лъапэр фӀэгъэнэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
лъапэ
1. Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр. -456.
Уи гузэвапӀэр сэ сщӀатэм, Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт, Уэ ущышэскӀэ шыр ятэм, Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25
+2 örnek
[Фызым] И бостей кӀыхьым щыдэжыну зэмыфэгъуу тедамкӀэ, вакъэ зэщӀэдауэ и лъапэм фӀэлъымкӀэ къэпщӀэнут унагъуэм къулейсызыгъэу ятелъыр.— МелыӀыч, 455
Дауи мыкӀыргъынрэ: япэм зыгуэру зыкӀэлъыплъыжу щытами [ЛэтӀифэ], иджы игъуэтыр ешх, щэныбэжь хъуащи, ищӀэнур ищӀэжыркъым, и Ӏэпэ лахэм Ӏэлъын зырызыххэ ярылъщ, и туфлъитӀри Ӏэпхъуалъэм ещхьу и лъащхьэр къыдихужауэ лъапэм фӀэӀуащ.— Лъапсэ, 24
2. Вакъэм, лъэпэдым и пэ. -15.
Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут [Темыркъан и шырыкъуитӀыр].— Щынэхужьыкъуэ, 42
+1 örnek
Псори щым хъуауэ зэхэтщ, быхъи-сыхъи жамыӀэу, я щхьэр къыфӀэхуауэ я туфлъэ лъапэм йоплъыжхэр, е езыр-езыру зоӀущащэ, зохъуцацэ, сэ жысӀар зэхамыха хуэдэ, я цӀэ исӀуэурэ чэзууэ сеупщӀмэ, я жэуапыр кӀэпӀейкӀэщ – псоми щхьэусыгъуэ зырыз къагупсысыр: зым тхьэлъанэ ещӀ хущӀэмыхьэну, адрейр Ӏэтащхьэм деж ираджауэ къыщӀокӀыр, ещанэм и жыпым бюллетень кърехри зэрысымаджэр уегъэлъагъур.— Лъапсэ, 14
3. Гъуэншэджым и лъащхьэ.
Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
+2 örnek
Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъӀэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 55
Губгъуэм къикӀыжхэм я вакъэр я блэгущӀэм щӀэлъу, я гъуэншэдж лъапэр лъэгуажьэм нэс дэгъэджэрэзеяуэ къэкӀуэжырт.— КӀапсэ кӀапэ, 5
Deyimler (11)
лъапэ егъэзыхыгъуэу
Гугъуехь телъу, мыпсэхуу, мытыншу
ЩӀымахуэр къихьакъэ – гузэвэгъуэ защӀэщ, ди дунейр лъапэ егъэзыхыгъуэу гъатхэ дытехьэмэ, догуфӀэ.— Кхъухь пхэнж, 502
лъапэ къыдэхьэн
ЗыщӀыпӀэ дыхьэн.
[Дадий и къуэм жреӀэ:] Уи лъапэ пщӀантӀэм къыдэпхьэм, Уэ бжесӀэжыну къалэн Мыр къысщищӀащи, бжызоӀэ: «Насып мыгуэшу сиӀари Си къуэ Къэрнейрэ си щӀыхьрэт. СлъэкӀыхукӀэ щӀыхьыр схъумащи Ар саугъэту си щӀалэм Къыпхузогъанэ» - жиӀащ [и адэм].— Адэ, 135
лъапэ махуэ къихьэн
Угъурлыуэ лъэпкъым, унагъуэм къыхыхьауэ къыщӀэкӀын (нысащӀэ къашам ирехъуэхъу хабзэщ).
[Къэзмай Инал жриӀэу] Фи бжэщхьэӀу къебэкъуа цӀыхубзым насып къыдэкӀуэну, лъапэ махуэ фи унэм кърихьэну сохъуэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591
+1 örnek
[Беъкан Хьэбибэ жриӀэу] Ди нысэ хъурэ, тхьэм лъапэ махуэ ди унэ кърихьауэ къыщӀигъэкӀ [Апчарэ].— Нал къута, 230
лъапэ щӀэ(мы)хьэн
ЗыщӀыпӀэ щӀэмыбэкъуэн, щӀэмыхьэн, бгынэн.
[Исхьэкъ] Мес, Астемыр мащӀэ щӀа мэжджытым лъапэ зэрыщӀимыхьэрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658
лъапэ махуэ къыщӀуухьэ
ФӀыгъуэкӀэ, гуфӀэгъуэкӀэ, угъурлыгъэкӀэ укъыщӀыхьауэ Тхьэм жиӀэ (япэ дыдэ унэм къихьам жраӀэ хъуэхъущ).
АдкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ.— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33
лъапэ махуэ къэхьыжын
[Къэзмай Къазджэрий жриӀэу] – Уэри тхьэм лъапэ махуэ къэпхьыжауэ къыщӀигъэкӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620
лъапэ къыдэмыхьэн
Къалэр гъунэгъуми, Астемыр куэдрэ къакӀуэу и хабзэтэкъым, ноби кърамыджатэмэ, лъапэ къыдихьэнутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
Еплъ: лъапэ щӀэмыхьэн
лъапэр фӀэгъэнэн
ЕрыщагъэкӀэ и пӀэм имыкӀын, зытетым темыкӀын.
Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсым яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ.— Лъапсэ, 54
лъапэм зыщӀэдзэн
[Гесиод:] Гъуэгыу си лъапэм зыкъыщӀидзащ: сщӀа щыӀэкъым, сынолъэӀу, жиӀэу.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162
Еплъ: лъакъуэм зыщӀэдзэн
лъапэр щӀэчэн
ЗыщӀыпӀэ щӀэбэкъуэн.
Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: – СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэр щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ.— Лъапсэ, 96
лъапэкӀэ щӀихуэн
Джэлэн.
Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут.— Щынэхужьыкъуэ, 42
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАПЭ I (79). 1. (11). Лъэтхьэмпэм и гупэ Ӏыхьэ нэхъ лъахъшэр. Уи гузэвапӀэр сэ сщӀатэм, Алъп къарэ жэрыр нэсшэнт, Уэ ущышэскӀэ шыр ятэм, Лъапэр лъэрыгъым хуэсшэнт. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 25. [Фызым] И бостей кӀыхьым щыдэжыну зэмыфэгъуу тедамкӀэ, вакъэ зэщӀэдауэ и лъапэм фӀэлъымкӀэ къэпщӀэнут унагъуэм къулейсызыгъэу ятелъыр. МелыӀыч, 455-456. Дауи мыкӀыргъынрэ: япэм зыгуэру зыкӀэлъыплъыжу щытами [ЛэтӀифэ], иджы игъуэтыр ешх, щэныбэжь хъуащи, ищӀэнур ищӀэжыркъым, и Ӏэпэ лахэм Ӏэлъын зырызыххэ ярылъщ, и туфлъитӀри Ӏэпхъуалъэм ещхьу и лъащхьэр къыдихужауэ лъапэм фӀэӀуащ. Лъапсэ, 24. 2. (2). Вакъэм, лъэпэдым и пэ. Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут [Темыркъан и шырыкъуитӀыр]. Щынэхужьыкъуэ, 42. Псори щым хъуауэ зэхэтщ, быхъи-сыхъи жамыӀэу, я щхьэр къыфӀэхуауэ я туфлъэ лъапэм йоплъыжхэр, е езыр-езыру зоӀущащэ, зохъуцацэ, сэ жысӀар зэхамыха хуэдэ, я цӀэ исӀуэурэ чэзууэ сеупщӀмэ, я жэуапыр кӀэпӀейкӀэщ – псоми щхьэусыгъуэ зырыз къагупсысыр: зым тхьэлъанэ ещӀ хущӀэмыхьэну, адрейр Ӏэтащхьэм деж ираджауэ къыщӀокӀыр, ещанэм и жыпым бюллетень кърехри зэрысымаджэр уегъэлъагъур. Лъапсэ, 14-15. 3. (5). Гъуэншэджым и лъащхьэ. Псэущхьэ псоми я макъхэр къэӀуащ, псоми хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм я гъуэншэдж лъапэр дэгъэджэрэзеяуэ псыхьэлыгъуэ къехым къелъэ-нелъэу хэту къажыхьу зэрызехьэрт, зэрыгъэкӀийрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Модрей щӀалитӀри пылым пэува хуэдэу, зэбгъурыту псым хэту плъэрт, мор къыхэфх, жыхуаӀэр къыхахыну, езы Бэлаци, и гъуэншэдж лъапэ лъӀэныкъуэр дэгъэджэрэзеяуэ, лъапэ лъэныкъуэр пыутыкӀауэ, и къамэри гуэлэлу, къиущыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 