нэр тенэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

нэ

ЦӀыхум, псэущхьэм дунейр зэрилъагъу, зэрыплъэ.

Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр, уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 307

+2 örnek

СфӀэфӀат мурадыр къызэхъулӀэм – Нэм имылъагъум гу лъыстащ— Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311

Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу.— Щынэхужьыкъуэ, 31

Deyimler (73)

[и] нэ ирегъэщӀыжын

Уи бийхэр къыщӀофыгъуэн, яфӀэфӀ мыхъун гуэр зэгъэхъулӀэн, зыӀэрыгъэхьэн.

Мэремкъан нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574

нэ ищӀын

Нэф щӀын, хьэфиз щӀын.

Уи жагъуэгъу псэм къеӀэмэ, Уэреда, И нэм уеӀэу ипщӀрэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уэреда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 390

+1 örnek

Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

[и] нэ къикӀын

Егъэлеяуэ зыгуэрым хуеин, щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн. -530. -522.

Инал йогупсыс: мыбы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

+2 örnek

Капитаныр отрядым и къэкӀуэжыкӀэ хъуам щӀэупщӀэну и нэ къикӀырт.— Нал къута, 266

Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521

[и] нэ къыхуикӀын

Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хущӀэкъун.

Лу къалэм, зэи кӀуатэкъыми, и нэ къыхуикӀырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 112

+2 örnek

…ЩӀалэр мэгупсысэ, ӀэщӀагъэщӀэм нэр къыхуокӀ, Гъуэгухэм нэпкъыр ящӀыр кусэ, Грузовикхэр щызэблокӀ.— МакӀуэр щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54

И шыпхъум ещхьу лъагъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ.— Къалэн, 429

[и] нэ къимыхьын

Зыри фӀэмыӀэфӀу, зыри хуэмейуэ, гукъыдэжыншэу щытын.

Сыпхуэусэу уигу хэщӀамэ, Гъатхэ дахи нэм къимыхь— Дыгъэр къепсмэ, ди нэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69

+2 örnek

Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу, Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234

Псоми я гуфӀэгъуэми, Лу и нэ къихьыртэкъым илъагъур— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599

[и] нэ къитӀэтӀу

Нэр къижу.

Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмэкъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу.— Лъапсэ, 47

+1 örnek

ЩӀыр совет властыращ зейр! – жиӀэу лӀы щэджащэу Кобуловыр къыхэгуоукӀым дежкӀэ щеплъэкӀым, модрейми инэралым и нэ къитӀэтӀыр щилъагъум, къызэщӀэплъа пэтми, зиущэхужащ— Лъапсэ, 92

нэ лейкӀэ еплъын

Нэхъ хэхауэ, нэхъ гуапэу хущытын.

Иринэ жагъуэу илъагъуртэкъым уанэщӀыр, уеблэмэ нэ лейкӀэ еплъырт— Нал къута, 231

+2 örnek

[Шлоссер жиӀэу:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ.— Гъуэгуанэ, 100

Арыншами Джэлил и фӀыцӀэ Ӏуауэ джэд анэщӀэ къомыр нэ лейкӀэ къеплъырт, и закъуэуи кърагъэкӀухьыртэкъым, дэнэкӀэ кӀуэми, джэдищ-плӀы и гъусэу, езыми зигъэфэрыщӀу улъэпхъащэрт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479

нэ жагъуэкӀэ къегъэплъын

Ухуэмыарэзыуэ, губгъэн, губжь хэлъу еплъын.

ЛӀатӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу— Лъапсэ, 9

[и] нэ и псэу илъагъун

Зыми химылъхьэу, хуимыгъадэу, фӀы дыдэу лъагъун.

Си нэ, си псэу арщ щӀэслъагъур, Щызмылъагъум си гур хощӀ.— ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7

[и] нэ [и] псэ

ФӀыуэ илъагъу, зыми пимыщӀ

Сэри си нэт, си псэт шыр къэсшэжу шэщым щӀэзгъэувэжыну.— Анка, 384

+2 örnek

Ущхьэхуиту упсэуамэ, Лъагъуныгъэм гъэр уищӀынщ, И дакъикъэр уи нэ, уи псэу Илъэс псоми япэпщӀынщ.— Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322

Луи и нэт, и псэт Тинэ и закъуэ хуэзэну, арщхьэкӀэ нейӀэмал.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524

[и] ни [и] пси къимыхьын

Зыгуэр фӀэмыфӀын, хуэмеин.

Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234

нэ (къы)техуэн

Зэрыдахэм, зэрыфӀым къыхэкӀкӀэ хъуапсэнэкӀэ зыгуэр къеплъу абы сымаджэ ирихъун.

Шым нэ къытемыхуэн щхьэкӀэ, Уэрдэщыкъуэ шытепхъуэ темыпхъуауэ шэщым къыщӀишыртэкъым, къыщыщӀишри пшапэр зэхэуауэт е жэщырт— Нал къута, 266

+1 örnek

Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу— Анка, 384

нэ ӀейкӀэ еплъын

Нэщхъ зэхэлъу, нэ жагъуэкӀэ еплъын. -586.

Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм ищӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

нэкӀэ емыплъын

ФӀэмыӀуэхун.

Шхын аргуэру къахьам нэкӀэ емыплъу цӀыхур зэныкъуэкъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 178

нэкӀэ еуэн

Губжь хэлъу еплъын, нэкӀэ епэбжьэуэн.

Къэнокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым, НытокӀие кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэр.— Тисей, 506

нэкӀэ шхын

1. ХъуапсэнэкӀэ, уитхьэкъуауэ, нэр къытомыхыжыфу еплъын.

ЗэӀущӀэм кърихьэлӀа къомыр ягъэщӀагъуэу а шы къарэм еплъырт, нэкӀэ яшхыным хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86

2. ГубжьынэкӀэ еплъын.

НэкӀэ ешх жыпӀэнт ар зыуэ еплът Хьэбиби.— Щынэхужьыкъуэ, 17

нэм бжэгъуу къыщӀэуэн

Плъагъуну уигу темыхуэн, плъагъуу пхуэмышэчын.

Советскэри я бийщ, Ӏуэху зиужь дитри бжэгъуу я нэм къыщӀоуэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574

+2 örnek

Саружани дадэр и нэм бжэгъуу къыщӀэуэрти, къыщӀимыгъуу къэнэнт: - ЩӀалэ хъужа и гугъэщ, тхьэ, лъакъуиплӀкӀэ къызэрикӀухьыр фӀэмащӀэ?— Къалэн, 431

МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ.— Кхъухь пхэнж, 495

нэм къыщӀэуэн

Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛатӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ.— Лъапсэ, 8

+1 örnek

…Ар Казбек Машевич имыщӀэу щытамэ, заповедник мэзым кӀуэуэ щыщакӀуэрэт, лъэкӀыныгъэ зиӀэм пцӀыр пэж ещӀыф, армыратэмэ, иджыри къэс иӀыгъ бжьыпэр хуэӀыгърэт, пцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу…— Лъапсэ, 98

Еплъ: нэм бжэгъуу къыщӀэуэн

нэм къиубыдын

Нэм къызэщӀиубыдэн, къиплъыхьын.

