ныбэр къигъэун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

къигъэун

(кърегъэу)

Куэду, уэру къигъэжын (ткӀуаткӀуэ гуэр).

рувыпустить что-л. (о жидкости)

Фэндырэм псыр къигъэун.

Bu maddedeki ifadeler (1)

ныбэр къигъэун

Еплъ: ныбэ

ныбэ

1. ЦӀыху Ӏэпкълъэпкъым щыщу тхьэмщӀыгъу, лъатэ, кӀэтӀий, чэ сыт хуэдэхэр зэрылъыр.

руживот

Сэ куэдрэ сымыгупсысэу си ныбэр ӀитӀкӀэ субыдыжащи, сощэӀу.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

2. Гупэ.

рулицевая сторона туловища

НыбэкӀэ зыхэӀу-бэн.

3. ЦӀыхум, псэущхьэм я кӀуэцӀым хыхьэу шхыныр гъэткӀуным хуэщӀар.

ружелудок

Бажэм и ныбэр нэщӀ хъуауэ ТӀэкӀу шхэмэ фӀэфӀу къекӀухь.— Щомахуэ Амырхъан

+1 örnek

Ныбэ Ӏей щыӀэ мыхъумэ, шхын Ӏей щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр

4. Сабийр, щӀэжьейр зрищӀэ.

руматеринская утроба

Лъэбыцэжьей.. ныбэм илъ сабийм и макъ зэхихар щхьэкӀуэ щыхъуауэ.. Алыджхэ я унэмкӀэ иунэтӀащ.— Нартхэр

Bu maddedeki ifadeler (8)

{и} ныбэ нэщӀ {и} Ӏэ телъыжу

ручестно, своим трудом (жить).

Уи ныбэ нэщӀ уи Ӏэ телъыжу уи унэ уисыжын нэхъыфӀ щыӀэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

ныбэр игъэпщхьэн

рувтянуть живот.

{и} ныбэр къежьэн

рурасполнеть; появиться - о животе, брюшке.

ЛӀыкукӀэ уеджэнщ {Къалэбатэ}, ил изщ, зэпэхъурейщ, и ныбэр къежьащ.— Ӏуащхьэмахуэ

ныбэр къигъэун

рукъызыр. выпустить кишки, распороть живот кому-л.

ныбэр къриӀуэнтӀыкӀын

рув животе крутит.

ныбэ уз

Ныбэм къыщыхъу уз.

руболь в животе

ныбэ узым ихьын!

рупросторечие пусть тебя холера возьмет!

- А ныбэ узым ихьын, жылэр зэтраукӀэ, уэ мыбдей уожейри ущылъщ! - жиӀащ адэм.— ӀуэрыӀуатэ

ныбэ цӀынэ

Зи ныбэм щӀыӀэ хыхьэрей, зи ныбэр зэӀыхьэгъуафӀэ.

рус больным животом

Kitapta geçtiği hali

къигъэун (кърегъэу) перех. гл. выпустить что-л. (о жидкости) / Куэду, уэру къигъэжын (ткӀуаткӀуэ гуэр). Фэндырэм псыр къигъэун. Ныбэр къигъэун см. ныбэ.

ныбэ 1. живот / ЦӀыху Ӏэпкълъэпкъым щыщу тхьэмщӀыгъу, лъатэ, кӀэтӀий, чэ сыт хуэдэхэр зэрылъыр. * Сэ куэдрэ сымыгупсысэу си ныбэр ӀитӀкӀэ субыдыжащи, сощэӀу. Къу. Хь. 2. лицевая сторона туловища / Гупэ. НыбэкӀэ зыхэӀу-бэн. 3. желудок / ЦӀыхум, псэущхьэм я кӀуэцӀым хыхьэу шхыныр гъэткӀуным хуэщӀар. * Бажэм и ныбэр нэщӀ хъуауэ ТӀэкӀу шхэмэ фӀэфӀу къекӀухь. Щ. Ам. Ныбэ Ӏей щыӀэ мыхъумэ, шхын Ӏей щыӀэкъым. (погов.) 4. материнская утроба / Сабийр, щӀэжьейр зрищӀэ. * Лъэбыцэжьей.. ныбэм илъ сабийм и макъ зэхихар щхьэкӀуэ щыхъуауэ.. Алыджхэ я унэмкӀэ иунэтӀащ. Нарт. {И} ныбэ нэщӀ {и} Ӏэ телъыжу честно, своим трудом (жить). * Уи ныбэ нэщӀ уи Ӏэ телъыжу уи унэ уисыжын нэхъыфӀ щыӀэ. Къ. Хь. Ныбэр игъэпщхьэн втянуть живот. {И} ныбэр къежьэн располнеть; появиться - о животе, брюшке. * ЛӀыкукӀэ уеджэнщ {Къалэбатэ}, ил изщ, зэпэхъурейщ, и ныбэр къежьащ. Ӏуащхь. Ныбэр къигъэун къызыр. выпустить кишки, распороть живот кому-л. Ныбэр къриӀуэнтӀыкӀын в животе крутит. ныбэ уз боль в животе / Ныбэм къыщыхъу уз. ныбэ узым ихьын! просторечие пусть тебя холера возьмет! * - А ныбэ узым ихьын, жылэр зэтраукӀэ, уэ мыбдей уожейри ущылъщ! - жиӀащ адэм. фольк. ныбэ цӀынэ с больным животом / Зи ныбэм щӀыӀэ хыхьэрей, зи ныбэр зэӀыхьэгъуафӀэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ныбэ

