лъабжьэр гъэбыдэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
гъэбыдэн
(егъэбыдэ)
1. ХуэщӀын, ӀункӀыбзэ етын.
Кхъухьым и курыкупсэм пкъо ин игъэувэ, абы арэф едзыжи кукъукӀэ егъэбыдэ, чэтэн едз.— Кхъухь пхэнж, 508
+2 örnek
Инус хьэжым къыщӀэнауэ, Нурхьэлий зыщӀэс унэжьу щытари нэщӀу, и щхьэгъубжэри бжэри гъэбыдауэ, къыщӀыхьи къыщӀэкӀи щымыӀэу щытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271
Абы кӀуэгъуейт – нэсмэ, бжэр гъэбыдащ, унэм гурым макъ къыщӀоӀукӀ.— ГущӀэгъу, 426
2. ДыхьэпӀэ гуэр зэхуэщӀын (къуэр, аузыр).
Приказым итт: ди къару демыблэжу Чопракъ аузыр гъэбыда зэрыхъунум и ужь дивгъэт, жиӀэу.— Нал къута, 297
+1 örnek
Локотоши лъэкӀ къимыгъанэу аузыр гъэбыда зэрыхъунум и ужь итт.— Нал къута, 292
3. Хьэпшып гуэр быдэ щӀын. –57.
Щербакову щӀалэ дыдэм КъыхищӀыкӀри мрамор къабзэм Вождь сурэтыр егъэбыдэ, ЯгъэщӀагъуэ ар щыгъуазэм.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 56
лъабжьэ
1. КъэкӀыгъэхэр щӀым зэрыхэт я къуэпсыр.
Псы къабзабзэр къыщӀэжауэ, Бжейм и лъабжьэр ныхуетхьэщӀ, ФӀыщӀэ ини къыхуищӀауэ ФӀым псы къабзэр хуеузэщӀ.— Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341
+2 örnek
[КхъуэпӀащэ джэмыдэжьым:] СщӀэри аращ: щӀымахуэм щӀы щтар звэуэрэ жыг лъабжьэр сошх.— Кхъухь пхэнж, 503
[Дэфэрэдж] Япэм и Ӏэ нэмысу щытамэ, иджы фыз Ӏэзэу и цӀэ мэӀу, гъэмахуэу удзыр щыгъагъэм деж губгъуэм кӀуэурэ удз хущхъуэ зэхуехьэс, пкӀэунэм уихьэрэ уиплъэмэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ удз Ӏэрамэхэр фӀэдзауэ щегъэгъу, удз лъабжьэ, пхъафэ зэмылӀэужьыгъуэ зыфӀэмылъ зи щыӀэкъым.— Лъапсэ, 119
2. Блын зытещӀыхьа, зытет Ӏыхьэ.
[Абу- Деруиш мухъутарым жриӀэу:] ТескъутыкӀынщ и щхьэри и лъабжьэм тесщӀыхьынщ [мэжджытыр].— Кхъэлэгъунэ, 376
3. Зыгуэрым и щӀагъ.
Мэзым къыхэкӀа щӀалитӀымрэ Бэлацэрэ зэпсалъэурэ губгъуэм ифыхьа мэкъу Ӏэмбатэм и лъабжьэм къыщӀалъэфурэ хьэжыгъэ къэпитӀ, нартыху къэпищ, дзажэ гъэгъуа зытӀущ къэпым илъу гум къралъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 298
+2 örnek
Шыгукъур иралъхьэжа иужь, выгум цӀыхуу ихуэр ирагъэтӀысхьэщ, Ӏэюб гу лъабжьэм хьэмбыӀуу щӀэтӀысхьэри выгур къиӀэтащ исыр зэрису.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589
Бгы лъабжьэм къэкъуалъэу Чопракъыпс щожэх, зэм бгъуэнщӀагъым щӀокӀуадэ, зэми бгым, нэпкъым йоуэкӀ.— Нал къута, 299
4. Ӏэщхэм я лъакъуэм фӀэт бжьакъуэхэкӀ къупщхьэ быдэр.
[Джэрдж ПӀытӀу] Жэмым и лъабжьэр фӀигъэнауэ къыхуэкӀуэркъым, щӀэтӀысыкӀмэ, и быдзыр щӀым нэсырт, шэ къыпыткӀуу.— Щынэхужьыкъуэ, 16
+1 örnek
«СынэкӀуэнукъым» жиӀэу и лъабжьэ фӀигъэнэнкӀэ хъунщ.— Лэчымэ, 391
5. Контекстым къызэрыхэщымкӀэ хъыбарым хэт адакъэм и лъакъуэщ.