Нэм къиубыдыр тенджыз защӀэщ, Уафи псыи зы къыпфӀощӀ.— Комор къэрал. «Вагъуэ махуэ», 330

нэм къыфӀэнэн

ЗанщӀэу къэлъагъун, нэм къыщӀидзэн, гу лъытэн.

Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къикӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагӀакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51

+1 örnek

КъэувыӀэт, си къуэш, - жиӀэри Къэрэмырзэ и нэм къыфӀэнар къегъэувыӀэ.— Лыгъэ, 408

нэм къыфӀэуэн

ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. Фыарэзы абыкӀэ? – жысӀэу сащеупщӀым, иджыри къэс сымылъэгъуа телефоныр си нэм къыфӀэуащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407

+1 örnek

Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу— Лэчымэ, 389

Еплъ: нэм къыфӀэнэн

нэм къыщӀидзэн

ЗанщӀэу къэлъагъун, гу лъытэн.

ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэу уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр.— Лыгъэ, 409

нэр (къы) тенэн

Нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэгъуэщӀ плъапӀэ имыӀэн.

Къылышбий и къуэр унэм щӀыхьэжми, асэтин джыназыр ар здыщӀыхьа бжэмкӀэ плъащ, м нэр тенауэ, иужьым, илъэгъуа къомымкӀэ игу зэгъауэ жиӀащ: - Алыхьым уи Ӏуэху нэхъ лъагэ ищӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118

+2 örnek

Лу Ӏуащхьэшхуэм еплъырт, и нэр тенауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 300

ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар— Лъапсэ, 65

нэр къыщӀэплъын

Зыгуэрым (набдзэ, пыӀэ с.ху.) и лъабжьэм къыщӀэплъын.

И пащӀитӀыр сытхъу телъ хуэдэ, тхъууэ хуежьат, и нитӀри набдзэ кӀырым и щӀагъым къыщӀэплъырт, и жьакӀэр зэзэмызэ фӀэкӀа иупсыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162

+1 örnek

ЕтӀуанэрей шур лъэгъугъуафӀэт, лӀы къекӀут, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур щӀэщат, упщӀэ пыӀэ щӀагъым нэ дахитӀ къыщӀэплъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56

нэр къыщипхъуэн

1. Зыгуэрым (зэгуэпым, шынагъуэм е гуфӀэгъуэм, гурыфӀыгъуэм) уи нэр къыщхьэрипхъуэн, зыри умылъагъужын.

ЖысӀэну сыхуэмеиххэу пцӀы гуэр къызжьэдэлъэтрэ сызэгуэудмэ сунэхъакъэ», - жиӀэу и гум къыщыкӀкӀи, шынэурэ и нэр къыщхьэрепхъуэ [Нурхьэлий].— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

+1 örnek

Щамхьун нэгузыужьыгъуэ ар хуэхъуауэ и нэр къыщипхъуауэ дыхьэшхырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163

2. Нэм пшагъуэ къытрихьэн, зыри имылъагъужу хъун.

Нурхьэлий и акъылыр тэмэмыжтэкъыми, ищӀэри дахэ-дахэу къыгурыӀуэжыртэкъым, зэзэмызи и нэр къыщипхъуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 230

[и] нэ къыщхьэрипхъуэн

Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэсащ.— Нал къута, 256

+2 örnek

Джэлил джэд къомым езым фӀэкӀа адакъэ хэмыту и гум къыщыкӀым и нэм къыщхьэрипхъуащ, зыкъыфӀэщӀыжати— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475

«Зы къамэ сиӀатэмэ, сыщӀэлъэдэнти, и гущӀэм хэсӀунтэкъэ»,- жиӀэу Исуфыр къызэкӀуэкӀащ, и нэр къыщхьэрипхъуэным хуэдэу.— Лэчымэ, 396

Еплъ: нэм къыщипхъуэн

нэм къыщӀэӀэбэр мылъагъун

КӀыфӀ дыдэу, зыри умылъагъуу щытын.

Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым.— МелыӀыч, 458

+1 örnek

Дыгъэр зэрыкъухьэу жэщыр кӀыфӀ хъуащ, нэм щӀэӀэбэр умылъагъу жыхуаӀэм хуэдэу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399

нэм къыӀуимыдзэн

Имылъагъун, къыфӀэмыӀуэхун, фӀэмыгъэщӀэгъуэнын.

Сэ дзэпщым срилӀыкӀуэщ, еплъ си тхылъым, - жысӀэу си хьэфэ тхылъыр къиспхъуэта щхьэкӀэ, хьэрф дэнэ къэна, сэ дахэ-дахэу и нэм сыкъыӀуидзэркъым, Ӏэпэлъапэсыс хъуащи.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406

+1 örnek

Дэ псым дытесу плъагъу щхьэкӀэ, кхъухь дэнэ къэна, кхъуафэжьей ди нэм къыӀуидзэну дыхуеиххэкъым.— Кхъухь пхэнж, 506

нэр къипкӀыу

ФӀэгъэщӀэгъуэну, фӀэтелъыджэу.

Рау машинэм къызэрикӀыу, Хъыджэбз цӀыкӀур, мес, къожалӀэ, И нэ цӀыкӀухэр занщӀэу къипкӀыу.— Тисей, 482

нэм хуэхьын

ФӀы дыдэу лъагъун.

Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и телъхьэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ.— Ягъажьэ щӀакхъуэ хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353

+2 örnek

Си нэм хуэсхьым и щхьэц Ӏувыр МафӀэ бзийуэ соухуэн— Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96

Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын.— Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84

нэм Ӏугъуэ къыщӀихын

Мыарэзыуэ, гукъанэ, губжь хэлъу плъэн.

Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхэуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

+1 örnek

[Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд.— МелыӀыч, 444

[и] нэм Ӏугъуэ къыщӀэгъэкӀын

Зэрыгубжьар и нэгум къищын, и плъэкӀэмкӀэ къэпщӀэн.

КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу.— Тисей, 50

нэм нур къыщӀихын

Гуапагъэ, гуфӀэгъуэ нэм къыщӀихын.

Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101

+1 örnek

Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ.— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… Бгы лъапэхэм деж, 40

нэм мафӀэ къыщӀихын

Хуабжьу губжьын, къытехьэн.

Къэхъуакъэ куэдрэ, сыгубжьамэ, Си нитӀым мафӀэ къыщыщӀих, Нэм имылъагъур Ӏэуэлъауэм, Къэхъуащ тхьэкӀумэм щызэхих— Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311

нэм мафӀэ къилъэлъын

Фызыжьми гу лъимытэу къэнэнт адэм и нэм мафӀэ къызэрилъэлъым, арщхьэкӀэ ищӀэркъым къыщӀытехьар.— КӀапсэ кӀапэ, 17

Еплъ: нэм мафӀэ къыщӀихын

нэм щӀы имылъагъун

Губжьым, шынагъуэм н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуэн.

Махъсымэр чейр къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу— Хъуэпсэгъуэ нур, 227

+2 örnek

Дисэ и нэм щӀы имылъагъуж жыхуаӀэм хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135

Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым— Аргъуей, 388

нэр гъэплъэн

1. Нэплъэжыгъуэ егъэгъуэтын, егъэӀуэтэжын, гъэтыншыжын.

Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум я нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541

2. Нэплъэжыгъуэ емытын, гугъуехьым хэгъэтын.

