пыхун

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kopmak
Ortakпызын
Doğuпыхун
Kitapta geçtiği hali

ПЫЗЫН/пыхун; (пызыгъ/пызащ/ пыхуащ: koptu); пэзы/поху: kopuyor); ПЫТХЪЫН; (пытхъыгъ/пытхъащ: koptu; пэтхъы/потхъ: kopuyor); ПЫЧЫН (пычыгъ/пычащ: koptu); пэчы/поч: kopuyor); пыутын/ пыудын; (пыутыгъ/пыудащ: koptu); пэуты/поуд: kopuyor); KOPMAK

пыхун → ПЫЗЫН; KOPMAK (ucundan düşerek ~)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: пызын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(пеху)

1. Зыгуэр хууэрэ зыгуэрым и пэм е и кӀэм къыбгъэдэкӀын, пэӀэщӀэ щӀын.

руотогнать кого-что-л. от чего-л. спереди или сзади

Мэлыр хъушэм пыхун.

2. Зыгуэр зыгуэрым гъэшынауэ, гъэщтауэ пыгъэкӀын.

русогнать кого-л. с чего-л.

Жыгыщхьэм бзухэр пыхун.

(поху)

1. Зыгуэрым и кӀапэм, и щхьэм къехуэхын.

руупасть, свалиться с края, конца чего-л.

ТетӀысхьэпӀэм пыхун. Шым кӀэсар пыхуащ.

2. Зыгуэрым пытыр къехуэхын.

руопасть, осыпаться (напр. о плодах, листьях)

Жыгхэм тхьэмпэхэр поху.

3. Зыхэт гуэрым къыхэхуа хъун.

руотсеяться, выбыть из состава чего-л.

Зэхьэзэхуэм щхьэхынэхэр пыхуащ.

Bu maddedeki ifadeler (2)

гур пыхун

Еплъ: гу

. псэр пыхун

Еплъ: псэ

Kitapta geçtiği hali

пыхун I (пеху) перех. гл. 1. отогнать кого-что-л. от чего-л. спереди или сзади / Зыгуэр хууэрэ зыгуэрым и пэм е и кӀэм къыбгъэдэкӀын, пэӀэщӀэ щӀын. Мэлыр хъушэм пыхун. 2. согнать кого-л. с чего-л. / Зыгуэр зыгуэрым гъэшынауэ, гъэщтауэ пыгъэкӀын. Жыгыщхьэм бзухэр пыхун. II (поху) неперех. гл. 1. упасть, свалиться с края, конца чего-л. / Зыгуэрым и кӀапэм, и щхьэм къехуэхын. ТетӀысхьэпӀэм пыхун. Шым кӀэсар пыхуащ. 2. опасть, осыпаться (напр. о плодах, листьях) / Зыгуэрым пытыр къехуэхын. Жыгхэм тхьэмпэхэр поху. 3. переносное отсеяться, выбыть из состава чего-л. / Зыхэт гуэрым къыхэхуа хъун. Зэхьэзэхуэм щхьэхынэхэр пыхуащ. Гур пыхун см. гу II. Псэр пыхун см. псэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(поху)

Зыгуэрым пыта гуэр пыкӀын, къыбгъэдэкӀын.

Асыхьэтым ящхьэр похури Уафэ къащхъуэм йоткӀухьыж, ТӀум я Ӏэщхьи зэлъоӀэсри ЗаӀэтауэ мэхъу лъэмыж.— Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342

+2 örnek

Ди Ӏуащхьэмахуэм и напщӀэм Мыл къуапэ щӀыӀэм къыпыхухэу, ТкӀуэпсхэр чэзукӀэ бгы лъащӀэм КъыщӀожхэр псышхуэу, хужь дахэу.— Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114

Фэр пыхун(1). Еплъ

Kitapta geçtiği hali

ПЫХУН (поху) лъэмыӀ. (2). Зыгуэрым пыта гуэр пыкӀын, къыбгъэдэкӀын. Асыхьэтым ящхьэр похури Уафэ къащхъуэм йоткӀухьыж, ТӀум я Ӏэщхьи зэлъоӀэсри ЗаӀэтауэ мэхъу лъэмыж. Уафэ къащхъуэм пшэр хужьыбзэу. «Вагъуэ махуэ», 342. Ди Ӏуащхьэмахуэм и напщӀэм Мыл къуапэ щӀыӀэм къыпыхухэу, ТкӀуэпсхэр чэзукӀэ бгы лъащӀэм КъыщӀожхэр псышхуэу, хужь дахэу. Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114. Фэр пыхун (1). Еплъ фэ II.

Düzeltme Öner

пыхун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.