1. ЦӀыхум е псэущхьэм Ӏэпкълъэпкъым щыщу тхьэмщӀыгъу, лъатэ, кӀэтӀий сыт хуэдэхэр зэрылъыр.

ЛӀы гъумыжьыр бауэбапщэу шым къемыпсыхыу къещэтэхащ, и ныбэр бгырыпх бгъуэшхуэкӀэ щӀэкъузауэ.— Нал къута, 250

+2 örnek

Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ еры щекӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀт мэхъу.— Анка, 381

Псом япэ итыр ныбэфыжь гуэрт, и хьэжы ферсыр и щхьэшхуэм Ӏэпэм фӀэлъ Ӏэпхъуалъэм ещхьу фӀэӀуауэ, бгырыпх хужь инри щэнейкӀэ къешэкӀауэ и ныбэр щӀиӀыгъэу.— Лъапсэ, 36

2. ЦӀыхум, псэущхьэм я кӀуэцӀым хыхьэу шхыным гъэткӀуным хуэщӀар, шхалъэ

Азрэт «мэлышх» жыхуаӀэм хуэдэт – мэл мащӀи абы и ныбэм икӀуэдакъым – заготбазэм Ӏэщ щигъашхэу игъащӀэм тетащ.— Нал къута, 250

+1 örnek

ЗылъэкӀым зылъэмыкӀыр ишхыурэ дыпсэу щхьэкӀэ ди ныбэ из зэи хъуркъым, лъэпкъ зылъэмыкӀыр хэкӀуадэ защӀэурэ къокӀуэкӀ.— Кхъухь пхэнж, 503

3. Анэм сабийр, щӀэжьейр зрищӀэ.

ЦӀыхубзым и ныбэм къитха сабийр лӀауэ къитхат, езы сабий тхьэмыщкӀэ цӀыкӀум сэкъат иӀэу къыщӀэкӀащ, абы и гугъу щытщӀын зэман дихуэнщ.— Лъапсэ, 21

+1 örnek

Япэм фадэм хуэпабгъэр цӀыхухъухэр арамэ, иджы цӀыхухъум къакӀэрымыху цӀыхубз дапщэ ухуей, уеблэмэ ныбэм ирищӀа сабийм фадэ синдромкӀэ еджэу уз къыщеуалӀэ къохъу.— Лъапсэ, 44

Deyimler (8)

ныбэ изу шхэн

Гум зигъэнщӀу, урикъуху шхэн.

МахуитӀкӀэ ерыскъы Ӏумыхуауэ, иджы и ныбэ изу шхэмэ, илӀыкӀынкӀи зэрыхъунур ищӀэ пэтми, зыхуэшыӀакъым.— Нал къута, 244

+2 örnek

Зэанэзэкъуэр я ныбэ изу шхащ, загъэпсэхуащ, къыдэхуари гъуэмылэу здащтэмэ, ПӀатӀыкъуей нэс яхурикъунущ, гъуэгур къагъуэт закъуэмэ.— Лъапсэ, 56

Арыншами куэд лъандэрэ си ныбэ изу зэи сышхакъым, гъуэгуанэри гугъуащ, нобэ къэслъэфу скъута пхъэм къару лъэпкъ къысхинэжакъым, цӀыхубзым и гупэ сыгъуэлъми, схузэфӀэкӀын щӀагъуи щыӀэу си фӀэщ хъуркъым.— МелыӀыч, 443

ныбэ гуэн

Зи ныбэр ину къикӀауэ, хъурейуэ щыт.

