лъэӀэсын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(лъоӀэс)
1. ЗышэщӀауэ зыгуэрым нэсын, теӀэбэн.
рудотронуться, дотянуться до кого-чего-л.
Уэгум щонэхур вагъуэхэр, жэщ хъумэ, атӀэ лъэӀэсыт абы уэ ӀэкӀэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
2. Хъыбарыр, псалъэр зыгуэрым и деж нэсын.
рудостичь чьих-л. ушей
А хъыбарыр къуажэдэсхэм ялъэӀэ-сат.— Ӏуащхьэмахуэ
3. Мурадыр, гугъэр къехъулӀэн.
рудостигнуть цели
Мурадым лъэӀэсын.
+1 örnek
Игу здэщыӀэм и Ӏэ лъоӀэс.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
лъэӀэсын (лъоӀэс) неперех. гл. 1. дотронуться, дотянуться до кого-чего-л. / ЗышэщӀауэ зыгуэрым нэсын, теӀэбэн. * Уэгум щонэхур вагъуэхэр, жэщ хъумэ, атӀэ лъэӀэсыт абы уэ ӀэкӀэ. П. Б. 2. переносное достичь чьих-л. ушей / Хъыбарыр, псалъэр зыгуэрым и деж нэсын. * А хъыбарыр къуажэдэсхэм ялъэӀэ-сат. Ӏуащхь. 3. достигнуть цели / Мурадыр, гугъэр къехъулӀэн. Мурадым лъэӀэсын. * Игу здэщыӀэм и Ӏэ лъоӀэс. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(лъоӀэс)
1. Зыгуэрым зыпшэщӀу, уӀэбэу нэсын, теӀэбэн.
ЛъапэпцӀийуэ сабий цӀыкӀухэр Пхъэщхьэмыщхьэм лъреӀэс.— Уузыншэм! - сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 18
+2 örnek
Жэщыр мазэгъуэм – мазэ нурыр Ди дадэ Ӏуащхьэм къалъоӀэс, Я жьакӀэр мазэм хужь къищӀауэ Я гум къэкӀыжхэр Дахэуэсщ, Нэху ягъэщыхукӀи, мес, зэхэсщ.— Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354
МафӀэр къэзыутӀыпщхэр тыншу плъагъу щхьэкӀэ уалъэӀэсынукъым, щӀытӀым уелъэн хуейщи, абы нэмыщӀыжу огнеметыр зэрыт танкыр хэтӀащ, лагъым сыткӀэ упэмылъэщыну.— Лыгъэ, 412
2. ЩӀыпӀэ хэха гуэрым кӀуэурэ нэсын.
СлъэмыкӀми Ӏуащхьэм сынэсын, Дэ тщыщ а щӀыпӀэм лъэӀэсынщ.— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52
+2 örnek
Согъазэ нобэ, жысӀэ защӀэу НэгъуэщӀ къэралхэм салъоӀэс.— Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312
Зи дыщ жыжьэ щыӀэ цӀыхубзхэр мэгузэсэж, си лӀахэм я кхъащхьэ салъэӀэса дауэ хъуну жаӀэу.— Лъапсэ, 84
3. Псалъэмакъ, хъыбар с.ху. зыгуэрым и деж нэгъэсын.
ХъыбарыфӀыр лъэӀэсащи Шыхъуэм, Ӏэхъуэм зафыщӀыж, «Хэт дохутырыр? ПщӀэрэ?» - жаӀэу Зэхуэзахэр зоупщӀыж.— Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34
+1 örnek
ПцӀы иупсыну ежьамэ, ПцӀы къуэпсыр Тхьэм легъэӀэсыр.— Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82
4. Мурадыр, гугъэр къехъулӀэн.
Шэфталым хуэдэу гъэгъа щыӀэ?! Ар си ӀэщӀагъэу щытыгъам, Дунейгъэдахэу салъытэнти, СалъэӀэсынут си гугъам.— Шэфтал. «Дамыгъэ», 95
+2 örnek
Куэди мыкӀуэу, пщэдджыжь дыгъэр Дыщэ мафӀэу къэлыдащ, Пан губжьами мис и гугъэм ЛъэӀэсыным хуэгуфӀащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 157
Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс.— Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ… Вагъуэ махуэ, 324
5. Зыгуэрым и ӀэмыщӀэ къихьэн, къыӀэрыхьэн.
