пхэкӀэ икӀуэтын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀыбагъкӀэ кӀуэн.
Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъухьыр къызыхащӀыкӀыр кхъуафэщ.— Кхъухь пхэнж, 505
Deyimler (1)
пхэм шыбжий иудэн
Зыгуэрым ешхыдэн, тазыр телъхьэн.
Хуэза уи гугъэкъэ старшынэр, - жиӀэрт Долэт, Деникиным и пыӀэкур къраудамэ, Серебряковрэ Шкурорэ я пхэм шыбжий ираудамэ, согъэпцӀыр нахуэу, шы уэдкӀэ уалъэщӀыхьэмэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 304
Kitapta geçtiği hali
ПХЭКӀЭ ИКӀУЭТЫН (1). ЩӀыбагъкӀэ кӀуэн. Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъухьыр къызыхащӀыкӀыр кхъуафэщ. Кхъухь пхэнж, 505. ◊ Пхэм шыбжий иудэн (1). Зыгуэрым ешхыдэн, тазыр телъхьэн. Хуэза уи гугъэкъэ старшынэр, - жиӀэрт Долэт, Деникиным и пыӀэкур къраудамэ, Серебряковрэ Шкурорэ я пхэм шыбжий ираудамэ, согъэпцӀыр нахуэу, шы уэдкӀэ уалъэщӀыхьэмэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 304. ☐ Хьэм и пхэм псы нэмысамэ есыкӀэ ищӀэркъым (1). Еплъ хьэ I. Хамэш тесым и пхэр щӀиудыркъым (1). Еплъ хамэ II.