Кхъухьыр зэ щӀа хъуатэмэ, а ныбэ гуэныр пагъэщэтыжынщи, зэфӀэкӀащ.— Кхъухь пхэнж, 500

ныбэм къихь къэмыгъэнэн

Ямылейуэ, егъэлеяуэ шхэн, ефэн.

ХьэгъуэлӀыгъуэ здэкӀуам езым хуэдэу фадэ зи мыжагъуэ гуэрым щыхуэзэри тӀуми ныбэм къихь къагъэнакъым.— Лъапсэ, 46

ныбэр къигъэун

КӀуэцӀ-фэцӀыр къаплъэу ныбэр зэгуэгъэхун, зэгуэгъэжын. - 38.

Уи ныбэр къизгъэуни, - жеӀэри, псори зэщӀэдыхьэшхэу, Мусэ и къамэр кърехри Мэсхьудыр ирехужьэ, арщхьэкӀэ лъэщӀэмыхьэу бауэбапщэу къегъэзэж.— Хъуэпсэгъуэ нур, 153

+2 örnek

Сэ сыщыӀатэм, согъэпцӀ, и ныбэр къизмыгъэутэмэ Пушкин и фызыр къэзыгъэфа ДантескӀэ зэджэм.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616

Мыбы и ныбэр къизгъэунщ жаӀэу Гуащэ щызэхихым, хъумакӀуэ къыбгъэдэтхэм еплъмэ, зыгуэрым и къамэ къуаншэ етэгъэнкӀэ зэджэр и бгырыпхым дэӀуауэ щытти, занщӀэу мапхъуэри а къамэр къыдепхъуэтыкӀ.— Лъапсэ, 37

ныбэр къигъэхун

Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зыгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ.— Лъапсэ, 35

Еплъ: ныбэр къигъэун

[и] ныбэр иуэжын

Гъур, уэд хъун.

Шым тхъурымбэр къыкӀэрыхурт, и ныбэр иуэжат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620

+2 örnek

Шым я ныбэр иуэжауэ джэдум ещхь хъуащ, тхъурымбэр ятегъуэжауэ, я щхьэр къахьыф къудейщ.— Нал къута, 213

Абы лъандэрэ мащӀэ щӀа, иджы зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри щӀымахуэр къихьамэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым.— Анка, 382

ныбэр ишэжын

Дауи ещхьын, «ХьэбэлашэкӀэ» зэджэ жэмыр Ӏэхъуэм илъагъумэ, «уа, мы жэмыр уанэ жэмщ, ушэсу шыгъажэ урикӀуэну уасэ иӀэкъым», жиӀэу ауан ищӀырт, жэмыр лъакъуэ псыгъуэт, и ныбэр ишэжауэ.— Щынэхужьыкъуэ, 18