Езыр [Джэлил] бжьыфӀэт, дахэт, гуэгушыхъум нэхърэ щӀагъуэкӀэ мынэхъ цӀыкӀу дэнэ къэна, еинэкӀырт, и къабзий зэмыфэгъухэр зэщӀэпщӀыпщӀэу, и кӀэри гъубжэм хуэдэщ, къэгъэшауэ, и сыджри зэщӀоскъыскъэ, лъэпхъащэмэ, и лъабжьэр гуахъуэм хуэдэщ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 474
6. Ӏуэхугъуэ гуэр зытеухуа, къегъэжьапӀэ хуэхъу.
[Абу-Деруиш:] СщӀыр мэжджытщ, диным лъабжьэ хуэхъунущ.— Кхъэлэгъунэ, 376
+2 örnek
ЦӀыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу – псэ зыӀутыр, гъащӀэ зиӀэр и лъэпкъэгъум, къызыхэкӀам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ.— Лэчымэ, 383
Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм зиубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ.— Лъапсэ, 89
7. Зытет щӀыр.
КӀэлъыкӀуэ уи гуэгушым! – афицарым и маузерыжьыр напӀэзыпӀэу кърипхъуэтри, Дисэ и лъабжьэм «уаргу» жиӀэу къыщӀэуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 104
8. Губгъуэ зэщӀэкӀа.
[Мэмэт-щӀакъуэ:] Е пабжьэ-лъабжьэу гектар щитху бвауэ
Deyimler (4)
лъабжьэкӀэ ихын
Дунейм темыгъэтын, мыхьыр егъэхьын, езэуэн.
[Лу:] Си Ӏуэхущ а полъкур Жыраслъэн хузэтеӀыгъэм, лъабжьэкӀэ ирамыхмэ, уэлэхьи.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554
+2 örnek
[Яков Борисович Апчарэ жриӀэу:] Гуэши еплъыт – лъабжьэкӀэ урахыни.— Нал къута, 281
Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэрыубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
лъабжьэр гъэбыдэн
Быдэ щӀын.
Пасэрейхэр куууэ щӀэныгъэ емыгупсысами, я унафэм, я хабзэм щӀэныгъэшхуэ хэлът: гаметэкӀэ зэджэ щӀэблэр къызытехъукӀыр къабзэу щагъэтыну арат, зэмылъэпкъэгъум я щылъхуитӀ зэрашалӀэмэ, я лъабжьэр ягъэбыдэрт.— Лъапсэ, 65
лъабжьэкӀэ къитхъун
Бэлыхь е гузэвэгъуэ гуэр телъын, (нэгъуэщӀу: щӀыр ӀэгупсэкӀэ къэгъэзэн).
Щыхьыр пхэщӀкӀэ тетӀысхьащи, къыщылъэтыжыну йоӀэ, и хъуреягъкӀэ щӀы фӀыцӀэр лъабжьэкӀэ къритхъуу, и шхуэлми шэ техуа хъунти, шэри лъыри зэхэлъэдэжауэ къожэх, шыр цӀыкӀури щтэри пабжьэмкӀэ хэлъэдауэ, и анэм къыщыщӀар имыщӀэу, къоплъэ.— Лъапсэ, 71
лъабжьэр фӀэгъэнэн
ЕерыщагъкӀэ и пӀэ имыкӀыу итын, зытетым хутемыкӀын.