55. Губгъуэм къикӀыжхэм я вакъэр я блэгущӀэм щӀэлъу, я гъуэншэдж лъапэр лъэгуажьэм нэс дэгъэджэрэзеяуэ къэкӀуэжырт. КӀапсэ кӀапэ, 5. ◊ Лъапэ егъэзыхыгъуэу (1). Гугъуехь телъу, мыпсэхуу, мытыншу ЩӀымахуэр къихьакъэ – гузэвэгъуэ защӀэщ, ди дунейр лъапэ егъэзыхыгъуэу гъатхэ дытехьэмэ, догуфӀэ. Кхъухь пхэнж, 502. Лъапэ къыдэхьэн (1). ЗыщӀыпӀэ дыхьэн. [Дадий и къуэм жреӀэ:] Уи лъапэ пщӀантӀэм къыдэпхьэм, Уэ бжесӀэжыну къалэн Мыр къысщищӀащи, бжызоӀэ: «Насып мыгуэшу сиӀари Си къуэ Къэрнейрэ си щӀыхьрэт. СлъэкӀыхукӀэ щӀыхьыр схъумащи Ар саугъэту си щӀалэм Къыпхузогъанэ» - жиӀащ [и адэм]. «Адэ», 135. Лъапэ махуэ къихьэн (2). Угъурлыуэ лъэпкъым, унагъуэм къыхыхьауэ къыщӀэкӀын (нысащӀэ къашам ирехъуэхъу хабзэщ). [Къэзмай Инал жриӀэу] Фи бжэщхьэӀу къебэкъуа цӀыхубзым насып къыдэкӀуэну, лъапэ махуэ фи унэм кърихьэну сохъуэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. [Беъкан Хьэбибэ жриӀэу] Ди нысэ хъурэ, тхьэм лъапэ махуэ ди унэ кърихьауэ къыщӀигъэкӀ [Апчарэ]. Нал къута, 230. Лъапэ щӀэ(мы)хьэн (1). ЗыщӀыпӀэ щӀэмыбэкъуэн, щӀэмыхьэн, бгынэн. [Исхьэкъ] Мес, Астемыр мащӀэ щӀа мэжджытым лъапэ зэрыщӀимыхьэрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658. Лъапэ махуэ къыщӀуухьэ (1). ФӀыгъуэкӀэ, гуфӀэгъуэкӀэ, угъурлыгъэкӀэ укъыщӀыхьауэ Тхьэм жиӀэ (япэ дыдэ унэм къихьам жраӀэ хъуэхъущ). АдкӀэ щӀэсхэщ Машэ сымэ, Мэдыхьэшххэр Батэ къеплъу, Йофэр ахэр ху махъсымэ, Шхынхэр куэду Ӏэнэм телъу, ТӀэкӀурэ Машэ зиӀэжьауэ ЖеӀэр лӀыжьым къыпежьауэ: - Уэ дыппоплъэ нобэ махуэм, Къытхуеблагъэ, ди тхьэмадэ, КъыщӀуухьэ лъапэ махуэ, Мыр уи унэщ, мыр уи хадэщ. УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 33. Лъапэ махуэ къэхьыжын (1). [Къэзмай Къазджэрий жриӀэу] – Уэри тхьэм лъапэ махуэ къэпхьыжауэ къыщӀигъэкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620. Лъапэ къыдэмыхьэн (1). Еплъ лъапэ щӀэмыхьэн. Къалэр гъунэгъуми, Астемыр куэдрэ къакӀуэу и хабзэтэкъым, ноби кърамыджатэмэ, лъапэ къыдихьэнутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. Лъапэр фӀэгъэнэн (1). ЕрыщагъэкӀэ и пӀэм имыкӀын, зытетым темыкӀын. Итхьэлэми, хъарзынэщ, иретхьэлэ, - жиӀэу кхъухьыпщыр цӀыхухъу гупыфӀ и гъусэу Гуащэ сымэ къапэуври кӀуапӀи-жапӀи кърамыту, хъыджэбз цӀыкӀу къомыр зэщӀакъуэри здыщӀэсым яхужащ, яхуэмыкӀуэу зи лъапэ фӀэзыгъэна Гуащэ чачэу ялъэфащ. Лъапсэ, 54. Лъапэм зыщӀэдзэн (1). Еплъ лъакъуэм зыщӀэдзэн. [Гесиод:] Гъуэгыу си лъапэм зыкъыщӀидзащ: сщӀа щыӀэкъым, сынолъэӀу, жиӀэу. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Лъапэр щӀэчэн (1). ЗыщӀыпӀэ щӀэбэкъуэн. Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: – СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэр щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ. Лъапсэ, 96. ЛъапэкӀэ щӀихуэн (1). Джэлэн. Зэгуэр Албиян щитӀэгъати, дыхьэшхри зылъихыжащ, цӀыхубз туфлъэ лъыптӀэгъа хуэдэт, лъапэкӀэ ущӀихуэнут. Щынэхужьыкъуэ, 42.