Гуащэр къынтӀэкъынтӀэу, къытехьэрей хъуауэ хъыджэбз цӀыкӀум и нэр игъэплъэжыртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524

нэр гъэупӀэрэпӀэн

НапӀэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэтеплъхьэ-зэтепхыу щытын.

Шей иригъахъуэу шеныкышхуэр зэриӀыгъыу щытт, и нитӀыр игъэупӀэрапӀэу, милиционер къыщӀэкӀуар зыхуихьынур имыщӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

нэкӀэ гъэхъун

Уи нэр томыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн.

Хъыджэбзхэми арат плъапӀэу яӀэр, щхьэж зыпылъ щӀалэр нэкӀэ ягъэхъуу— Хъуэпсэгъуэ нур, 96

нэр къэлыдын

Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40

+1 örnek

Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат— Хъуэпсэгъуэ нур, 101

Еплъ: нэр къилыдыкӀын

нэр къилыдыкӀын

ГуфӀэгъуэ, гурыфӀыгъуэ, гукъыдэж уиӀэм щхьэкӀэ нэр къицӀуукӀын.

А хъыджэбзыр зэралъагъуу ЩӀалэ псори къытехуащ, Хэт и нитӀыр къолыдыкӀыр, Хэт техьэгъуэ къытехьащ.— Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34

+2 örnek

Тинэ бостей кӀыхь щыгъыу, гъэщӀэрэщӀауэ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэу лауэ, и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу, сурэтыр емыщхьыпэми, ещхьу жиӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638

ХакӀуэм и нитӀыр къилыдыкӀыу хъыджэбзым къеплъырт— Нал къута, 229

нэкӀэ къемыплъын

Зыуи къимыдзэн, къыщымыхъун, къыфӀэмыӀуэхун.

Арыншами ебгъадэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

+2 örnek

Валерии и закъуэу, кабинетым щӀэсу къыщӀыхьати, и жыпым ита коньяк птулъкӀитӀ стӀолым хутрегъэувэ вагъуитху ятету, арщхьэкӀэ Валерэ нэкӀэ къеплъыркъым.— КӀапсэ кӀапэ, 16

Иужьым укӀурия пэтми, зыми нэкӀэ къеплъакъым [Анка] Ӏус хуахьами епэмыххакъым— Анка, 384

нэр къижын

Нэ кугъуэр напӀэм къигъэкӀын.

Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож— Бажэ пшынэ, 14

нэр къижу

Нэр напӀэм къикӀыу.

Езыр гъуру, и нэр къижу, и ныбэр игъуэжауэ, сытым деж бгъэтӀысми зы мэл гъэва ишхыфынут, цырибон шэтвэр абы дрифу— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

+2 örnek

Къимыгъэзэжу пӀэрэ Думэсарэ, жиӀэу, Диси зиудыгъуауэ бжыхь джабэм кӀэрыст и нитӀыр къижу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144

ЩӀалэ цӀыкӀум и гъыныр пичауэ и нэ цӀыкӀуитӀыр къижу хъыджэбзым йоплъ.— Лъапсэ, 33

нэр къигъэжын

Нэ напӀэм къигъэкӀын.

Зыхуихьыныр имыщӀэу и нэ нащхъуитӀыр къригъэжу къызэплъащ.— МелыӀыч, 441

[и] нэр (нитӀыр) къихуу

Къэгузэвауэ, шынауэ е гъэщӀэгъуэн къыщыхъуауэ.

Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым хэсу къыщагъуэтащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

+2 örnek

Дорофеич, и гъуэншэдж тхьэӀур ӀитӀкӀэ иӀыгъыу, къажэрт, и нитӀыр къихуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пащхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401

[и] нэр къихун

И нэр къытримыгъэкӀыу, тедияуэ, телъыджэ къыщыхъуауэ.

Рум и щысыкӀэр зыкӀи къыфӀэӀуэхутэкъым, спектаклым дихьэхауэ и нитӀыр къихурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661

+1 örnek

Ботэх и нитӀыр къихурт, сэри зыгуэр къыслъысыну пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ абы сыт къылъысынт, къызылъысыр зи фоч мэзхъумэм деж къэзыгъэнар арат.— Лъапсэ, 69

нэр къицӀуукӀын

Куэд дэмыкӀыу къэсащ дохутыр лъакъуэ кӀэщӀ ПэтӀинэ цӀыкӀу, и нэ хъуреитӀыр къицӀуукӀыу.— Лъапсэ, 13

Еплъ: нэр къилыдыкӀын

нэр къыщихун

Ӏуэхугъуэ гуэрым къару куэд тегъэкӀуэдэн, гугъу дехьын.

КӀапсэм дэкӀуей щӀалэм и нитӀыр къыщихуа пэтми, къехыжыну мурад иӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99

+1 örnek

Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъууэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зэхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэжкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти— МелыӀыч, 439

нэр мыгъэплъэн

Нэплъэгъуэ емытын, гугъу егъэхьын, бэлыхь тегъэлъын.

Астемыр щыгъупщакъым Инал учител курсым къажриӀар: «Къэрэхьэлъкъым я нэр зымыгъаплъэр мэжджытырщ, икӀэщӀыпӀэкӀэ зэхуэщӀын хуейщ», жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

нэр темыгъэкӀын

Нэр къытумыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн, зэрыщытыр зэгъэщӀэн.

Аралп, уи нэ ятумыгъэкӀ абыхэм, хэт сыт жиӀами къызжеӀэ мыдэ, къысӀэрыгъыхьэ закъуэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 120

+1 örnek

Мо къуэгъэнапӀэм къызэрыкъуэкӀрэ си нэр тезгъэкӀакъым, - жиӀэри щакӀуэр къэтэджыжауэ ятӀэ къыкӀэрыпщӀар зыкӀэрегъэлъэлъ, лъы къэзыцӀэлари удз иӀуэнтӀауэ абыкӀэ трелъэщӀыкӀыж.— Лъапсэ, 72

нэр темыпыӀэу

НапӀэзыпӀэм, псынщӀэ дыдэу.

Мажэр, мажэр плӀыри зэуэ, Псоми я шым къыжьэдакъуэ МакӀуэ плӀыри, уакӀэлъыплъым, ТемыпыӀэу нэр шы лъакъуэм— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42

+1 örnek

Афицархэр къыщыщӀэпкӀам, писарыр къыщылъэтат честь къаритынуи, модрей тӀур нэр темыпыӀэу тетым и кабинетым щӀыхьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 114

нэр тенэн

Зыгуэрым нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэр тедиен.

Лу и нэ цӀыкӀуитӀыр къилыдыкӀыу Думэсарэ и нитӀыр зытена Астемыр еплъырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 194

+2 örnek

- Инал, - жиӀащ Ӏэюб, машинэм и нэр тенауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ.— Лъапсэ, 61

нэр теплъызэн

ЩӀакӀуэм ещхъу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр.— Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271

+2 örnek

Дадий и щӀалэм емыплъу Топлъызэ и нэр стӀол лъакъуэм— Адэ, 134

ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт— Нал къута, 233

Еплъ: нэр тенэн

нэр теубыдэн

Нэр къытумыгъэкӀыу зыгуэрым еплъын.

ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ин телъу здэщысым, хъыджэбзым и нитӀыр Къазджэрий теубыдауэ къеплъырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

+1 örnek

Псы плъэгъуамэ, уи диным уокӀ, - кхъухьыпщым и нитӀыр къаз лъакъуэ плъыжьым триубыдащ.— Кхъухь пхэнж, 505

нэр техуэн

Зыгуэр къэлъагъун.

Сыплъэри – си нэр щӀытехуар сымыщӀэу гъуэлъыпӀэм илъ пхъэбгъуитӀым я зэхуакум дэхуауэ тхылъымпӀэ тӀэкӀу къыдощ.— МелыӀыч, 474

нэр уфӀыцӀын

Зыри умылъагъу напӀэр къегъэхын, нэр зэтепӀэн.

Жэщыр щӀакӀуэ фӀыцӀэщ, И нэр уфӀыцӀащ.— Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу. «Вагъуэ махуэ», 101

+2 örnek

Фоч щыбгъауэкӀэ буфӀыцӀын хуей нэр арт къигъаплъэ мыхъур.— Щынэхужьыкъуэ, 67

Фоч уэ макъым и тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуда хуэдэу Ботэх дэгу хъуауэ и нэр еуфӀыцӀ, щыхьым емыплъыфу— Лъапсэ, 71

нэр гъэджылын

Нэм хуабжьу фӀэдэхэн, уитхьэкъун, узыӀэпишэн.

Бгы джабэм уи нэр игъэджылу Удз дахэ итыр къыщыщып— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233

+2 örnek

ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ.— Кхъэлэгъунэ, 375

Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъэгъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым— Лэчымэ, 392

нэр ункӀыфӀын

Псори кӀыфӀ хъун зыри имылъагъужу и гур къызэӀыхьэн. - 55.

СыкӀуэдащ, ситхьэлащ жиӀэу и нэр щыункӀыфӀ дыдэм, Апчарэ епхъуэри къыхиубыдыкӀащ— Щынэхужьыкъуэ, 54

нэм щыджылын

Хуиту емыплъыфын, узэримыгъэплъын.

Нэм щыджылу, гум пэблагъэу Китаишхуэм и ӀэщӀагъэу Тыгъэ куэдыр удахьэхыу Къагъэхьащи догъэщӀагъуэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58

нэр щӀэукъуэнцӀэн

Нэр хьилагъ хэлъу зэхуэшэн. -466.

Аралпыр стӀол лъагэ щытым бгъэдэувэри, щӀопщ иӀыгъыр щӀопщыкъумкӀэ стӀолым тригъэувауэ, зыкъомрэ и пащхьэм итхэм яхэплъэу щытащ, и нэр щӀиукъуанцӀэу, и жьэ бгъуэжьри Ӏушэ ищӀауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 88

+1 örnek

КъынтӀэ-къынтӀэ хъууэ, бжьыхьэкӀэ акъужь папщэм ещхьу, къулыкъу къысхуигъэфащэхэр щызмыдэм, и нэр щӀиукъуанцӀэу къызоплъри къызоупщӀ: - сыт хуэдэ къулыкъу пхузэфӀэкӀынур?— МелыӀыч, 465

нэр щӀегъэлъэфэн

Нэхужьыбэр къыщӀэмыщу напӀэр хуэмурэ ехьэхын, дэхьеижын.

Зэзэмызи и нэр щӀригъэлъафэрти и Ӏэ фӀыцӀитӀыр цы кӀыр зытет и нэкӀум щихуэжырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

+1 örnek

Зы молэ пщэ кӀыхь гуэрым и нэр щӀригъэлъафэу мычэму нэмэзыбзэ къибжырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654

нэм щӀэплъэн

Пэжагъ къэплъыхъуэу нэм еплъын.

ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ: Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 20

нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын

ФӀы дыдэу лъагъун.

Хьэбибэ и нэм Данэ цӀыкӀу щӀэлъми къыщӀихынукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 50

нэм щӀэбжьэн

Нэпсыр къыщӀихуу нэр зыгуэрым (Ӏугъуэ, мэ гуащӀэ с. ху.) щӀисыкӀын.

ЩӀакхъуэмэм хэтщи Ӏугъуэ мащӀэ, Уи нэм щӀэмыбжьэу удехьэх— Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380

нэри пэри ихьу

Ин дыдэу.

БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ.— Нал къута, 253

нэр фӀыкӀэ еплъын

Гуапагъэ, арэзыныгъэ хэлъу зыгуэрым еплъын.

Уэ сыт бзэкӀэ упсэлъами, ТщӀыркъым дэ лъэпкъ зэхэгъэж; Уи нэр фӀыкӀэ къыдэплъамэ, Гурылъ къабзэр догъэпэж— Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100

нэм нэху егъэлъагъун

Гъэтыншыжын, гупсэхугъуэ етыжын.

Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэрихьар— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

нэм зыри имылъагъужын

Губжьым шынагъуэм, н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуауэ.

Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494

+1 örnek

Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ.— Лъапсэ, 35

[и] нэкӀэ лъагъун

Белджылыуэ, хьэкъкӀэ и фӀэщу, пэж дыдэу щытын.

Лермонтовым итхам нэмыщӀа нэгъуэщӀ тхылъ Ӏэджи зэрыщыӀэр Лу и нэкӀэ илъэгъуащ, Къазджэрий и тхылъ къомым щыхэсам— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609

+2 örnek

Локотош и гум къэкӀащ зы дезертир гуэр къигъуэту партизан отрядыр строй ищӀурэ я нэкӀэ ялъагъуу хуэфащэ ирищӀэну— Нал къута, 254

Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ— Лэчымэ, 392

нэ щыхуэн

Нэхъ игу къыдыхьэр, адрейхэм къахихыр, и нэфӀ щыщыхуар.

СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ— Кхъухь пхэнж, 497

нэр хузэтемыхын

И жеин къэкӀуэн, жейм иубыдын.

Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм— Хъуэпсэгъуэ нур, 123

нэр хъэрэхъэн

Гужьеин, шынэн, гузэвэгъуэ ихуэн.

И нитӀри хъэрахъэу бжэ фӀыцӀэм еплъырт, абы къыщӀэкӀыр капитаным къеуэну къыщӀэкӀын хуэдэ.— Нал къута, 241

Atasözleri (3)

нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ

ЦӀыху ӀэпщӀэлъапщӀэм хужаӀэ. -181.

Нэм илъагъур Ӏэм ещӀ жыхуаӀэр арати, Астемыр гурыхуэу къыщӀэкӀащ, жыпхъэхэр ятӀэм къыхищӀыкӀыу зы тхьэмахуэм есат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180

+2 örnek

Аурэ, нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ жыхуаӀэр арати, ЛӀыгъур цӀыкӀуи ӀэщӀагъэм йосэ, ӀэпщӀэлъапщӀи мэхъу.— Лъапсэ, 102

Нэм илъагъур Ӏэм ищӀэнущ, ЖаӀэу щӀалэм зэхихащи, Сыт ухуейми пхуищӀыфынущ, И ӀэщӀагъэм тегушхуащи.— Тисей, 509

нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс

Мурад пщӀыр зыбогъэхъулӀэф.

ГъащӀэм фӀыкӀэ къыпызыщэм: - ЕтӀанэгъэ фӀыкӀэ нэс! – ЖысӀэу и Ӏэр субыдамэ, Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс.— Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40

+2 örnek

Уи нэр зыдэсым Уи лъэр лъоӀэсыр. Къырым илъ дани УлъэӀэсакъэ.— Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224

Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс.— Зыхуей къехъулӀэу зылӀ есащ… Вагъуэ махуэ, 324

[уи] нэм къеӀэм и псэм еӀэ

Бийм, жагъуэгъум къуищӀэр хуэмыгъэгъун.

