тещӀыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
руа) (трещӀыхь) перех. гл.
1. Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуэн, щыщӀын.
рупостроить, надстроить что-л. на чем-л.
Зы къуанщӀэжь гуэрым зы жыгышхуэ гуэр абгъуэ трищӀыхьащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Унэм етӀыуанэ къат тещӀыхьын.
2. Сурэт, дамыгъэ с. ху. зыгуэрым тетхэн.
руначертить, нарисовать что-л. на поверхности чего-л.
Жинтым сурэт тещӀыхьын.
3. Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхун; теухуэн.
русудить о чем-л. на основании чего-л., исходя из чего-л.
И зэфӀэкӀым тещӀыхьын.
4. Зыгуэрым теухуауэ зыгуэр щӀэн, лэжьын.
русделать, совершить, произвести что-л. над кем-чем-л.
Унафэ тещӀыхьын. Суд тещӀыхьын. б) (тещӀыхьащ) неперех. гл.
1. И щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуауэ щытын.
рубыть построенным, надстроенным на чем-л.
Чэщанэжьыр къыр лъагэ гуэрым тещӀыхьащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
2. Зыгуэрым сурэт, дамыгъэ с. ху. тетын.
рубыть нарисованным, написанным, начерченным на поверхности чего-л.
Сыным сурэт тещӀыхьащ.
3. Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхуауэ, абы теухуауэ щытын.
рубыть сделанным, обоснованным, исходя из чего-л. в расчете на что-л.
Ӏуэхум псалъэр тещӀыхьын.
Kitapta geçtiği hali
тещӀыхьын а) (трещӀыхь) перех. гл. 1. построить, надстроить что-л. на чем-л. / Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуэн, щыщӀын. * Зы къуанщӀэжь гуэрым зы жыгышхуэ гуэр абгъуэ трищӀыхьащ. Къэб. фольк. Унэм етӀыуанэ къат тещӀыхьын. 2. начертить, нарисовать что-л. на поверхности чего-л. / Сурэт, дамыгъэ с. ху. зыгуэрым тетхэн. Жинтым сурэт тещӀыхьын. 3. переносное судить о чем-л. на основании чего-л., исходя из чего-л. / Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхун; теухуэн. И зэфӀэкӀым тещӀыхьын. 4. переносное сделать, совершить, произвести что-л. над кем-чем-л. / Зыгуэрым теухуауэ зыгуэр щӀэн, лэжьын. Унафэ тещӀыхьын. Суд тещӀыхьын. б) (тещӀыхьащ) неперех. гл. 1. быть построенным, надстроенным на чем-л. / И щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуауэ щытын. * Чэщанэжьыр къыр лъагэ гуэрым тещӀыхьащ. Къэб. фольк. 2. быть нарисованным, написанным, начерченным на поверхности чего-л. / Зыгуэрым сурэт, дамыгъэ с. ху. тетын. Сыным сурэт тещӀыхьащ. 3. переносное быть сделанным, обоснованным, исходя из чего-л. в расчете на что-л. / Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхуауэ, абы теухуауэ щытын. Ӏуэхум псалъэр тещӀыхьын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(трещӀыхь)
1. Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуэн, щыщӀын.
Сэ фи хадэщ сызэрысыр, Абгъуэщ жыгым тесщӀыхьар.— Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376
+2 örnek
ГъэпсэхупӀэ схуэхъум жысӀэу, Къырым мывэ тызощӀыхь.— Сэ уэгу къащхъуэм сыщолъатэ. «Вагъуэ махуэ», 350
Унэ узыщӀэсынур къалэбгъум щыпщӀми мэхъу, мэжджытыр къалэм дэтын хуейт, къалэ кӀуэцӀым пты хъун щӀапӀэ нэщӀ щыӀэххэкъым, къытекӀи сыти щымыӀэу мывэ джафэу зы Ӏуащхьэжь къалэм къыдэпӀиикӀыу дэтщи, абы тумыщӀыхьмэ.— Кхъэлэгъунэ, 376
2. Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхун, теухуэн.
[Алыджыкъуэ:] ИгъащӀэм пцӀыкӀэ сыпсэуакъым, иджыри пцӀы схуэупсынукъым, жысӀэу абы нэхъ тесщӀыхьащ.— МелыӀыч, 459
+2 örnek
Долэт и псалъэр Мусэ шэуэ техуащ, Мусэ быныншэу зэрыщытым трищӀыхьу къыфӀэщӀри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644
Сыти щӀэ, пцӀы гуэр упс, - жаӀэу арат псоми зытращӀыхьыр.— Хьэсэпэхъумэ, 419
3. Сурэт, дамыгъэ с.ху. зыгуэрым тетхэн. .