ЩӀалэ цӀыкӀум гурыфӀыгъуэшхуэу иӀэт, лымрэ хьэжыгъэмрэ Думэсарэ лъэӀэсмэ, чыржын хуабэ игъажьэу, лэпси игъавэу Лу зэригъэтхъэжынур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 299
+1 örnek
АпщӀондэхукӀэ а жэм фермэм Электричествэр нагъэсыр, Жэм кърашу Ӏэмэпсымэр Лацэ сыми ялъоӀэсыр.— ЕгъэджакӀуэ. «Партыр ди пашэу», 103
6. Гулъытэ, пщӀэ хуэщӀын.
А махуэм ЛӀыгъур балигъ хъуащ жыпӀэну псоми ялъэӀэсу лӀы хуэдэу яхэтащ, хьэдэӀусу фӀагъэжыну къащэхуа выщӀэр къэзыгъуэтари арат.— Лъапсэ, 108
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭӀЭСЫН (лъоӀэс) лъэмыӀ. (52). 1. (22). Зыгуэрым зыпшэщӀу, уӀэбэу нэсын, теӀэбэн. ЛъапэпцӀийуэ сабий цӀыкӀухэр Пхъэщхьэмыщхьэм лъреӀэс. «Уузыншэм!» - сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 18. Жэщыр мазэгъуэм – мазэ нурыр Ди дадэ Ӏуащхьэм къалъоӀэс, Я жьакӀэр мазэм хужь къищӀауэ Я гум къэкӀыжхэр Дахэуэсщ, Нэху ягъэщыхукӀи, мес, зэхэсщ. Мывалъэ щӀыпӀэу дапщэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 354. МафӀэр къэзыутӀыпщхэр тыншу плъагъу щхьэкӀэ уалъэӀэсынукъым, щӀытӀым уелъэн хуейщи, абы нэмыщӀыжу огнеметыр зэрыт танкыр хэтӀащ, лагъым сыткӀэ упэмылъэщыну. Лыгъэ, 412. 2. (4). ЩӀыпӀэ хэха гуэрым кӀуэурэ нэсын. СлъэмыкӀми Ӏуащхьэм сынэсын, Дэ тщыщ а щӀыпӀэм лъэӀэсынщ. Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. Согъазэ нобэ, жысӀэ защӀэу НэгъуэщӀ къэралхэм салъоӀэс. Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312. Зи дыщ жыжьэ щыӀэ цӀыхубзхэр мэгузэсэж, си лӀахэм я кхъащхьэ салъэӀэса дауэ хъуну жаӀэу. Лъапсэ, 84. 3. (3). Псалъэмакъ, хъыбар с.ху. зыгуэрым и деж нэгъэсын. ХъыбарыфӀыр лъэӀэсащи Шыхъуэм, Ӏэхъуэм зафыщӀыж, «Хэт дохутырыр? ПщӀэрэ?» - жаӀэу Зэхуэзахэр зоупщӀыж. Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34. ПцӀы иупсыну ежьамэ, ПцӀы къуэпсыр Тхьэм легъэӀэсыр. Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82. 4. (14). Мурадыр, гугъэр къехъулӀэн. Шэфталым хуэдэу гъэгъа щыӀэ?! Ар си ӀэщӀагъэу щытыгъам, Дунейгъэдахэу салъытэнти, СалъэӀэсынут си гугъам. Шэфтал. «Дамыгъэ», 95. Куэди мыкӀуэу, пщэдджыжь дыгъэр Дыщэ мафӀэу къэлыдащ, Пан губжьами мис и гугъэм ЛъэӀэсыным хуэгуфӀащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 157. Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс. Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ… «Вагъуэ махуэ», 324. 5. (3). Зыгуэрым и ӀэмыщӀэ къихьэн, къыӀэрыхьэн. ЩӀалэ цӀыкӀум гурыфӀыгъуэшхуэу иӀэт, лымрэ хьэжыгъэмрэ Думэсарэ лъэӀэсмэ, чыржын хуабэ игъажьэу, лэпси игъавэу Лу зэригъэтхъэжынур. Хъуэпсэгъуэ нур, 299. АпщӀондэхукӀэ а жэм фермэм Электричествэр нагъэсыр, Жэм кърашу Ӏэмэпсымэр Лацэ сыми ялъоӀэсыр. ЕгъэджакӀуэ. «Партыр ди пашэу», 103. 6. (1). Гулъытэ, пщӀэ хуэщӀын. А махуэм ЛӀыгъур балигъ хъуащ жыпӀэну псоми ялъэӀэсу лӀы хуэдэу яхэтащ, хьэдэӀусу фӀагъэжыну къащэхуа выщӀэр къэзыгъуэтари арат. Лъапсэ, 108.