, – хабзэр хабзэу щытатэмэ, Берие къакӀуэрэ зыми емыупщӀу-емыусэу ди щӀым пичу ди гъунэгъум яритынт? Лъапсэ, 82. Хабзэр хэт и дежкӀи хабзэщ. Лъапсэ, 82.