Ерыщу лъабжьэр фӀигъанэу, Мыбдежым бийхэр итат Жыг Ӏэщэ Ӏэджэр къагъанэу, Ар дэ удынкӀэ Ӏутхуат.— ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23
+2 örnek
Къалэдэсыр зэрогъэкӀий: мо пщыӀэ къомыр Ӏуфху жаӀэри, губгъуэрысхэми я лъабжьэр фӀагъэнащ: дэри дыцӀыхущ, губгъуэм дихьэу зыдгъалӀэрэ, жаӀэри.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404
[Псэущхьэм:] Уи лъабжьэ фӀэбгъанэми чачэу унэкӀуэнщ, дотэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 186
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭБЫДЭН (егъэбыдэ) лъэӀ. (30). 1. (22). ХуэщӀын, ӀункӀыбзэ етын. Кхъухьым и курыкупсэм пкъо ин игъэувэ, абы арэф едзыжи кукъукӀэ егъэбыдэ, чэтэн едз. Кхъухь пхэнж, 508. Инус хьэжым къыщӀэнауэ, Нурхьэлий зыщӀэс унэжьу щытари нэщӀу, и щхьэгъубжэри бжэри гъэбыдауэ, къыщӀыхьи къыщӀэкӀи щымыӀэу щытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. Абы кӀуэгъуейт – нэсмэ, бжэр гъэбыдащ, унэм гурым макъ къыщӀоӀукӀ. ГущӀэгъу, 426. 2. (6). ДыхьэпӀэ гуэр зэхуэщӀын (къуэр, аузыр). Приказым итт: ди къару демыблэжу Чопракъ аузыр гъэбыда зэрыхъунум и ужь дивгъэт, жиӀэу. Нал къута, 297. Локотоши лъэкӀ къимыгъанэу аузыр гъэбыда зэрыхъунум и ужь итт. Нал къута, 292. 3. (1). Хьэпшып гуэр быдэ щӀын. Щербакову щӀалэ дыдэм КъыхищӀыкӀри мрамор къабзэм Вождь сурэтыр егъэбыдэ, ЯгъэщӀагъуэ ар щыгъуазэм. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 56–57. ◊ Лъабжьэр гъэбыдэн (1). Еплъ лъабжьэ. Лъэр гъэбыдэн (1). Еплъ лъэ. Гур гъэбыдэн (1). Еплъ гу I.
ЛЪАБЖЬЭ (63). 1. (16). КъэкӀыгъэхэр щӀым зэрыхэт я къуэпсыр. Псы къабзабзэр къыщӀэжауэ, Бжейм и лъабжьэр ныхуетхьэщӀ, ФӀыщӀэ ини къыхуищӀауэ ФӀым псы къабзэр хуеузэщӀ. Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341. [КхъуэпӀащэ джэмыдэжьым:] СщӀэри аращ: щӀымахуэм щӀы щтар звэуэрэ жыг лъабжьэр сошх. Кхъухь пхэнж, 503. [Дэфэрэдж] Япэм и Ӏэ нэмысу щытамэ, иджы фыз Ӏэзэу и цӀэ мэӀу, гъэмахуэу удзыр щыгъагъэм деж губгъуэм кӀуэурэ удз хущхъуэ зэхуехьэс, пкӀэунэм уихьэрэ уиплъэмэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ удз Ӏэрамэхэр фӀэдзауэ щегъэгъу, удз лъабжьэ, пхъафэ зэмылӀэужьыгъуэ зыфӀэмылъ зи щыӀэкъым. Лъапсэ, 119. 2. (1). Блын зытещӀыхьа, зытет Ӏыхьэ. [Абу- Деруиш мухъутарым жриӀэу:] ТескъутыкӀынщ и щхьэри и лъабжьэм тесщӀыхьынщ [мэжджытыр]. Кхъэлэгъунэ, 376. 3. (19). Зыгуэрым и щӀагъ. Мэзым къыхэкӀа щӀалитӀымрэ Бэлацэрэ зэпсалъэурэ губгъуэм ифыхьа мэкъу Ӏэмбатэм и лъабжьэм къыщӀалъэфурэ хьэжыгъэ къэпитӀ, нартыху къэпищ, дзажэ гъэгъуа зытӀущ къэпым илъу гум къралъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 298. Шыгукъур иралъхьэжа иужь, выгум цӀыхуу ихуэр ирагъэтӀысхьэщ, Ӏэюб гу лъабжьэм хьэмбыӀуу щӀэтӀысхьэри выгур къиӀэтащ исыр зэрису. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. Бгы лъабжьэм къэкъуалъэу Чопракъыпс щожэх, зэм бгъуэнщӀагъым щӀокӀуадэ, зэми бгым, нэпкъым йоуэкӀ. Нал къута, 299. 