Ди нэм къеӀэм, и псэм деӀэу Дэ

Kitapta geçtiği hali

НЭ (253). ЦӀыхум, псэущхьэм дунейр зэрилъагъу, зэрыплъэ. Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр, уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ… Хъуэпсэгъуэ нур, 307. СфӀэфӀат мурадыр къызэхъулӀэм – Нэм имылъагъум гу лъыстащ. Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311. Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу. Щынэхужьыкъуэ, 31. ◊ [И] нэ ирегъэщӀыжын (1). Уи бийхэр къыщӀофыгъуэн, яфӀэфӀ мыхъун гуэр зэгъэхъулӀэн, зыӀэрыгъэхьэн. Мэремкъан нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Нэ ищӀын (3). Нэф щӀын, хьэфиз щӀын. Уи жагъуэгъу псэм къеӀэмэ, Уэреда, И нэм уеӀэу ипщӀрэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уэреда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 390. Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. [И] нэ къикӀын (12). Егъэлеяуэ зыгуэрым хуеин, щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн. Инал йогупсыс: мыбы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529-530. Капитаныр отрядым и къэкӀуэжыкӀэ хъуам щӀэупщӀэну и нэ къикӀырт. Нал къута, 266. Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521-522. [И] нэ къыхуикӀын (17). Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хущӀэкъун. Лу къалэм, зэи кӀуатэкъыми, и нэ къыхуикӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. …ЩӀалэр мэгупсысэ, ӀэщӀагъэщӀэм нэр къыхуокӀ, Гъуэгухэм нэпкъыр ящӀыр кусэ, Грузовикхэр щызэблокӀ. МакӀуэр щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54. И шыпхъум ещхьу лъагъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ. Къалэн, 429. [И] нэ къимыхьын (12). Зыри фӀэмыӀэфӀу, зыри хуэмейуэ, гукъыдэжыншэу щытын. Сыпхуэусэу уигу хэщӀамэ, Гъатхэ дахи нэм къимыхь. Дыгъэр къепсмэ, ди нэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69. Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу, Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Псоми я гуфӀэгъуэми, Лу и нэ къихьыртэкъым илъагъур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. [И] нэ къитӀэтӀу (1). гуем. Нэр къижу. Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмэкъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу. Лъапсэ, 47. ЩӀыр совет властыращ зейр! – жиӀэу лӀы щэджащэу Кобуловыр къыхэгуоукӀым дежкӀэ щеплъэкӀым, модрейми инэралым и нэ къитӀэтӀыр щилъагъум, къызэщӀэплъа пэтми, зиущэхужащ. Лъапсэ, 92. Нэ лейкӀэ еплъын (19). Нэхъ хэхауэ, нэхъ гуапэу хущытын. Иринэ жагъуэу илъагъуртэкъым уанэщӀыр, уеблэмэ нэ лейкӀэ еплъырт. Нал къута, 231. [Шлоссер жиӀэу:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ. Гъуэгуанэ, 100. Арыншами Джэлил и фӀыцӀэ Ӏуауэ джэд анэщӀэ къомыр нэ лейкӀэ къеплъырт, и закъуэуи кърагъэкӀухьыртэкъым, дэнэкӀэ кӀуэми, джэдищ-плӀы и гъусэу, езыми зигъэфэрыщӀу улъэпхъащэрт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. Нэ жагъуэкӀэ къегъэплъын (1). Ухуэмыарэзыуэ, губгъэн, губжь хэлъу еплъын. ЛӀатӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу. Лъапсэ, 9. [И] нэ и псэу илъагъун (1). Зыми химылъхьэу, хуимыгъадэу, фӀы дыдэу лъагъун. Си нэ, си псэу арщ щӀэслъагъур, Щызмылъагъум си гур хощӀ. ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7. [И] нэ [и] псэ (19). ФӀыуэ илъагъу, зыми пимыщӀ. Сэри си нэт, си псэт шыр къэсшэжу шэщым щӀэзгъэувэжыну. Анка, 384. Ущхьэхуиту упсэуамэ, Лъагъуныгъэм гъэр уищӀынщ, И дакъикъэр уи нэ, уи псэу Илъэс псоми япэпщӀынщ. Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322. Луи и нэт, и псэт Тинэ и закъуэ хуэзэну, арщхьэкӀэ нейӀэмал. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524. [И] ни [и] пси къимыхьын (1). Зыгуэр фӀэмыфӀын, хуэмеин. Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Нэ (къы)техуэн (3). Зэрыдахэм, зэрыфӀым къыхэкӀкӀэ хъуапсэнэкӀэ зыгуэр къеплъу абы сымаджэ ирихъун. Шым нэ къытемыхуэн щхьэкӀэ, Уэрдэщыкъуэ шытепхъуэ темыпхъуауэ шэщым къыщӀишыртэкъым, къыщыщӀишри пшапэр зэхэуауэт е жэщырт. Нал къута, 266. Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу. Анка, 384. Нэ ӀейкӀэ еплъын (1). Нэщхъ зэхэлъу, нэ жагъуэкӀэ еплъын. Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм ищӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585-586. НэкӀэ емыплъын (1). ФӀэмыӀуэхун. Шхын аргуэру къахьам нэкӀэ емыплъу цӀыхур зэныкъуэкъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 178. НэкӀэ еуэн (1). Губжь хэлъу еплъын, нэкӀэ епэбжьэуэн. Къэнокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым, НытокӀие кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэр. «Тисей», 506. НэкӀэ шхын (2). 1. (1). ХъуапсэнэкӀэ, уитхьэкъуауэ, нэр къытомыхыжыфу еплъын. ЗэӀущӀэм кърихьэлӀа къомыр ягъэщӀагъуэу а шы къарэм еплъырт, нэкӀэ яшхыным хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. 2. (1). ГубжьынэкӀэ еплъын. НэкӀэ ешх жыпӀэнт ар зыуэ еплът Хьэбиби. Щынэхужьыкъуэ, 17. Нэм бжэгъуу къыщӀэуэн (13). Плъагъуну уигу темыхуэн, плъагъуу пхуэмышэчын. Советскэри я бийщ, Ӏуэху зиужь дитри бжэгъуу я нэм къыщӀоуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Саружани дадэр и нэм бжэгъуу къыщӀэуэрти, къыщӀимыгъуу къэнэнт: - ЩӀалэ хъужа и гугъэщ, тхьэ, лъакъуиплӀкӀэ къызэрикӀухьыр фӀэмащӀэ? Къалэн, 431. МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ. Кхъухь пхэнж, 495. Нэм къыщӀэуэн (6). Еплъ нэм бжэгъуу къыщӀэуэн. Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛатӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ. Лъапсэ, 8-9. …Ар Казбек Машевич имыщӀэу щытамэ, заповедник мэзым кӀуэуэ щыщакӀуэрэт, лъэкӀыныгъэ зиӀэм пцӀыр пэж ещӀыф, армыратэмэ, иджыри къэс иӀыгъ бжьыпэр хуэӀыгърэт, пцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу… Лъапсэ, 98. Нэм къиубыдын (1). Нэм къызэщӀиубыдэн, къиплъыхьын. Нэм къиубыдыр тенджыз защӀэщ, Уафи псыи зы къыпфӀощӀ. Комор къэрал. «Вагъуэ махуэ», 330. Нэм къыфӀэнэн (10). ЗанщӀэу къэлъагъун, нэм къыщӀидзэн, гу лъытэн. Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къикӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагӀакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. КъэувыӀэт, си къуэш, - жиӀэри Къэрэмырзэ и нэм къыфӀэнар къегъэувыӀэ. Лыгъэ, 408. Нэм къыфӀэуэн (2). Еплъ нэм къыфӀэнэн. ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. Фыарэзы абыкӀэ? – жысӀэу сащеупщӀым, иджыри къэс сымылъэгъуа телефоныр си нэм къыфӀэуащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу. Лэчымэ, 389. Нэм къыщӀидзэн (1). ЗанщӀэу къэлъагъун, гу лъытэн. ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэу уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр. Лыгъэ, 409. Нэр (къы) тенэн (2). Нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэгъуэщӀ плъапӀэ имыӀэн. Къылышбий и къуэр унэм щӀыхьэжми, асэтин джыназыр ар здыщӀыхьа бжэмкӀэ плъащ, м нэр тенауэ, иужьым, илъэгъуа къомымкӀэ игу зэгъауэ жиӀащ: - Алыхьым уи Ӏуэху нэхъ лъагэ ищӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Лу Ӏуащхьэшхуэм еплъырт, и нэр тенауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар? Лъапсэ, 65. Нэр къыщӀэплъын (2). Зыгуэрым (набдзэ, пыӀэ с.ху.) и лъабжьэм къыщӀэплъын. И пащӀитӀыр сытхъу телъ хуэдэ, тхъууэ хуежьат, и нитӀри набдзэ кӀырым и щӀагъым къыщӀэплъырт, и жьакӀэр зэзэмызэ фӀэкӀа иупсыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. ЕтӀуанэрей шур лъэгъугъуафӀэт, лӀы къекӀут, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур щӀэщат, упщӀэ пыӀэ щӀагъым нэ дахитӀ къыщӀэплъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. Нэр къыщипхъуэн (4). 1. (3). Зыгуэрым (зэгуэпым, шынагъуэм е гуфӀэгъуэм, гурыфӀыгъуэм) уи нэр къыщхьэрипхъуэн, зыри умылъагъужын. ЖысӀэну сыхуэмеиххэу пцӀы гуэр къызжьэдэлъэтрэ сызэгуэудмэ сунэхъакъэ», - жиӀэу и гум къыщыкӀкӀи, шынэурэ и нэр къыщхьэрепхъуэ [Нурхьэлий]. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Щамхьун нэгузыужьыгъуэ ар хуэхъуауэ и нэр къыщипхъуауэ дыхьэшхырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. 2. (1). Нэм пшагъуэ къытрихьэн, зыри имылъагъужу хъун. Нурхьэлий и акъылыр тэмэмыжтэкъыми, ищӀэри дахэ-дахэу къыгурыӀуэжыртэкъым, зэзэмызи и нэр къыщипхъуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 230. [И] нэ къыщхьэрипхъуэн (21). Еплъ нэм къыщипхъуэн. Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэсащ. Нал къута, 256. Джэлил джэд къомым езым фӀэкӀа адакъэ хэмыту и гум къыщыкӀым и нэм къыщхьэрипхъуащ, зыкъыфӀэщӀыжати. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475- 476. «Зы къамэ сиӀатэмэ, сыщӀэлъэдэнти, и гущӀэм хэсӀунтэкъэ»,- жиӀэу Исуфыр къызэкӀуэкӀащ, и нэр къыщхьэрипхъуэным хуэдэу. Лэчымэ, 396. Нэм къыщӀэӀэбэр мылъагъун (5). КӀыфӀ дыдэу, зыри умылъагъуу щытын. Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым. МелыӀыч, 458. Дыгъэр зэрыкъухьэу жэщыр кӀыфӀ хъуащ, нэм щӀэӀэбэр умылъагъу жыхуаӀэм хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Нэм къыӀуимыдзэн (3). Имылъагъун, къыфӀэмыӀуэхун, фӀэмыгъэщӀэгъуэнын. Сэ дзэпщым срилӀыкӀуэщ, еплъ си тхылъым, - жысӀэу си хьэфэ тхылъыр къиспхъуэта щхьэкӀэ, хьэрф дэнэ къэна, сэ дахэ-дахэу и нэм сыкъыӀуидзэркъым, Ӏэпэлъапэсыс хъуащи. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. Дэ псым дытесу плъагъу щхьэкӀэ, кхъухь дэнэ къэна, кхъуафэжьей ди нэм къыӀуидзэну дыхуеиххэкъым. Кхъухь пхэнж, 506. Нэр къипкӀыу (1). ФӀэгъэщӀэгъуэну, фӀэтелъыджэу. Рау машинэм къызэрикӀыу, Хъыджэбз цӀыкӀур, мес, къожалӀэ, И нэ цӀыкӀухэр занщӀэу къипкӀыу. «Тисей», 482. Нэм хуэхьын (7). ФӀы дыдэу лъагъун. Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и телъхьэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ. Ягъажьэ щӀакхъуэ хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353. Си нэм хуэсхьым и щхьэц Ӏувыр МафӀэ бзийуэ соухуэн. Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96. Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын. Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84. Нэм Ӏугъуэ къыщӀихын (7). Мыарэзыуэ, гукъанэ, губжь хэлъу плъэн. Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхэуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. [Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд. МелыӀыч, 444. [И] нэм Ӏугъуэ къыщӀэгъэкӀын (1). Зэрыгубжьар и нэгум къищын, и плъэкӀэмкӀэ къэпщӀэн. КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу. «Тисей», 50. Нэм нур къыщӀихын (2). Гуапагъэ, гуфӀэгъуэ нэм къыщӀихын. Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… «Бгы лъапэхэм деж», 40. Нэм мафӀэ къыщӀихын (1). Хуабжьу губжьын, къытехьэн. Къэхъуакъэ куэдрэ, сыгубжьамэ, Си нитӀым мафӀэ къыщыщӀих, Нэм имылъагъур Ӏэуэлъауэм, Къэхъуащ тхьэкӀумэм щызэхих. Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311. Нэм мафӀэ къилъэлъын (1). Еплъ нэм мафӀэ къыщӀихын. Фызыжьми гу лъимытэу къэнэнт адэм и нэм мафӀэ къызэрилъэлъым, арщхьэкӀэ ищӀэркъым къыщӀытехьар. КӀапсэ кӀапэ, 17. Нэм щӀы имылъагъун (5). Губжьым, шынагъуэм н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуэн. Махъсымэр чейр къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Дисэ и нэм щӀы имылъагъуж жыхуаӀэм хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым. Аргъуей, 388. Нэр гъэплъэн (3). 1. (2). Нэплъэжыгъуэ егъэгъуэтын, егъэӀуэтэжын, гъэтыншыжын. Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум я нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. 