укӀын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
УКӀЫН (ЕУКӀ(ы); ГЪЭЛӀЭН (ЕГЪАЛӀЭ); ЛӀЫН (ЕЛӀ(ы); тхьалэн/тхьэлэн (етхьалэ/етхьэлэ); ыпсэ ХЭХЫН/и псэ ~ (~ ХЕХ(ы); ÖLDÜRMEK, CANINA KIYMAK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(еукӀ)
1. Залымыгъэ хэлъу ӀэщэкӀэ, удынкӀэ гъащӀэр, псэр щегъэнэн.
руубить кого-л.
Жэм лъакъуэ шкӀэ иукӀырэ?— Псалъэжьхэр
2. СэкӀэ фӀэгъэжын (джэдкъаз, Ӏэщ).
рузабить, зарезать (птицу, скот)
Джэд укӀын. Мэл укӀын.
3. Удын тедзэкӀэрэ зыгуэр убэрэжьын, къун.
руизбить кого-л.
ЩӀалэ цӀыкӀу къуейщӀейр и адэм иукӀащ.
4. Зыгуэрым хуабжьу и гуауэ щӀын.
руубить, сильно огорчить кого-л.
5. Зыгуэрым къехьэлъэкӀын зыгуэр егъэщӀэн.
руизнурить кого-л.
Лэжьыгъэ хьэлъэм иукӀын.
Шхын папщӀэу фӀагъэжыну хуэгъэхьэзыра (Ӏэщ).
руубойный (о скоте)
УкӀыну выщӀэ гъэшхэн.
Kitapta geçtiği hali
укӀын I (еукӀ) перех. гл. 1. убить кого-л. / Залымыгъэ хэлъу ӀэщэкӀэ, удынкӀэ гъащӀэр, псэр щегъэнэн. * Жэм лъакъуэ шкӀэ иукӀырэ? (погов.) 2. забить, зарезать (птицу, скот) / СэкӀэ фӀэгъэжын (джэдкъаз, Ӏэщ). Джэд укӀын. Мэл укӀын. 3. избить кого-л. / Удын тедзэкӀэрэ зыгуэр убэрэжьын, къун. ЩӀалэ цӀыкӀу къуейщӀейр и адэм иукӀащ. 4. переносное убить, сильно огорчить кого-л. / Зыгуэрым хуабжьу и гуауэ щӀын. 5. переносное изнурить кого-л. / Зыгуэрым къехьэлъэкӀын зыгуэр егъэщӀэн. Лэжьыгъэ хьэлъэм иукӀын. II убойный (о скоте) / Шхын папщӀэу фӀагъэжыну хуэгъэхьэзыра (Ӏэщ). УкӀыну выщӀэ гъэшхэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(яукӀ)
1. Залымыгъэ хэлъу ӀэщэкӀэ, удынкӀэ гъащӀэр, псэр щегъэнэн.
Мэру плъагъур къэпщӀэнтӀащ, саукӀыну къэкӀуащ жиӀэри, и фэр пыкӀауэ бзагуэ хъуным нэсащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406
+1 örnek
Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу.— Адэ, 130
2. Удын едзын.
[Саримэ:] Уэ быбэ мыгъуэ, Нанэ сиукӀынущ— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
3. СэкӀэ фӀэгъэжын (джэдкъаз, Ӏэщ).
ДжэдыщӀэр шхыпхъэ зэрыхъуу зэщӀакъуэри яукӀ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
+2 örnek
Танэр букӀынумэ, сынэкӀуэнщи, псапэщ, си сабий сымаджэм езгъэшхын тӀэкӀу къызэт.— Нэгъуху, 35
Нурхьэлий иджыпстущ игу къыщыкӀыжар иукӀыну къищэхуа чыцӀыр шхапӀэм къызэрыщӀэнар— Хъуэпсэгъуэ нур, 207
Deyimler (1)
[б]укӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын
Елдар и фэр, шэхум хуэдэу, пыкӀат, уеуэу букӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын хуэдэу, Темботрэ Лурэ абы гу лъатауэ, щӀэпхъуэу лафкӀэтетыр дахужын хуэдизу къызэгуэпат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 134
+2 örnek
ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593
[Локотош] Зэми и фэр пыкӀырт, уеуэу букӀми лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀыну.— Нал къута, 272
Еплъ: [и]лъыр къэвэн
Kitapta geçtiği hali
УКӀЫН (яукӀ) лъэӀ. (136). 1. (115). Залымыгъэ хэлъу ӀэщэкӀэ, удынкӀэ гъащӀэр, псэр щегъэнэн. Мэру плъагъур къэпщӀэнтӀащ, саукӀыну къэкӀуащ жиӀэри, и фэр пыкӀауэ бзагуэ хъуным нэсащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу. «Адэ», 130. 2. (1). Удын едзын. [Саримэ:] Уэ быбэ мыгъуэ, Нанэ сиукӀынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. 3. (20). СэкӀэ фӀэгъэжын (джэдкъаз, Ӏэщ). ДжэдыщӀэр шхыпхъэ зэрыхъуу зэщӀакъуэри яукӀ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. Танэр букӀынумэ, сынэкӀуэнщи, псапэщ, си сабий сымаджэм езгъэшхын тӀэкӀу къызэт. Нэгъуху, 35. Нурхьэлий иджыпстущ игу къыщыкӀыжар иукӀыну къищэхуа чыцӀыр шхапӀэм къызэрыщӀэнар. Хъуэпсэгъуэ нур, 207. ◊ [Б]укӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын (3). Еплъ [и]лъыр къэвэн. Елдар и фэр, шэхум хуэдэу, пыкӀат, уеуэу букӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын хуэдэу, Темботрэ Лурэ абы гу лъатауэ, щӀэпхъуэу лафкӀэтетыр дахужын хуэдизу къызэгуэпат. Хъуэпсэгъуэ нур, 134. ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593. [Локотош] Зэми и фэр пыкӀырт, уеуэу букӀми лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀыну. Нал къута, 272.