Еплъ: [и] ныбэр иуэжын

хьэм и ныбэм къикӀа

Еплъ: хьэ

Kitapta geçtiği hali

НЫБЭ (56). 1. (28). ЦӀыхум е псэущхьэм Ӏэпкълъэпкъым щыщу тхьэмщӀыгъу, лъатэ, кӀэтӀий сыт хуэдэхэр зэрылъыр. ЛӀы гъумыжьыр бауэбапщэу шым къемыпсыхыу къещэтэхащ, и ныбэр бгырыпх бгъуэшхуэкӀэ щӀэкъузауэ. Нал къута, 250. Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ еры щекӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀт мэхъу. Анка, 381. Псом япэ итыр ныбэфыжь гуэрт, и хьэжы ферсыр и щхьэшхуэм Ӏэпэм фӀэлъ Ӏэпхъуалъэм ещхьу фӀэӀуауэ, бгырыпх хужь инри щэнейкӀэ къешэкӀауэ и ныбэр щӀиӀыгъэу. Лъапсэ, 36. 2. (22). ЦӀыхум, псэущхьэм я кӀуэцӀым хыхьэу шхыным гъэткӀуным хуэщӀар, шхалъэ. Азрэт «мэлышх» жыхуаӀэм хуэдэт – мэл мащӀи абы и ныбэм икӀуэдакъым – заготбазэм Ӏэщ щигъашхэу игъащӀэм тетащ. Нал къута, 250. ЗылъэкӀым зылъэмыкӀыр ишхыурэ дыпсэу щхьэкӀэ ди ныбэ из зэи хъуркъым, лъэпкъ зылъэмыкӀыр хэкӀуадэ защӀэурэ къокӀуэкӀ. Кхъухь пхэнж, 503. 3. (6). Анэм сабийр, щӀэжьейр зрищӀэ. ЦӀыхубзым и ныбэм къитха сабийр лӀауэ къитхат, езы сабий тхьэмыщкӀэ цӀыкӀум сэкъат иӀэу къыщӀэкӀащ, абы и гугъу щытщӀын зэман дихуэнщ. Лъапсэ, 21. Япэм фадэм хуэпабгъэр цӀыхухъухэр арамэ, иджы цӀыхухъум къакӀэрымыху цӀыхубз дапщэ ухуей, уеблэмэ ныбэм ирищӀа сабийм фадэ синдромкӀэ еджэу уз къыщеуалӀэ къохъу. Лъапсэ, 44. ◊ Ныбэ изу шхэн (5). Гум зигъэнщӀу, урикъуху шхэн. МахуитӀкӀэ ерыскъы Ӏумыхуауэ, иджы и ныбэ изу шхэмэ, илӀыкӀынкӀи зэрыхъунур ищӀэ пэтми, зыхуэшыӀакъым. Нал къута, 244. Зэанэзэкъуэр я ныбэ изу шхащ, загъэпсэхуащ, къыдэхуари гъуэмылэу здащтэмэ, ПӀатӀыкъуей нэс яхурикъунущ, гъуэгур къагъуэт закъуэмэ. Лъапсэ, 56. Арыншами куэд лъандэрэ си ныбэ изу зэи сышхакъым, гъуэгуанэри гугъуащ, нобэ къэслъэфу скъута пхъэм къару лъэпкъ къысхинэжакъым, цӀыхубзым и гупэ сыгъуэлъми, схузэфӀэкӀын щӀагъуи щыӀэу си фӀэщ хъуркъым. МелыӀыч, 443. Ныбэ гуэн (1). Зи ныбэр ину къикӀауэ, хъурейуэ щыт. Кхъухьыр зэ щӀа хъуатэмэ, а ныбэ гуэныр пагъэщэтыжынщи, зэфӀэкӀащ. Кхъухь пхэнж, 500. Ныбэм къихь къэмыгъэнэн (1). Ямылейуэ, егъэлеяуэ шхэн, ефэн. ХьэгъуэлӀыгъуэ здэкӀуам езым хуэдэу фадэ зи мыжагъуэ гуэрым щыхуэзэри тӀуми ныбэм къихь къагъэнакъым. Лъапсэ, 46. Ныбэр къигъэун (5). къызэр. КӀуэцӀ-фэцӀыр къаплъэу ныбэр зэгуэгъэхун, зэгуэгъэжын. Уи ныбэр къизгъэуни, - жеӀэри, псори зэщӀэдыхьэшхэу, Мусэ и къамэр кърехри Мэсхьудыр ирехужьэ, арщхьэкӀэ лъэщӀэмыхьэу бауэбапщэу къегъэзэж. Хъуэпсэгъуэ нур, 153. Сэ сыщыӀатэм, согъэпцӀ, и ныбэр къизмыгъэутэмэ Пушкин и фызыр къэзыгъэфа ДантескӀэ зэджэм. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616. Мыбы и ныбэр къизгъэунщ жаӀэу Гуащэ щызэхихым, хъумакӀуэ къыбгъэдэтхэм еплъмэ, зыгуэрым и къамэ къуаншэ етэгъэнкӀэ зэджэр и бгырыпхым дэӀуауэ щытти, занщӀэу мапхъуэри а къамэр къыдепхъуэтыкӀ. Лъапсэ, 37- 38. Ныбэр къигъэхун (1). Еплъ ныбэр къигъэун. Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зыгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ. Лъапсэ, 35. [И] ныбэр иуэжын (3). Гъур, уэд хъун. Шым тхъурымбэр къыкӀэрыхурт, и ныбэр иуэжат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620. Шым я ныбэр иуэжауэ джэдум ещхь хъуащ, тхъурымбэр ятегъуэжауэ, я щхьэр къахьыф къудейщ. Нал къута, 213. Абы лъандэрэ мащӀэ щӀа, иджы зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри щӀымахуэр къихьамэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым. Анка, 382. Ныбэр ишэжын (1). Еплъ [и] ныбэр иуэжын. Дауи ещхьын, «ХьэбэлашэкӀэ» зэджэ жэмыр Ӏэхъуэм илъагъумэ, «уа, мы жэмыр уанэ жэмщ, ушэсу шыгъажэ урикӀуэну уасэ иӀэкъым», жиӀэу ауан ищӀырт, жэмыр лъакъуэ псыгъуэт, и ныбэр ишэжауэ. Щынэхужьыкъуэ, 18. Хьэм и ныбэм къикӀа (2). къызэр. Еплъ хьэ I.

Düzeltme Öner

ныбэр къигъэун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.