2. (1). Нэплъэжыгъуэ емытын, гугъуехьым хэгъэтын. Гуащэр къынтӀэкъынтӀэу, къытехьэрей хъуауэ хъыджэбз цӀыкӀум и нэр игъэплъэжыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524. Нэр гъэупӀэрэпӀэн (1). НапӀэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэтеплъхьэ-зэтепхыу щытын. Шей иригъахъуэу шеныкышхуэр зэриӀыгъыу щытт, и нитӀыр игъэупӀэрапӀэу, милиционер къыщӀэкӀуар зыхуихьынур имыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. НэкӀэ гъэхъун (1). Уи нэр томыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн. Хъыджэбзхэми арат плъапӀэу яӀэр, щхьэж зыпылъ щӀалэр нэкӀэ ягъэхъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 96. Нэр къэлыдын (2). Еплъ нэр къилыдыкӀын. Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40. Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Нэр къилыдыкӀын (29). ГуфӀэгъуэ, гурыфӀыгъуэ, гукъыдэж уиӀэм щхьэкӀэ нэр къицӀуукӀын. А хъыджэбзыр зэралъагъуу ЩӀалэ псори къытехуащ, Хэт и нитӀыр къолыдыкӀыр, Хэт техьэгъуэ къытехьащ. Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34. Тинэ бостей кӀыхь щыгъыу, гъэщӀэрэщӀауэ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэу лауэ, и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу, сурэтыр емыщхьыпэми, ещхьу жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638. ХакӀуэм и нитӀыр къилыдыкӀыу хъыджэбзым къеплъырт. Нал къута, 229. НэкӀэ къемыплъын (7). Зыуи къимыдзэн, къыщымыхъун, къыфӀэмыӀуэхун. Арыншами ебгъадэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Валерии и закъуэу, кабинетым щӀэсу къыщӀыхьати, и жыпым ита коньяк птулъкӀитӀ стӀолым хутрегъэувэ вагъуитху ятету, арщхьэкӀэ Валерэ нэкӀэ къеплъыркъым. КӀапсэ кӀапэ, 16. Иужьым укӀурия пэтми, зыми нэкӀэ къеплъакъым [Анка] Ӏус хуахьами епэмыххакъым. Анка, 384. Нэр къижын (1). Нэ кугъуэр напӀэм къигъэкӀын. Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож. «Бажэ пшынэ», 14. Нэр къижу (7). Нэр напӀэм къикӀыу. Езыр гъуру, и нэр къижу, и ныбэр игъуэжауэ, сытым деж бгъэтӀысми зы мэл гъэва ишхыфынут, цырибон шэтвэр абы дрифу. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Къимыгъэзэжу пӀэрэ Думэсарэ, жиӀэу, Диси зиудыгъуауэ бжыхь джабэм кӀэрыст и нитӀыр къижу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. ЩӀалэ цӀыкӀум и гъыныр пичауэ и нэ цӀыкӀуитӀыр къижу хъыджэбзым йоплъ. Лъапсэ, 33. Нэр къигъэжын (1). Нэ напӀэм къигъэкӀын. Зыхуихьыныр имыщӀэу и нэ нащхъуитӀыр къригъэжу къызэплъащ. МелыӀыч, 441. [И] нэр (нитӀыр) къихуу (28). Къэгузэвауэ, шынауэ е гъэщӀэгъуэн къыщыхъуауэ. Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым хэсу къыщагъуэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Дорофеич, и гъуэншэдж тхьэӀур ӀитӀкӀэ иӀыгъыу, къажэрт, и нитӀыр къихуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пащхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. [И] нэр къихун (12). И нэр къытримыгъэкӀыу, тедияуэ, телъыджэ къыщыхъуауэ. Рум и щысыкӀэр зыкӀи къыфӀэӀуэхутэкъым, спектаклым дихьэхауэ и нитӀыр къихурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Ботэх и нитӀыр къихурт, сэри зыгуэр къыслъысыну пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ абы сыт къылъысынт, къызылъысыр зи фоч мэзхъумэм деж къэзыгъэнар арат. Лъапсэ, 69. Нэр къицӀуукӀын (1). Еплъ нэр къилыдыкӀын. Куэд дэмыкӀыу къэсащ дохутыр лъакъуэ кӀэщӀ ПэтӀинэ цӀыкӀу, и нэ хъуреитӀыр къицӀуукӀыу. Лъапсэ, 13. Нэр къыщихун (2). Ӏуэхугъуэ гуэрым къару куэд тегъэкӀуэдэн, гугъу дехьын. КӀапсэм дэкӀуей щӀалэм и нитӀыр къыщихуа пэтми, къехыжыну мурад иӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 99. Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъууэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зэхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэжкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти. МелыӀыч, 439. Нэр мыгъэплъэн (1). Нэплъэгъуэ емытын, гугъу егъэхьын, бэлыхь тегъэлъын. Астемыр щыгъупщакъым Инал учител курсым къажриӀар: «Къэрэхьэлъкъым я нэр зымыгъаплъэр мэжджытырщ, икӀэщӀыпӀэкӀэ зэхуэщӀын хуейщ», жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. Нэр темыгъэкӀын (3). Нэр къытумыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн, зэрыщытыр зэгъэщӀэн. Аралп, уи нэ ятумыгъэкӀ абыхэм, хэт сыт жиӀами къызжеӀэ мыдэ, къысӀэрыгъыхьэ закъуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 120. Мо къуэгъэнапӀэм къызэрыкъуэкӀрэ си нэр тезгъэкӀакъым, - жиӀэри щакӀуэр къэтэджыжауэ ятӀэ къыкӀэрыпщӀар зыкӀэрегъэлъэлъ, лъы къэзыцӀэлари удз иӀуэнтӀауэ абыкӀэ трелъэщӀыкӀыж. Лъапсэ, 72. Нэр темыпыӀэу (5). НапӀэзыпӀэм, псынщӀэ дыдэу. Мажэр, мажэр плӀыри зэуэ, Псоми я шым къыжьэдакъуэ МакӀуэ плӀыри, уакӀэлъыплъым, ТемыпыӀэу нэр шы лъакъуэм. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42. Афицархэр къыщыщӀэпкӀам, писарыр къыщылъэтат честь къаритынуи, модрей тӀур нэр темыпыӀэу тетым и кабинетым щӀыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Нэр тенэн (260). Зыгуэрым нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэр тедиен. Лу и нэ цӀыкӀуитӀыр къилыдыкӀыу Думэсарэ и нитӀыр зытена Астемыр еплъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 194. - Инал, - жиӀащ Ӏэюб, машинэм и нэр тенауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ. Лъапсэ, 61. Нэр теплъызэн (8). Еплъ нэр тенэн. ЩӀакӀуэм ещхъу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр. Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271. Дадий и щӀалэм емыплъу Топлъызэ и нэр стӀол лъакъуэм. «Адэ», 134. ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт. Нал къута, 233. Нэр теубыдэн (3). Нэр къытумыгъэкӀыу зыгуэрым еплъын. ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ин телъу здэщысым, хъыджэбзым и нитӀыр Къазджэрий теубыдауэ къеплъырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Псы плъэгъуамэ, уи диным уокӀ, - кхъухьыпщым и нитӀыр къаз лъакъуэ плъыжьым триубыдащ. Кхъухь пхэнж, 505. Нэр техуэн (1). Зыгуэр къэлъагъун. Сыплъэри – си нэр щӀытехуар сымыщӀэу гъуэлъыпӀэм илъ пхъэбгъуитӀым я зэхуакум дэхуауэ тхылъымпӀэ тӀэкӀу къыдощ. МелыӀыч, 474. Нэр уфӀыцӀын (6). Зыри умылъагъу напӀэр къегъэхын, нэр зэтепӀэн. Жэщыр щӀакӀуэ фӀыцӀэщ, И нэр уфӀыцӀащ. Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу. «Вагъуэ махуэ», 101. Фоч щыбгъауэкӀэ буфӀыцӀын хуей нэр арт къигъаплъэ мыхъур. Щынэхужьыкъуэ, 67. Фоч уэ макъым и тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуда хуэдэу Ботэх дэгу хъуауэ и нэр еуфӀыцӀ, щыхьым емыплъыфу. Лъапсэ, 71. Нэр гъэджылын (9). Нэм хуабжьу фӀэдэхэн, уитхьэкъун, узыӀэпишэн. Бгы джабэм уи нэр игъэджылу Удз дахэ итыр къыщыщып. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ. Кхъэлэгъунэ, 375. Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъэгъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым. Лэчымэ, 392. Нэр ункӀыфӀын (1). Псори кӀыфӀ хъун, зыри имылъагъужу и гур къызэӀыхьэн. СыкӀуэдащ, ситхьэлащ жиӀэу и нэр щыункӀыфӀ дыдэм, Апчарэ епхъуэри къыхиубыдыкӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 54- 55. Нэм щыджылын (1). Хуиту емыплъыфын, узэримыгъэплъын. Нэм щыджылу, гум пэблагъэу Китаишхуэм и ӀэщӀагъэу Тыгъэ куэдыр удахьэхыу Къагъэхьащи догъэщӀагъуэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. Нэр щӀэукъуэнцӀэн (6). Нэр хьилагъ хэлъу зэхуэшэн. Аралпыр стӀол лъагэ щытым бгъэдэувэри, щӀопщ иӀыгъыр щӀопщыкъумкӀэ стӀолым тригъэувауэ, зыкъомрэ и пащхьэм итхэм яхэплъэу щытащ, и нэр щӀиукъуанцӀэу, и жьэ бгъуэжьри Ӏушэ ищӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. КъынтӀэ-къынтӀэ хъууэ, бжьыхьэкӀэ акъужь папщэм ещхьу, къулыкъу къысхуигъэфащэхэр щызмыдэм, и нэр щӀиукъуанцӀэу къызоплъри къызоупщӀ: - сыт хуэдэ къулыкъу пхузэфӀэкӀынур? МелыӀыч, 465-466. Нэр щӀегъэлъэфэн (2). Нэхужьыбэр къыщӀэмыщу напӀэр хуэмурэ ехьэхын, дэхьеижын. Зэзэмызи и нэр щӀригъэлъафэрти и Ӏэ фӀыцӀитӀыр цы кӀыр зытет и нэкӀум щихуэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Зы молэ пщэ кӀыхь гуэрым и нэр щӀригъэлъафэу мычэму нэмэзыбзэ къибжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Нэм щӀэплъэн (2). Пэжагъ къэплъыхъуэу нэм еплъын. ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ: Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ. Сабий. «Шум и гъуэгу», 20. Нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын (2). ФӀы дыдэу лъагъун. Хьэбибэ и нэм Данэ цӀыкӀу щӀэлъми къыщӀихынукъым. Щынэхужьыкъуэ, 50. Нэм щӀэбжьэн (1). Нэпсыр къыщӀихуу нэр зыгуэрым (Ӏугъуэ, мэ гуащӀэ с. ху.) щӀисыкӀын. ЩӀакхъуэмэм хэтщи Ӏугъуэ мащӀэ, Уи нэм щӀэмыбжьэу удехьэх. Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380. Нэри пэри ихьу (7). Ин дыдэу. БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ. Нал къута, 253. Нэр фӀыкӀэ еплъын (1). Гуапагъэ, арэзыныгъэ хэлъу зыгуэрым еплъын. Уэ сыт бзэкӀэ упсэлъами, ТщӀыркъым дэ лъэпкъ зэхэгъэж; Уи нэр фӀыкӀэ къыдэплъамэ, Гурылъ къабзэр догъэпэж. Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100. Нэм нэху егъэлъагъун (1). Гъэтыншыжын, гупсэхугъуэ етыжын. Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэрихьар. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Нэм зыри имылъагъужын (4). Губжьым, шынагъуэм, н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуауэ. Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494. Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ. Лъапсэ, 35. [И] нэкӀэ лъагъун (5). Белджылыуэ, хьэкъкӀэ и фӀэщу, пэж дыдэу щытын. Лермонтовым итхам нэмыщӀа нэгъуэщӀ тхылъ Ӏэджи зэрыщыӀэр Лу и нэкӀэ илъэгъуащ, Къазджэрий и тхылъ къомым щыхэсам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. Локотош и гум къэкӀащ зы дезертир гуэр къигъуэту партизан отрядыр строй ищӀурэ я нэкӀэ ялъагъуу хуэфащэ ирищӀэну. Нал къута, 254. Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ. Лэчымэ, 392. Нэ щыхуэн (2). Нэхъ игу къыдыхьэр, адрейхэм къахихыр, и нэфӀ щыщыхуар. СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ. Кхъухь пхэнж, 497. Нэр хузэтемыхын (1). И жеин къэкӀуэн, жейм иубыдын. Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. Нэр хъэрэхъэн (1). Гужьеин, шынэн, гузэвэгъуэ ихуэн. И нитӀри хъэрахъэу бжэ фӀыцӀэм еплъырт, абы къыщӀэкӀыр капитаным къеуэну къыщӀэкӀын хуэдэ. Нал къута, 241. ☐ Нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ (9). ЦӀыху ӀэпщӀэлъапщӀэм хужаӀэ. Нэм илъагъур Ӏэм ещӀ жыхуаӀэр арати, Астемыр гурыхуэу къыщӀэкӀащ, жыпхъэхэр ятӀэм къыхищӀыкӀыу зы тхьэмахуэм есат. Хъуэпсэгъуэ нур, 180-181. Аурэ, нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ жыхуаӀэр арати, ЛӀыгъур цӀыкӀуи ӀэщӀагъэм йосэ, ӀэпщӀэлъапщӀи мэхъу. Лъапсэ, 102. Нэм илъагъур Ӏэм ищӀэнущ, ЖаӀэу щӀалэм зэхихащи, Сыт ухуейми пхуищӀыфынущ, И ӀэщӀагъэм тегушхуащи. «Тисей», 509. Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс (7). Мурад пщӀыр зыбогъэхъулӀэф. ГъащӀэм фӀыкӀэ къыпызыщэм: - ЕтӀанэгъэ фӀыкӀэ нэс! – ЖысӀэу и Ӏэр субыдамэ, Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс. Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40. Уи нэр зыдэсым Уи лъэр лъоӀэсыр. Къырым илъ дани УлъэӀэсакъэ. Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224. Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс. Зыхуей къехъулӀэу зылӀ есащ… «Вагъуэ махуэ», 324. [Уи] нэм къеӀэм и псэм еӀэ (4). Бийм, жагъуэгъум къуищӀэр хуэмыгъэгъун. Ди нэм къеӀэм, и псэм деӀэу Дэ

Düzeltme Öner

нэр тенэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.