Мусэ башыпэмкӀэ хьэрфхэр щӀым трещӀыхьри ТхьэмщӀыгъуныбэм йоупщӀ: – Мыр сыт хьэрф, хуэмыху? – жеӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507
(тещӀыхьащ)
1. Зыгуэрым сурэт, дамыгъэ сыт хуэдэхэр тетын.
А тхылъ къомым арджэн цӀыкӀу хуэдиз хъууэ тхылъымпӀэ Ӏувым тещӀыхьауэ сурэт хьэлэмэтыщэхэр хэлът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198
+1 örnek
Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ— Лъапсэ, 118
2. Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхуауэ, абы теухуауэ щытын.
Фи тхьэмыщкӀагъэм тесщӀыхьащ, ныбэ нэщӀу мэзым къэвущыхьу фызэрыщӀэтыр зымыщӀэр сэра фи гугъэ?— Кхъухь пхэнж, 501
3. И щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуауэ щытын.
ТещӀыхьауэ лъагэу Ӏуащхьэм Итщ быдапӀэ шум и пащхьэм.— Елбэздыкъуэ, 14
Kitapta geçtiği hali
ТЕЩӀЫХЬЫН (трещӀыхь) лъэӀ. (). 1. (12). Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуэн, щыщӀын. Сэ фи хадэщ сызэрысыр, Абгъуэщ жыгым тесщӀыхьар. Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376. ГъэпсэхупӀэ схуэхъум жысӀэу, Къырым мывэ тызощӀыхь. Сэ уэгу къащхъуэм сыщолъатэ. «Вагъуэ махуэ», 350. Унэ узыщӀэсынур къалэбгъум щыпщӀми мэхъу, мэжджытыр къалэм дэтын хуейт, къалэ кӀуэцӀым пты хъун щӀапӀэ нэщӀ щыӀэххэкъым, къытекӀи сыти щымыӀэу мывэ джафэу зы Ӏуащхьэжь къалэм къыдэпӀиикӀыу дэтщи, абы тумыщӀыхьмэ. Кхъэлэгъунэ, 376. 2. (13). Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхун, теухуэн. [Алыджыкъуэ:] ИгъащӀэм пцӀыкӀэ сыпсэуакъым, иджыри пцӀы схуэупсынукъым, жысӀэу абы нэхъ тесщӀыхьащ. МелыӀыч, 459. Долэт и псалъэр Мусэ шэуэ техуащ, Мусэ быныншэу зэрыщытым трищӀыхьу къыфӀэщӀри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644. Сыти щӀэ, пцӀы гуэр упс, - жаӀэу арат псоми зытращӀыхьыр. Хьэсэпэхъумэ, 419. 3. (1). Сурэт, дамыгъэ с.ху. зыгуэрым тетхэн. Мусэ башыпэмкӀэ хьэрфхэр щӀым трещӀыхьри ТхьэмщӀыгъуныбэм йоупщӀ: – Мыр сыт хьэрф, хуэмыху? – жеӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. . ◊ [И] ныбжьым темыщӀыхьын (1). Еплъ ныбжь I. ЖаӀэм тещӀыхьын (1). Еплъ жыӀэн. Ӏуэхур [абы] темыщӀыхьын (1). Еплъ Ӏуэху.
ТЕЩӀЫХЬЫН II (тещӀыхьащ) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Зыгуэрым сурэт, дамыгъэ сыт хуэдэхэр тетын. А тхылъ къомым арджэн цӀыкӀу хуэдиз хъууэ тхылъымпӀэ Ӏувым тещӀыхьауэ сурэт хьэлэмэтыщэхэр хэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ. Лъапсэ, 118. 2. (1). Зыгуэрым ипкъ иткӀэ убзыхуауэ, абы теухуауэ щытын. Фи тхьэмыщкӀагъэм тесщӀыхьащ, ныбэ нэщӀу мэзым къэвущыхьу фызэрыщӀэтыр зымыщӀэр сэра фи гугъэ? Кхъухь пхэнж, 501. 3. (1). И щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыухуауэ щытын. ТещӀыхьауэ лъагэу Ӏуащхьэм Итщ быдапӀэ шум и пащхьэм. «Елбэздыкъуэ», 14.