4. (1). Ӏэщхэм я лъакъуэм фӀэт бжьакъуэхэкӀ къупщхьэ быдэр. [Джэрдж ПӀытӀу] Жэмым и лъабжьэр фӀигъэнауэ къыхуэкӀуэркъым, щӀэтӀысыкӀмэ, и быдзыр щӀым нэсырт, шэ къыпыткӀуу. Щынэхужьыкъуэ, 16. «СынэкӀуэнукъым» жиӀэу и лъабжьэ фӀигъэнэнкӀэ хъунщ. Лэчымэ, 391. 5. (1). Контекстым къызэрыхэщымкӀэ хъыбарым хэт адакъэм и лъакъуэщ. Езыр [Джэлил] бжьыфӀэт, дахэт, гуэгушыхъум нэхърэ щӀагъуэкӀэ мынэхъ цӀыкӀу дэнэ къэна, еинэкӀырт, и къабзий зэмыфэгъухэр зэщӀэпщӀыпщӀэу, и кӀэри гъубжэм хуэдэщ, къэгъэшауэ, и сыджри зэщӀоскъыскъэ, лъэпхъащэмэ, и лъабжьэр гуахъуэм хуэдэщ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 474. 6. (7). Ӏуэхугъуэ гуэр зытеухуа, къегъэжьапӀэ хуэхъу. [Абу-Деруиш:] СщӀыр мэжджытщ, диным лъабжьэ хуэхъунущ. Кхъэлэгъунэ, 376. ЦӀыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу – псэ зыӀутыр, гъащӀэ зиӀэр и лъэпкъэгъум, къызыхэкӀам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ. Лэчымэ, 383. Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм зиубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ. Лъапсэ, 89. 7. (2). Зытет щӀыр. КӀэлъыкӀуэ уи гуэгушым! – афицарым и маузерыжьыр напӀэзыпӀэу кърипхъуэтри, Дисэ и лъабжьэм «уаргу» жиӀэу къыщӀэуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 104. 8. (1). Губгъуэ зэщӀэкӀа. [Мэмэт-щӀакъуэ:] Е пабжьэ-лъабжьэу гектар щитху бвауэ ◊ ЛъабжьэкӀэ ихын (4). Дунейм темыгъэтын, мыхьыр егъэхьын, езэуэн. [Лу:] Си Ӏуэхущ а полъкур Жыраслъэн хузэтеӀыгъэм, лъабжьэкӀэ ирамыхмэ, уэлэхьи. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554. [Яков Борисович Апчарэ жриӀэу:] Гуэши еплъыт – лъабжьэкӀэ урахыни. Нал къута, 281. Хьэрып къомыр зэакъылэгъу хъурэ ехудийм езэуатэмэ лъабжьэкӀэ ирахри дунейр зэӀубз хъужат, арщхьэкӀэ дэнэ – я къурмакъейр зэрыубыдри зым зыр итхьэлэну и ужь итщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Лъабжьэр гъэбыдэн (1). Быдэ щӀын. Пасэрейхэр куууэ щӀэныгъэ емыгупсысами, я унафэм, я хабзэм щӀэныгъэшхуэ хэлът: гаметэкӀэ зэджэ щӀэблэр къызытехъукӀыр къабзэу щагъэтыну арат, зэмылъэпкъэгъум я щылъхуитӀ зэрашалӀэмэ, я лъабжьэр ягъэбыдэрт. Лъапсэ, 65. ЛъабжьэкӀэ къитхъун (1). Бэлыхь е гузэвэгъуэ гуэр телъын, (нэгъуэщӀу: щӀыр ӀэгупсэкӀэ къэгъэзэн). Щыхьыр пхэщӀкӀэ тетӀысхьащи, къыщылъэтыжыну йоӀэ, и хъуреягъкӀэ щӀы фӀыцӀэр лъабжьэкӀэ къритхъуу, и шхуэлми шэ техуа хъунти, шэри лъыри зэхэлъэдэжауэ къожэх, шыр цӀыкӀури щтэри пабжьэмкӀэ хэлъэдауэ, и анэм къыщыщӀар имыщӀэу, къоплъэ. Лъапсэ, 71. Лъабжьэр фӀэгъэнэн (5). ЕерыщагъкӀэ и пӀэ имыкӀыу итын, зытетым хутемыкӀын. Ерыщу лъабжьэр фӀигъанэу, Мыбдежым бийхэр итат Жыг Ӏэщэ Ӏэджэр къагъанэу, Ар дэ удынкӀэ Ӏутхуат. ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23. Къалэдэсыр зэрогъэкӀий: мо пщыӀэ къомыр Ӏуфху жаӀэри, губгъуэрысхэми я лъабжьэр фӀагъэнащ: дэри дыцӀыхущ, губгъуэм дихьэу зыдгъалӀэрэ, жаӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. [Псэущхьэм:] Уи лъабжьэ фӀэбгъанэми чачэу унэкӀуэнщ, дотэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 186.